Шэрджэс хэхэсхэм я щэнхабзэ гъащIэр

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ «Тетраграф» тхылъ тедзапIэм «Адыгэ хэхэсхэр: щэнхабзэ гъащIэм и теплъэгъуэхэр» зи фIэщыгъэ тхылъыщIэр етIуанэу къы­щыдэкIащ.

«ПАНОРАМЭ» жыпхъэм итщ дызытеп­сэлъыхь тхылъыр. Абы ­къикIыр тхыгъэхэм нэхърэ, сурэтхэм яубыд увыпIэр зэрынэхъ инырщ. Ар къы­дэ­зы­гъэ­кIахэм мураду зэ­хуа­гъэу­выжат ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэралхэм щы­лажьэ Адыгэ Хасэхэм  я лэжьыгъэр наIуэ къащIыну, ДАХ-м абыхэм ядригъэкIуэкI Iуэхухэр къагъэ­нэIуэну, ар я щхьэу­сыгъуэу щэнхабзэм зы­щызыуб­гъуа, я ехъу­лIэ­ны­гъэфI­хэмкIэ зыщыпсэу къэ­ралхэми зэрыдунейуи цIэ­рыIуэ щыхъуа адыгэхэр Урысейм щыпсэухэм ирагъэцIыхуну.
«Гуми псэми къыбгъэ­дэкIыу фIыщIэ яхузощI, Кавказым зэрыпэжыжьэм хуэдэу, ди лъэпкъ хабзэхэр хуэсакъыпэу зыхъумэж­хэм. Дунейпсо Адыгэ Ха­сэм лъэкI къигъанэркъым абыхэм зэрапыщIа ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ ищIын, зэгъусэу зэфIахыпхъэ IуэхуфIхэр къыдихын, жэрдэмыщIэхэм япэ­ры­хьэн папщIэ», - щыжеIэ тхы­лъым и пэублэм ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий.
АдэкIэ тхылъыр зы­хуэу­нэтIамрэ зытепсэ­лъы­хьым­рэ и гугъу къытхуещI ар зыгъэхьэзыра Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. «Япэ дыдэ Хэкужьым теу­хуа хъыбар пэж зыIэры­хьар Сирием щыщ адыгэ­хэрщ, - ироплъэж Мухьэ­мэд хэкурысхэмрэ хэхэс­хэмрэ зэрыубыдыжа щы­хъуа гъуэгуанэм. - Ар зи фIыгъэр 1957 гъэм Мэзкуу щекIуэкIа Дунейпсо щIалэгъуалэ фестивалырт. А зэхуэсышхуэм Къэ­бэрдейм и къэфакIуэхэр, уэрэджыIакIуэхэр, сурэ­тыщI­хэр, тхакIуэхэр игъэ­кIуат. Дамаск къикIа лIы­кIуэхэми адыгэ щIалэ зыбжанэ яхэту къыщIэкIащ. Ап­хуэдэ щIыкIэу илъэсищэ и пэкIэ зэфIэкIуэдауэ щы­та зэдэлъху-зэшыпхъухэр Мэз­куу щызэрыгъуэты­жауэ щытащ».
Тхылъым хэхэс адыгэхэм я щэнхабзэ гъащIэр къы­зэ­щIиубыдэу сурэт 282-рэ ихуащ. Абы и напэкIуэцI­хэм ущрохьэлIэ лIэщIыгъуэ зыбжанэ и пэкIэ дунейм къыщацIыхуа шэрджэс сулътIанхэм, пащтыхь гуащэ хъуа адыгэ бзылъхугъэхэм, дзэзешэ­хэм, къулыкъущIэхэм, артистхэм, спортсменхэм, къы­зэщIэубыдауэ жы­пIэ­мэ, цIыхум игъэлъэпIа сыт хуэдэ IэщIагъэми дунейм къыщыхэжаныкIа ди лъэп­къэгъухэм. А псор хъыбар кIэщI-кIэщIурэ къытхуеIуа­тэ «Хэхэс адыгэхэм я щэнхабзэ гъащIэр» Iыхьэм.
Журналист лэжьыгъэ нэхъ убгъуахэм я гугъу пщIымэ, ХьэфIыцIэ Мухьэ­мэдрэ «Шапсыгъ» газетым и редактор нэхъыщ­хьэ Ныбэ Анзоррэ я ­тхыгъэхэу тхылъым уры­сыбзэкIэ ихуахэм къа­кIэ­лъокIуэ «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэ НэщIэпыджэ Замирэ анэдэлъхубзэкIэ игъэхьэзырахэр.
Панорамэм уриплъэмэ, уигу къинэр зыщ: дэнэ лъэныкъуэкIи щыпсэу хэ­хэс адыгэхэр лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэр яхъу­мэным, зыщыпсэу хэгъэгу­хэм я цIэр фIыкIэ къыщ­рагъэIуэным, итIанэми ягухэм Хэкужьыр   ирамыгъэутIыпщыным хуэунэ­тIащ.
Тхылъыр Дунейпсо Адыгэ Хасэм къеблэгъа хьэщIэхэм тыгъэ хуа­щIащ, Адыгейм, КъШР-м, Шапсыгъым, хамэ къэралхэм ирагъэшащ. Урысей   Президентым и грантхэр зыт фондым и мылъкукIэ  къыдэкIащ зи гугъу  тщIы  тхылъ зыкъизыхыр.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: