ЛЪЭМЫЖ

Зэбий зэкъуэшитIым ятеухуа Iуэтэж

ЗЭМАН гуэр зы унагъуэ хъарзынэ псэурт. Абыхэм уардэунэшхуэ, хьэщIэщ, гуэн, бо-чэт хуэдэхэр дэту, Iэщ-былым хъупIэу, жыг-хадэ гъэкIыпIэу, мэкъумэш щIапIэу щIышхуэ яIэт. КIэщIу жыпIэмэ, унагъуэ хъуэпсэгъуэт, зыхуей зэрагъуэтылIэжу, гузавэу къахуэзэIамэ, зыхуей хуагъэзэфу, я унэ-пщIантIэр хьэщIэ зэблэкIыпIэу.

«Гущэ зыхуащIауэ бэн зыхуамытIыжын щыIэкъым» зэрыжаIэуэ, адэ-анэм я пIалъэр къэсщ, я гъащIэр яухри, куэд ямызэхуакуу, зэкIэлъхьэужьу дунейм ехыжащ.
Унагъуэм щIалитI яIэт - ГъущIыпсэрэ Псэ­быдэрэ, зым нэхърэ адрейм нэхъ зыфIэлIыфIыжу. Адэр щыпсэуам Iуэху псори хъарзынэу екIуэкIырт, абы къахуищIыр я унафэт, ауэ, ар щыщымыIэжым, Iуэхухэр зэIыхьэу, зэхэзэрыхьу щIидзащ. ЩIапхъэр, щыщIапхъэр, зэрыщIапхъэр къахуэмыщIэж, зым къигъэувыр адрейм фIэмыфIыж, зэримыпэсыж хъури, зэкъуэшитIыр зэщыIеящ. ЗэщыIеяри сыт, зэшхыдащ, зэхъуэныжыным нэсу зэжрамыIа къагъэнакъым, зэхъурджэуэным, зэзэуэпэным зымащIэт къахуэнэжар.
«Мылъкур фIеипсщ» зэрыжаIэщи, Iуэху мыфэмыцым кърагъэкIри, фIеипс зэраутхыжащ, зэрыукIыным нэмысу, я адэ-анэм я щIэиныр, хьэнцэ-гуахъуэм, мастэ-Iуданэм нэсыжу, зэхуэгъэкIуатэ лъэпкъ хэмылъу зэхуагуэшащ. ЗэкъуэшитI хъуэпсэгъуэу щытар иджы зэбий зэгъунэгъуитI хъужащ, аргуэру цIыхухэм я плъапIэуэ, ауэ ямыхъуэпсапIащэуэ.
 Зэкъуэш зэбий хъужахэм иджыри Iэщ-былым хъупIэу, жыг-хадэ гъэкIыпIэу, мэкъумэш щIапIэу щIышхуэ зырыз яIэт зэбгъурылъу, уардэунэшхуи, хьэщIэщи, гуэни, бо-чэт сытхэри дэту. Иджыри унагъуэ хъуэпсэгъуэхэт, зыхуей зэрагъуэтылIэжырт, гузавэу къахуэзэIамэ, зыхуей хуагъэзэфырт, ауэ я унэ-пщIантIэр хьэщIэ зэблэкIыпIэу пхужыIэжынутэкъым. Сыту жыпIэмэ, зэкъуэш зэбий зэгъунэгъуитIыр «нобэ мыхъумэ, пщэдей» зэрыжаIэуэ, махуэ къэс зэжьэхэуэнкIэ, зэзэуэпэнкIэ шынагъуэт. Дэтхэнэ зыми адрейр къызэригъэгубжьын фIэкIа, нэгъуэщI Iуэху зэрихуэжыртэкъым. «Унагъуэ гурыфIыгъуэншэ хьэщIэ кIуапIэ хъуркъым» зэрыжаIэщи, «Хьэблэ гурыфIыгъуэншэри цIыху кIуапIэ хъуркъым». Езы унагъуитIым я Iэпыдз-лъэпыдзхэр жумыIэнумэ, цIыху къахуэмыкIуэж хъуат.
 Зы махуэ гуэрым ГъущIыпсэ и куэбжэпэм зылI къыIуохьэ, пхъащIэ Iэдэ-уадэ зэрылъ Iэзэпхъуантэ хъарзынэшхуэ иIыгъыу. КъыIуохьэри, мыр жеIэ:
 - СывгъэщIэну Iуэху цIыкIуфэкIу фимыIэу пIэрэ? ФиIэмэ, фхуэсщIэнщ, сыт хуэдэ Iуэхуми сыхуэIэижьщ, сыфщхьэпэнщ. Пэжыр жысIэнщи, куэд щIауи сыIуэхуншэщ.
ГъущIыпсэ абдежым зэуэ зы Iуэху игу къокIри, жеIэ:
- Хъунщ, къакIуэ, сиIэщ уэ пхуэщIэну зы Iуэху.
ЛIыр гуфIэри, пщIантIэм къыдыхьащ, ГъущIыпсэ жиIэнум щIэдэIуу уващ. ГъущIыпсэ и Iэпхъуамбапэр хуишийри, и къуэш нэхъыщIэм и хадэ-пщIантIэр иригъэлъагъуурэ жеIэ:
- Мы псыхъуэм адрыщI щыIэ хадэр си гъунэгъум, нэхъ пэжу жытIэмэ, си къуэш нэхъыщIэм ейщ. БлэкIа тхьэмахуэ пщIондэ зы мэкъупIэ щхъуантIэ дахэ цIыкIурэ зы псы Iэрышэ цIыкIурэ фIэкIа дэлътэкъым дякум. Ауэ мис, зэрыплъагъущи, гъуэгутхъу машанэжь щигъэгъуахъуэри, дякум къуэкIий къыдигъэуващ.
 «КъуэкIийкIэ» зэджэр, пэжщ, уебэкъуэфынуи, умыныбжьыщIэрэ ухуэмыIэзапэмэ, уелъэфынуи щыттэкъым - бгъуэт, псыIэрышэ уфэбгъуауэ арат.
Iэзэр нэхъыжьым едэIури, еупщIащ:
- Сэ сыту пIэрэ сыбгъэщIэнур?
ГъущIыпсэ тIэкIу Iэнкуну и псалъэм къыпищащ:
- Си къуэшым мыр щIищIар сэ сызэгуигъэпыну арагъэнущ, ауэ сэ абы нэхъ гъэщIэгъуэныж езмыщIэмэ, феплъ!
ГъущIыпсэ ар жиIэри, Iэзэр гуэныр здэщыIэ щIыпIэмкIэ ишащ. Ишэри, блынджабэм егъэ­тIылъылIа пхъэжь-ентIырыжь-бжэгъужь псы­­гъуэ кIыхь, гъум-кIэщI зэмыфэгъу зэхэлъхэр иригъэлъэгъуащ. Иригъэлъагъури, жриIащ:
- Мы пхъэжьхэмкIэ дякум зы пхъэ чоушхуэ къыдэпщIыхьыну сыхуейщ, метрищ и лъагагъыу. Махуэ дапщэкIэ уелэжьынуми, уэ уи Iуэхужщ. Ауэ, пхъэ чо сызыхуейр икIэщIыпIэкIэ схуэщIи, абы адэкIэ сыIуремыплъэж мы си къуэш бзаджэнаджэм, абы и унэ-хади, и пщIантIи сремылъагъуж.
 Iэзэм «хъунщ» къригъэкIыу и щхьэр игъэсысри, жиIащ:
- Сыщымыуэмэ, къызгурыIуащ, зиусхьэн. Иджы гъущIIунэхэмрэ, щIытIфIанэ, хьэнцэ сыт хуэдэ Iэмэпсымэхэмрэ здэщыIэр сыгъэлъагъуи, занщIэу щIэздзэнщ сылэжьэну.
ГъущIыпсэ Iэзэр гуэным щIишэщ, Iэдэ-уадэ гъэтIылъыпIэр иригъэлъагъущ, зэрыщыгугъри, икIэщIыпIэкIэ иухмэ зэригуапэнури щIигъужри, езыр и Iуэхум иужь ихьэжащ, къалэм Iуэху щиIэти, дэкIри ежьащ.
Iэзэр Iэзэти, зэкъуэш зэбий зэгъунэгъуитIым я кум щежэх псыхъуэм и щапхъэхэр зэреплъу къищIащ икIи зэуэ лэжьэн щIидзащ. Пхъэхэр ипщащ, зэпихащ, зэгуихащ, иуIущIащ, иупсащ, зэриIулIащ.
Пщыхьэщхьэ пшапэ зэхэуэгъуэ хъуауэ и Iуэхухэр иухри, ГъущIыпсэ къэкIуэжащ. КъэкIуэжри, занщIэу псыхъуэм дежкIэ жащ. Плъэмэ, чои, бжэгъуи, пкъои, мащэ дэтIыкIаи зыри щыIэкъым. Зэгуэпауэ зыщиплъыхьым, зы гъэщIэгъуэн къилъэгъуащ. Чо Iуэху щыIэжтэкъым, ауэ тIэкIу IукIуэтауэ зы лъэмыж быдэфI телът псыхъуэм, и зы лъакъуэр езым, адрейр и къуэшым и щIым щыхэтIауэ, нэз IэубыдыпIэхэ-ри Iугъэувэжауэ, зэгъэпэщауэ, Iэзэ жан IэщIагъэу зэрыщытыр къыхэщу. Ар фIэтелъыджэу, жиIэнури ищIэнури имыщIэжу, лъэмыжым еплъурэ щекIуалIэм, адэкIэ къикIыу зылI къакIуэу илъэгъуащ. Еплъмэ, и гъунэгъурт, нэгъуэщIу жыпIэмэ, и къуэш нэхъыщIэ Псэбыдэт. И IэблитIыр IэплIэ папщIэу зэIухауэ макъкIэ псалъэурэ къакIуэрт:
- Сэ хабзэншэу сызекIуа, псалъэ мышу Iэджэ бжесIа пэтрэ, уэ мы лъэмыжыр зэребгъэщIам сыт имыуасэр! Уэ абыкIэ узэрыцIыхуфIыр къэбгъэпэжащ, нэхъыжьыгъэ зепхьащ, кхъыIэ, къысхуэгъэгъу! Иджыри зы нэхъыжьыгъэ къэгъэлъагъуи, къакIуэ, быдэу IэплIэ зэдгъэшэкI!
ЗэкъуэшитIыр лъэмыжым и цыпитIымкIэ ­къикIщ, лъэмыжыкум деж щызэхуэзэри, IэплIэ быдэшхуэ зэхуащIащ, зэхуэзэшауэ, зызэщамыгъэнщIыжу.
Абы хэту ГъущIыпсэ къыщызэплъэкIым, Iэзэр къилъэгъуащ. Абы и Iэзэпхъуантэ зэригъэпэщыжырт, ежьэжыну зигъэхьэзыру. Ар щилъагъум, егуэуащ:
- Зэ къэувыIэ, умыпIащIэ, уемыжьэж, маржэ! Иджыри уэзгъэщIэну Iуэху Iэджэ щыIэщ…
Iэзэр IушхыпцIащ, IушхыпцIри, жиIащ:
- Сэ мыбдежым щызиIа си Iуэхур сыухащи, сымыкIуэжу хъунукъым. Иджыри сщIын хуейуэ нэгъуэщI лъэмыж Iэджэ щыIэщ.

  ***

IЭЗЭР ХЭТМИ, зыми ищIэркъым, абы хуэгъэхьауэ зэтраIукIхэр мызэ-мытIэу зэтокIыр.
Зыхэм жаIэ, ар мыIэзэуэ икIи мыцIыхууэ, мелыIычу, зэкъуэш зэхуэзэшаитIыр зэригъэкIужын щхьэкIэ Iэзэ теплъэ иIэу, Тхьэм къигъэкIуауэ. НэгъуэщIхэми ар цIыхуфI Iэзэ гуэру, мы зэкъуэшитIым я хъыбар зэхихати, абы хуэщIауэ къакIуэри, апхуэдэу зекIуауэ, IуэхущIэни хуэмыныкъуауэ. Зыгуэрхэми IуэхущIэн хуэныкъуауэ, ауэ зэкъуэш зэхуэзэшаитIыр зэрызэригъэкIужыфам щыгуфIыкIри, ахъшэ-бохъшэ Iуэхуи нэгъуэщIи пымылъыжауэ.
Iэзэм и Iуэхур Iуэху щхьэхуэщ, ауэ зэкIэ девгъэгупсысыт, дызыщIэвгъэгупсысыжыт. Дэ, адыгэхэр, дыкъапщтэмэ, апхуэдэ лъэмыж дапщэу пIэрэ дызыхуэныкъуэр? Дякум лъэмыж щызыухуэну пхъащIэ Iэзэ дэнэ къытхуикIыну пIэрэ? Дэр-дэру дякум мамырыгъэ лъэмыж, лъагъуныгъэ лъэмыж щыдмыухуэжыфыну пIэрэ? Е ар щыдухуэфынур дапщэщу пIэрэ?
Адыгэр дыщызэлъэпкъэгъукIэ, дыщызэкъуэшкIэ, дякум апхуэдэ лъэмыж щызыухуэфын цIыху Тхьэм дищI! Апхуэдэ гулъытэрэ, зэхэщIэрэ, къарурэ Тхьэм дыщимыгъащIэкIэ!

ХЪУАЖЬ Фахъри, тхакIуэ, цIыхубэ узэщIакIуэ. Тырку, Анкара къалэ
Поделиться: