Зи махуэр зыгъэлъапIэхэр

Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ Къэзан Зауррэ а IэнатIэм и Iуэхухэр зэфIэгъэкIыныр зи пщэрылъ Вындыжь Абезулрэ, къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр ящIыгъуу, бадзэуэгъуэм зи махуэр зыгъэлъапIэ нэхъыжьыфIу 22-м ехъуэхъуащ. Абыхэм щыщу тIум я ныбжьыр илъэси I00 ирокъу, щыр – илъэс 95-рэ, пщыкIублыр – илъэс 90 мэхъу.

УнафэщIхэм юбилярхэм иратащ УФ-м и Президент Путин Владимиррэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ я хъуэхъу тхыгъэхэр, район администрацэм къыбгъэдэкI саугъэтхэр.
Къыщалъхуа махуэр зыгъэлъапIэхэм гъащIэ гугъу къагъэщIащ. Абыхэм ялъэгъуащ Хэку зауэшхуэр. Я емызэш лэжьыгъэкIэ мэкъумэш IэнатIэр зэфIагъэувэжащ, гъащIэ дахэр зыухуэжахэм ящыщщ. Къэрал, ведомственнэ дамыгъэхэр яIэщ.
Узыншагъэ быдэ фиIэну, фи гур мыкIуэду фи бынхэм фахуэпсэуну ди гуапэщ!

ЧЫЛАР Аринэ, Бахъсэн район администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.
Поделиться:

Читать также: