Унагъуэ насып

«1 КъБР» щIыналъэ телеканалым и лэжьакIуэхэр Звёзднэ къуажэм щыпсэу, Урысей гвардием и дзэ частым и къулыкъущIэхэу Герасимовхэ Дмитрийрэ Алексейрэ я унагъуэм щыхьэщIащ, Унагъуэм, лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжыныгъэмрэ я махуэм ирихьэлIэу.

Дзэ къулыкъу мытыншым фIыуэ щыгъуазэ унагъуэм щIэсхэр махуэшхуэм папщIэ ягъэува Iэнэм пэрыст. Ефрейтор Герасимовэ Ольгэ пенсэм тIысыжащ щэхуу яхъумэ дзэ частым и тхылъхэр зехьэнымкIэ IэнатIэм щылажьэу. Абы и къуэ нэхъыжь Дмитрий сержант нэхъыжьщ, инженер-сапёр ротэм и инженер-сапёр взводым и командирым и къуэдзэщ. Къуэ нэхъыщIэр - Алексей - сержантщ, инженер-сапёр къудамэм и командирщ. Зэкъуэшхэм сытым щыгъуи гъуэгугъэлъагъуэу яIар, щапхъэ зытрахар я адэрат, прапорщик нэхъыжь Герасимов Евгенийт. Ар 2000 гъэм къулыкъу игъэзащIэу хэкIуэдащ.
Дзэ къулыкъущIэхэм телеканалым и лэжьа­кIуэхэм къыхуаIуэтащ унагъуэ насыпым и хэкIыпIэу къалъытэхэр, лъагъуныгъэр зэрыпхъумэнур, псэм и гъунэгъу цIыхум и лIэныгъэр шэчыгъуафIэ пщызыщIхэр, унагъуэм илъ хабзэхэм узэрыхуэпэжынур, жьэгу мафIэр умыгъэужьыхыу зэрыпхъумэфынур. ЗэIущIэ гуапэм и кIэухыу журналистхэр Герасимовхэ я унагъуэм ехъуэхъуащ насып, гуфIэгъуэ щымыщIэну, я уафэр къащхъуэрэ я щIылъэр щхъуантIэу псэуну.

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: