Онегин Евгений

Пушкин  Александр

                    XVII
ЖиIэху Евгений а ущиер,
Татьянэ, и нэм щIэзу нэпс,
Мыбауэу, псалъэхэм щIэдиерт,
ЕдаIуэрт щыму, хъуауэ щхъуэпс.
Къыхуишияти Iэр, нэщхъейуэ,
(Сыт зэрыжаIэр?: хуей-хуэмейуэ)
Татьянэ Iэм зытригъэщIащ,
Игъэщхъри щхьэр, хьэзыр зищIащ;
Ежьахэщ хадэм ихъуреягъкIэ.
Зэгъусэт, къыщыщIыхьэжам,
МыгъэщIэгъуэнт, зыгуэр жаIам.
ЖаIакъым зыри: гукъабзагъкIэ,
Къуажэжьым щызэтеува
Хабзэжь щытлъагъуркъым Москва.
                        XVIII
У-акъылэгъумэ, си тхылъеджэ,
Ди Таня, пэжу, игу щIэгъуащ,
Мыбдеж жэрэгъуу дэ дызэджэм,
Мыяпэу зыкъигъэлъэгъуащ
Хьэрэмыгъэншэу, цIыху хьэлэлу;
Мыугъурлагъыр зи цIыху хьэлу
Къыщымысхьахэр куэдщ езым:
Ныбжьэгъури бийри арэзы,
Зэхуэдэ тIури хъуащ уи дежым;
ЩыIэжкъым Iей къыпфIамыща.
Бий уиIэщ, Iуэхур зэпэщам,
Ныбжьэгъури бийщ, абы утежым.
ЖыдоIэ дэ: ныбжьэгъу, ныбжьэгъу!
КъытхуащIым ахэм фIыт гущIэгъу!
                          XIX
Къэхъуар жысIэжым, щIэзгъэтхъэну
Сэ сыхуэмейми, хэслъхьэу пщIыхь,
КъыдэкIуэу псалъэм, щIэсхъумэну
Нэхъ сфIэфIми, щыIэкъым бэлыхь,
ПцIыупс нэхъ Iэзэм зэхилъхьауэ,
Бзэгухьхэм я гум ирихьауэ,
Телъыджэлажьэу къаIэта,
Ут псэлъэрейхэм яIуэта,
ЦIыху зэхуэсахэр здызэхэтым,
Уэр щхьэ ныбжьэгъум жимыIэн,
ПщыкIублрэ къытримыгъэзэн,
Хуэмейуэрэ къыжьэдэлъэту;
ЕупщIи ауэ, ар уи къуэшщ,
Уэр щхьэ ишхынщ абы ныкъуэшх.
                           XX
АтIэ, тхылъеджэ, щIыхь пхузощIыр,
Узыншэу пIэрэ уи Iыхьлыр?
Умыдэми, умыщIэ сощIэр,
БжесIэнщи сэркIэ белджылыр,
ЗэгъащIэ, сыт зиIысыр благъэр.
Iыхьлыр уи куэдым, пщIэжкъым загъэр:
ФIыуэ плъагъун, уедэхэщIэн
Абыхэм хуейщ, атIэ, сыт пщIэн?
Яхутетын хуейщ ткIийуэ хабзэм,
Махуэшхуэхэм ядей укIуэн,
Пощт тхыгъэ птхын, уащIэупщIэн;
Къытемыплъэхэуэ уи щхъуабзэм,
Уи гугъу къамыщIу махуэ къэс,
УиIэну пIэрэ зы илъэс?
                            XXI
ПфIэщIынщ Iыхьлыгъэм, ныбжьэгъугъэм
ЕфIэкIыу, уиIэм фIыуэ плъагъу,
Уи дахэкIейм, и лъагъуныгъэм
Унафэ хуиIэу, уегъэлъагъу.
Бзылъхугъэр, ауэ, жьыбгъэм ещхьщи,
Къепщам дыгъуасэ теуэтещхьэу,
Зихъуэжу, нобэ кIуэдыжам,
Щыхуэдэ къохъу бзу лъэтэжам.
Абы нэмыщIкIэ, и щхьэгъусэм
ЖиIам тетын хуейщ фыз гъэсар,
ТIэкIу щыгъупщэжу узэсар,
ЗэдэжыфIахэр ущигъусэм.
Уи псэгъум деж нэгъуэщIми гъуэгу
Къихутэм, жиныр къыбдоджэгу.
                            XXII
Хэт тIэ плъагъун хуейр, хэт пхуэпэжыр?
ЩыIэж къомыпцIыжын зыгуэр?
Сыт къэмыхъуами, къыпхуэнэжыр,
УздэкIуэм хэт уи гъусэу кIуэр?
Хэт бзэгу уэр щхьэкIэ зезымыхьэр?
Уи щэху дунейм къытезмыгъыхьэр?
Уи ныкъусаныгъэр зи гурыхь,
Хэт ухэзмыдзэр уэ бэлыхь?
НэгъуэщIым лейуэ умылъыхъуэ,
Уэращи, фIыуэ зылъагъуж,
Къару уиIэху, йомыкъухьыж,
Сэ си тхылъеджэ, дыгъэмыхъуэм
КъыхэкIыт, узыхэтыр кIыфIщ!
Уэр щхьэкIэ уэр нэхъ хэт нэхъыфI?
                    XXIII
БлэкIа зэхуэзэм догъэзэжыр,
ИужькIэ сыт къэхъуа-къэщIар?
Ди пщащэм къигуIар дощIэжыр,
Хьэзабу и гум зыхищIар.
Нэхъ мащIэ хъуакъым гузэвэгъуэр,
Къыхуэмыгъуэту тепыIэгъуэ,
Татьянэ пфIощIыр мафIэм ис,
И напIэр къемыхыжу, мис,
Хэплъэжкъым гъащIэм и IэфIыгъэм,
ГуфIэжкъым, хэлъкъым псэм мамыр,
ИIауэ умыщIэн Iэмыр,
ЩIэтыжкъым жьы и ныбжь накъыгъэм:
Къэлъагъу уэ пшэплъ, пщэдджыжь къихьам,
Борэн пшэ фыцIэ къытрихьам.
                         XXIV
Татьянэ, уеплъмэ, пфIощI хуэлэжу,
Щытщ щыму, фагъуэ мэхъу, нэщхъей,
ИмыщIэу, къыфIэIуэху щыIэжу,
Мыхъейуэ и псэр, щтам нэхъей.
Щхьэр ягъэсысу, загъэщIагъуэу,
Гъунэгъухэр, зэрызэрылъагъуу,
Хъыджэбзым щхьэ зоIущэщэж:
«ДэкIуэн хуейщ, пIалъэр блокI, ещIэж!..»
ФIылъагъуныгъэ насыпыфIэ
И гугъу фхуэсщIын куэд щIауэ хуейт,
ГукъыдэжыфI щхьэкIи, мылейт;
КъысфIэщIми тыншу Iуэху нэщхъыфIэр,
СыщIэмыпIащIэр нэрылъагъущ:
Татьянэ фIыщэу сэ солъагъу!
                       XXV
Зэманыр кIуэхукIэ нэхъ дихьэхыу,
Владимир Ольгэ дахэкIейм,
ФIэIэфIу псэм, хъыджэбз нэхутхьэхум
И гъэрщ, хуэгуфIэу щыщIыкIейм.
Зэгъусэщ сыт щыгъуи: щIэсщ унэм,
Жэщыбг хъуху пщащэм и лэгъунэм,
Пщэдджыжьми IэпэзэрыIыгъщ,
Мыжей, зымыутIыпщщ лъэрыгъ;
Сыт-тIэ? ГурыщIэр и гум изми,
Ар щабэщ фIылъагъупIэм дей,
Зытегушхуэфыр мыр къудейщ:
ГуфIамэ Ольгэ зэзэмызэ,
И щхьэцым тIэкIу ириджэгун,
И бостеикIэм ебэун.
                     XXVI
Къыхуоджэ Оля ар иныкъуэм,
ФIы защIэм хуэзыIущ роман:
(Хуатхами пэжым хуэмыныкъуэм,
Зытхар емыщхь Шатобриан)
Арами, къохъур мыгупсэхуу,
Къыщеджэ, напэхэр дигъэхуу,
Къилъагъумэ укIытэгъуэ фIэщI,
Езыр плъыжь мэхъури, зещIыр кIэщI.
Иныкъуэм щхьэхуэу щысхэщ жыжьэу,
Унагъуэм зыхуащIауэ кIэбгъу,
Мэджэгу, къащтауэ шахмат пхъэбгъу;
ТегупсысыкIмэ, пфIэIэжьмыжьу,
Фигурэр Ленскэм щыфIашхам,
НэхъыщIэкIэ нэхъыжь къишхам.
                       XXVII
И унэм щIалэр къыщыкIуэжым,
Емыплъ Iуэху къежьэм, имыщIам,
Щилъагъур Ольгэ фIэмащIэжу,
ХуищIащ альбом гъэщIэрэщIа:
ЗдыщищI сурэту къуажэ гъунэр,
Кипридэм и тхьэгуащэ унэр,
Е лирэм тес тхьэрыкъуэ цIыкIу,
Къыхимыгъэхьэуэ къемыкIу;
Здыратхэм деж я гукъэкIыжхэр,
Адрейхэм я Iэр здыщIадзам
И щIагъым, плъагъуу зэтепдзам,
Къегъанэ усэ цIыкIу итхыжхэр:
Гупсысэ кIэщIым и лъэужь,
Зызымыхъуэж, куэд щIа нэужь.
                         XXVIII
Флъэгъуа хъунщ фэри фыщыщIалэм
Жылэгъу хъыджэбзхэм я альбом,
Я ныбжьэгъу цIыкIухэм зэхацIалэу,
Балигъ хъуху хуатх делагъэ къом.
Дэтхэнэр къащти, уэ бзэ хабзэм,
Щыуагъэхэм уемыплъ; гу къабзэм
Усэ хъуэжахэр къыбгъэдокI,
КъытратхыкIари фIым къыхокI.
Плъагъунщ здищIидзэм деж тетхауэ:
Qu‘écrirez-vous sur ces tablettes,
Iэ щIэту: t. à v. Annette;
Здиухым дежи, мыухауэ:
«НэхъыфIу узылъагъум уэ
Итха сатыр! Нэхъ кIыхьу кIуэ!»
                  XXIX
Iэмал имыIэу, ухуэзэнущ
Гум хаIу шабзэшэ, удз гъэгъа,
И псалъэ быдэм укъеджэнущ
ЛIэху уигъусэну зигугъам;
Дзэр зи къулыкъ poète жьэпхъаджэм
Итха хъунщ усэ цIыкIу нэхъ бзаджэр;
Хьэлэлу щIащи, си ныбжьэгъу,
Хуэтхахэм захуэсщIынт сэ гуэгъу,
Мыбы си фIэщщ сэ гурэ псэкIэ:
Делагъэу сыти измытхам,
Еплъынщ хуэгуапэ плъэкIэу сщIам,
ЗимыIэр бзаджэ дыхьэшхыкIэ,
Е пагэу зэпкърызмыхар,
ПцIы защIэмэ, псэм къикIыу стхар.
                          XXX
Альбом къыдахым я тхылъылъэм,
Къулейуэ ягъэщIэрэщIам,
РифмэщI цIэрыIуэхэр зыпылъым,
Къашийм, лъэкI уиIэу укъащIам,
Сыхуейкъым, зейр Iэрпхъуэрыфами,
Толстойм Iэ щIрагъэдзыфами,
Е Баратынскэм и къалэм
Щагъэтхэфами, сфIощI хьэрэм!
ХэгъэфIыкIахэм щыщ цIыхубзым,
In-quarto сэ къысхуишиям,
ЩIэзмылъхьэу макъ сызыхуеям,
ЕрагъкIэ сыполъэщыр си бзэм;
Уигу илъми эпиграммэ Iейр,
Хуэтхын хуейщ мадригал зыхуейр!
                       XXXI
Владимир мадригал фэрыщI
Имытх; игъэщIэращIэм тхылъ,
ХуеIуатэр тхылъым и гурыщIэр:
Хъуэр псалъэ хэтми, шэч хэмылъ;
Сыт къимылъагъум, зэхимыхым,
Етхыжыр Ольгэ псэм химыхыу:
Къэхъуауэ хъуар итхын мыщхьэх,
Элегиехэр - псыежэхщ.
Языков ещхьщ, зи дэрэжэгъуэм,
Гу пщтырым, зыхуэмейм мафIэдз,
ИмыщIу фIы е Iей зэхэдз,
Хэт хуэтхэми, зи псалъэр дэгъуэм;
Элегием удихьэхам,
Уи гъащIэр хэплъагъуэнщ итхам.
                       XXXII
Щэху зыфщI! Зэхэфхрэ? Критик бзаджэм
КъыджеIэр дэ: фемылIэлIэж
Элегием, гъужауэ фаджэм,
Къытхуедз рифмэщI есахэм джэж,
МэкIий: «Щывгъэтыт гъынэнэныр,
Шэд фызэсам щыIу уакъ-уакъ джэныр,
Хьэдагъэ тефщIэу щIыхь блэкIам,
Зывмыхъуэжынт, фхузэфIэкIам!»
- Упэжщ, щIэрыщIэу дыбгъэлъагъум:
КъыщIитхым къамэр сыт и нэгу,
Бжьамийр дгъэуэну хуей е дэгу?
Дытешэт зэрытхэн хуей лъагъуэм.
ЩIэ гуэр къыджепIэмэ - упэжщ.-
«Арамэ, одэм фыхуэкIуэж.

(КъыкIэлъыкIуэнущ).

Адыгэбзэм къизыгъэзэгъар ХЬЭМЫЗ Русланщ.
Поделиться:

Читать также: