ТщIэн хуейр мащIэкъым

Ди газетым зэрытетащи, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я зи чэзу зэхуэсыр Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм ирагъэхьэлIэри, накъыгъэм и 20-м видеоконференц щIыкIэм тету ирагъэ­кIуэ­кIащ.

Онлайн видеоконференцыр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм        и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Абы хэтащ КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Бахъсэн къалэ округым и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, КъБКъУ-м и проректор Къущхьэ Хъусен, КъБР-м щы­лажьэ Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым и унафэщI Къалмыкъ Жылэбий, ДАХ-м и Советымрэ ГъэзэщIа­кIуэ гупымрэ хэтхэр. А махуэм интернетым и Iэ­малыр къагъэсэбэпу зэрылъагъуу зэпсэ­лъылIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Тыркум, Сирием, Иорданием, Израи­лым, Германием щылажьэ Хасэ къудамэхэм я тхьэмадэхэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым и зи чэзу зэIущIэр накъыгъэм и 21-м ирагъэхьэлIэу Налшык щрагъэкIуэкIыну зэра­мурадар, ауэ дуней псом щыщыIэ щытыкIэм къыхэкIыу интернеткIэ зызэпащIэн                       хуей зэ­рыхъуар. ЗэIущIэр нэхъыбэу зытеухуауэ щыт­ар адыгэхэм я щхьэ кърикIуа лъапсэрых ­зауэжьырт, абы и ягъэкIэ къэрал куэдым щызэбгрыпхъа хъуа ди къуэшхэм я Iуэху зыIутыр зэгъэщIэнырт, апхуэдэуи Хасэ тхьэмадэхэр нобэ нэхъыбэу зэлэжьхэмрэ я му­радхэмрэ къэгъэнэIуэнырт.
Зэбгъэдэмысми, зэрылъагъуу, зым жиIэр псоми зэхахыу, щхьэж и гурылъымрэ и къалэнхэмрэ кIэщIу къиIуатэу екIуэкIащ видео­конференцыр.
Япэу псалъэ зрата, Амман щылажьэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэ Къардэн Самир къыхигъэщащ Иорданием щыпсэу адыгэхэм я Iуэхур нобэкIэ зэрымыIейр, ди лъэпкъэ­гъу­хэм хьэрыпхэм пщIэшхуэ къызэры­хуащIыр, дзыхь къызэрырагъэзыр, хэхэсхэм я бзэр, щэн­хабзэр яхъумэжын папщIэ лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIыр.
- Псом япэу фIэхъус гуапэ фызох, хэку­жьым исуи, нэгъуэщI къэрал щыщуи сы­зэхэзыххэм, - жиIащ - Къардэным. - Иорда­нием щыпсэу адыгэхэм ди пщIэр кIуэдакъым, ди бзэр тIэщIэхуакъым, дяпэкIи, Тхьэм жи­Iэмэ, ар зэрытхъумэным, зэредгъэфIэкIуэным иужь дитынущ. Фызэрыщыгъуазэщи, ­ди къэралым и пащтыхьым деж щегъэжьауэ ­адрейхэми адыгэр зыпащI щыIэкъым. ­Пащтыхьым и пэшым зы цырхъ макъ къыщыIуамэ, япэ нэсу иIэр и адыгэ щхьэ­хъумэхэрщ. Абы и лъэныкъуэкIэ къэрал псом щыцIэрыIуэщ адыгэхэр, щапхъэ зытехыпхъэ куэди къагъэлъагъуэ. Абыхэм зэи ящы­гъупщэркъым апхуэдиз пщIэр къызэрахьа я адыгагъэр, я лъэпкъ хабзэр. Иорданием ис адыгэхэр зэрыщIэу,  зэпсалъэу,  зы унафэ ­гуэр ящIын хуеймэ, зэчэнджэщу, адыгэу ­къы­зэт­енэн папщIэ яхузэфIэкI ящIэу апхуэдэщ.
Ди хасэм и лэжьыгъэр къапщтэмэ, цIыкIуи ини бзэр зэредгъэщIэным нэхъыбэу ды­пылъщ. Бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри щыIэнукъым, хабзи зепхьэжыфынукъым. А хабзэращ дэ адрейхэм дакъыхэзыгъэщыр. Хьэ­рыпхэм щапхъэу дыкъахь зэпытщ: хэт сыт хуэдэ IуэхуфI илэжьами, зэкIужу зихуэпами, къабзэлъабзэу зэлъыIуихами, «адыгэм ещхь хъуащ» жаIэ, ар абыхэм я дежкIэ щытхъу пэлъытэщ.
Дэнэ щыпсэу адыгэми сыныволъэIу: мы нэщхъеягъуэ махуэр зэи фигу ивмыгъэху, ауэ фигу  фымыгъэкIуэд.  Си  адэм  адыгэ хьэ­щIэщ иIащ, пщIэ зиIэ лIыжьхэр щызэхуэсрэ щыуэршэру. Абы щыгъуэм сыIэпыдзлъэ­пыдзти, бжэ къуагъым сыкъуэту, адыгэхэр ­хэкум зэрырашам и хъыбархэм седаIуэрт. Хэкум ираша лIыжьхэри яхэтт абы. ГущIыхьэ куэд зэхэсхащ абы щыгъуэм, ахэр нобэми си гум  илъщ. Апхуэдэ   лей   къызытехьа  лъэпкъыр нобэ дэнэ къыщыщIимыдзами, дэри, ди яужь къихъуэ лIакъуэхэми дыхуиткъым ди лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр зыIэ­щIэдгъэхуну. Аращ щIэри жьыри ды­зыхуэлэжьэн хуейр. Ди плъапIэр зыуэ, ди ­къару зэхэлъу дызэдэлажьэмэ, дэ зэи ды­кIуэдынукъым, дыхуэвгъэсакъ мы зэман ­бзаджэм, адыгэу зыдвгъэхъумэж, - жиIащ Къардэн Самир.
Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и гуащэ Мамхэгъ Йлдызи хуеплъэкIыжащ  лъэпкъ тхыдэм. «Адыгэм ди щхьэ кърикIуа  лъапсэрыхыр  дэ  зэи  тщыгъупщэнукъым. Ди адэжьхэм я фэеплъыр зэрытхъумэ­фынур тхыдэр, хабзэр, бзэр зетхьэжкIэрэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыр и бзэр, и хабзэр аращ. Дэнэ щыпсэу адыгэри зэрыубыдыжу, зэпэIэщIэми, зым жиIэр зым зэхихыу, зым Iэпыхур адрейм ­къищтэжу дызэдэпсэумэ, къытщIэхъуэ щIэб­лэм лъэпкъ зэхэщIыкIыр яхэтлъхьэфынущ, бзэр яIурытлъхьэфынущ, апхуэдэу екIуэкIмэ, дяпэкIи гъуэгу диIэнущ. Iэмал имыIэу ды­телэжьэн хуейщ адыгэхэм я хэку егъэ­гъуэтыжыным, ар хуэм-хуэмурэ зэдгъэ­хъулIэмэ, насыпышхуэу къызолъытэ. Лъэп­къыу дыкъызэтезыгъэнэнур ди хэкур, ди тхыдэр, ди хабзэр, ди бзэр аращ. Къи­щы­нэмыщIауэ, дызыхэс къэралхэми ди хэкужьыр здэщыIэ Урысейми зы дыхъужынымкIэ зыкъытщIагъэкъуэну Iэмал гуэрхэр къапытхын хуейщ. Хэкум къэкIуэжыну хуейм хуитыныгъэ иIэу хъуамэ, нэхъыбэ дыхуейтэкъым», - къыхигъэщащ Йлдыз.
Израилым щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Нэпсо Закарие видеоконференцым хэт псоми фIэхъус гуапэкIэ захуигъэзащ икIи ­­жиIащ щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм исми, адыгэхэм зы гупсысэкIэ яIэн зэрыхуейр, хамэ къэралхэм щыпсэухэр нэхъыбэрэ хэку­жьым кIуэурэ абы и Iуащхьэхэр, мэзхэр, ­псыхъуэхэр зрагъэлъагъумэ, абыкIэ я гур щы­Iэу зэрыщытынур, кIуэжыну тегушхуэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэнур.
НобэкIэ дунейм къыщыхъуа щытыкIэ гугъур Кфар-Камэрэ Рихьэниерэ къазэрыжьэхэ­мыуар, коронавирус уз зэрыцIалэр къы­зыпкъ­рыхьа адыгэхэм зэрахэмытым зэрыщы­гуфIыкIыр жиIащ абы.
«Махуэ къэс дызэкIэлъымыкIуэфми, хэкум зыгъэзэжыр зэкIэ мащIэми, дяпэкIэ ­Интернетым нэхъ гъунэгъуу зэпищIэну, хэхэ­сымрэ хэкурысымрэ нэхъыфIу зэрыщIэнымкIэ, зэкъуэтынымкIэ сэбэпышхуэ хъуну къыс­фIощIри, мы Iэмалыр къэдгъэсэбэпу ды­зэдэвгъэлажьэ, ди Iуэху дывгъэгъэкIуатэ», - дыщIигъуащ Нэпсо Закарие.
ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэт Тхьэухъуэ Зухьер жиIащ адыгэбзэм урипсалъэмэ, адыгэ щэнхабзэр пхъумэмэ, зи хэкум исыж лъэпкъым уемыхъуапсэу укъэгъуэгурыкIуэну нэхъ тыншу зэрыщытыр, абы и лъэны­къуэкIэ Израилым исхэм хэкIыпIэфIхэр зэ­раIэр.
ДАХ-м и вице-президент ДыщэкI Эртан теп­сэлъыхьащ Европэм ис адыгэхэм я Iуэху зыIутым, ДАХ-мрэ Европэмрэ зэры­зэ­дэ­лэжьэн хуей Iэмалхэр, адыгэм хамэ щIыпIэм зыщихъумэжын папщIэ езым и гупсысэхэр къиIуэтащ.
Германием щыIэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Вэрокъуэ Зэтий:
- Накъыгъэм и 21-р къыщысым деж зыщ дызэгупсысыр, абы кърикIуа Iэужьыр Урысей Федерацэм иузэхужын зэрыхуейрщ. Дэ щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм исхэм ди бзэмрэ ди хабзэмрэ заужьыжын папщIэ ди къэухь къихьыр тщIэн хуейщ, Хэкум къы­щащтэ унафэм дэри дытету, диаспорэм ­щызекIуэ фIыр, дахэр, акъылыр ди адэжь         хэкум къыхуэдгъэсэбэпу дыпсэупхъэщ. А псори къыщыдэхъулIэнур Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жьауэм дыщIэту дэзэкъуэту дызэ­дэ­лажьэмэщ. Дэ, Европэм щыпсэу адыгэхэр, куэд дымыхъуми ди къарури ди акъылри хэкумкIэ унэтIащ.
Сирием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм хэт Къэбэрдей Аднан а къэралым ис адыгэхэм къабгъэдэкIыу къэпсэлъащ икIи жиIащ нобэ дунейм  адыгэу  тетыр зыгъэгузавэр икъу­хьауэ зэрыщытыр зэрыарар, лъэпкъ куэдым дахэу дакъезыгъэцIыхуа ди хабзэр Iэпэдэгъэлэл тщIы зэрымыхъунур. Адыгэм щыгъуэ-щIэж махуэр зэрыдихым хуэдэу, Iуэтэжыгъуэ ихуэу щызэрыгъуэтыжа гуфIэгъуэ махуэшхуэ ягъэлъапIэу ялъагъуну зэрихъуэпсапIэр ­къыхигъэщащ Аднан. «Сирием ис адыгэхэр илъэсипщI хъуауэ зауэм хэтщ, Iэмал зэриIэкIэ я щхьэ яхъумэжу. Зыхэхуа мафIэм и ягъэкIэ, аргуэру зэбгрыкIын хуей хъуащ ди лъэпкъэгъухэр, аргуэру ди щхьэр гузэвэгъуэ хэхуащ. Адыгэу дунейм тетыр зыщыгугъыр­ ­хэкум ис ди лъэпкъэгъухэращ. Дызэкъуэвгъэт, дызэдэвгъэIэпыкъуж. Куэд щIащ ди хэкужь къикI адыгэ лIыкIуэ гуп Сирием къы­зэрымыкIуэрэ. Ди щытыкIэр зэхэкIыжмэ, дыхуейщ дызэрыс хэгъэгум фыкъеблэгъэну, нэхъыбэрэ дызэхуэсыну. КъищынэмыщIауэ, дэ  куэд  щIауэ  долъаIуэ  Дунейпсо адыгэ фонд диIэн зэрыхуейм теухуауэ. КхъыIэ, абы девгъэгупсыс, ар хуабжьу сэбэп хъунущ гузэвэгъуэ хэхуэ ди къуэшхэм и чэзум защIэ­д­гъэкъуэнымкIэ.
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыхигъэщащ адыгэм  и щхьэ кърикIуам хуэдэ гузэвэгъуэ зи фэм дэкIа лъэпкъ куэд зэрыщымыIэр. «Адыгэхэр дызэкъуэувэрэ унафэ тщIыфу, ар ди къэрал унафэщIхэм я пащхьэ итлъхьэрэ пхыдгъэ­кIыфу щытын хуейщ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэр - зи хэку къэзыгъэзэжыну хуейхэр хуиту къэкIуэжыфу зэтеублэнырщ», - жиIащ ХьэфIыцIэм икIи къыпищащ:
- 1994 гъэм, Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 130-рэ щрикъум, Урысей Федерацэм  и Президенту щыта Ельцин Борис итха тхыгъэм фIэкIа хэмытми, къэрал Iэтащхьэхэм унафэ къащтэну хьэкъ яIэщ. Ар нобэ къэхъун Iуэхуу щымытми, дыщыгугъынщ икIи ды­телэжьэнщ.
Дэтхэнэ лъэпкъри щыпсэур щIэж (память) щиIэм дежщ. Мис нобэрей ди онлайн-зэ­хыхьэр, интернет зэпыщIэныгъэр, зэп­сэ­лъэныгъэр щыхьэт тохъуэ ди гукъеуэр зэр­ы­зэтехуэм, зы лъэныкъуэкIэ дыплъэу ды­зэрызэдэлэжьапхъэм.
1992 гъэм, сэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ­Совет Нэхъыщхьэм сыхэту, унафэ къэтщтауэ щытащ Урыс-Кавказ зауэр лъэпкъгъэкIуэду зэрыщытам теухуауэ, илъэситI дэкIри, Адыгейм къищтащ апхуэдэ дыдэ унафэ. Иджы ди пIэм диуджыхьу дыщымыту ДАХ-м лэ­жьыгъэшхуэ щедгъэкIуэкIын хуейщ.
Иджыпсту къекIуэкI уз бзаджэм теухуауэ жысIэнут, дызыхуэсакъыжмэ, ари хэщIыныгъэншэу къызэрызэднэкIыфынур. Адыгэр апхуэдэ узы­фэ зэрыцIалэ куэдым къелащ, 1804 гъэм щыIа емынэ узым Къэбэрдейм и ныкъуэр ихьауэ щытащ. Тхьэм дыщIэгузэвэн ди­мыгъэлъагъукIэ, диIэ гуныкъуэгъуэхэр зэ­зыгъэзэхуэжыфын Тхьэм дищI.
Урысейм и хэгъэгухэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан (Адыгей), Аслъэн Алий (КъШР), Дербит Валерий (Осетие Ищхъэрэ - Ала­ние), Шыбзыхъуэ Юрий (Ставрополь къалэ), КIэкIыхъу Мэжид (Краснодар край), ЩIалэгъуалэ Хасэм къыбгъэдэкIыу Жу Тимур, Борэ Эльдар, Тыркум къыбгъэдэкI лIыкIуэу ДАХ-м хэт Ба­быгу Эргун сымэ чэзууэ къаIуэтащ зыщыпсэу щIыналъэхэм елъытауэ я Iуэху зыIутыр;  коронавирус уз зэрыцIалэм зригъэува щы­тыкIэ гугъум зэрехъулIэр.
Шыбзыхъуэ Юрий къыхилъхьащ ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр мазищым зэ фIэкIа зэхуэмызэми, мы видеоконференцым и Iэмалыр къагъэсэбэпурэ комитетым хэтхэр нэхъ щIэх-щIэхыурэ зэрыщIэмэ, щхьэпэ зэ­рыхъунур. КъищынэмыщIауэ, Юрий гу зы­лъитауэ къыхигъэща Iуэхугъуэхэм ящыщщ тхыдэм и напэкIуэцIхэр ягу къыщагъэкIыж-кIэ, Урыс-Кавказ зауэр зэрекIуэкIам, абы къри­кIуахэм зыщызыгъэгъуазэ щIалэ­гъуалэм языныкъуэхэр а Iуэхум къызэрызэщIигъап­лъэр, интернетым къратхэхэм шэч зэрыригъэщIыр. «Адыгэм зыдгъэлъагэу, адрей лъэпкъхэр едудыхын хуейкъым. Ди тхыдэр щхьэж зэрыхуейуэ къигъэсэбэп хъунукъым, мис абы и лъэныкъуэкIэ ди нэхъыжьхэр ­щIалэгъуалэм ядэлэжьэн хуейуэ къызолъытэ. КъищынэмыщIауэ, Фейсбукымрэ Инстаграмымрэ щыдгъэлажьэ ДАХ-м и напэ­кIуэцIхэм дяпэкIэ лъэпкъ тхыдэм, хабзэм теу­хуа тхыгъэ купщIафIэхэр къыхэтхрэ ­къитлъхьэмэ, сэбэп хъуну къызолъытэ».
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и проректор Къущхьэ Хъусен:
- Тхыдэ напэкIуэцIхэм уриплъэжмэ, гъуэ­тыгъуейщ адыгэм и нэгу щIэкIа гузэвэгъуэм хуэдэ зи тхыдэм хэт лъэпкъ. ЩIэныгъэм къызэригъэлъагъуэмкIэ, зауэжьым щIидзэн ипэ къихуэу, хуэбгъэфащэ хъунущ, хэкужьым цIыху мелуанитIым нэблагъэ исауэ. Ауэ илъэси 101-кIэ екIуэкIа зэпэщIэувэныгъэр иуха нэужь, ажалымрэ истамбылакIуэмрэ ­къелар мини 100-м нэс къудейщ. БлэкIам  дерс къыхэтхмэщ къэкIуэн дахэ щыдухуэ­фынур. Ар зэлъытар щIэныгъэмрэ техноло­гиемрэщ. Зэманым декIур лIыфIщ, жиIащ адыгэм. Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр щIэныгъэ куурэ IэщIагъэ ­нэсрэ къызыщIах IуэхущIапIэ инщ икIи абы и бжэхэр хузэIухащ хамэ къэралхэм ис ди лъэпкъэгъухэм я щIэблэм. Абыхэм ди уни­верситетым щрагъащIэ адыгэбзэр, щрагъэдж адыгэ хабзэр. НэгъуэщIу жыпIэмэ, КъБКъУ-р хэхэсхэм папщIэ щIэныгъэ къы­зыщIах IуэхущIапIэ къудейуэкъым зэрыщытын хуейр, атIэ хэкужьым узышэж гъуэгуу ­ялъытапхъэщ. Дэ сыт и лъэныкъуэкIи да­дэ­Iэпыкъунущ ди къуэшхэм я щIэблэм.
Бахъсэн къалэ округым и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим жиIащ Урыс-Кавказ зауэм адыгэм гузэвэгъуэ, гугъуехь куэд къызэрыхуихьар.
- Я хэку яхъумэу зауэм хэкIуэда ди адэжь-хэм ахърэт нэху Тхьэм къарит, абыхэм я ­фэеплъым хуэфащэу псэун щIэблэ дыхъуну си гуапэщ. Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ щIалэгъуалэ куэд мы Iуэхум теухуауэ къы­зэрызэщIагъэстыр. Абыхэм захуэзгъазэу жысI­эну сыхуейт: зауэкIэ дрикъуауэ щытын ­хуейщ, дэ ди къэкIуэнур мамырыгъэрэ ­зэгурыIуэныгъэкIэ духуэнырщ нэхъ къезэ­гъ­ри, нэхъ фейдэри. КъищынэмыщIауэ, ­хамэщI щыпсэу ди къуэшхэм захуэзгъазэу дызэ­рыгъуэ­тыжу бжыгъэкIэ куэд дыхъун, абыхэм къагъэзэжын зэры­хуейр жызоIэ. ЦIыху бжыгъэр мащIэу зэи къэралыгъуэ пхуэухуэнукъым, къэралыгъуэ зетхьэн пап­щIэ куэд дыхъун, дызэрыубыдыжын, нэ­хъуеиншэу къагъэзэжын хуейщ. Абы зэман куэд текIуадэми, гугъуехь куэд къыхэкIми, ­хэкурыс щIалэгъуа­лэр гъуэгу пэж тедгъэтмэ, ди лъэпкъэгъухэм жэрдэм яIэу къагъэзэжын щIадзэмэ, ди къэ­кIуэнур фIы зэры­хъунум шэч къытесхьэркъым.
ДАХ-м и тхьэмадэм и чэнджэщэгъу Къуэ­дзо­къуэ Анатолэ:
- Къэхъуар къэхъуащ, дэ дяпэкIэ дызы­пылъын хуейр абы къытхуихьа мыхъумы­щIагъэхэр гъэзэ­кIуэжынырщ. Ди лъэпкъыр бэгъуэн,  зэрыгъуэтыжын  папщIэ  ди пщэ дэлъ къалэнхэр дгъэзэщIэн хуейщ, ар поли­тикэм, экономикэм, щэнхабзэм, псэукIэм ехьэлIа Iуэхуу щрырет. А псалъэмакъхэр но­бэкъым ДАХ-м къиIэту щыхъуар, лэжьыгъэшхуи иригъэкIуэкIащ. Ауэ дызэрыс къэ­ралхэм я Iэмалхэр и лъабжьэу программэ щхьэхуэ зэхэлъхьауэ дяпэкIэ къедгъэщтэн ­хуейщ. Пэжщ, адыгэм лъэныкъуэ гуэрхэмкIэ сэбэп къытхуэхъуу программэ хэхахэр щыIэщ, ауэ абы мащIэщ къытхуищIэр. Дэ дызэлэжьын хуейр щхьэхуэу адыгэм ехьэлIа программэщ, къэралым и хабзэхэр и лъабжьэу, къэрал унафэщIхэм етхьэлIэ хъуну. Ар тхузэфIэкIамэ, ди Iуэхур нэхъ тынш хъунут.
КъБР-м щылажьэ Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым и уна­фэщI Къалмыкъ Жылэбий къыхигъэщащ адыгэм къытехьа лейм тхыгъэ куэд зэрыт­риухуар, Iуэхум куууэ зэрыхищIыкIыр. Ап­хуэдэуи къыхигъэщащ адыгэм и блэкIар ­къапщытэжу  унафэ пыухыкIа къащтэн ­хуейуэ. «Мы зауэжьым кърикIуам цIэ зэмыщхь куэд фIащащ, залымыгъэкIэ хэкум ирагъэкIа, хэкум ирахуа, икIа, нэгъуэщIхэри. Ауэ пэжыр ­пэжу щытын хуейщ - лъэпкъгъэкIуэдщ дэ ­къыдащIар. Ар дызыхэс лъэпкъышхуэм я фIэщ тщIыфтэмэ, ди унафэщIхэм къедгъэщтэфатэмэ, итIанэт лъагъуэр зэIуха щы­хъунур, ди лъэпкъэгъухэр къыщытхуэшэжынур. Ди гуапэ зэрыхъущи, ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий къэрал, жылагъуэ-политикэ Iуэхухэм куууэ хыхьащ, жыджэру яхэтщи, дыщыгугъынщ дяпэкIэ ди Iуэхухэр кIуэтэну.
ЗэIущIэм и кIэухым Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ дунейр зэхэкIыжмэ, къыкIэлъыкIуэ зэIущIэр Налшык щрагъэкIуэкIыну зэрызэ­раухылIэр, зэман гъунэгъум ДАХ-м хэтхэр ­нэхъ зэлэжьыпхъэр. Апхуэдэуи Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я цIыхубэ тхакIуэ, Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь МэшбащIэ Исхьэкъ 2020 гъэм накъыгъэм и 28-м и ныбжьыр илъэс 90 зэрырикъум теухуауэ псалъэ гуапэ жиIащ.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: