ПIурылъу зы бзэ, узэдису зыщI

«Ди бзэр ди псэщ» - жаIэ адыгэхэм. Тхыбзэри аращ. Лъэпкъым и анэ­дэлъхубзэр къыде­кIуэ­кIыу, къыщIэхъуэ щIэб­лэм ар Iурылъу къэ­тэ­джыныр уасэ зимыIэ фIыгъуэшхуэщ. Адрей тхы­бзэхэм еплъытмэ, дыдейм къикIуа гъуэ­гуанэр кIыхькъым, арщхьэкIэ абы зыкIи игъэ­лъахъшэркъым и лъа­пIагъыр, игъэмащIэркъым и IэфIагъыр. Ди лъэпкъым бгъэдэлъ зыу­жьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэщ ди анэдэлъхубзэр. Аращ усакIуэ гъуэзэджэ КIыщокъуэ Алим адыгэбзэр дэтхэнэ ди цIыхуми и гъуэгу къежьапIэу, ди лъэпкъыр зыIэт, адрейхэм езыгъэлъагъу, езыгъэцIыху дамэу, адыгэр дызэрыгушхуэ, дызэры­пагэ, ди напщIэм телъ лъапIэныгъэу къыщIилъытар.

ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэси 160-м щIигъуащ адыгэхэм тхыбзэ диIэ зэрыхъурэ. Абы и щIэдзапIэу ялъытэ адыгэ еджагъэшхуэ Бырсей Умар «Адыгэ псалъалъэ» тхылъыр къыщыдигъэкIа зэманыр: 1853 гъэм гъатхэпэм и 14-р. Ар и тегъэщIапIэу, ди лъэпкъ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэм - Дунейпсо Адыгэ Хасэм - 2003 гъэм унафэ щхьэхуэ къищтащ гъатхэпэм и 14-р илъэс къэс Адыгэ тхыбзэм и махуэу дгъэлъэпIэным ехьэлIауэ. Ди бзэм хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэрэ иIэн папщIэ, апхуэдэ лъэпкъпсо унафэм мыхьэнэшхуэ иIэщ.
Сыт хуэдэ зэмани ди лъэпкъым и цIыху пэрытхэр, хэкупсэ нэсхэр иропIейтей адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум. Пасэ зэманым абы елэжьахэщ узэщIакIуэхэу Хъан-Джэрий СулътIан, Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Къазий, Тамбий Пагуэ сымэ. Абыхэм кърахьэжьа Iуэхум пищэу, адыгэбзэм и тхыбзэр зэфIэгъэувэным пэрытащ лъэпкъ еджагъэшхуэ Бырсей Умар. Абы и лэжьыгъэм хагъэхъуащ Бырсейм и ужь ита щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм.
1917 гъэм екIуэкIа Жэпуэгъуэ революцэшхуэм иужь­кIэ адыгэбзэм и алфавитыр урыс хьэрфхэм хуагъэ­кIуауэ щытащ. ИлъэситI-щы нэхъ дэмыкIыу бзэм и ­макъхэр къэгъэлъэгъуэныр хьэрып хьэрфылъэм трагъэувэжащ. АбыкIэ къэбэрдей школхэм щрагъэджащ илъэс зыбжанэкIэ.
1923 гъэм и пэщIэдзэм Псыхуабэ щрагъэкIуэкIащ адыгэбзэм зегъэужьыным хуэунэтIа зэIущIэ ин. Абы унафэ къыщащтащ адыгэбзэ алфавитыр дяпэкIэ латин графикэм тегъэувэн хуейуэ. А лэжьыгъэм яужь ихьауэ щытащ адыгэ щIэныгъэлI, еджагъэшхуэ, хэкупсэ нэс Хъуран Батий. Абы и алфавитым цIыхубэр щыгъэгъуэзэн мурадыр яIэу адыгэ щIэныгъэлIхэу Елбэд Хьэсэнрэ Къэшэж ТIалибрэ 1923 гъэм къыдагъэкIауэ щытащ «Адыгэбзэм и азбукэ» тхылъыр. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым, алыфбеищIэм хэплъэжа нэужь, абы хэлъ ныкъусаныгъэхэр игъэзэкIуэжщ, зыхущы­щIэ­хэр хилъхьэжри, Хъураным 1924 гъэм «Букварь» къыдигъэкIауэ щытащ.
Хъуран Батий зэхигъэува алыфбейр адыгэхэм илъэс бжыгъэкIэ яхуэлэжьащ. Ар щахъуэжар 1936 гъэращ. Абы щыгъуэ адыгэбзэр урыс хьэрфылъэм и дамыгъэ­хэмкIэ къэгъэлъэгъуэн щIадзэжауэ щытащ, иджыри абы тетщ.
Мы зэманым псалъэмакъ гуэрхэр йокIуэкI ди алыфбейм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ. ЩIэныгъэлIхэр, къэхутакIуэхэр, адыгэбзэр щIэблэм езыгъэдж, абы ирилажьэ IэщIагъэлIхэр, анэдэлъхубзэм и къэкIуэнум иригузавэ нэгъуэщIхэри хущIокъу ар ирагъэфIэкIуэну, адыгэ псоми зэдай, ди зэхуэдэ хьэрфылъэ зэхалъхьэну. ЗэкIэ Iуэхур зыми теубыда ­хъуакъым, ауэ къэунэхуащ ар нэхъ тыншу сабийхэм зэребгъэдж хъуну методикэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм я нэхъыфIхэм гъуэгу етын хуейщ.
Адыгэбзэр хъумэным елэжьыр щIэныгъэлIхэм, къэ­ху­такIуэхэм, егъэджакIуэхэм я закъуэкъым - абы ирогузавэ къэрал унафэщIхэри. КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр хъумэным, абыхэм адэкIи зегъэужьыным хуэунэтIа унафэ зэмылIэужьыгъуэхэр ди Парламентым къищтащ. Апхуэдэу илъэс зыбжанэ ­лъандэрэ республикэм и школхэм ящыщ куэдым пэщIэдзэ классхэр адыгэбзэкIэ щрагъаджэ. Анэ­дэлъхубзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэхъумэнымкIэ ари зы хэкIыпIэщ.
Дуней псом щызэлъащIыса Интернетми нобэ щыдиIэщ адыгэ сайтхэр. Ди анэдэлъхубзэкIэ къыдэкI газетхэм - «Адыгэ псалъэм», «Адыгэ макъым», «Черкес хэ­кум» - укъыщеджэфынущ, ущыпсэу щIы­налъэрэ къэралрэ емылъытауэ. ФIыгъуэшхуэщ ­таурыхъ цIэрыIуэхэм ящыщ куэдым хэт, ди сабийхэм фIыуэ ­ялъагъу лIыхъужьхэри адыгэбзэкIэ «зэрагъэп­сэлъар».
Апхуэдэу щытми, лъэпкъыбзэу щыIэхэм я нэхъыжьхэм хабжэ ди адыгэбзэм и Iуэхуми узыгъэпIейтей куэд хэлъщ. Абы и щыхьэту Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм бзэхэм елэжь и къудамэм иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъагъуэ адыгэбзэр зызыужь, ефIакIуэ бзэхэм зэращымыщыр. Уеблэмэ, ар зыхэт абхъаз-адыгэ бзэ гупым хыхьэхэм ящыщ гуэрхэр Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм я Тхылъ Плъыжьым иратхащ.
Лъэпкъым и блэкIари и нобэри къэзыгъэлъагъуэу, и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэ­зы­хъумэу щыIэр тхыбзэрщи, абы сыт щыгъуи гулъытэ хуэщIыпхъэщ. Аращ Бемырзэ Мухьэдин и «Уадыгэным къикIыр» усэми мыпхуэдэу щIыщыжиIэр:

… ЕщIыфыр япэ къэсым хэутэн,
Лъэпкъыбзэу илъэс минхэм я уэсятыр,
ПлъэмыкIыу бгъэшынэн е бгъэукIытэн,
Адыгэ щIыхьыр пфIыхаутэ ятIэм.
… ПIурылъу зы бзэ, узэдису зыщI
Хьэлэлу къыщытепсэкIэ зы дыгъэ
Адыгэу упсэуным къикIыр зыщ -
Уадыгэну къыпкъуэкIынырщ лIыгъэ.

 

Сурэтыр  Къарей Элинэ трихащ.

ЖЫЛАСЭ Маритэ, «Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу