Мэзыхьэ Борис Беслъэн и къуэм и фэеплъу

Адыгэ новеллистикэм и классик

Критикхэми, тхакIуэхэми, щIэджыкIакIуэхэми Мэзыхьэ Борис нэхъыбэу къызэрацIыхур адыгэ новеллистикэм и зэхэублакIуэу зэрыщытымкIэщ. ТхакIуэ куэдым къехъулIэркъым псалъэ мащIэкIэ гупсысэшхуэ къэIуэтэныр. Мэзыхьэр а жанр мытыншым дэгъуэу зэрыпэлъэщыр па­сэу наIуэ къыщыхъуащ газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуа и япэ новеллэхэм, Iуэтэжхэм. АбыхэмкIэщ зэман кIэщIым ­къриубыдэу ар тхакIуэ цIэрыIуэ зэрыхъуар. А тхэкIэ лIэу­жьыгъуэхэмкIэ Мэзыхьэ Борис лъэщIыхьа къахэкIагъэнкъым нобэрей ди тхакIуэхэм, ар адыгэ новеллистикэм и классикщ.

Апхуэдэу зи дамыгъэ зиIэжу адыгэ литературэм къыхыхьа Мэзыхьэ Борис Беслъэн и къуэр 1940 гъэм мэлыжьыхь мазэм и 7-м Щхьэлыкъуэ къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр а ­къуажэм къыщиухащ. МэкъумэшыщIэ унагъуэм къихъукIа щIалэр школ нэужьым колхозми щылэжьащ. ИтIанэщ ар щыщIэтIысхьар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым. А еджапIэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ къыщIэзыха Мэзыхьэ Борис къулыкъу IэнатIэ зыбжанэ зэблихъуащ: ар щылэжьащ печатым и щэхухэр щахъумэу КъБАССР-м щыIа IуэхущIапIэм, «Адыгэ псалъэ» газетым (корреспонденту, къудамэм и унафэщIу, жэуап зыхь секретару, редактор нэхъыщхьэу), КПСС-м и обкомым печатымкIэ, телевиденэмрэ радиомкIэ ­къудамэм и пашэуи щытащ, Мэзыхьэр тIэунейрэ хахащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и цIыхубэ депутату. Ар КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм илъэс 40-м нэ­благъэкIэ и тхьэмадэу щытащ.
Художественнэ творчествэми жылагъуэ лэжьыгъэхэми ­ехъулIэныгъэфI щиIэт Мэзыхьэ Борис, абы хуэфащэ гулъытэ ­игъуэту и къалэнхэр игъэзащIэрт. Ар Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэт, абы къыфIащащ Адыгэ ­Республикэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щIыхь зиIэ я журналист цIэ лъапIэхэри. Мэзыхьэм къыхуагъэфэщащ СССР-м, Урысей Федерацэм я Журналистхэм я союзхэм я саугъэтхэри, ЩIыхь, Щытхъу тхылъ куэд къратащ.
«Гъуэгуанэ псалъэ», «Вагъуэзэшибл», «ПцIащхъуэ хужь», «Ма­зэхэ жэщ», «Бжьыхьэр пщIащэ пылъэлъыжыгъуэщ», ­«Къуажэ пшыхьхэр», «Жэщ закъуэрэ гъащIэ псомрэ», нэгъуэщI тхылъхэмкIи, дэгъуэу адыгэбзэм къригъэзэгъэжа ро­манхэмкIи дызыгъэгуфIа Мэзыхьэ Борис творческэ зэ­фIэ­кIышхуэ иIэу псэуащ.

ХЬЭФIЫЦIЭ  Мухьэмэд,
«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.

Лъэпкъым  и  фIыщIэ

Журналистыр тхакIуэ Iэзэ хъуныр Мэзыхьэ Борис и деж къыщежьакъым. Ар езым хуэдэ куэдым нэхърэ нэхъ тхакIуэфIу щытынми хуэIуа щыIэкъым. Мэзыхьэри дызэрыгушхуэ ди прозаикхэм ящыщ зыщ, хуэдэ уигъэлъы­хъуэну, хуэдэ бгъуэтми, нэхъыфI умы­гъуэтынщ, зэрыжаIэу. Ауэ тхакIуэфIым и Iэзагъым дехьэхури, абы цIыхугъэш­хуэри зэ­рыхэлъыр гулъытэншэу куэдрэ къыдогъанэ. Мис абы и щапхъэ къэс­хьыну сыхуейт.

ЗэрытщIэщи, тхылъыфI гуэр зыIэрыхьа хъуам къыIэщIэгъэкIыжыгъуей дыдэщ. Езыр зэ еджэми, ауэ сытми ири­жэми, апхуэдэ тхылъ зыпэщIэхуэр зейм иритыжыным хуэпIащIэркъым, зэ­ри­Iы­гъым ирипагэу, ауэ зыкIи имысэбэпу сабэ трихьэжауэ и унэ щIигъэлъщ. Си щхьэкIэ сыIэбэм къэсщтэнухэм ящыщу мащIэкъым апхуэдэу сфIагъэкIуэсар. Сэри ­къы­затыжакъым, езыхэми яхуэщ­хьэ­па­къым, къэзыщтэу къэзымыхьыжам и Iэр угъу, жысIа щхьэкIи, зи Iэр пыгъукIаи ­слъэгъуакъым. АтIэ, зэгуэрым Мэ­зыхьэм сыхуэзауэ - абы щыгъуэ ар «Ленин гъуэгу» газетым и тхьэмадэ къулы­къум теувагъащIэт - си деж ныщIыхьэт, жери, и IуэхущIапIэм сыщIишащ. Зы­щIыпIэкIэ дэIэбэри, гъэпщкIуауэ дэлъ тхылъ цIыкIу гуэр къищтащ:
- Iэдэм, мыр къысIэрыхьа хъуащ, мыпхуэдэ тхылъ хэкум имылъыжми сщIэркъым, ауэ мыр сэ схъумэн къудеймэ, уэ лэжьыгъэкIэ къыпхуэщхьэпэну сфIощIри, узот.
Ар жиIэри, си гъащIэм сымылъэгъуауэ, 1942 гъэм къыдэкIауэ щыта «ПащIэ Бэчмырзэ. Усэхэр» тхылъыр къызет! Ар ауэ сытми тхылътэкъым, адыгэ усакIуэ тхьэмадэм и Iэужьу ЩоджэнцIыкIу Алийрэ КIыщокъуэ Алимрэ, Дадэ Адэлбий я ­гъусэжу тедзэным хуагъэхьэзырауэ щыта тхыгъэхэм ящыщт. Дауи, ар зыщIэм дежкIэ лъапIэ дыдэт, нэгъуэщIым ептынкIи гупыкIыгъуейт. Ауэ Борис ар къыщызитым зэгупсысар лъэпкъым и тхыдэм дежкIэ абы иIэну мыхьэнэрат.
Уи япэ итым щапхъэфI уигъэлъагъумэ, абы ищIар уэри пщалъэ пхуохъуж. Сэ а тхылъыр икIи схъумащ, IуэхукIи къэзгъэсэбэпащ, зи фIыщIэри сщыгъупщэркъым. Зэгуэрым сэр нэхърэ езым нэхъ ­хуэфащэу зылъытэжа гуэрым сIэщIигъэкIри, зыIэщIиубыдэжауи щытащ. Ауэ абыи къыIэщIэдгъэкIуэсыкIыжри, ди ­инс­титут библиотекэм щIэслъхьэжауэ щIэлъщ, ар нэхъ хъумапIэфIу къэслъы­тэри. Си гугъэмкIэ, ПащIэм и усэ тхылъу япэ дыдэ ­дуней зылъэгъуам и тиражым щыщу а ­зыращ къэнэжауэ щыIэр. Мэ­зыхьэ Борис мыхъуатэмэ, ари зыхуэдэр тщIэ­жыххэнутэкъым.
… Совет къэралыр къыщылъэныкъуэбахэм щыгъуэ, газетыцIэ нэгъунэ щызэрахъуэкIыж зэманым и махуэ гуэрым, Мэзыхьэр къыдэджэри, зы гупыфI дызэ­хуишэсауэ щытащ. Iуэхур зытеухуар га­зетым и цIэр, «Ленин гъуэгур» зэманым нэхъ къезэгъ гуэркIэ зэхъуэкIын хуейти, къыдэчэнджэщыну арат. Абы кърихьэ­лIахэм яхэтащ езы газет лэжьакIуэхэри, ди университетым щылажьи, бзэм и IуэхукIэ нэхъ узэупщIын нэгъуэщIхэри. ФIэщыгъэцIэ ­хъуну пIэрэ жыпIэну зыбжанэ ­къыхалъхьащ абдежым. Псалъэр къы­щыслъысым, сэ жысIащ, дунейм япэ ды­дэу къэбэрдей адыгэбзэкIэ къытехьа газетым и цIэр, «Адыгэ макъыр» къэпщтэжынкIэ къабылу. Ауэ кIахэхэр ди япэ ищри, абыхэм а цIэр ящтагъэххэу къы­щIэкIащ. Ар щымыхъум, ахърэт нэху Тхьэм зритын Щэрдэн Iэбурэ сэрэ ды­зэчэнджэщри, «Адыгэ псалъэ» фIэдывгъэщ, жытIащ, ­мо япэ жытIами пэгъунэгъуу икIи къэп­псэ­лъынкIэ Iэрыхуэу. Щэрдэным мып­хуэдэу щIигъужауэ щытащ: «Адыгэ псалъэ жып­Iэмэ, псалъэ пэж, купщIэ зиIэ, ущызымыгъэуэн, лIы и псалъэ, жиIэу къибгъэкI мэхъу», - жиIэри.
Абы псори аразы техъуэри, компартым иджыри шхуэIур щимыутIыпща Унэшхуэм тхылъу ирагъэхьащ. АрщхьэкIэ, зэман дэкIауэ, Мэзыхьэм аргуэру дызэхуешэс: «Унафэр зыIэщIэлъхэм ядакъым, - жи. - ЛъэпкъыцIэр хэтмэ, националист къытфIащынкIэ мэшынэхэр. Ди къуэш ба­лъ­къэрхэм «Заман» фIащ».
Аргуэру акъыл зэхэдзэм зыбжанэ къыщыхалъхьащ, ауэ псэм дыхьэу зыми зыри къыщыхуэмыгупсысым, псори акъылэгъу зэдэхъуащ, «Адыгэ псалъэм» япэ ибгъэувэ хъун зэрамыгъуэтынумкIэ. Аргуэру Щэрдэнымрэ сэрэ дыкъэуващ, ардыдэр етIуанэу къэдгъэлъагъуэу газетыр зи орган къулыкъущIапIэм едгъэгъэзэжыну. «Сыадыгэщ, жыпIэным национализм щIыхэлъыр сыт, - жиIащ Iэбу, - лажьэ иIэкъым». Сэри сыдежьууащ: «Компартым и жыIэр гъуазэ закъуэу уафэ джабэм щита зэманым хуэдэжкъым, димыкIуэтмэ, мыр пхыдгъэкIыфынущ», - жысIащ. Псори абыкIэ акъылэгъу дызэ­дэхъури, езы редактор нэхъыщхьэри зы­хуеиххэр арати, республикэм и тхьэма­дэхэм яхуедгъэхьащ ди адыгэ псалъэр.
Абы иужькIэ Мэзыхьэм а фIэщыгъэцIэр республикэ унафэщIхэм я деж къэгъазэ имыIэу щыпхигъэкIауэ щытащ. Мис апхуэдэращ лъэпкъылI, хэкулI диIащэрэт, щIыжыпIэнур. Зы имыщIами, а зыр лъэпкъым зэрыхуищIар ирикъунщ Мэ­зыхьэ Борис и фIыщIэр мыкIуэдыжыну.

ГЪУТ  Iэдэм,
филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор.2015 гъэ

Тхьэр зыхуэупса

ХыщI гъэхэм я пэщIэдзэхэм ди литературэм къыщIэтэджауэ щытащ тхакIуэ, усакIуэ щIалэ гу­пышхуэ. Ди тхыдэ благъэм щыгъуазэ дэтхэнэми ещIэ а зэманыр зыхуэдар: иджы зэрыжаIэ хабзэщи, дунейр уэфI хъууэ щыщIидза лъэхъэнэт ар, хуитыныгъэм ижь мащIэ къыкъуэури, цIыхум ягу илъыр я жьэкIэ яIуатэ хъуауэ.

Литературэми щызыхэпщIэ хъуащ а жьы мащIэм и IэфIыр, абы и бзэр хуит хъууэ щIидзащ. Апхуэдэ зэманым литературэм къыщIэтэджа тхакIуэ, усакIуэ ­щIалэхэрщ, я ныбжь нэсри, лIыпIэ иувауэ, нобэрей ди литературэм и жьантIэм щылажьэр, абы и фIыпIэр зи Iэдакъэ къыщIэкIар.
Сэ шэч къытесхьэркъым Мэзыхьэ Борис апхуэдэ тхакIуэхэм зэращыщым. Илъэс хыщIым щIигъуауэ щолажьэ ар ди литературэм, а лъэхъэнэм абы и къалэмы­пэм къыщIэкIащ ди литературэм и тхыдэм зэи щы­мыужьыхыжын тхыгъэ хьэлэмэт куэд - и Iуэтэжхэрауи, и новеллэхэрауи, и повестхэрауи ирехъуи. Апхуэдабзэу  шэч къытесхьэркъым Мэзыхьэ Борис и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр зыхэгъуэщэн зэрыщымыIэм.
Зи къалэмыр жан тхакIуэ набдзэгубдзаплъэм, зэрыхабзэщи, тхэн зэриублэ лъандэрэ къыдогъуэгурыкIуэ иужькIэ зэи IэщIыб имыщIыж темэрэ образрэ. Дапщэрэ игъэбатэми, зыщимыгъэнщIу, хуэмыухыу, Мэзыхьэм и тхыгъэхэм лъабжьэрэ купщIэрэ яхуищIыр цIыху цIыкIум и дунеймрэ и гурыгъу-гурыщIэхэмрэщ. Борис зи образ къигъэщIа цIыху «цIыкIум» и псэм и дахагъэкIэ, и цIыхугъэкIэ, и гупсысэкIэ уимытхьэкъун плъэкIыркъым - дауи, ар зыхузэфIэкIыр цIыхум и гущIэлъапсэм къип­сэлъыкIыф, абы и гум щыщIэмрэ и фэм дэкIымрэ дэ­зыгъэлъагъуф тхакIуэрщ. Апхуэдэ прозаикщ Мэзыхьэ Борис - зэфIэкI инрэ Iэзагъэшхуэрэ къыдалъхуауэ, Тхьэр абыкIэ къыхуэупсауэ.

КЪЭРМОКЪУЭ  Хьэмид,
КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ. 2010 гъэ

Щхьэлыкъуэ щыщ тхакIуэ цIэрыIуэ

Адыгэ литературэм зеужь, тхыбзэ диIэ зэрыхъу лъандэрэ. Абы къигъэIурыщIащ лирикэм, эпосым, драмэм хыхьэ жанрхэр. Ахэр гуэшащ усыгъэрэ прозэу. Иужьрейм и фащэу, и къупхъэу ябж: Iуэтэжыр, новеллэр, повестыр, романыр.
Лъэхъэнэ зыбжани, тхакIуэхэм я гуащIэдэкI куэди те­кIуэдащ а жанрхэм яхуэфащэ тхыгъэхэр адыгэ литературэм хыхьэным. Жанр къэскIэ яIэщ гъащIэр къызэрагъэлъагъуэ бгъэдыхьэкIэ, сюжет ухуэкIэ, тхэкIэ щхьэхуэ, нэгъуэщI Iэмал зыбжанэ. ТхакIуэхэр куэдщ, ауэ «Пегас» и лъагапIэм дэкIыфыр мащIэщ. Ахэр зытелэжьа жанрхэм елъытауэ я цIэ къиIуапхъэщ: ЩоджэнцIыкIу Алий (поэмэ жанрым), КIэрашэ Тембот, КIыщокъуэ Алим, МэшбащIэ Исхьэкъ (романым), IутIыж Борис (драматургием), мащIэкъым лирикэм и лъагагъыр зыIэтахэр. Нэхъыбэжщ Iуэтэжым зезыгъэужьахэр. Мы жанрыр къэзымыгъэсэбэпа щIагъуэ яхэткъым ди тхакIуэхэм, ауэ абыхэм япэ зи   цIэ ­къиIуапхъэхэр, нэхъ ехъулIэныгъэ зиIэхэр, зи IэдакъэщIэкIхэр критикэми тхылъеджэхэми пщIэшхуэ зы­хуащI­хэр къыхэпхыныр тыншкъым.

Сэ сызэреплъымкIэ, Iуэтэжхэм, псом хуэмыдэу новеллэхэм, уакIэлъыплъмэ, адыгэ литературэм щIыпIэ хэха зыхуэфащэ тхакIуэхэм, шэч хэмылъу, яхэтщ Мэзыхьэ Борис. Абы литературэм, журналистикэм хэлъхьэныгъэу хуищIар куэд дыдэ мэхъу. Псоми зэращIэщи, адыгэ литераторхэм япэ лъэбакъуэхэр адыгэ газетхэм щачащ. Илъэс пщIы бжыгъэкIэ журналистхэр корреспондентхэу икIи усакIуэхэу, тхакIуэхэу щытащ. Зауэм ипэ лъэхъэнэм гугъут информацэ зи лъаб­жьэ очеркхэмрэ Iуэтэжхэмрэ зэхэбгъэкIыну, уеблэмэ ар езы тхакIуэхэми щызэхагъэзэрыхь къэхъурт. Нобэ а Iуэхур нэхъ зэхэкIащ, ауэ иджырей лъэхъэнэми ди тхакIуэхэми ли­тературэдж гуэрхэми нэгъэсауэ Iуэтэж къызэрыгуэкIхэмрэ новеллэхэмрэ я гъунапкъэр зэхагъэкIыфу пхужыIэнукъым. ­Зи гугъу тщIы проблемэр щыIэщ дунейпсо литературэми. Псоми зэдэарэзыуэ къалъытэ Мопассан, Чехов сымэ хуэдэхэр но­веллист гъуэзэджэу.
Iуэтэжым сюжет хэха иIэщ, абы къэхъукъащIэхэр тхакIуэм къыщIэудауэ зэрехъуэкI, узэмыжьэ кIэухкIи «пэщIэIуантIэ» иретыж. Новеллэм къегъэсэбэп «парадокс» жыхуаIэ Iэмалыр, авторым тхылъеджэр егъэпIейтей, егъэгузавэ, Iуэхур зэриухыным хуегъэпIащIэ.
Къэтщтэнщ Мэзыхьэ Борис и зы новеллэ «НапитI» жыхуи­Iэр (Мыр новеллэщ, езы Борис Iуэтэж (рассказ) зэрыт тхылъым хигъэхьами). Тхыгъэм хэт персонаж нэхъыщхьэр ­сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Жэхьфарщ. Ар илъэс бжыгъэ хъуауэ хьэлэлу мэлажьэ, ауэ ищхьэкIэ зыгуэрым тригъэкIыну, и къуэдзэ Суфян нэхъыщхьэ ищIу езыр абы и къуэдзэу игъэувыну унафэ къегъакIуэ.
А тIур къулыкъукIэ зэрагъэхъуэжа щхьэкIэ, щхьэж и телефон номерыр къызыхуагъэнэжащ. Ар зымыщIэ, ауэ тIури фIыуэ зыцIыху Сэлихь (аращ «НапитI» ролыр зыгъэзащIэр) те­лефоныр зэхегъэзэрыхьри, Жэхьфар щIегъэлъэлъ, Сэ­лихьу жеIэри, Суфяныр езым хуеубыжыр, Жэхьфару къы­фIощIри. ТIуми иужькIэ яхуозэри, я щытхъупсыр егъажэ. Жэхьфар емыдэIуэжыфу, Iуэху иIэу жеIэри епIэщIэкIыну пылъщ, ауэ Суфян къолъэIу: «Уи телефоныр къызэти, Суфян тестхъуар бжесIэнщ». Аргуэру сюжетым зехъуэж. Жэхьфар, тхылъымпIэ кIапэм и телефон номерыр третхэри, йожьэж. Сэлихь и жьэр Iурыхуауэ къонэ: «Уа, уэ уи телефоныр умыхъуэжауэ ара?»
Сэ къэсхьар сюжет гъущэрщ, ауэ новеллэр психологие и лъэныкъуэкIэ Iэзэу ухуащ. Апхуэдэу, удихьэхыу укъоджэ ­Борис и нэгъуэщI новеллэхэми, къызэрыгуэкI Iуэтэжхэми.
Мэзыхьэ Борис тхакIуэ Iэзэ зэрыхъуам и хэкIыпIэ нэхъыщхьэщ абы адыгэбзэр куууэ зэрищIэр, псом хуэмыдэу журналисту илъэс куэдкIэ зэрылэжьар. Сыт хуэдэ къулыкъу имыIыгъами, Борис тхэн зы махуи щигъэтакъым. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ очеркхэр, Iуэтэжхэр, повестхэр, гушы­Iэхэр. Гу лъытапхъэщ, Мэзыхьэм и гушыIэхэми новеллэм и сюжетхэм я хьэл зэрахэлъым («Анэ», «Фыгъуэ», «Абы щхьэкIэ куэд ухуей?», н.). Борис газетхэм папщIэ итххэмрэ литературэм хигъэхьэхэмрэ зэщхьэщокI зыкъомкIэ. Иужьрейхэм я бзэр нэхъ къулейщ, нэхъыбэу къыщегъэсэбэп эпитет, метафорэ, зэгъэпщэныгъэ щIэщыгъуэхэр. Ар ядэплъагъукъым журналистхэу литературэм хыхьа куэдым.
ТхакIуэ цIэрыIуэм и IэдакъэщIэкIхэм я сюжетхэр адыгэ гъащIэм, ди къуажэхэм къыщигъуэтащ. Зытетхыхь къэхъукъащIэхэр къызэрымыкIуэми, ахэр уи фIэщ ещIыф Борис. И персонажхэр щыпсэу зэманыр, лъэхъэнэр уи нэгум къыщегъэувэф. Аращ дэтхэнэ тхакIуэ нэсми и къалэн нэхъыщхьэр. Иджыри зы щIызгъунут. Мэзыхьэ Борис журналист, тхакIуэ ­гуащIафIэ къудейкъым, атIэ IэнатIэ лъагэ иIахэм деж лэжьыгъэр хъарзынэу къыщызэригъэпэщырт, газетым и унафэщIу щыщытами, журналистхэм я тхьэмадэу щагъэувами. Мыхьэнэшхуэ иIэщ Мэзыхьэ Борис Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм я журналистхэм теухуа псалъалъэ зэхилъхьам.
Илъэс 80-р цIыху щхьэхуэм дежкIэ Iуащхьэ лъагэщ, абы и щхьэщыгум дэкIащ Мэзыхьэ Борис, лIыгъэ хэлъу къы­зэ­ри­нэкIащ аварие хьэлъэ зыхэхуари. ДэкIыфащ адыгэ литературэм и Пегас зыхуагъэфащэ хъуну лъагапIэми, ябгъэдэуващ ди тхакIуэ пажэхэм. Ар къилэжьащ и талантымкIэ, и гуащIэ хьэлэлымкIэ.
Ауэ зы мазэ ипэкIэ тхакIуэ телъыджэ Мэзыхьэ Борис и гъащIэ Iыхьэр иухащ. Тхьэм Ахърэт нэху кърит!

БакIуу Хъанджэрий,
филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъШКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик.

И анэ Бырс Гуагуэрэ и къуэ нэхъыжь Анзоррэ я гъусэу. 1993 гъэ

Борисрэ абы и щхьэгъусэ Тамарэрэ. 2000 гъэ

Мысырым зыщеплъыхь. 1992 гъэ

КхъуэIуфэ Хьэчимрэ Лъэпщокъуэ БетIалрэ я гъусэу  траха  фэеплъ сурэт. 1992 гъэ

Поделиться: