Дунейм щыхъыбархэр

Абхъазым зыщызыгъэпсэхуну
хуейхэм зэгупсысын яIэщ

Урысейм и туроператорхэм я зэгухьэныгъэм зэрыщыжаIамкIэ, Абхъазыр щогугъ зыгъэпсэхуакIуэхэр бадзэуэгъуэм и 15-м къыщыщIэдзауэ иригъэблагъэ хъужыным.

Абхъазым и президентым и администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Нанбэ Жансэхъу абы теухуауэ щепсэлъылIэм къыхигъэщащ зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэр къызэIуахыжын ипэкIэ абы и лъэныкъуэкIэ Краснодар щIыналъэм зыщыхуэкIуа хабзэхэм зэхуеплъын зэрыхуейр. Крайм коронавирус узыфэм зыщрамыгъэубгъуу я лэжьыгъэр щызэтраухуэжыфмэ, езыхэми а Iуэхур ирагъэжьэжыным зыхуагъэхьэзыру щIадзэну аращ. Щхьэхуэу хэплъэнущ я щIыналъэм хамэ къэрал туристхэм зыщагъэпсэхуну хуит ящI хъун-мыхъуным и Iуэхум.
ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, хамэ къэралхэм щыщ зыгъэпсэхуакIуэхэу махуитху нэхърэ нэхъыбэрэ я деж щыIэну путёвкэхэр къэзыщэхуахэрщ япэщIыкIэ хуит ящIынур санаторэхэм къэкIуэну. ИужькIэ визэхэр къыхузэIуахынущ махуищ нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ я деж щыхьэщIэну мурад зыщIахэм. Псоми хуагъэувынущ хабзэ хэхахэр. Я деж къакIуэхэм яIэн хуейщ: коронавирус зэрыпкърымытым щыхьэт техъуэ дэфтэр, «Роспотребнадзор»-м хуит ищIауэ игъэлажьэ лабораторэм къритауэ; страховой полис; Абхъазым и щIыналъэм щыщу зыщагъэпсэхунум пIалъэкIэ щыпсэуну хуит зэращI щыхьэт тхылъыр.
Туроператорхэм къызэралъытэмкIэ, ахэр цIыхум зэригъэпэщыну икъукIэ гугъу хъунущ. Краснодар щIыналъэм апхуэдэ мардэхэр зэрыщагъэувам зыхуишаращи, санаторэ куэдым къэкIуар щIэхуэнум и процент 20 хуэдизщ, зыгъэпсэхупIэ куэдми я бжэхэр иджыри къызэIуамыхыжмэ нэхъ къащтащ. Турист куэд дыдэ бгъуэтынукъым COVID-19-р къызэрахутэ тестхэр итын къудей щхьэкIэ сом мини 5 - 6 хуэдиз и жып кърихыфыну. Апхуэдэ хабзэ ткIийхэр туристхэм хуагъэувмэ, Абхъазым зыщызыгъэпсэхуну хуеяхэм Краснодар щIыналъэмкIэ ираIуэнтIэкIыжынкIэ хъунущ - абы справкэхэм я Iуэхур апхуэдэу щыткIиижкъым. Е щытыкIэр ефIэкIуэжыпэу псори тэмэм хъужыхукIэ пэплъэнущ Абхъазым и дахагъэхэр зэзыгъэлъагъуну хуейхэр. Зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэр Абхъазым жэпуэгъуэ пщIондэ зэрыщекIуэкIри ящIэ туристхэми, Iуэхур абы тращIыхьынри зыхуэIуа щыIэкъым.
Абхъазым щыIэ эпидемиологие щытыкIэри зэкIэ IупщIыщэкъым. Абы зыщызыгъэпсэхуу екIуэлIэжахэр «Роспотребнадзор»-м тхьэмахуитIкIэ унэм щIимыубыдэжыну пIэрэ, узыфэр зэрапкърымытыр наIуэ къэхъухукIэ? Аращи, цIыхухэм куэд зэпалъытын хуейщ зыгъэпсэхуакIуэ кIуэн ипэкIэ.

Градус 40-р цIыху Iэпкълъэпкъым дежкIэ шэчыгъуейщ

Дунейм и щытыкIэнум и хъыбар синоптикхэм къыщыджаIэкIэ, ар зи фIэщ мыхъущэу къыпыгуфIыкIхэр мащIэкъым. Абыхэм я щыуагъэхэм тегушыIыхьын яфIэфIщ цIыхухэм.

Илъэсым щыщIидзэ дыдэм синоптикхэм хуагъэфэщауэ щытащ мыгъэрей гъэмахуэр хуабэ дыдэу зэрыщытынур. Абыхэм жыхуаIа хуабэ егъэлеяр къэсащ къэралым и щIыналъэхэм я нэхъыбапIэм - Уралым нэсыху цIыхухэр гугъу дыдэ ирегъэхь абы. Тенджыз Iуфэм щыпсэухэм я Iуэхур нэхъ тынш хуэдэу щытми, псыми зэпымыууэ ухэсыфын?!
Бадзэуэгъуэм Кърымым зэрыщыхуабэр наIуэщ, ауэ илъэс 25-рэ хъуауэ апхуэдэ ямылъэгъуауэ а щIыпIэми цIыхухэр щелыгъуэ дыгъэм иджыпсту - жьауапIэм ущIэсми градус 40-р цIыху Iэпкълъэпкъым дежкIэ шэчыгъуейщ.
Урысейм и европэ лъэныкъуэм хыхьэ щIыналъэ псоми щыпсэухэр гугъу ирегъэхь хуабэм. Илъэс къэс зэрыщытам нэхъ мы гъэм нэхъ хуабэщ ику иту градуси 5 - 7-кIэ. Къалмыкъым, Ростов, Астрахань областхэм хуабэр градус 40-м щыщIегъу. Москва дэсхэм зэрызагъэупщIыIу Iэмалу къагъэсэбэп къалэм дэт псыутххэр. Шэч хэмылъу, дунейм и щытыкIэм зихъуэжынщ, нэхърэ щIыIэтыIи къэхъужынщ, ауэ мы зэманым цIыхухэр зыхуэсакъыжыным къыхураджэ дохутырхэми, МЧС-м и лэжьакIуэхэми, щытыкIэр зи нэIэ щIэт IуэхущIапIэхэми.

Нобэ

♦Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ. 1709 гъэм Пётр Езанэм и унафэм щIэт урысеидзэм шведхэм я армэр Полтавэ деж щызэхикъутащ.
♦Монголием и Къэрал ныпым и махуэщ
♦1878 гъэм
Инджылызым щекIуэкI футбол зэIущIэм арбитрым япэ дыдэу кIэфий къыщигъэсэбэпащ.
♦1918 гъэм Советхэм я V Урысейпсо съездым РСФСР-м и Конституцэр - япэ Совет Конституцэр - къищтащ.
♦1925 гъэм ЦИК-м и Президиумымрэ СССР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советымрэ я унафэкIэ къызэрагъэпэщащ Совет Союзым и Телеграф агентствэр - ТАСС жыхуиIэр.
♦1925 гъэм США-м хыхьэ Дейтон къалэм (Теннесси штат) къыщызэрыIэтащ Дарвин и теориер (цIыхур номиным къытекIауэ къэзылъытэр) егъэджыным и бийхэр.
♦1934 гъэм СССР-м къыщызэрагъэпэщащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ цIыхубэ комиссариатыр (НКВД).
♦1935 гъэм СССР-м и цIыхубэ комиссархэм я советым къыдигъэкIащ Москва зегъэужьыным теухуа план нэхъыщхьэр.
♦1765 гъэм къалъхуащ урыс дзэ къулыкъущIэ, 1812 гъэм екIуэкIа Хэку зауэм и лIыхъужь Багратион Пётр.
♦1902 гъэм къалъхуащ совет уэрэджыIакIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Лемешев Сергей.
♦1905 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, Сталиным и цIэр зезыхьэ саугъэтым и 3-нэ нагъыщэр зрата, Вагъуэ Плъыжь, «ЩIыхьым и Дамыгъэ» орденхэр зыхуагъэфэща Кассиль Лев.
♦1922 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ усакIуэ, Абхъазым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хьэнфэн Алим.
♦1931 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и юрист Щоджэн Iэбу.
♦1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Срыкъуэ ХьэмщIасэ.
♦1934 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Ибрэхьим Хьэмзэт.
♦1942 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Сэбаншы Хъусен.
♦1943 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, Сирием и Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Гугу Акрэм.
♦1947 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артист Олейников Илья (и унэцIэ дыдэр Кляверщ).
♦1957 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артист Стоянов Юрий.
♦1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и 2-нэ нагъыщэм и медалыр зыхуагъэфэща Портэ Галинэ.
♦1966 гъэм къалъхуащ КъБР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я артисткэ Шэрджэс Iэсият.
♦1991 гъэм къалъхуащ урысей фигурист, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Олимп чемпион Кацалапов Никитэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 24 - 26-рэ, жэщым градус 19 - 20 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Жьэм къыжьэдэкIа псалъэри фочым къикIа шэри зэхуэдэщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:23 НОБЭ
18.04.2024 - 16:13 НОБЭ
17.04.2024 - 11:43 НОБЭ