ЗыхужаIар адыгэхэрщ

МИЛЕТСКИЙ Дионисий «Арго» кхъухьым исахэм ятеухуа хъыбарыжьхэр» зыфIища япэ тхылъым щыжеIэ Киркэ IэIэтрэ Персей ипхъу Гекатэрэ я быну, Медее и шыпхъуу зэрыщытар. Абы зэритхымкIэ, Гелиос а щIыпIэм къуитI щиIащ, абыхэм я цIэхэр IэIэтрэ Персейрэт. Щхьэж хэгъуэгу зырыз къыIэрыхьащ: IэIэт - колххэмрэ мэуэтхэмрэ щыпсэу щIыпIэр, Персей - Таврхэм я щIыналъэр.

 Родосский Аполлони,
пасэрей алыдж усакIуэ, бзэ щIэныгъэлI,
ди эрэм и пэкIэ 1295-1215 гъ гъ.

ЗЫХЬЭХЭР - апхуэдэу а лъэпкъым урымыбзэкIэ, алыджыбзэкIэ, латиныбзэкIэ йоджэ. Тэтэрхэмрэ тыркухэмрэ абыхэм щатепсэлъыхькIэ, «шэрджэсхэр» жаIэ, езыхэр «адыгэкIэ» зоджэж.
Абыхэм яубыд щIыналъэм Танэ (Дон) деж щрегъажьэри, Киммерий Босфорым и лъэныкъуэкIэ ирикIуэ хы Iуфэм бгъэдэту Азием нэс зеукъуэдий. Иджы абы «Боспор», «Иоанн ЛъапIэм и хыдэуапIэ», «Забак хым (абы къикIыр - Танэ) и хыдэуапIэ» хужаIэ, пасэрей зэманым Мэуэт псыпцIэкIэ еджэу щытащ (иджы - Iузэв). ХыдэуапIэм ущхьэдэхмэ, абыхэм я щIыналъэр Бусси ныджэмрэ  Фазис   псыежэхымрэ  нэсу   хы  Iуфэм   ирокIуэ,  абдеж  Абхъазым,  нэгъуэщIу  жыпIэмэ,  Колхидэм  и   гъунапкъэм  щыгуохьэ.

Интериано  Джорджио,
урым  дунеяплъэ, XV лIэщIыгъуэм и  кIэ - XVI лIэщIыгъуэм  ипэ

Поделиться: