БаIуэ нэхърэ - бащIэ

Адыгэбзэм иджырей грамматикэ (бзэхабзэ) къупхъэхэр зэригъуэтрэ тхыдэ лъэхъэнэкIэ уеплъмэ, ды­гъуа­сэ хуэдэщ, ауэ гъащIэм ебгъапщэмэ, зы цIыху гъащIэщ къикIуар - илъэсищэ ирикъуакъым. Ныкъу­саныгъи, зэмыпэщ Iуэхугъуи, щы­щIэныгъи иджыри къыздэсым хэлъщ - ар Iуэхум и зы лъэныкъуэращ. Зы цIыху-цIыхуитIкIэ зэи лъэпкъ псом я бзэхабзэ дагъуэншэу зэфIэгъэува хъунукъым. Абы лъандэрэ зэфIэхыжыпхъэIами, ипIэ ­игъэзэгъэжауэ щытамэ, иджыпстурей IэнатIэм деувэлIэнутэкъым.

Пэжщ, лэжьыгъэ щхьэхуэ гуэрхэри утыку къыщрахьаи щыIэщ, арщхьэкIэ а еплъыкIэхэм къызэщIау­быдэр залэт, языныкъуэхэри псалъэухам щыхэбухуанэкIэ, хэмызагъэу къыхэпкIыжырт. Термин зы­къомри урысыбзэм къызэрыщагъэсэбэпым хуэдэу, къызэрыгуэкIыу зэрадзэкIа къудейт («калькэ»). Ап­хуэ­дэу Iуэхум убгъэдыхьэмэ, езы «термин» псалъэм и купщIэм изагъэртэкъым.
«Термин» псалъэм латиныбзэу «данагъэ, гъунапкъэ» купщIэр бгъэ­дэлъщ, бзэщIэныгъэм къызэрищ­тамкIэ - «псалъэ е псалъэ зэпхауэ щIэныгъэ, техникэ е нэгъуэщI гуэрым и щыIэныгъэм фIэщыцIэ хуащIа». Бзэм хэт псалъэ сыт хуэдэми купщIэ зыбжанэ иIэ хъунумэ, терминыр зы къупхъэ-жыпхъэм итщ. Терминыр зэрыхъукIа щIэныгъэм зы купщIэ нэхъыбэ щиIэмэ, абы узытепсэлъыхьыр зэрыхьзэрий ищIынущ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэр адыгэбзэр курыт еджапIэхэм зэрыщадж тхылъхэр федеральнэ къэрал щапхъэм итIасэу зэхэлъхьэным мы гъэм пэрыуващ. Апхуэдэу щыщыткIэ, иужькIэ мылъку лей темыкIуадэу, иджыпсту терминхэр адыгэбзэкIэ зэгъэзэхуэныр игъуэ дыдэщ. А псалъэмакъыр къыщы­хъейм, егъэджакIуэхэм ящыщ куэ­дым гуапэ ящыхъуакъым. Абы и щхьэусыгъуэр тIу мэхъу: япэр, дызэсам дытевгъэт; етIуанэр, терми­ныщIэхэм «тхьэкIумэр къеуIэ».
Япэ Iуэхугъуэм теухуауэ мыр къыхэгъэщыпхъэщ: адыгэбзэ зэзыгъэщIэну адыгэбзэ урокым къэкIуа еджа­кIуэм япэ классым къыщыщIэдзауэ 11-нэр къиухыху, мыадыгэбзэ термину 100-м нэс идогъащIэ. Сыщыуа­къым, АДЫГЭБЗЭ урокым мыадыгэ псалъэ щыдогъащIэри дызэхэсщ! Абы хыдолъхьэж унагъуэм, садым, уэрамым мыадыгэ псалъэу щызэхахыурэ къапхъуатэр. Апхуэдэхэри, нэхъ мащIэу, 100 хуэдиз мэхъу. Ахэр зэхэту - 200. Сыт хуэдэ бзэми щыщу псалъэ 300 хуэдиз пщIэмэ, щIэныгъэ статья, поэмэ сыт хуэдэхэр пхуэмытх­ми, а бзэр зезыхьэм фIы дыдэу удэуэршэрыфынущ. Абы щыгъуэ, дэ езым, а бжыгъэм щыщу едгъащIэр псалъи 100 къудейщ! НтIэ, сыт хуэдэ адыгэбзэ ядгъащIэр? Игъуэ нэсауэ пIэрэ адыгэбзэ тхылъ хъуэжыным щIыгъуу апхуэдиз терминри ди бзэм къедгъэгъэщIэжыну? Дапщэщ щы­тхъуэжынур? Убыхыбзэм и махуэ къытхуэкIуэмэ? Дымыхъуэжынумэ, сыт щхьэусыгъуэр? «Тхьэм ещIэ, ящIIамэ, ешх», жыхуаIэм хуэдэу дызэхэсыну?
Пэжщ, илъэс-илъэситIкIэ егъэджакIуэр гугъу ехьынщ, абыхэм есэху, ауэ псори и пIэ иувэжынщ. Терминхэр зымыцIыхуххэ сабийр фIэигъуэджэу зыми еплъынукъым. Абы жепIэр, ебгъащIэр, ебгъэлъагъур ­къищтэнущ. Апхуэдэу щыщыткIэ, «сабийм къыгурыIуэнукъым», жы­тIэу, щхьэхынагъэмкIэ зедгъэб хъунукъым.
ЕтIуанэрауэ, адыгэбзэм псалъэщIэ къигъэщIыр щIэнэкIалъэ хъун ипэ, урысыбзэм абы щиIыгъ купщIэм еплъыпхъэщ. Псалъэм папщIэ, «падеж» - «падать» жиIэу аращ, алы­дж­хэм я бзэм къыхихщ абыи, зэрыщыт дыдэм хуэдэу зэридзэкIри бзэм хигъэхьащ; «причастие» - чристэн диным къыщагъэсэбэп «причастить» жыхуиIэм къытекIыжащ. Щапхъэр куэдщ, ауэ едгъэлейуэ цIыхум я щхьэ ткудэнкъым.  
Сигу ирохь-иримыхькIэ дыбгъэ­дыхьэ хъунукъым Iуэхум. Хамэ гуп­сысэкIэм дыкъиувыкIрэ ди лъэпкъ гупсысэм дыкъыхэпсэлъыкIыу ныбжьырейуэ къэнэжын псалъэхэм гъащIэ етыпхъэщ. Иужь илъэсищэм адыгэбзэм зедгъэужьыным ипIэкIэ, дэтпIытIэурэ дупIэщIыпащ. Нэ­гъуэщIыбзэм къыхэтха псалъэр фоупсу зетхьэурэ, адыгэ псалъэ къэщIыкIэр тщыгъупщэжащи, хамэ псалъэхэр дгъэуджурэ я лъабжьэр щIэдгъэлэжьыкIащ: белджылы, гъэбелджылын, белджылыншэ, мыбелджылы, зэрыбелджылыр, н. Апхуэдэу щыхъукIи, мы псалъэм хедгъэгъэкIуэта адыгэ псалъэ дахэхэр щыIэщ: IупщI, нахуэ. Мыбдежым иджыри ятIэ бдзантхьэм дыхэувэжынри хэтщ - урысыбзэ терминхэр тырку, хьэрып, къэжэр псалъэхэмкIэ тхъуэжкIэ, адыгэбзэм нэхъ Iуэху­тхьэбзэшхуэ хуэтщIэркъым.
Европей къэралышхуэхэм термин къыщагъэщIкIэ, нэхъыбэу къагъэ­сэбэпыр латин, алыдж, нэмыцэ, франджы, инджылыз псалъэ Iыхьэ­хэр аращ. Адыгэбзэм и зэфIэкIыр, и псалъэ къэгъэщIыкIэр апхуэдизкIэ лъэщщи, зи гугъу тщIа бзэхэр гъуани къыдигъэплъынтэкъым. Къащтэ-­къауэу шынэуз гуэрым диIыгъщи, зы илъэсым тIу къыпытщэурэ, пщэдейрей Iуэху тщIыурэ докIуэкI. А пщэдейри зи къэсыркъым, бзэ ужьыхынри къытпэплъэнукъым. Ауэ… ауэ а лъэпкъ гупсысэм уитын щхьэкIэ, Iэхъу­лъэхъу узыщIа гуэрым укъиувыкIыфыпхъэщ.
Курыт еджапIэм къыщагъэсэбэпу зы щапхъэ девгъэплъыт. Псалъэм папщIэ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэм мыпхуэдэу еджакIуэхэм захуегъазэ: «Унэ» псалъэр именительнэ падежым, белджылы склоненэм тету зэфхъуэкI». Мы псалъэухар псалъи 8 мэхъури, абыхэм ящыщу 4-р нэ­гъуэщIыбзэм щыщщ. Япэрауэ, «склоненэ»-м урыс грамматикэм ­щигъэзащIэ лэжьыгъэмрэ адыгэ грамматикэм щигъэзащIэмрэ зэхуэ­дэкъым. Урыс грамматикэм склоненэу 3 иIэщ, абы нэмыщIыжкIэ, зэ­хуэмыдэ склоненэм иту псалъэ гупи иIэжщ. АтIэ щапхъэу къэтхьа псалъэухар мыпхуэдэу тхъуэжмэ, сыт и дагъуэ: «Унэ» псалъэр фIэщей кIэдэжым IупщIу ивгъэувэ». Иджы мы псалъэухам псалъэщIэ хэтхэр зэпкърытхынщ. «ФIэщей» - «именительнэ»: «фIэщын» псалъэм къытекIри «еигъэ» къэзыгъэлъагъуэ ­суффиксыр пыувэжащ - «фIащам ей» жыхуиIэщ. Зи бзэхабзэ зызыужьа бзэхэм «именительнэ» псалъэр «номинатив» жиIэуи хэтщ. «КIэдэж» - падеж кIэухыр - ар псэлъэкIэм къыпыува Iыхьэщ: и кIэмкIэ къыдэж, къы­къуэжа, «кIэ»-мрэ «дэж»-мрэ зэхы­хьэри, ар фIэщыгъэ хъуащ. «IупщIу игъэувэн» - «белджылы склоненэм игъэувэн хуейщ» жиIэмэ, падежи­плIым ящыщу зэрыбгъэувэн хуейм и Iыхьэр пыгъэувапхъэщ. Мыбдеж «именительнэ падежым» и «-р»-р пыгъэувэн хуейуэ арат. Абы ипIэкIэ - IупщIу хъуэж. Мыбелджылы склоненэу щытмэ, мыIупщIу хъуэжын.
ГурыIуэгъуэщ, бзэ мылъхуэж-мы­пIэжым щыужа тхьэкIумэм щIэ­щыгъуэ занщIэу къызэримыщтэнур, ауэ псалъэ щыIэхэм префикс, суффикс пыдгъэувэкIэрэ е хамэ псалъэхэр дгъэщIэращIэкIэрэ бзэр лэжьэнукъым. Бзэр мылажьэмэ, гъущIыкIэр улъийуэ зэрыщащэм хуэдэу, ари зэхэщэщэжынущ. Апхуэдэу мыхъун щхьэкIэ, адыгэ псалъэ къэгъэщIыкIэр гъэлэжьауэ, нэхъ мыхъу­ми, адыгэбзэ урокхэм еджакIуэхэм МЫАДЫГЭ псалъэ егъэщIэныр щыгъэтыпхъэщ. Класс нэхъыжьхэм нэса нэужь (10 - 11-нэ), нэхъыбэу адыгэ псалъэ къэгъэщIыкIэм хуэдгъасэмэ, бзэм зиутхыпщIыжынурэ къэлэжьэ­жыфынущ. Дэтхэнэ зы псалъэщIэри лъэпкъ гупсысэм, хабзэм укъыхэгупсысыкI-укъыхэпсэлъыкIыурэ бубзыху зэрыхъунур зыхэзыщIэм иригъэфIакIуэрэ зригъэужьу ныбжьырей Iэужь-лъэужьу адэкIи хуэгъэ­кIуэ­тэнщ.

КЪАРДЭН Мусэдин, филологие щIэныгъэм я кандидат.
Поделиться: