Си лъэпкъым и гуауэр

*   *   *
Си лъэпкъым и гуауэр Iэпкъынэм къыхохьэ,
Гъуэгу щIыIэм зеубгъури, си пащхьэм щодий.
Сэ гъыбзэкIэ лъапцIэу уэгу гущIэм сынохьэ,
Уэгу щIыфэр ячатхъэу, псэ минхэр мэкIий.
Толъкъун IэлъэщI фIыцIэу тенджызым щыхъейхэм
Кхъухьыжь хьэдэ лъэгу гущэхэм зыкIэлъаубгъу.
Тенджызым хэплъэхукIэ уэгу щIыIэм игъейхэр
ИгъащIэкIэ лъэпкъым гуузу дэщIыгъущ.
Тенджызыр мэбампIэ, мэгыз, мэуфIыцIыр,
Мэгубжьри зэм йолъыр, толъкъун зэпещIыкI.
Лъэпкъ гуауэр щIэмыхуэу си нитI суфIыцIми,
Тенджызым къиху жьыбгъэм итIани щIесыкI.
Си лъэпкъым и гуауэр Iэпкъынэм йотIысхьэ,
Си лъэпкъым и гуауэр си бгъэгу щогурым.
Тенджызым и щIыфэм, Iэ дэслъэу, соIусэ,
Кхъухьыжьхэм къызадзыр мыхъужу удын.

 

 

Гугъуэт Заремэ. Щхьэлыкъуэ къуажэ. 21.05.2020 гъэ
Поделиться: