Зыгъэсэныгъэхэр ирагъэкIуэкI

Урысей гвардие

Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм щекIуэкIа зыгъэсэныгъэхэр теухуат мамыр лъэхъэнэм и дзэхэр ныкъусаныгъэншэу зэрызэдэлэжьэну щIыкIэм.

Зыгъэсэныгъэхэм япкъ иткIэ Урысей гвардием къулыкъу щызыщIэхэр елэжьащ жылагъуэ щытыкIэр къызэпызыуд гупхэм зэрапэщIэтыну Iэмалхэм. КъищынэмыщIауэ, зауэлIхэм драгъэкIуэкIащ теориемрэ практикэмрэ щызэрапха егъэджэныгъэхэр. Гвардейцхэр хуагъэсащ гупхэм хэту зэрызэдэлэжьэнум, унафэр зэуIуу зэрагъэзэщIэнум, щытыкIэ гугъум къызэрикIынум, нэгъуэщI куэдми.
«Мыпхуэдэ зыгъэсэныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ идогъэкIуэкI икIи хуэунэтIащ Урысей гвардием хэтхэм я къулыкъур щрахьэкIкIэ зэщIэгъэуIуэным, я зэфIэкIхэмрэ Iэзагъымрэ наIуэ къэщIыным», - къыхигъэщащ Урысей гвардием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ управленэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей.

Къаудыгъу Заурбэч.
Поделиться: