«Мэкъумэшбанкым» щIыхуэ ярет

Банк Iуэхухэр

Урысейм и «Мэкъумэшбанк» акционер обществэм жыджэру и мылъку хелъхьэ губгъуэ лэжьыгъэхэм.

2020 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм «Мэкъумэшбанкым» къыбгъэдэкIыу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыпсэухэм щIыхуэу сом мелуан 262-м щIигъу яIэрыхьащ. Ар нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм проценти 2,4-кIэ щIегъу.
ИджыпстукIэ лъэIу 12 щIэлъщ, сом мелуан 380-рэ къратыну зыкъыхуагъэзауэ. Псори зэхэту мы илъэсым губгъуэ лэжьыгъэхэр ирырагъэкIуэкIын ­папщIэ сом мелуан 500-м щIигъу хухахынущ.
Проценти 5 нэхъыбэ темыхьэу АПК-м и лэ­жьакIуэхэм мы гъэм и япэ мазитхум сом мелуан 269-рэ иратащ. Абыхэм ящыщу сом мелуан 39-р инвестицэ кредитхэщ.
Псори зэхэту 2019 гъэм ди республикэм щата щIыхуэхэм я процент 40-р Урысейм и «Мэкъумэшбанк» акционер обществэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм хуозэ.
«Губгъуэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIкIэ мэкъумэшыщIэхэм дазэрыдэIэпыкъум и фIыгъэкIэ гъавэ бэв къытрах. ЩIыхуэ яттхэр абыхэм хуаунэтI техникэм и пкъыгъуэхэр, щIыгъэпшэрхэр, мэкъумэш Iэмэпсымэхэр къащэхуным», - жеIэ Урысейм и «Мэкъумэшбанк» акционер обществэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Сокъур Алим.
Урысейм и «Мэкъумэшбанк» АО-м щIыхуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд ет. Къапщтэмэ, «Сезонный Лёгкий» тарифыр хуэунэтIащ хьэрычэтыщIэ мащIэмрэ курытымрэ пэрытхэм. АбыкIэ мэкъумэшыщIэхэм къащэхуфынущ щIыгъэпшэрхэр, жылэхэр, мэкъумылэ зэмылIэужьыгъуэхэр, ветеринар Iэмэпсымэхэр, хущхъуэхэкIхэр. Сом мелуан 50-м нэблагъэр щIэгъэпсынщIауэ зыIэрагъэхьэфынущ. ДокументитI къудейкIэ - кредит заявкэмрэ налог органхэм я справкэкIэ - щIыхуэу сом мелуани 5-м нэблагъэ ят.
 

Жыласэ Замир.
Поделиться: