Япэ урысей альпинист Хьэшыр Чылар

Iуащхьэмахуэ теухуа псалъэ

Минрэ щийрэ тIощIрэ ещанэ гъэм Кавказ Ипщэм щыIа урысыдзэхэм я уна­фэщI нэхъыщхьэу мэув генерал Эмануэль… Зи щIы­хьыр иныр щытащ Урысей пащтыхьым и адъютанту…

Абы унафэ къыIэрыхьащ илъэс куэдкIэ ирагъэ­кIуэкIа зауэм иригъэшу сабыр хъуа адыгэхэр къыдихьэхыну.
Генералым мундирым и пIэкIэ зыщитIэгъащ адыгэ фащэр, ауэ генерал дамэтелъхэр телъу, хьэзырхэм я щхьэIуэкIэ Георгий жорыр хэлъу Жанхъуэт, ХьэтIохъущокъуэ, Урысбий, Абыкъуэ пщыхэм яхуеблэгъащ. Санкт-Петербург хуит зы­къригъэщIащ бгырысхэм я диным, хабзэм, нэмысым пщIэ хуищIыну…
Адыгэхэмрэ къэрэшей­хэм­рэ я щIыр щызэпыхьэм, Псы­хуабэ къуэладжэм и щхьэм деж щыт къалэжь цIыкIур - Нартсанэ фэншэщ, ауэ ихъуреягъым псы хущ­хъуэхэр куэду къыщыщIож. Къалэр тIэкIу зэIузэпэщ ищIын, фэ къытригъэуэн щхьэ­кIэ Италием кърыригъэшащ архитектор Бернардацци Джузеппе.
Аращи, Эмануэль щыIэщ бгырысхэм я лъахэм, пэгъунэгъу дыдэщ езы Iуащхьэмахуэ. ЩIэныгъэм и хьэтыркIэ ар дэкIынущ Iуащхьэмахуэ. Гупым текIуэдэнур яфIэкуэдыIуэщ къулыкъущIэхэм: къабжащ сом мин щэщI, ауэ Урыс академием иIэр 8.000 къудейращ.
- ИлъэсиплI и пэкIэ КъэбэрдеймкIэ сыпхрыкIауэ щытащ, - жиIащ Эмануэль, - къызэрыщIэкIымкIэ абы ипщхэр Мысырым къикIащ.
Шэч хэмылъу генералым и гум къэкIат экспедицэм ихьыну ахъшэр къэбэрдейхэм я фэм къыдихыну.
- ДевгъэпIэщIэкI! Дэ къытпоплъэ Iуащ-хьэ-ма-хуэ, - зэпишащ Эмануэль.
Пщыхьэщхьэм абы къыхуахьащ Аристотель и тхылъ цIыкIу:
«Кавказ Ипщэ-КъухьэпIэ лъэныкъуэм щыIэщ къурш нэхъ уардэ дыдэр. Абы и лъагагъым и щыхьэтщ и щыгур дэнэ лъэныкъуэкIэ ущыIэми зэрыплъагъур, уеблэмэ, Мэуэт гуэлым (Iузэв тенджыз) деж ущыIэми. Абы и къуэладжэхэм щопсэу лъэпкъ куэд, гуэлышхуи щыIэу жаIэ».
1829 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м Балъкъ тет Каменномост быдапIэм деж и шыр къыщыжьэдикъуащ Эмануэль. Топхэр зэдэуащ, фIэхъус ирату.
Сабэр драпхъейрт гъуэгум сатыр кIыхьу кърикIуэ дзэм - мыжурэзехьэу 650-рэ, сэшхуэ зыIыгъыу 350-рэ, топитI, лъэсырызекIуэхэр, къэзакъхэр, штабым щылажьэхэр, накъырапщитI, бэрэбэнауэ, гъуэгугъэлъагъуэхэр, тэрмэшхэр, шыхэр, махъшэхэр…
Бгыхэр гъунэгъу къэхъурт. Гупыр къуршым къыщежьэ аузхэм я зым дыхьащ, Урду, ­Балъкъ, Хьэсэут псыхэм зэпрыкIащ…
Ахэр Урду бгым и лъапэм и деж къыщыувыIащ…
Къазакъым и фий макъ къэIуащ. Шу гуэри генералым и шатырым и гупэм и деж къыщыувыIащ:
- Мо лъэныкъуэмкIэ жьы къемыпщэу сабэ къохъей, шу гуп къоблагъэ.
- Iэщэ яIыгъ?
- ЯIыгъщ, ауэ замыгъэпщкIуу къокIуэ.
- ХьэмкIэуи?
- Хьэуэ, ущкIэ.
Генералым и бгырыпхыр щIикъузащ:
- Мо щыгум къэзакъхэр дэвгъэкIуей, зыми ямылъагъуну…
- ФIэхъус! - сэлам кърахащ къэблэгъапэу къепсыха шухэм…
- Фыкъеблагъэ! Сэлам узох, пщышхуэ!
Къэзакъым лъэрыгъыр иубыдащ. Шур къепсыхри, генералым и Iэр гуапэу икъузащ.
Зэпсэлъахэщ. Генералым тхьэ иIуащ зауэ Iуэху зэримыхуэу - Iуащхьэмахуэ дэкIыну и мураду арауэ. Зэгъусэу шей ефахэщ. Тыгъэхэр зэIэпахащ.
Ежьэжыну къэтэджыжауэ, пщы уэлийм зыбгъэдишащ бгырыс лIы къуэгъу гуэр: “Чылари модрей тхури уи гъусэнущ, псори щакIуэ Iэзэхэщ. Бгыхэр яцIыху… Уэ узды­хуейм кIуэнущ, уи унафэр ягъэзэщIэнущ”.

Симонов Евгений.
«Iуащхьэмахуэ теухуа псалъэ» тхылъым къыхэтхащ.

Абы дегъэпIейтей

Пэжымрэ пцIымрэ

УФ-м щыщ щIэныгъэлI­хэр къэрэшейхэм я тхыдэм­рэ щэнхабзэмрэ ехьэлIауэ КъШР-м щрагъэкIуэкI «къэ­хутэныгъэхэм» къэу­Iэб­жьауэ кIэлъоплъ. Къу­лы­къу­хэмрэ цIэ лъапIэ­хэм­рэ маIуху папщIэу якъуэу­вауэ, Будай М., Кагиевэ Н., Хатуев Р., Байрамкулов А., Чотчаев И., Кипкеевэ З. хуэ­дэ щIэныгъэлIхэм, зыми яфIэмылIыкIыжу, пцIы ­гъущэр цIыхубэ утыку ­кърахьэ.

Къабгъэдэс лъэпкъхэм я тхыдэмрэ я щэнхабзэмрэ ягу зэрытемыхуэм ищIыIужкIэ, абыхэм наIуэу я напэ те­хыныр къуаншагъэу къэ­зы­мылъытэ хъэтIщ ахэр зэрытхэр. НэгъуэщI лъэпкъ­хэр ягъэ­пудкIэрэ езыхэр къы­­зы­хэкIар ягъэлъэпIэныр, дэф­тэр нэпцIхэр яуцIыр­хъыу­рэ, адыгэхэм я тхыдэмрэ абы епха лэжьыгъэхэмрэ «къратхыкIыжыныр» хьэл зыхуэхъуахэм а псор лъэпкъ IуэхукIэ егъэлеин нэрыгъым къы­зэрыхахыр нэрылъа­гъущ.
Мэзкуу, Бытырбыху, Тиф­лис (Тбилиси), Шэткъалэ (Став­рополь), Бжьэдыгъукъа­лэ (Краснодар), Тэрчкъалэ (Владикавказ), Истамбыл, Берлин, Париж, къинэ­мыщI­хэм мин пщIы бжы­гъэкIэрэ щахъумэ къэ­рал дэфтэрхэми, тхыдэмрэ щIэныгъэмрэ ехьэлIауэ па­сэрей алыдж, урым, урыс, европей, хьэрып, тырку, ермэлы, куржы, къэрэшей, балъкъэр тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа щэ бжыгъэм нэс тхыгъэхэми зэ IэбэгъуэкIэ «шыпсэ» фIащри ежьэ­жахэщ.
ЦIыхубэр зэрызэгуа­гъэ­пыр ялъагъу пэтми, щIэныгъэ зыбгъэдэлъым хуэмы­фа­щэ а тхыгъэ мыхьэнэн­шэхэр КъШР-м гъэ къэс щобагъуэ, тхылъ хъумапIэхэм, щапIэхэм щIалъхьэ, курыт школхэмрэ еджапIэ нэ­хъыщ­хьэхэмрэ щадж программэхэм хагъэхьэ.
Апхуэдэ Iуэху бгъэ­дыхьэ­кIэм уигу къимыгъэкIынкIэ Iэмал иIэкъым зыгуэрхэм КъШР-мрэ КъБР-мрэ щып­сэу лъэпкъхэм я тхыдэм ­хуащI пщIэр гъэлъэхъшэ­ныр, я блэкIам хуаIэ еп­лъы­кIэр зэтекъутэныр, а ­рес­публикэхэм ис цIыхухэм я акъылыр ягъэутхъуэныр плъа­­пIэ зэ­ра­хуэхъуар. Лъэпкъ­хэр зэщагъэIеин папщIэ яубла «хъыбарегъащIэ зауэ» фIэ­кIа зыфIумы­щы­фыну апхуэ­дэ «узэщIыныгъэм» узыхуи­шэн­кIи хъунур нэгум къы­щIэгъэхьэ­гъуей­къым.
Дызытепсэлъыхь Iуэхум и щапхъэ наIуэщ иджыблагъэ Хьэшыр Чылар къэрэшейуэ къыщIрагъэдзыжу, ар 1829 гъэм Iуащхьэмахуэ зэры­дэ­кIуеям иращIэкIа дауэдапщэхэр. ЛIыхъужьым и цIэ-унэ­цIэм тхьэмахуэм и кIуэцI­кIэ зыбжанэрэ зихъуэжащ: «Килярыр» «Хылар» хъуащ, иужькIэ - «Мусса и къуэ Хыйса» фIащыпащ. «Хачиров Мусса и къуэ Хыйса» и цIэр фэеплъ мывэм къыщыхаIущIыкIри, 2004 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м Карачаевск ща­гъэлъэпIащ.
Генерал Эмануэль и экспедицэр Iуащхьэмахуэ зэры­дэкIам теухуауэ ятхыжар мащIэкъым. Абы хэтахэм я гукъэкIыжхэр Бытырбыху дэт ЩIэныгъэхэмкIэ Академием­ 1829 гъэм щытрадзащ, езы хъыбарыр нэгъэсауэ мэжэр дунеяплъэ Де Бесс къиIуэтэжащ.
Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIа хъыбарыр езы генерал Емануэль димыгъэхуIауэ граф Паскевич и цIэкIэ 1829 гъэм бадзэуэгъуэм и 30-м (бгым зэ­рыдэкIуейрэ тхьэмахуэ фIэ­кIа дэмыкIауэ) игъэхьэ­зыра рапортым къыщритхэкIыжащ. А экспедицэм теу­хуа гукъэкIыжхэр къагъэнащ езы Хьэшыр Чылар и ­къуэ­хэми, ахэр щIэлъщ ­КъБР-м и Къэрал Архив Нэхъыщхьэм.
Ауэ къэрэшей «тхыдэ­дж­хэр» апхуэдэ щыхьэтхэм арэ­зы техъуакъым. Iуащхьэмахуэ дэкIа адыгэ Чыларыр ягъэлъэпIэныр Iуэхушхуэ­Iуэу къалъытэри, «езыхэм я къэ­рэшей Хыйса» щаIэта дауэдапщэ ирагъэкIуэкIащ. Махуэшхуэр республикэпсо Iуэху ящIынми нэсакъым, абы къыхэкIыу нэхъыбэм ар зытеухуар къагурыIуакъым.
Къэрэшей-Шэрджэсми, Къэ­бэрдей-Балъкъэрми, Ады­гейми, Кавказым щыщ адрей щIыналъэхэми ис цIыху­бэр зэгуигъэпат аргуэру кърахьэжьа Iуэху нэп­цIым, ауэ абыхэм я гуры­щIэхэр зыми къыфIэIуэхуа­къым. Зэрынэрылъагъущи, зыгуэр къагъэхъеинырт абы­хэм я мурадыр. Карачаевск дэт «Къэрэшейм и цIы­ху цIэрыIуэхэм» я фэ­еплъ блыным иджыри зы цIэ - ­къагупсысами Iуэхукъым – патхащ: Хачиров Хыйса Мусса и къуэр. 2004 гъэм ба­дзэуэгъуэм и 22-м къэрэшейхэм я «тхыдэр» езыгъэ­цIы­хужа хьэщIэ лъапIэхэр хэту махуэшхуэм ехьэлIа концертрэ пэкIурэ екIуэкIащ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Хатуев Рашидрэ Къэрэшей ЩIэныгъэ КъэхутакIуэ Институтым (?) и унафэщI Шаманов Ибрэхьимрэ я цIэ­хэр зыщIэлъ, щIэрыщIэу тра­дзэжурэ ягъэбэгъуа тхыгъэ закъуэр дауэдапщэ псоми тхыдэ щыхьэту яхурикъуащ.
Тхыгъэр зи IэдакъэщIэкI­хэм зыхуагъэувыжар зы къалэн закъуэт: Кавказ лъэпкъ­хэм я тхыдэм фIыкIэ къыхэщ ехъулIэныгъэшхуэр япэу зы­хузэфIэкIа Хьэшыр Чылар къэрэшейуэ щыта хуэдэу зэ­рыжаIэр пхагъэкIыныр. ТегъэщIапIэ нэхъыщхьэу Ша­ма­новымрэ Хатуевымрэ яIэр генерал Эмануэль къэ­рэ­шейхэр къэбэрдейхэм къа­хицIыхукIыфу зэрыщы­мы­тарщ. «Хачировхэ я щIалэр къэбэрдей адыгэу къа­щIы­фIэщIар урыс пащ­ты­хьым и администрацэм Бахъсэн, адрей балъкъэр жы­ла­гъуэхэм ящIхэм къадэ­кIуэу, Къэбэрдейм хи­гъэ­хьауэ зэрыщытарщ», - ятх абыхэм.
Мыпхуэдэ псалъэухаи ущ­рохьэлIэ а тхыгъэм: «XVII лIэ­щIыгъуэм ятха дэфтэрым ипкъ иткIэ, Бахъсэн зыхиубыдэ Къэрэшейм «Къэрэшей КъэбэрдейкIэ» йоджэ, абы щыпсэухэм «къэрэшей къэбэрдейхэр» хужаIэ». «А лIэ­­щIыгъуэм ехьэлIа нэ­гъуэ­щI­­ дэфтэр гуэрым абы­хэм щхьэкIэ «къэрэшей шэр­джэсхэр» щыжаIэ», - мэш­хы­дэ тхыдэджхэр. Хатуе­вым­рэ Шамановымрэ зы­хуэ­кIуэж гупсысэращи, Чы­лар-къэ­рэ­шейр къэбэрдей адыгэу къащIыфIэщIар Къэ­бэрдейм хы­хьэ къуажэм къызэрыщы­хъуам къиша щыуагъэщ.
Тхыдэ лэжьыгъэхэр зи щыпэлъагъу щIэджыкIакIуэ жыIэзыфIэщым гу лъимытэнкIи хъунущ Хатуевымрэ Шамановымрэ пэ­жыр зэрызэрагъэдзэкIымрэ тхыдэ утыкум пцIышхуэ къызэрырахьэмрэ.
Япэрауэ, 1829 гъэм къэрэшейхэр Бахъсэн лъэны­къуэкIэ щыпсэужакъым. Тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIхэр захуэщ, XVII лIэщIыгъуэм Кърым къикIа къэрэшейхэр гуп-гупу зэхэзекIуэхэурэ, зэман-зэманкIэрэ щIыпIэ­хъуэж ящIхэурэ, уеблэмэ, Зэ­лэнщыгушхуэ и къы­щIэ­жыпIэм деж, абазэцIэ зе­зыхьэ «Речепста» (иджырей Архъыз) псыежэхым пэгъу­нэгъуу зэрыщысар, иужькIэ абазэхэхэмрэ абазэхэмрэ я унафэкIэ абдежым икIыу Бахъсэн и ищхъэрэкIэ зэ­рыIэп­хъуар щыжаIэкIэ. XVIII лIэщIыгъуэм (1701 - 1702 гъэ­хэм) щакIуэ кIуауэ ягу ирихьын псэупIэ къащыпэ­щIэ­хуэм, абыхэм защтэри, Псыжь и къыщIэжыпIэм пэгъунэгъуу Iэпхъуауэ щытащ, езыхэм япэкIэ абазэ лъэпкъ Тамхэ щыпсэуа щIыпIэм.
А щIыхэри, аргуэрыжьу, зейр Къэбэрдейрат. Аращи, XVII лIэщIыгъуэм ятха дэф­тэр­хэм къэрэшей псэупIэхэм «Къэ­рэшей Къэбэрдей» ­щIы-­ ­фIаща щхьэусыгъуэр гу­ры­Iуэгъуэ дыдэ мэхъу, зиусхьэнхэу Хатуевымрэ Ша­мановым­рэ къагъэлъэгъуэну зырыхущIэкъум ещхьу, «лъэп­къ тхы­дэ щхьэхуещагъэкIэ» ­къа- ­Iэрыхьауэ щыткъым.
Шаманов Ибрэхьим «Къэ­рэшейхэр» зыфIища и лэ­жьыгъэм зэрыщыжиIэмкIэ, Къэбэрдейр Урысейм и унафэ щIэувэн ипэкIэ, къэ­бэрдеищIхэм щыпсэу къэрэшейхэм Къэбэрдейм и пщы уэлийм уасэ хэха ирату щытащ: илъэс къэс зы лъапсэм хуэзэу зы мэл. 1763 гъэм щегъэжьауэ 1825 пщIондэ Къэ­бэрдейр зыIэщIэзылъхьэну хущIэкъуа Урысейм и мурадыр XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ плIанэм къе­хъу­лIащ. 1828 гъэм Къэрэшейри Урысейм гуагъэхьащ. XIX лIэщIыгъуэм ятха дэф­тэр­хэм къэрэшейхэр щыпсэу щIыпIэхэм я гугъу щащIым деж, «Къэрэшей» фIэщыгъэм урохьэлIэ.
Тхыдэм щхьэхуещагъэ гуэр щызекIуэххэмэ, ар къы­зыбгъэдэкIыр тхыдэ щыхьэтхэр зыхъуэжыну хуежьа Хатуев Рашидрэ Шаманов Иб­рэхьимрэщ. Абыхэм упщIэ яхуэгъэувыпхъэт: къэрэшей­хэм «япэу къызэIуахауэ» ­жы­фIэу, етIуанэ гъуэгу сыту пIэрэ щыгъуазэ дызыхуэф­щIынур? Адыгэ тхыдэр зэ­рыщыту къыщымыщхьэпэну пIэрэ а Iуэхум, XVII лIэщIыгъуэм ятха дэфтэрхэм ­къэ­рэ­шейхэр «къэрэшей шэ­р­джэскIэ» иратхэу зэры­щытам къыхэкIыу?!
Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием щыщу экспедицэм хэтахэм Кавказыр нэгъэсауэ зэрацIыхум гу лъыботэ. Генерал Эмануэль щы­уагъэшхуэ IэщIэкIауэ жаIэу, Хатуев Рашидрэ Шаманов Ибрэхьимрэ абы тралъхьэну зыхэт пцIым тегъэщIапIэ иIэкъым. Эмануэль урыс армэм щIэныгъэ нэхъ куу зыбгъэдэлъу хэта генералхэм ящыщ зыуэ къалъытэ. 1825 гъэм щегъэжьауэ Кавказ ­Гъунапкъэм и унафэщIу щы­та, 1828 гъэм Къэрэшейр Уры­сейм и унафэ щIэзыгъэува, ПсыжьадрыщI Шэрджэсейм щызэуа абы, къэ­бэрдей щIалэр къэрэшейм хигъэгъуэщэнкIэ хъуну хуэбгъэфэщэныр къемы­зэгъщ.
Экспедицэм хэта нэгъуэщI зы нэрыбгэ - Де Бесс Янош - Чылар къызыхэкIа лъэпкъыр къыфIэмыIуэхункIэ Iэмал зи­мыIэт. Чылар и гугъу щищI­кIэ, абы жеIэ ар «къэ­бэрдей щхьэхуиту» зэры­щытыр, «Налшык пэгъунэгъуу, Къэбэрдеишхуэм щыщ къуажэ щхьэхуит цIыкIу гуэ­рым» зэрыщыщыр. УпщIэ етыпхъэщ Хатуевымрэ Шамановымрэ: Чылар къызы­хэкIа лъэпкъыр щхьэ нэхъ щызэхагъэзэрыхьауэ пIэ­рэ нэгъуэщI бгырыс куэд зыхэта а экспедицэм? Ахэр къы­зы­хэкIа лъэпкъхэр зэхагъэ­кIы­ныр щхьэ къатемы­хьэ­лъа­рэ? Къэрэшейм щыщ пщы уэлий Крым-Шамхалов Ислъам сыту къэбэрдейуэ къащымыхъуарэ?! Эмануэль и гъуэгугъэлъагъуэ таубий Мур­за-Къули яхэту, Бахъсэн къуэм щыщхэм ахэр зэ­ре­джэр «урыспийкIэщ», балъ­къэруи, къэбэрдейуи жа­Iэркъым!
Iуащхьэмахуэ дэкIа нэужь, генерал Эмануэль и жэр­дэм­кIэ къэбэрдей щIалэ Хьэ­шыр Чылар Кавказ-Бгы­рыс полуэскадроным хагъэ­хьэри, илъэсибгъум щIигъукIэ Варшавэ къулыкъу щи­щIащ. Ауэ Хатуевымрэ Шамановымрэ абы те­мыпсэлъыхьмэ нэхъ къащтэ. Чылар и щIэблэм и гугъу щащIкIэ, абыхэм жаIэ: «Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, Киляр и щIэблэм щыщ гуэрхэр Тэрч псыхъуэм къыдэнащ».
ФымыщIафэ зытывогъауэ, зиусхьэнхэ! Чылар къуитI иIащ - Джырандыкъуэрэ Ув­жы­къуэрэ. Ахэр Къэбэрдей округым щыпсэуахэщ: япэ­щIыкIэ Брамтэ (Вольнэ Аул), иужькIэ - 1863 гъэм щегъэжьауэ - Кушмэзыкъуей. Ди зэманым къэса абыхэм я лIакъуэр фIыуэ яцIыху. Хатуевымрэ Шамановымрэ адэ­кIэ ятх: «Ауэ адрей щIэблэр нобэр къыздэсым Къэрэшейм щопсэу». Сыт хуэдэ «щIэблэ» зи гугъу фщIыр, зиусхьэнхэ?
Коркмазовэ Салимэ, зэ­ры­журналистым къыхэкIыу, къызыхэкIа лъэпкъым щыщ лIакъуэхэр зэримыцIыхур хуэбгъэгъу хъунуми, къэрэшей тхыдэджхэр, шэч хэ­мылъу, щыгъуазэу щытын хуейщ нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIа унэцIэхэр къэрэшейхэм къащIыхыхьам и щхьэу­сыгъуэм, Кавказ зауэм и зэманым нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэр мы щIыпIэм къагъэIэпхъуэу зэ­ры­щытам.
«Хачировы (ХьэкIырэ)» унэцIэр - адыгэ унэцIэщ. Псы­жьадрыщI шэрджэсхэм, къэбэрдейхэм я дежи къыщымыувыIэу, иджырей къэрэшей унэцIэ куэд абазэхэм, тэтэрхэм, сванхэм, къумыкъухэм, урысхэм, ермэлыхэм, куржыхэм я лIа­къуэхэм йокIуэлIэж. Узы­хуейр­ къыхэпхыну ухуитт: пщылIу щытахэм зейхэм я унэцIэр къащтэрт. Хачиров­хэ, Гандаевхэ, Джазаевхэ унэцIэхэр зезыхьэхэр Хъубийхэ я пщы­лIу щытахэщ.
«Къэрэшей щIыналъэм мэкъумэшыщIэхэр хуит щащIыжа нэужьщ а лIакъуип­лIым хьэблэ щхьэхуит - тийре - яухуэну хуит щыхъуар. ИтIа­ни, зэман гуэркIэ цIыхухэм Кюн-Берт щIыпIэ псом (Карт-Джурт къуажэм иубыд щIыпIэу Хъубийхэрэ абыхэм я пщылIхэмрэ щып­сэуам) «Хубиевхэ» («Хубийлары») хужаIэу щытащ». Ара­щи, 1829 гъэм Хачиров унэцIэр зезыхьэ Киляри, Хилари, Хыйсаи щыIэнкIэ Iэмал иIакъым.
Дэтхэнэ тхыдэ лэжьыгъэми и уасэр къэзыгъэлъагъуэ тегъэщIапIэщ «историзм» жыхуаIэ бгъэдыхьэкIэр. Абы Хатуевымрэ Шамановымрэ хуэхей дыдэу зэрыщытыр Сотаев Ахия хуэдэ цIыху цIэрыIуэм и гугъу щащIкIэ наIуэ къохъу. «Гъуэгур езыгъэлъэгъуахэм Карт-Джурт щыщ Хачиров Хиляррэ (Хыйсарэ) Балъкъэр щIыналъэм хыхьэ Бахъсэн къуэм щыщ Соттаев Ахиярэ къахэжаныкIащ», - ятх абыхэм.
Соттаев Ахия Бахъсэн ­къуэм зэрыщыщыр пэжщ. Ауэ Ахия абы къыщыщалъ­хуар япэу Iуащхьэмахуэ дэ­кIын Iуэхур (1829 гъэ) зэфIэ­кIыу илъэс зыбжанэ дэкIыжа нэужьщ. Соттаев Ахия 1831-1835 гъэхэм я зэхуакум дунейм къытехьауэ хуагъэфащэ. Аращ япэу 1868 гъэмрэ 1874 гъэмрэ Iуащхьэмахуэ къухьэпIэмкIэ щыIэ и щыгум дэкIар. Дунейм щехыжар 1918 гъэрщ.
Мыпхуэдэу еух Хатуевымрэ Шамановымрэ я тхыгъэр: «Иджыри зэ жыдоIэри - апхуэдэ Iуэхухэр зимы­щыпэлъагъур къурш лъагэ­хэм ябгъэдэсу къэхъуахэрщ, Iуащхьэмахуэ лъапэм абы­хэм ящыщу къыщалъытэр къэ­рэ­шей-балъкъэрхэм я закъуэщ». Я тхыгъэми ар лъабжьэ зыхуащI полити-           кэ плъапIэми хуэфащэ акъылщ ар, къагупсыса къэ­рэшей щIа­лэ Хачиров Хыйса ­Iуащ­хьэмахуэ зэрыдэкIам епха дауэдапщэхэми йокIу.
Iуэхум теухуауэ къыжыIапхъэр наIуэщ: зыми хуэмыдэ къэрэшей лъэпкъым зыми емыщхь тхыдэ хуэфащэщ, абыхэм я закъуэщ Iуащхьэмахуэр зейр. ЩIыналъэм ис адрей лъэпкъхэм тхыдэ ямы­Iэми хъунущ.
Иджыри зыпцI къыщIэдгъэщынщ. Мыбыхэм къагупсысар Гиннесс и «Ехъу­лIэныгъэ къызэры­мыкIуэхэр зратхэ тхылъыр» къыдэзыгъэкIхэм я фIэщ ящIыфащ. Абы иратхащ Хаширов Килар балъкъэр щIалэр 1829 гъэм Iуащхьэмахуэ къуэ­кIы­пIэмкIэ хуэзэ и щыгум япэу дэкIуеяуэ. ЗэрыжаIэщи, абы утепсэлъыхьыныр лейщ.
УпщIэ къоув: къэрэшейхэм хуэдэ лъэпкъ щымыIэу ягъэуву, тхыдэ, щэнхабзэ и лъэныкъуэкIэ пцIымрэ щы­хьэт нэпцI зэгъэпэ­щынымрэ щымымэхъашэу щIэныгъэр зэIызыщIэ зиусхьэнхэр КъШР-м и унафэ нэхъыщ­хьэр зыIэщIэлъхэм я узэ­щIа­кIуэ сыт хуэдэ щIыкIэкIэ зэрыхъуар?
«Iуащхьэмахуэ япэу цIыху зэ­рыдэкIам теухуа дауэдап­щэ­хэр» (2004 гъэм бадзэуэ­гъуэм и 14-м къыдэкIащ, №296) КъШР-м и Прави­тель­ст­вэм и унафэкIэ ща­гъэ­хьэ­зырым, урыс­хэми, шэр­­джэс­хэми, аба­зэхэми, нэ­­­гъуей­хэми, рес­пуб­ликэм щы­п­сэу адрей лъэ­пкъхэми я лIы­кIуэ Iуэхум бгъэдагъэхьакъым.
Я хэкур фIыуэ ялъагъу хуэ­дэу защIу, ауэ щыхъукIэ, лъэпкъ зэхэгъэж нэрыгъым иIыгъхэр, цIыхухэм я зэхэ­щIыкIыр пцIымрэ езыхэм хуэдэ щымыIэу къафIэзыгъэщI гупсысэхэмкIэ зыкудэхэр сыт хуэдэ пщэдейрей махуэу пIэрэ я лъэпкъым зэрыхуэхъуапсэр?
Я къежьапIэм теухуа хъыбархэр хуэсакъыу яхъумэ дунейм цIыхуу тетым. Тхыдэ телъыджэ зиIэ къэрэшейхэри абыхэм ящыщ зыщ. Сыт-тIэ ахэр Тхьэм къарита тхыдэр зэрахъуэжым арэзы щIытехъуэр?

УЭЗ ФатIимэ,
тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъШР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и тхыдэ къудамэм и щIэныгъэрылажьэ нэхъыщхьэ. «Научная мысль Кавказа» журнал, 2007 гъэ, №1(гъэкIэщIауэ).
ЗэзыдзэкIар
ЧЭРИМ Марианнэщ.

ЛIыхъужьым фадэбжьэ хуаIэт

Эмануэль ЩIэныгъэ­хэмкIэ академием хэтхэм захуигъэзат, Кавказ Иным и щыгум ухуэзышэ лъа­гъуэ шынагъуэншэхэр хи­шын и мураду. Акаде­мием Эмануэль и жэрдэмыр диIыгъащ, икIи, а зэманым Урыс пащтыхьу щыта Николай Езанэм хуит ищIа нэужь, Кавка­зым къагъэ­кIуат Урысей щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Ленц Эмилио (Коцебу и ­гъусэу дуней псор къызэ­хэзыкIухьауэ щы­та, иужь­кIэ физикэмкIэ зэригъуазэ лэжьыгъэхэр зытхар), физикэ, химие щIэ­ныгъэ­хэмкIэ профессор Купфер Адольф, Бытырбыху дэт ботаникэ жыг хадэм и унафэщI Мейер Карл, этнолог цIэрыIуэ Менет­рие Эдуард сымэ.

*   *   *

Къуршыщхьэ уэсылъэхэмкIэ къиIукIырт гур зытхьэкъу макъ зэхуэмыдэхэр. Псатхьэ лъапIэм и уэрэд ­гуакIуэр - бгы абрагъуэм тепщэгъуэ гъащIэр зыIыгъхэм затригуашэрэ абыхэм я гурыгъу-гурыщIэхэр игъэжабзэу Тхьэ лъапIэм хуэгущIэгъулыуэ щытыным къихуриджэхэу. Абы хэту пшагъуэ нэщхъыфIэхэр уэгум ибзэ­хыкIащ, къурш уэсылъэхэм я щыгум налкъутналмэ­сым хуэдэу уIуплъэ хъуащ, псынэ Iэсэ цIыкIухэр зэщIэушащ, удз епэрхэм, IэфIыгъэкIэ гур ягъэIурыщIэу, а­къужь къабзэхэр ягъэнщIырт. Я адэ жьакIэху Псатхьэ лъапIэм и макъыр зэхихакъым. Ищхъэрабгъу лъэны­къуэмкIэ щыплъэм, абы къилъэгъуащ жьым зэрихьэу, дыгъэм пэлыду къуршыщхьэм хуэкIуэ зекIуэлIхэр…

*   *   *

Iуащхьэмахуэр - ар уэсылъэ къум щIыпIэ абра­гъуэщ. Уэри щIыри щызэхэзэрыхьыжа зэманым, хы хьэлэмэтхэмрэ материк телъыджэхэмрэ къыщыунэ­хуащ, щIыкъатиблым къыщIэкIыу дунейм къытехьауэ. ЩIым и гъунэхэм гъащIэ щыIэщ. Iуащхьэмахуэ щыгу зы псэущхьи ущрихьэлIэркъым. Къурш псынэ фIэщыгъэцIэр абы куэдкIэ нэхъ йозэгъ Псэншэ зыфIаща Асфальт гуэлым нэхърэ…
Шэджагъуэ хуегъэзщэкI щыхъум генералыр пщыIэм къытехьэжащ икIи щIэныгъэрылажьэхэм я гъусэу чэ­руаныр зыхуеинухэмкIэ къызэригъэпэщу щIидзащ. Гупым хэтт къэзакъ тIощIрэ зы адыгэрэ, Хьэшыр Чылар и цIэу…

*   *   *

…ЦIыхуищыр, пшагъуэм хэкIуэдам ещхьу, бзэхащ, еплIанэм нэхъри лагэу зиIэтырт икIи абы и Iэпкълъэпкъ уардэр Iуащхьэмахуэ и щыгум къыщыхутащ. Къызэ­рыщIэкIымкIэ ар адыгэ лъэпкъым къыхэкIа, Налшык къыщалъхуа Хьэшыр Чыларт. Абы хэту, уэри щIыри ­къигъэдаIуэу фочышэ макъхэр Iуащ. ЛIэщIыгъуэ куэдкIэ щыму къекIуэкIа къурш джэрпэджэжхэр зэщIэушэу хуежьащ.

*   *   *

ЗекIуэлIхэр къуршым къехыжа нэужь, Эмануэль ­генералым санэхуафэ ин зэхиублат. Абы кърихьэлIат Къэбэрдейм, Къэрэшейм, Урысейм, нэгъуэщI щIыпIэ­хэм щыщхэри Iэнэм пэрысхэм ирафырт Iуащхьэмахуэ  и уэсымкIэ ягъэщта фадэ «псынщIэхэр». Япэ фадэбжьэмрэ хъуэхъумрэ хуаIэтащ зи узыншагъэр быдэ хъуну я гуапэ Урысей щIэныгъэм и тепщэгъэр зыIыгъ таж­зехьэ, пащтыхь Николай Езанэм. Макъамэ зэрамыIэм къыхэкIыу, хъуэхъум фочышэ макъхэр щIэувэрт. ИужькIэ фадэбжьэр хуаIэтащ генерал Эмануэль, гупым хэта щIэныгъэрылажьэхэм, адыгэлI Хьэшыр Чылар. ­Хъуэхъу тражыIыхьырт Iуащхьэмахуэ Урысей пащты­хьыгъуэ и хъугъуэфIыгъуэхэм ящыщ зэры­хъуами…
Шэджагъуэ нэужьым Чылар саугъэт лъапIэ иратащ, къызэхуэсахэм я Iэгуауэшхуэр щIэту. ИужькIэ тыгъэхэр хуащIащ зекIуэм хэта бгырысхэм.
Урысхэр Iуащхьэмахуэ зэрыщыIар игъащIэкIэ тхыдэм къыхэнэн папщIэ, Эммануэль унафэ ищIащ къурш ­джабэ нэкIум мыпхуэдэу тратхэну:
«Урысей пащтыхь Николай Езанэм и тепщэгъуэ лъэхъэнэм, 1829 гъэм и бадзэуэгъуэм и 20 - 23-хэм мыбдеж щытащ Кавказым дзэзешэу щыIа, генерал Эмануэль Георгий игъэува пщыIэр. Абы щIыгъуащ илъэс 14 зи ныбжь и къуэ Георгий, Урысей правительсвэм и лIыкIуэ академикхэу Купфер, Ленц, Менетрие, Мейер, щIэныгъэрылажьэхэу Вансович, Бернардацци Иосиф, Иван де Бессе…». Iуащхьэмахуэ и щыгум нэсыну зыхузэ­фIэ­кIар адыгэлI Хьэшыр Чылар и закъуэщ. Мы тхыгъэр зытетха къурш мывэм къэхъуну щIэблэм хьэкъ ящрещI къыпхуэмыгъэIущIэну ялъытэу щыта Iуащ­хьэмахуэ кIуэ гъуэгур япэу хэзыша цIыху щыпкъэхэм ябгъэдэлъа ­лIыгъэр!»

(Потто В. А.: «Кавказ зауэ». Тхыдэ лъэужь. Т.5)

Хьэшыр Чылар теухуа усэхэр

Адыгэпсэм и хъуэпсапIэ

Iуащхьэмахуэ ди хэку лъапсэщ,
Адыгэпсэм и хъуэпсапIэщ.
ЛъагапIэм щIэхъуэпсхэр
Нобэ дызэгъусэщ.
Нэбакъуэ, си къуэш,
Хъунукъым уезэш.
Дяпэ итщ Чылар,
Щапхъэ дэ тхуэхъуар.
Нэбакъуэ, си къуэш,
Хъунукъым уезэш.
Мылым нэр топщIыкIыр,
Хьэуар къомэщIэкIыр
КIуэм и гъуэгур хощIыр,
ЛIыгъэм бгыр лъэгу ещIыр.
Нэбакъуэ,  си къуэш,
 Хъунукъым уезэш.

                    Щоджэн Леонид.

Зы лъэбакъуэ закъуэ

Ар гъащIэ лъабжьэм къыщалъхуами,
Нэсыфырт псэкIэ мурад щыгу…
Иджы фIэкIа къыхуимыхуами,
Зыпыхьа Iуэхур ирихьт игу.

«Уэ Iуащхьэмахуэ дыдэпшыфым,
Сыт пхуэдмыщIэну къэбгъуэтын.
Уи IитIкIэ щэкIыу къэпIэтыфым
ЩIыгъужу ахъши дэ уэттынщ…»

Чылар и пащIэ щIэгуфIыкIырт:
“Мы зиусхьэнхэр хъуаи жумартI.
И псалъэм тетт а лIыр темыкIыу.
Апхуэдэут ар зэрагъэсар.

И хэку и щIыхьыр къиIэтыну
ЩIэхъуэпсми, ар хузэфIэмыкIт.
Иджы шынэжу къикIуэтыну
Зи гугъэр хъунщ а гугъэм пыкI.

Ар кIуэнщ куэд щIауэ и гур здэплъэм…
И лъэпкъ ипIауэ лIыкъэ ар!
Гъуэгу щытехьэнум пIащIэу пэплъэу,
Махуищу махуэр ибжт Чылар.

Щымыгъ къилъыхъуэуи хэтакъым:
Джэдыгур хуабэщ, хуабэщ лъейр.
Мэлыфэ пыIэр ихъуэжакъым -
Бащлъыкъ фIишыхьмэ,
Iуэхукъым уейр.

«Ахъшэшхуэ», жаIэ. Нэпсеигъэм
Срихужьауэ, пэжщ, къафIощI.
СылъэIэсамэ сщIа си гугъэм,
ЩIэстынт, сиIамэ, сом мин тIощI.

СыкIуэнщ, сыкIуэнщ, си гъуэгур гугъуми!
Гугъуехь сыт хуэдэри сшэчынщ.
Лъэбакъуэ закъуэ фIэкI нэхъ мыхъуми,
Сэ Iуащхьэмахуэ щыгу щысчынщ!

                КЪАГЪЫРМЭС Борис,
                КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ.

Поделиться: