Согуэ Данил и уэрэдхэр

УАДЫГЭНУ СЫТ И УАСЭ

Псалъэхэр  АфIэунэ  Лиуан  ейщ

Уи адэжьхэм я бзэм урипсалъэу,
Я хъыбарыжь Iущхэр уи пшыналъэу,
Хъуэхъум я нэхъыфIыр зэхыуагъэхыу
Ху махъсымэ фалъэр зэIэпыпхыу -
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Уи къурш лъапэ псынэпс къыщыкъуалъэр
Уи бын и быныжхэм къыщIагъалъэу,
Уи Iэщ хъушэм хъупIэхэр яуфэбгъуу,
Мо Iуащхьэмахуэшхуи къыбдалъагъуу -
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Уи нэмыс, уи фащэ, уи джэгукIэм
Уи щIэблэщIэ уардэр щыгуфIыкIыу,
Узэпсалъэр, ущIэпсалъэр пщIэжу,
Уи лъэпкъ напэр лIыгъэкIэ бгъэпэжу -
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Уи шы лъэпкъыфI пцIащхъуэу щIэлъэтыкIым
Укъэшэсрэ лIыуэ бгъэшу батэр
УщIэукIытэжыни къыпхуимыхуэу,
Уэ уи щIакIуэ кIапэр жьым зэрихуэу -
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!

Псэ зыIуту хъуам я гуапэ пщIыуэ,
УзэрылIэжынур зэгуэр пщIэуэ,
Дунеишхуэм уэ щыпщIэн щыпщIауэ,
ЛIым и хьэлкIэ гъащIэ къэбгъэщIауэ -
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!
Зэ уадыгэну сыт и уасэ!


Адэжь лъахэ

Псалъэхэр  ХьэIупэ  ДжэбрэIил  ейщ

Шэрджэс жедгъэIэу
Дунейм дытетщ.
Ди хьэлщ, зытшыIэу
Хыдош уэрэд.
Адыгэ хабзэ,
Адыгэ фащэ,
Пшыналъэ къабзэр
Фэращ зыхуэфащэр.

Ежьу: Дунейм и дахэр
Лъырес уи бын.
Адыгэ лъахэ,
Зи тхыдэр ин.

Дэжей уи жыгым,
Си лъэпкъ гъэфIэн,
Бзий къыришэхым
УхуэгуфIэнщ.
Нартыжь щIыналъэ,
Гухэлъ зи бащэ,
Уи пшынэр щылъалъэм -
ПхъэцIычыр мэщащэ.

Ежьу: Дунейм и дахэр
Лъырес уи бын.
Адыгэ лъахэ,
Зи тхыдэр ин.

ХЫ ФIЫЦIЭМ И ГЪЫБЗЭ

Псалъэхэр  Дыгъужь  Къурмэн  ейщ

СыныIухьэмэ тенджызым,
Хъийм икIауэ зеукIыж.
Зэми, гур зыщIигъэузу,
Бгы нэпкъ лъагэм зыфIедзэж.

ТенджызыщIэм бэлыхьлажьэр
Щыхъеящи мэгуIэж.
Сыту пIэрэ игу щIыхэщIыр? -
Мы тенджызыр мыувыIэж.

Ежьу: И пэжыпIэр хэт зымыщIэр? -
Куэд адыгэм ишэчащ.
И нэхъыбэр а лъэпкъ мащIэм
Тенджыз ФIыцIэм щIилъэфащ.
Адыгэгухэм къагъэкъуалъэу
Толъкъуныжьхэр къоублэрэкI,
Адыгэгум бампIэу дэлъым
Хы фIыцIэжьыр къырехуэкI.
Ей, адыгэ, уэ хьэзабу
Уи фэм сыт хуэдиз дэкIа?!
Тенджыз ФIыцIэр магъыр ноби, -
Щымыгъупщэ уи блэкIар.

Ежьу: Ей, адыгэ, уэ хьэзабу
Уи фэм сыт хуэдиз дэкIа?!
Тенджыз ФIыцIэр магъыр ноби, -
Щымыгъупщэ уи блэкIар.


ДЕНЬ ТРАУРА АДЫГОВ

Слова  Нафисет  Негучевой

Над какою строкой ты заплачешь, народ?
В ком увидишь свое отраженье?
Будет хмур или чист над тобой небосвод?
И наступит ли миг возрождения?

Сколько гроз отгремело в туманах зари!
Сколько пуль в твое тело летело!
И стонали адыги в слезах и крови,
Песней - плачем тоска в них звенела.

Боль обид моих предков ковала булат,
Мы их помним с суровыми лицами.
Не забудь, на Кавказе живущий мой брат,
Из гнезда разоренного птицы мы.

Вся планета - наш дом, в нем и мир и раздор.
И порой не осилить печали.
Только б распрей жестоких закончился спор,
Добротой бы глаза засияли.

Если зло растерзает, и смерть у ворот,
Я оставлю одно наставленье:
Ради правды и чести мужайся, народ,
И настанет твой час возрождения!

АДЫГЭР ЗЫ ДЫХЪУЖЫНЩ

Псалъэхэр  Бицу  Анатолэ  ейщ

Мы дуней псом щикъухьа
Адыгэ лъэпкъыу лъэпкъ хъыжьэ,
Уи дыгъэр уэ къуэмыхьа,
Узыншэщ адэ Хэкужьыр.
Адэ Хэкужьыр зыхуейр
Зэрыгъуэтыжмэщ лъэпкъ уардэр.
Адыгэ, умынэщхъей -
УлъэIэсынщ уи мурадым.

Щыхъуну хэти гунэс
ЕщIыф унафэ лъэпкъ хасэм.
Дэ дохъумэж ди нэмыс,
Дэ дохъумэжыр ди хабзэ.
Узыншэщ ди Къэбэрдейр,
Ди Адыгейри Шэрджэсри.
КъэкIуэну дахэу пщэдейр
Адыгэ лъэпкъым ди гъуазэщ.

ЩIым цIыхуу тетым «Шэрджэс!»
ЖезыгъэIауэ лъэпкъ хахуэ,
Уи бын ящIахэр хэхэс
Зэхуэзэжынкъэ зы махуэ.
Адыгэр зы дыхъужынщ -
Къигъэзэжынщ ди насыпым.
Джэгушхуэ дэ щытщIыжынщ
Ди Iуащхьэмахуэ и лъапэм.

Ежьу: Уой-рэ, уо-ри-рэ, уо-ри-ра,
Уой-рэ, уо-ри-рэ, уо-ри-ра,
Си лъэпкъ дыщэ, умынэщхъей,
УлъэIэсынщ уи мурадым.
Уой-ра! Уо-ри-ра, уо!
Адыгэр зы дыхъужынкъэ.

КЪЭБЭРДЕЙР ЯПЭ ЩЫСЛЪЭГЪУАМ…

Псалъэхэр  Хьэвжокъуэ  Маждэ  ейщ

Си псэр егъафIэ си Хэку дахащэм,
Фыкъысхуэупсэу тыгъэ схуэфщIам.
ЗыхещIэр нобэ къару иныщэ
Гухэлъ гуапагъкIэ мы сигу вгъэнщIам.

Ежьу: Ей, Къэбэрдей, адыгэ Хэку,
Мы дунеягъэр, адыгэ лъахэр
СэркIэ жэнэтщ.

Гъунэ зимыIэщ а гугъэ дахэр,
Ар къыдэхуэжу хэткIи куэдынт.
ГъащIэм и IэфIыр иджы си лъахэщ,
Мы дунеягъэр сэркIэ жэнэтщ.

Ежьу
СрихьэщIэ лъапIэщ адэжь щIыналъэм,
ГурыщIэ къабзэр сэ си андезщ;
Уэ бдэслъэгъуакъым зы фэрыщIыгъэ -
Сыбогъэгушхуэ, дзыхь узогъэз.

Ежьу
Дамэ схуэхъуакIэщ сэ насып иныр,
Къуалэбзу цIыкIуу псэм къелъэтыхь.
Сыхъуащ нэхъ бжьыфIэ, уэращ си лъахэр,
Уи лъагъуныгъэм си псэр и тыхьщ.

Ежьу

ХЭХЭСЫМ И ЛЪЭIУ

Псалъэхэр  КIэщт  Мухьэз  ейщ

Сытетщ сэ щIылъэ, къысщхьэщытщ уафэ,
Ар теплъэ псомкIи ещхьщ уи дунейм.
Ауэ уи уафэм къыщыфэ вагъуэр
Си гуми ещхьу щодийр мыбдейм.

Мы дыгъэ дыдэм и бзийри тыгъэ
Сэ мы хамэщIым къыщысхуимыщI.
Зэм зыщегъэпщкIур пшэ фIыцIэ щIагъым,
Зэм дакъэжь мафIэу и бзийм селыпщI.

Мы си лъэр щIэхурэ сыгъуэлъым щIылъэм,
Удзхэр цыпхыдзэу сэ къызопыдж.
Гъэмахуэ шылэу сэ псы щысхуэлIэм,
Зы ткIуэпс исфамэ зэзу схуэдыджщ.

Сэ хуэсIуэтами си гуауэр жьыбгъэм,
сызыхимыщIэ - дэни и хэкущ.
Къоуэ си напэм, сырелъхьэ шыбгъи,
Къысщодыхьэшхри тохьэж и гъуэгу.

Си адэ лъахэ, псори гумащIэ
Сэ къыщысхуэхъур уэ зым уи куэщIщ.
Зэгуэр сыжакъуэу сыхъуам ппэIэщIэ
Къэбэрдей дыщэ, IэщIыб сумыщI.

Поделиться: