Афэрым, «Вагъуэ цIыкIу»!Зэман кIэщIым къриубыдэу ди республикэми нэгъуэщI щIыналъэхэми цIэрыIуэ зыщызыщIыфа гуп дахэщ щапхъэ зытрах «Вагъуэ цIыкIу» къэфакIуэ ансамблыр. Илъэсих хъууэ аращ абы и художественнэ унафэщI, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым илъэс куэдкIэ хэта, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къурашэ Эдик ар къызэрызэригъэпэщрэ.
«Вагъуэ цIыкIу» ансамблым хэт цIыху плIыщIым хэбдзыну зы яхэткъым жыхуаIэм хуэдэщ. Я унафэщIым жиIэр зэхахыу, абы сыт и лъэныкъуэкIи едаIуэу, зэрамыгъэщIэхъуным хэту апхуэдэхэщ. «Гупыр зытещIыхьар сабий цIыкIухэрщ, атIэми илъэсихым къриубыдэу къыдэкIуэтеяхэм «ансамблым куэдщ фызэрыхэтар» схуажеIэнукъым, абы щыгъуэми ягури я псэри Iуэхум зэретар слъагъуу, - жеIэ Эдик. - Ауэ сыхущIокъу ансамблым нэхъ цIыкIухэри зэрыхэзгъэхьэным, щхьэхуэу згъасэ гупхэм нэхъ къыхэжэпхъыкIхэр, зэфIэкI зиIэу слъагъухэр къыхэсшурэ». Эдик зи гугъу ищI гупхэр тIу мэхъу, сабий садым кIуэхэмрэ школым и пэщIэдзэ классхэм щIэсхэмрэ хэту, дэтхэнэри цIыху плIыщI-плIыщI хъууэ. НэхъыщIэхэр мазий хъуауэ и нэIэм щIэтщ, курытыр - илъэсрэ мазийрэ ипэкIэ зэхуишэсащ. ЦIыхуищэрэ тIощIым щIигъу зи нэIэм щIэт, къэфэкIэм и щэхухэм я мызакъуэу дэтхэнэри гъащIэм лъэ быдэкIэ хигъэувэным хущIэкъу унафэщIым мурад гуэррэ хъуэпсапIэрэ зэриIэм шэч хэлъкъым. Абыхэм дыщигъэгъуазэмэ дызэригуапэр щыжесIэкIэ, жэуапу къызитращ:
Поделиться:
Читать также:
17.03.2024 - 11:10 →
Илъэс 40 гъуэгуанэ
17.03.2024 - 10:08 →
СурэтыщI, егъэджакIуэ
14.03.2024 - 17:35 →
«Адыгэжьхэр щыстхкIэ, сщохъу лъэхъэнэ жыжьэхэм сахьыж…»
07.03.2024 - 23:17 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм теухуа и хъуэхъу
04.03.2024 - 19:10 →
ЛIэужьыгъуэхэр
|