Гъуэгу махуэ, «Спартак-Налшык»!

ЩIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыIа ди щIалэхэм ящыщ зыбжанэ иджыблагъэ зыхэзыгъэхьэжа «Спартак-Налшыкыр» шыщхьэуIум и 5-м утыку къохьэж. А махуэм ди щIалэхэм кърагъэблэгъэнущ зэхьэзэхуэм къыхыхьагъащIэ «ЕсэнтIыгур».

Видео Iэмэпсымэхэр къагъэсэбэпри, мэкъуауэгъуэм (июным) и 25-м зэхэтащ Профессионал Футбол Лигэм и зэIущIэ. Зыкъомрэ зэчэнджэща иужькIэ абы щаубзыхуащ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым 2020 - 2021 гъэхэм щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм командэ 60-м нэблагъэ зэрыхэтынур. «Спартак-Налшыкыр» зыхэхуа «Ипщэ» гупыр бжыгъэкIэ (16) зэрыщытауэ къэнащ. Зызыхъуэжар хэт языныкъуэхэращ. Къапщтэмэ, бжьыпэр зыIыгъа Астрахань и «Волгарь»-мрэ Владикавказ и «Алания»-мрэ япэ дивизионым драгъэкIуэтеящ. Владикавказ и «Спартак»-р, иужь увыпIэр къихьати, хагъэкIащ. Абыхэм япIэкIэ «Ипщэ» гупым щыджэгунущ «ЕсэнтIыгу», «ТIуапсы», Таганрог и «Форте» командэхэр. Краснодар и «Урожай»-м и цIэр «Кубань»-кIэ яхъуэжащ. Адрейхэр - зэрыщытщ.
МазиплIым щIигъу ипэкIэ коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ нэхъ пасэу ирагъэуха Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2019 - 2020 гъэхэм щыIа зэхьэзэхуэм епщыкIущанэ увыпIэр зэрыщаубыдам «Спартак-Налшыкым» щыджэгухэри къыдэщIхэри жыжьэу арэзы къищIакъым. Аращ, хуит къызэращIыжыххэу, къыкIэлъыкIуэ зэпеуэм ерыщу зыхуэгъэхьэзырын щIыщIадзари. COVID-19-м зыщахъумэн папщIэ ди щIалэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм зыщагъэсащ.
Зэхьэзэхуэм зыщыхуагъэхьэзыр лъэхъэнэм зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэр зыдрагъэкIуэкIыну командэхэр къагъуэтыну сыт щыгъуи гугъуу щытащ. Абы къыхэкIыу адрейхэр нэхъ щызэхуэс щIыпIэхэм кIуэн хуей хъурт. Иджы Iуэхур нэхъ хьэлъэжт, коронавирус уз зэрыцIалэм псори зэрызэпэщIигъэкIуэтам къыхэкIыу. АрщхьэкIэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэр щымыIэмэ, зыгъэсэныгъэхэр зэрекIуэкI щIыкIэр, футболистхэм я зэфIэкIыр здынэсар къыпхуэщIэнукъым. ХэкIыпIэу къэнэжыр зыт - езыхэр зэдэджэгужынырт. Апхуэдэу япэщIыкIэ щащIащ «Спартак-Налшыкым».
Гупым хэт футболист тIощIрэ тIум щIагъужащ япэ дивизионым щыджэгухэу, ауэ зэкIэ зызыгъэпсэхухэу ДыщэкI Аслъэнрэ Гъурф Азэмэтрэ, къищынэмыщIауэ, щIалэгъуалэм къыхашащ Бахъсэнокъуэ Алихъан. Хужьу хуэпахэм яхэту зыкъагъэлъэгъуащ Щоджэным (63-нэ дакъикъэм ар Къардэным ихъуэжащ), Мэкъуауэм, Ольмезовым, Шаваевым, КIэдыкIуейм, Клышэ, Iэпщацэм, Пащтым, Ашум, Гугуевым, Хьэшырым. Футболкэ щхъуантIэхэр ящыгъащ Къардэным (Къумыкъум, 46), Дзэмыхьым, Шумахуэм, Мендадзе, Уэрэзейм, Дэхъум, Гъурфым (Торосян, 62), ДыщэкIым, ХъутIэм, Бацэм, Бахъсэнокъуэм (Къурмэным, 46).
Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, хужь зыщыгъхэрат дызыхуэкIуэ зэхьэзэхуэм КIэбышэ Заур зи пашэ тренер гупым тегъэщIапIэ ящIынур. ЩхъуантIэхэр абыхэм еныкъуэкъупхъэт, хэт нэхъ лъэщми наIуэ ящIу. Зым къыхэкIыу адрейм щыхыхьаи къэхъуащ. Апхуэдэу гъуащхьэтет Къардэн Имран хужьхэми щхъуантIэхэми яхуэджэгуащ.
ЗэIущIэм и япэ Iыхьэр зэрытемыгъэкIуауэ иухащ - лъэныкъуитIми бжыгъэр къахузэIухакъым. Нэхъ лъэщыр зэхэзыгъэкIа топ закъуэр ХъутIэ Анзор щыдигъэкIар загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэщ.
Топджэгум дихьэххэр хуабжьу хуэзэшат фIыуэ ялъагъу командэхэм я зэIущIэхэм. Абыхэм щIадзэжыным и зы нэщэнэт бадзэуэгъуэм и 14-м Железноводск къалэм щыIар. «Спартак-Налшыкымрэ» Черкесск и «Интер»-мрэ къапщытэжащ мыгувэу зэхаублэжыну Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2020 - 2021 гъэхэм я зэхьэзэхуэм зэрыхуэхьэзырыр.
Джэгум и япэ сыхьэт ныкъуэм я хьэрхуэрэгъухэм иджыри зыгуэрурэ захъумэжыфами, налшыкдэсхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэм ахэр адэкIэ пэлъэщакъым. 31-нэ дакъикъэм бжыгъэр къызэIуихащ къэзыгъэзэжахэм ящыщ Гугуев Магомед. Мыгувэу ар игъэбэгъуащ жыжьэу щыту дахэу топ дэзыгъэкIа Iэпщацэ Марат. КIэух бжыгъэр зэфIигъэуващ джэгум и етIуанэ Iыхьэм губгъуэм къихьа, 2019 - 2020 гъэхэм щыIа зэхьэзэхуэм «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэ нэхъыфIу зыкъэзыгъэлъэгъуа Бацэ Къантемыр. Пащты Руслан къыхита топыр абы Iэзэу щхьэкIэ дигъэкIащ.
Ди командэм хэту Черкесск и «Интер»-м зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ бадзэуэгъуэм и 14-м драгъэкIуэкIащ Антиповым (Къардэным, 46), Сындыкум (Уэрэзейм, 60), Шаваевым (Миндадзе, 70), Шумахуэм, КIэдыкIуейм, Дэхъум (Клышэ, 46), Iэпщацэм (ДыщэкIым, 60), Пащтым (Торосян, 65), Хьэшырым (Бахъсэнокъуэм, 70), Ашум (ХъутIэм, 46), Гугуевым (Бацэм, 46).
Къапэщылъ зэхьэзэхуэм зыхуэзыгъэхьэзыр «Спартак-Налшыкым» бадзэуэгъуэм и 20-м зи чэзу зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ ЕсэнтIыгу къалэм щригъэкIуэкIащ. Абы ди щIалэхэр бжыгъэшхуэкIэ, 5:0-у, щытекIуащ.
Профессиональнэ командэ ЕсэнтIыгу къалэм къыщызэрагъэпэщыжащ. ДяпэкIэ ар хэтынущ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм. Хьэрхуэрэгъу къахуэхъунухэр налшыкдэсхэм къапщытащ бадзэуэгъуэм и 20-м. Абы зэпэщIэтыныгъэ гуэри щыщыIауэ хуэгъэфэщэгъуейщ, кIэух бжыгъэр къэплъытэмэ.
«Спартак-Налшыкыр» трагъэгушхуэну ЕсэнтIыгу кIуат ди республикэм икIа щIалэ зыбгъупщI. АрщхьэкIэ ахэр стадионым ирагъэхьакъым, коронавирус уз зэрыцIалэм зрамыгъэубгъун папщIэ Роспотребнадзорым и унафэр хэгъэрейхэм щхьэусыгъуэ ящIри. Абы щхьэкIэ къэмынэу, Налшык икIахэр зэIущIэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъащ, джэгупIэ губгъуэр къызэрыхухьа гъущI хъарым кIуэцIрыплъурэ.
Зыпэмыплъа гугъуехьым хэхуа къадэщIхэм яхуэфэщэн пщIэ хуащIу «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм зыкъагъэлъэгъуащ. Ашу Мурад (тIэунейрэ), Гугуев Магомед, Хьэшыр Алан, Пащты Руслан сымэ «ЕсэнтIыгум» топитху жэуапыншэу худагъэкIри, текIуэныгъэр зыIэрагъэхьащ. А махуэм ди щIалэхэм ящыщу джэгуащ: Антиповыр (Къардэныр, 46), Шаваевыр (Миндадзе, 81), Шумахуэр, КIэдыкIуейр, Сындыкур (Мэкъуауэр, 81), Клышэ (Джатэрывэр, 46), Iэпщацэр (Торосян, 81), Пащтыр, Хьэшырыр (Апажэр, 78), Ашур (ХъутIэр, 78), Гугуевыр (Бацэр, 57).
 Мазэм щIигъуауэ зэхьэзэхуэм зыхуэзыгъэхьэзыр «Спартак-Налшыкым» ар хъарзынэу къехъулIауэ фэ тетщ. Апхуэдэ гугъэ уегъэщI иригъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIищми зэрыщытекIуам. Черкесск и «Интер»-мрэ (3:0) «ЕсэнтIыгумрэ» (5:0) къадэкIуэу ди щIалэхэм блыщхьэ кIуам хагъэщIащ «Мэшыкъуэ-КМВ»-р.
Псыхуабэ и стадионым бадзэуэгъуэм и 27-м щызэпэщIэувахэм къапщытэжын хуейт мыгувэу щIэзыдзэну зэхьэзэхуэм зэрыхуэхьэзырыр. Дауи, абыхэм джэгупIэ губгъуэм кърагъэхьахэр нэхъ зыщыгугъхэрат. «Спартак-Налшыкыр» къапщтэмэ, апхуэдэхэт гъуащхьэтет Антиповыр (75-нэ дакъикъэм ар ихъуэжащ Къардэным), гъуащхьэхъумэхэу Шумахуэр, Шаваевыр, Мэкъуауэр (Ольмезовыр, 72), КIэдыкIуейр, гъуащхьэхъумэныкъуэхэу Джатэрывэр (Дэхъур, 70), Iэпщацэр (Торосян, 80), Пащтыр, гъуащхьауэхэу Ашур (Бахъсэнокъуэр, 78), Гугуевыр (Бацэр, 70), Хьэшырыр.
Лъэныкъуэхэм хуэсакъыпэурэ джэгур ирагъэкIуэкIащ, зэхьэзэхуэм и пэ къихуэу фэбжь ямыгъуэтын папщIэ. Абы къыхэкIыу бжыгъэр къызэIуха щыхъуар 43-нэ дакъикъэращ. Пащты Руслан «Мэшыкъуэ-КМВ»-м и гъуэм пэмыжыжьэу ираудати, лей къызытехьам метр пщыкIузым и деж щыту налшыкдэсхэр япэ иригъэщащ.
Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ зэхьэрхуэрэгъухэр топ тIурытIкIэ зэхъуэжащ. 68-нэ дакъикъэм Гугуев Магомед бжыгъэр 2:0-м нигъэсащ. АрщхьэкIэ мыгувэу хэгъэрейхэм абы жэуап къратыжыфащ. Зы тэлай дэкIри, Пащты Руслан аргуэру пенальтикIэ «Спартак-Налшыкыр» 3:1-уэ япэ иригъэщащ.
Джэгум къыщIагъуа зэманращ кIэух бжыгъэр щызэфIэувар. «Мэшыкъуэ-КМВ»-м дигъэкIауэ къалъыта етIуанэ топыр гъуэм дэмыхьэпауэ къытщохъу. Апхуэдэу щыт пэтми, судьям ар хибжащ икIи 3:2-уэ ди щIалэхэр текIуауэ лъэныкъуэхэр зэбгъэдэкIыжащ.  
Арати, зыгъэсэныгъэхэр къызэрапщытэжу ирагъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIищми налшыкдэсхэр щытекIуащ. Абыхэм я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэхэр 11-рэ хагъэщIащ, къыхудагъэкIар топи 2 къудейщ.
Иужьу хъыбар къызэрытIэрыхьамкIэ, Машэжь Ратмир «Спартак-Налшыкым» хэкIыжащ. Ди командэм хэту зэIущIэ 57-рэ езыгъэкIуэкIа гъуащхьэхъумэныкъуэр адэкIэ щыджэгунущ Новороссийск и «Черноморец»-м.
КъищынэмыщIауэ, налшыкдэсхэм иращIылIа зэгурыIуэныгъэм пащакъым Запалацкий Сергей, Бунаков Даниил, Апажэ Чэрим, Iэщын Аслъэн, Стригэ Артём сымэ. И Iуэхур зэкIэ зэхэкIыпакъым Белоусов Никити.
Зыгъэсэныгъэхэм фэбжь щигъуэтащ гупым и капитан икIи и гъуащхьэтет Щоджэн Борис. Абы къыхэкIыу зыхагъэхьэжыну къыщIэкIынущ ди щIыпIэм къыщалъхуа икIи зыщызыгъэса Антипов Антон.
 Бэрэжьей къакIуэ зэхаублэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокым ехьэлIа зэпеуэм къищынэмыщIауэ, етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2020 - 2021 гъэхэм щыIэну зэхьэзэхуэми мыгувэу щIидзэнущ. ШыщхьэуIум и 9-м Дон Iус Ростов къалэм «Спартак-Налшыкыр» щыIущIэн хуейщ щIыпIэ СКА-м. Ди щIалэхэр абыхэм сыткIи хуэхьэзыру къытщохъу икIи «гъуэгу махуэ!» яжыдоIэ.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: