Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

«Хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэIэпхъуэжыну хуейхэм защIэгъэкъуэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№79-ПП   2020 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м   Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэIэпхъуэжыну хуейхэм защIэгъэкъуэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2019 гъэм бадзэуэгъуэм и 31-м къыдигъэкIа унафэ №136-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI                 МУСУКОВ Алий

 

Хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэм я IуэхухэмкIэ Правительственнэ комиссэм хэтхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№81-ПП   2020 гъэм мэлыжьыхьым и 20-м   Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
Хамэ къэрал щыпсэу ди хэкуэгъухэм я IуэхухэмкIэ Правительственнэ комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2015 гъэм гъатхэпэм и 11-м къыдигъэкIа унафэ №38-ПП-мкIэ къащтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) Правительственнэ комиссэм хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
Бажэнэ Б. Ю. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр
Биязиров Р. А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъхэм я IуэхухэмкIэ и министрым и дэIэпыкъуэгъур (Правительственнэ комиссэм и секретарщ)
Къалэбатэ Р. М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрыр;
б) Хъубий М. Б. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэр (Правительственнэ комиссэм и унафэщIщ)»;
в) КIурашын А. В. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъхэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (Правительственнэ комиссэм и унафэщIым и къуэдзэщ);
г) Къумахуэ М. Л. и къулыкъум зэреджэр мыпхуэдэу къэхьын: «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэр;
д) Правительственнэ комиссэм къыхэгъэкIыжын Жылау А. И., Къэзанш Л. Б., Къардэн М. Н., НэкIацэ В. А.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI                   МУСУКОВ Алий

 

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр псэупIэкIэ къыщызэгъэпэщынымрэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэнымрэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
№143-ПП   2020 гъэм бадзэуэгъуэм и 6-м   Налшык къалэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр псэупIэкIэ къыщызэгъэпэщынымрэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэнымрэ»  Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2018 гъэм накъыгъэм и 8-м къыдигъэкIа унафэ №90-ПП-мкIэ къащтам, мы унафэм щIыгъу гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI                    МУСУКОВ Алий

Поделиться: