Мэзкуу и «Локомотив»-р зи къежьапIэ Бырхьэм Къантемыррэ Джатэгъэжь Иналрэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ди лъэпкъэгъу куэд спортым щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмкIэ цIэрыIуэ щыхъуащ къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. ЩыIащ ахэр мымащIэу щызэрихьэлIа командэхэри. Къапщтэмэ, «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм щыхыхьа 2006 гъэм и мэлыжьыхь (апрель) мазэм япэу хигъэщIа Мэзкуу и «Локомотив»-м и унафэщIхэм яхэтт е щыджэгут футболым дихьэххэм куэд щIауэ фIыуэ яцIыху а гупым и тренер нэхъыжь Ещтрэч Владимир, командэм и унафэщI Биджий Хьэсэнбий, гъуащхьэтетхэр зыгъасэ Хьэпэ Заур, футболист щIалэщIэ дыдэхэу Джатэгъэжь Иналрэ Бырхьэм Къантемыррэ. Абыхэм я футбол гъащIэр зэмыщхьу зэхэлъащ, ауэ Урысейм и премьер-лигэм и нэхъ адыгэ командэ дыдэу тезыгъэIукIа «Локомотив»-р IэфIкIэ ягу къыщIагъэкIыжын дэтхэнэми и куэдщ.

Ещтрэч Владимир, Хьэпэ Заур, Биджий Хьэсэнбий сымэ ятеухуауэ куэд дыдэ ттхащ икIи къытеддзащ. Иджы дытепсэлъыхьынщ Бырхьэм Къантемыррэ Джатэгъэхь Иналрэ я футбол гъащIэр зэрекIуэкIам.
2006 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 9-м Мэзкуу и «Локомотив»-м и щIалэгъуалэ гупым щыджэгуу ди «Спартак»-Д-м Нарткъалэ къыщыпэщIэтащ адыгэ щIалитI. Ахэр Нарткъалэ щыщ Джатэгъэжь Иналрэ налшыкдэс Бырхьэм Къантемыррэщ. Джатэгъэжьыр «Локомотив»-м и командэ нэхъыщхьэм хагъэхьагъащIэт икIи дыщыгугъырт а лъэхъэнэм уей-уей жезыгъыIэхэу Лоськов, Сычёв, Измайлов, Билялетдинов сымэ я гъусэу мыгувэу щIэх-щIэхыурэ джэгупIэ губгъуэм къихьэну. Бырхьэмыр зэкIэ дублёрхэм нэхъ яхэтт, техникэ лъэщ дыдэ зэриIэр нэрылъагъуу.
ЩIалитIми Iэзагъэ нэс хэлъу топыр зэрагъэIэкIуэлъакIуэр Нарткъалэ щекIуэкIа зэIущIэм къыщагъэлъэгъуат. Ар иуха нэужькIэ, дауи, абыхэм захуэдгъазэри, упщIэ зыбжанэ еттат.
- Дэнэ япэ дыдэу джэгун щыщIэвдзар?
- Дж. И.: Сэ илъэсипщI ныбжьым ситу Нарткъалэ футболымкIэ секцэм сыхыхьащ икIи илъэс зыбжанэкIэ абы зыщызгъэсащ.
- Б. Къ.: Япэ дыдэу топджэгум сыщыдихьэхар илъэсибгъу сыхъуущ. Апхуэдизу ар зэрысфIэфIым гу лъатэри, си адэ-анэм Налшык дэт футбол школым сратащ.
- АтIэ, мыпхуэдизу фыщIалэу къэралым и топджэгу командэ нэхъыфIхэм ящыщщ зым дауэ фыкъызэрыщыхутар?
- Дж. И.: Нарткъалэ илъэсихкIэ зыщызгъасэри, илъэс 16 фIэкIа сымыхъуу, 2003 гъэм, си тренерым Мэзкуу и «Локомотив»-м и спорт интернатым сишащ. СхузэфIэкIхэм абы щыгъуазэ зыщащIри, сыкъащтащ.
- Б. Къ.: Сэ «Локомотив»-м илъэситху хъуауэ сыхэтщ. Агентхэм гу къыслъатэри, абы срагъэблэгъауэ щытащ.
- «Локомотив»-м и унафэщIхэм ящыщ адыгэ щIалэхэу Ещтрэч Владимир, Биджий Хьэсэнбий, Хьэпэ Заур сымэ я лъэпкъэгъухэм дауэ къыфхущыт?
- Б. Къ.: Ди Iуэхур зытетым ахэр щIэх-щIэхыурэ къылъогъуазэхэр. Пэжщ, балигъхэм зарыдэлажьэм къыхэкIыу, абыхэм куэдрэ дыхуэзэкъым, ауэ сыт хуэдэ IуэхукIэ дабгъэдыхьэми, къыддэIэпыкъуну, чэнджэщ къыдатыну хьэзырхэщ.
- Налшык и «Спартак»-м къэвгъэзэжыну фи гугъэкъэ?
- Дж. И.: ЗэкIэ апхуэдэ мурад сиIэкъым. Iэмал къыщыкъуэкIакIэ къэралым и командэ нэхъ лъэщхэм ящыщ зым зыщызгъэбыдэну сыхущIэкъунущ. Си Iэзагъым хэзгъахъуэрэ сыкъыщалъхуа щIыпIэм сэбэп сыхуэхъуну къалъытэмэ, иужькIэ къэзгъэзэжыну, сыт щыгъуи сыхьэзырщ.
- Б. Къ.: Хэт ищIэрэ зэман дэкIмэ, апхуэди къэхъункIэ хъунщ. ГъащIэм ар къигъэлъэгъуэнущ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр премьер-лигэм зэрыхыхьар дауэ къыфщыхъуа?
- Дж. И.: ИкъукIэ си гуапэ хъуащ ди республикэм апхуэдэ командэ иIэ зэрыхъуар. Къэралым футболист цIэрыIуэ куэд езыта Къэбэрдей-Балъкъэрыр абы илъэс куэдкIэ хуэкIуащ икIи гуп нэхъыщхьэм хэтыну дыдейхэм къалэжьащ.
- Б. Къ.: ИлъэситI-щы ипэкIэ зыми и фIэщ хъунтэкъым апхуэдэ къэхъуну жепIатэмэ. АрщхьэкIэ, мис псоми зэрытлъагъущи, Налшык и «Спартак»-р премьер-лигэм хыхьа къудейкъым, атIэ ехъулIэныгъэфIхэр иIэу, къэралым и командэ нэхъ лъэщ куэдым ефIэкIыу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ псом и щIыхьыр лъагэу иIэту мэджэгу. АдэкIи и Iуэхухэр нэхъыфIыж хъумэ, хуабжьу ди гуапэщ.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, лъагъуэ зырызкIэ къэралым и къалащхьэм кIуащ Бырхьэмымрэ Джатэгъэжьымрэ. Къантемыр нэхъ пасэу ар къехъулIащ, Инал нэхъ кIасэу яхыхьащ. Апхуэдэу щыт пэтми, зрагъэхь щымыIэу (2005, 2006 гъэхэм) Мэзкуу и «Локомотив»-м и щIалэгъуалэм къахэхутащ. Пэжщ, ар зыкъомкIэ я фIыгъэу къыщIэкIынущ а командэм къулыкъу лъагэхэр а лъэхъэнэм щызыIыгъа икIи пщIэшхуэ къыщыхуащIу щыта ди лъахэгъухэм. Адыгэ щIалэщIэхэм абыхэм я нэIэ зэрытетар хьэкъщ, уеблэмэ Джатэгъэжь Инал иужькIэ малъхъэ хуэхъуащ Ещтрэч Владимир.
Налшык къалэм къыщалъхуа икIи япэ лъэбакъуэхэр топджэгум абы щыхуэзыча Бырхьэм Къантемыр Мэзкуу и «Локомотив»-ращ ипэжыпIэкIэ зыщигъэсари япэу зыкъыщызэкъуихари. Пэжщ, футболыр и IэщIагъэу утыку къыщихьар Калугэщ. Илъэс пщыкIубл фIэкIа ныбжь зимыIэ адыгэ щIалэм 2005 гъэм зыкъыщигъэлъагъуэу щIидзащ бэджэнду зрата Урысей Федерацэм и етIуанэ дивизионым и «Центр» гупым хэт щIыпIэ «Локомотив»-м. ДжэгугъуитIым абы щыхэтауэ аращ икIи, зэфIэкI ин зэрыбгъэдэлъым занщIэу гу лъатэри, Мэзкуу къашэжащ.
Къэралым и къалащхьэм къигъэзэжа пэтми, Бырхьэмым абы и насып къыщикIакъым. А лъэхъэнэм щIадзат хамэ къэралхэм къраш футболистхэмкIэ премьер-лигэм хэт псоми загъэлъэщуи, Мэзкуу и «Локомотив»-м зыщигъэбыдэфакъым. Пэжыр жыпIэмэ, апхуэдэ Iэмали къратакъым. Апхуэдэу щыхъум, 2008 гъэм и шыщхьэуIу мазэм бэджэнду Къэбэрдей-Балъкъэрым къашэжащ. «Спартак-Налшыкым» и тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэ ищIэрт Къантемыр, и ныбжьым емылъытауэ, зэфIэкI хъарзынэ зэрыбгъэдэлъыр. АрщхьэкIэ, занщIэу балигъхэм яхигъэхьакъым, атIэ щIалэгъуалэм яхэту а илъэсым ипсыхьащ. Ар хъарзынэуи къехъулIа хуэдэщ: иригъэкIуэкIа зэIущIи 10-м топи 3 я хьэрхуэрэгъухэм щахудигъэкIат.
2009 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 22-р Бырхьэм Къантемыр игъащIэкIэ и гум къинэжащ. А махуэм япэ дыдэу ар утыку къыщихьащ Урысей Федерацэм футболымкIэ и премьер-лигэм. Зэхьэзэхуэм и етIуанэ джэгугъуэм ди щIалэхэм Къэзан и «Рубин»-р Налшык къыщрагъэблэгъауэ, Бырхьэмыр зэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм губгъуэм кърагъэхьащ. Ар зэрытемыгъэкIуауэ, 0:0-у, иухащ. Джэгум зэрыхэта дакъикъэ зыбжанэм къагъэлъэгъуащ Къантемыр хъарзынэу занщIэу гупым зэрыхэзэгъар.
«Спартак-Налшыкым» и фащэр щыгъыу а илъэсым пщIэнейрэ ар балигъхэм яхэту джэгупIэ губгъуэм къихьащ. Урысей Федерацэм и кубокым щIэбэнахэми ящыщащ.
АрщхьэкIэ 2010 гъэм Бырхьэм Къантемыр зей Мэзкуу и «Локомотив»-м ар Налшык иришыжащ икIи бэджэнду иритащ япэ дивизионым щыджэгу «Новгород Ищхъэрэм». Ди лъахэгъум лъэщ дыдэу абы зыкъыщигъэлъэгъуащ. Щыхьэту ирикъунщ зэпеуэр яуха иужькIэ Бырхьэмыр япэ дивизионым и футболист нэхъыфIхэм ящыщу къызэралъытар.
Апхуэдэ щIалэр зыIэщIэбгъэкI хъунутэкъым. Арати, «Спартак-Налшыкым» и зэфIэкI псори зэщIигъэуIуэри, Бырхьэм Къантемыр Мэзкуу и «Локомотив»-м и деж 2011 гъэм и пэщIэдзэм къыщищэхужащ. А Iуэхум, дауи, хэлIыфIыхьащ, ди командэм и тренер нэхъыщхьэу а зэманым ягъэува Ещтрэч Владимир. IэщIагъэлI гъуэзэджэм дэIэпыкъуну Налшык къагъэзэжат Хьэпэ Зауррэ Биджий Хьэсэнбийрэ. Абыхэм, дауи, фIы дыдэу ящIэрт Бырхьэмым и зэфIэкIхэр здынэсыр.
2011 гъэм екIуэкIа зэхьэзэхуэр щIагъуэу езымыгъэжьа «Спартак-Налшыкым» накъыгъэм (майм) и 2-м къригъэблэгъат Смолов, Кокорин, Кураньи, Самедов, Мисимович, нэгъуэщI футболист лъэрызехьэхэр зыхэт Мэзкуу и «Динамо»-р. Ди командэр зэхьэзэхуэм къыщыкIэрыхухэм ящыщ зыт икIи Iэмал имыIэу и очко бжыгъэм хигъэхъуэн хуейт. АрщхьэкIэ, джэгум и зы сыхьэт щыблэкIам ар 0:3-уэ къыхагъащIэрт. Апхуэдэу щыт пэтми, налшыкдэсхэм я ерыщагъ псори къызэщIакъуэжри, ипэкIэ кIуэтащ. ЯпэщIыкIэ пенальтир яхудэхуакъым. КъыкIэлъыкIуэу зы топ я хьэрхуэрэгъухэм худагъэкIащ.
88-нэ дакъикъэм ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэр хьэщIэхэм я штрафнойм пэгъунэгъуу хабзэм къемызэгъыу къызэпаудащ. Метр 20 хуэдизкIэ гъуэм пэжыжьэу судьям игъэува топым бгъэдыхьащ Бырхьэмыр. Гугъэзагъэу ар тригъэсри, лъэщу еуащ. Къантемыр иутIыпща топыр мэзкуудэсхэм ягъэува блыным Iэзэу къыпекIуэкIри, Шуниным и гъуэм и плIанэпэ дыдэм дыхьащ! Премьер-лигэм Бырхьэмым япэу щыдигъэкIа топт ар!
Къэнэжа щIагъуэ щымыIэми, зи гугъэр къэщIэрэщIэжа «Спартак-Налшыкыр» къару лъэщкIэ ипэкIэ кIуэтащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, кIасэIуэт.
Илъэс дэкIри, «Спартак-Налшыкыр» премьер-лигэм къыхагъэкIащ. ЩIыхуэм щIигъэна ди командэм, дауи, хуэIыгъакъым зи зэфIэкI лъагэр нэрылъагъу Бырхьэм Къантемыр.
Екатеринбург и «Урал»-м, Новокузнецк и «Металлург»-м, Ленинград областым и «Тосно»-м жыджэру хэтащ. 2015 гъэм Тулэ и «Арсенал»-м зэгурыIуэныгъэ дрищIылIэри, иужь илъэситхум абы и щIыхьыр ихъумащ. Тулэдэсхэм щахуэджэгуа япэ дыдэ зэIущIэм я хьэрхуэрэгъухэм топитI зэуэ щахудигъэкIри, а щIыпIэм футболым щыдихьэххэр занщIэу къихьэхуат. «Арсенал»-м и фащэр щыгъыу зэIущIэ 77-м хэтауэ икIи 9 къыщыхэжаныкIауэ, зэгурыIуэныгъэм и пIалъэр иухри, иджыблагъэ къыхэкIыжащ. Мыгувэу зи ныбжьыр илъэс 31-рэ ирикъуну гъуащхьэхъумэныкъуэм адэкIэ и Iуэхухэр зэрыхъунур Тхьэм ещIэ.
Къыхэгъэщыпхъэщ Бырхьэм Къантемыр Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ, щIалэгъуалэ командэхэм 23-рэ зэрыраджар. Ди лъахэгъум абыхэм топи 7 щыдигъэкIащ. 2013 гъэм Екатеринбург и «Урал»-м хэту ФНЛ-м и кубокыр къихьащ.
2006 гъэм и кIэухым Мэзкуу и «Локомотив»-м и гуп нэхъыщхьэм хагъэхьа Джатэгъэжь Инали иужькIэ бэджэнду иратащ «Ростов»-мрэ къалащхьэм и «Торпедо»-мрэ. АдэкIэ «Новгород Ищхъэрэм», «Волга»-м щыджэгуащ. 2013 гъэм и гъэмахуэм доллар мелуани 2,5-рэ щIитри, Къэзан и «Рубин»-м зыхигъэхьащ. Тэтэрстаным и командэм дэщIыгъуу Европэм и Лигэм зыкъыщигъэлъэгъуащ, къэралым и етIуанэ гуп къыхэхам ираджащ. АрщхьэкIэ мыгувэу фэбжь хьэлъэ игъуэтри, зыкъомрэ зигъэхъужащ. Иужьу зыхэта «Оренбург»-мрэ «Торпедо-БелАЗ»-мрэ яхуищIэфышхуаи щыIэкъым.
Мэзкуу и «Локомотив»-м профессионал футболым япэ лъэбакъуэхэр илъэс пщыкIутху ипэкIэ щызыча Бырхьэм Къантемыррэ Джатэгъэжь Иналрэ топджэгум лъэужь дахэ къыщагъэнащ. Ахэр куэдкIэ нэхъыбэфынут щIэх-щIэхыурэ лъэныкъуэ езыгъэза фэбжьхэр мыхъуатэмэ. Абыхэм я зэранкIэ я зэфIэкI псори утыку кърахьэфакъым. Ауэ, сыт пщIэн, топджэгур аращ зэрызэхэтыр?

 

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: