IэIэтым хэтахэщ

Урысей Федерацэм и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ 2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м екIуэкIа IэIэтым хэтащ ди къэралым и УФСИН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и IуэхущIапIэхэр. Хабзэм ебэкъуахэмрэ щIэпхъэджагъэ ялэжьауэ зыхуагъэфащэхэмрэ щыщу Iэ зыIэтыну хуит цIыху 300 хэтащ къэралпсо Iуэхум.

Апхуэдэуи я Iуэху еплъыкIэр къагъэлъэгъуэну Iэмал яIащ УФСИН-м и щIыналъэ къудамэм и уголовнэ инспекцэм и филиалхэм я нэIэ зытетхэм, унэм къыщIэкIыну хуимыту унафэ зытращIыхьахэм. Ахэр езыхэр кIуащ IэIэтыр щекIуэкI IуэхущIапIэхэм, судхэм, следственнэ органхэм, нэгъуэщI IэнатIэхэм я тхыгъэхэм япкъ иткIэ унэм къыщIэкIыну хуит ящIри.
 Прохладнэ районым щыIэ Исправительнэ центрым щыIэхэри хэтащ IэIэтым. Зи къуаншагъэр лэжьыгъэкIэ зрагъэпшынхэм я деж кIуащ IэIэтым и участкэ №249-м и комиссэм щыщ цIыху, бгъэIэпхъуэ хъу ашыкыр ишэри.
УФ-м и УФСИН-м КъБР-м щиIэ и къудамэм и лэжьакIуэхэм хабзэм ебэкъуахэмрэ щIэпхъэджагъэ ялэжьауэ зыхуагъэфащэмрэ гурагъэкIуат къэралым и дэфтэр нэхъыщхьэм халъхьэну я гугъэ зэхъуэкIыныгъэхэр зыхуэдэр, IэIэтыр зэрекIуэкIыну щIыкIэр, а псоми ехьэлIауэ езыхэм яIэ хуитыныгъэр.
Коронавирус уз зэрыцIалэм земыгъэубгъуным ехьэлIауэ иджыпсту екIуэкI Iуэхухэр къэлъытауэ къызэрагъэпэщащ IэIэтыр.

 

БЛИЙ Даянэ.
Поделиться: