МЭРЕМ ПШЫХЬ

Хъуэхъу

Мы гъэщIэ дызытехьэр тхуэмахуэу,
Ди Iуэхухэр къыдэхъулIэу,
Ди хъуэхъухэр тхуэзащIэу,
Ди щIалэхэр лIыпхъэу,
Ди хъыджэбзхэр нэмысыфIэу,
НэхъыжьыфIхэр ди куэду,
МыкIуэдыжыр ди тхыдэу,
IуэхуфIкIэ дызэхыхьэрэ
Тхьэм фIыкIэ делъэIуу,
ДыщIелъэIур къытхуищIэу,
ТщIа хьэрычэтым берычэтыр къыхилъхьэу,
Ди гуэн итлъхьэ зэпыту,
Къыхэтх пэтми хэмыщIу,
ЗэтещIыщIэр ди Iэнэу,
Дянэхэм я гур мамыру,
Мамырыгъэр тщхьэщыту,
ЕтIанэгъэ пIалъэ Тхьэм фIыкIэ дынигъэс!

Фи махуэшхуэ Iэнэм
Бабыщ гъэжьа, мыIэрысэ илъу

Бабыщ гъэкъэбзар зэгуамыгъэжу псы щIыIэкIэ ятхьэщI, хъыдан къабзэкIэ ялъэщIыж. Бабыщ гъущам и щIыбми и кIуэцIми шыгъурэ шыбжийрэ фIыуэ щахуэ. АдэкIэ мыIэрысэр, нэхъ цIыкIуурэ къыхахри, ятхьэщI, якIхэр кърач, ялъэщIыж. МыIэрысэхэр бабыщ кIуэцIым иралъхьэри, псы щIыIэ тIэкIу иракIэж, бабыщыр мастэ-IуданэкIэ зэгуадэж.
Тебэм тхъу тIэкIу щахуэ, бабыщ кудар, и щIыбыр егъэзыхауэ, абы иралъхьэ, псы тIэкIу щIакIэ, хьэкулъэм ирагъэувэри, дакъикъи 10 - 15-кIэ ягъажьэ. Бабыщылым занщIэу вэгъу дахэ къищтэн щхьэкIэ, хьэкулъэр пщтыру щытын хуейщ. Ар тхъуэплъ дахэ хъуа иужькIэ, мафIэ цIыкIум тету хьэзыр хъуху ягъажьэ.
Бабыщылыр жьамэ, и куэпкъым гуахъуэ е сапэ хэпIумэ щабэу хыхьэнущ, псы къыщIэжари яжьафэу щытщ. Ар хьэкулъэм кърахыжри, и щIыбыр егъэзыхауэ тепщэчышхуэм иралъхьэ, Iуданэхэр къыхахыж. Ар Iэнэм зэпкърыхауи тебгъэувэми хъунущ, ауэ абы щыгъуэм лыр щIэхыу мэупщIыIу.
Халъхьэхэр:
Бабыщу - 1
МыIэрысэу - г 500
Бабыщ кIуэцIым иракIэ псыуэ - г 230-рэ
Тебэм щахуэ тхъууэ - г 5
Шыгъуу, шыбжийуэ - узыхуейм хуэдиз.

«Махуэшхуэ» салат

Былымылыр ягъэва нэужь, ягъэупщIыIури, Iыхьэ цIыкIуурэ зэпаупщI. Нащэ гъэфIэIуари плIимэ цIыкIуу зэпагъэлъэлъ. Бжьынрэ пхъырэ зэщIэлъу ягъэлыбжьэ. Ахэр псори зэгъусэу тепщэчым иралъхьэри, нартыху гъэфIэIуарэ къуэнтхъурейрэ, шыгъурэ шыбжийрэ хакIутэ. Абы шатэ халъхьэжри, фIыуэ зэхагъэзэрыхь.
Халъхьэхэр:
Былымылу - г 200
НащэфIэIуу - г 100
Нартыху консерву - бжэмышхышхуи 3
Шатэу (майонезми хъунущ) - г 80
Шыгъуу, шыбжийуэ, къуэнтхъурейуэ - узыхуейм хуэдиз.

ГущIагъщIэлъхэр

СощIэ, Уэ утетщ мы дунейм

Сыт мы дунеижьым нэхъ лъапIэ дыдэу тетыр? ГукъэкIыжхэр. Ахэращ ди махуэ нэхъ гугъу дыдэхэм дежи дэ дыкъэзымыбгынэр.

* * *
ЩIыхьыр псэлъыхъу куэдыкIей зыхузэпещэ бзылъхугъэ тхьэIухудым ещхьщ: тIури а нэхъ зыхуэмыфащэ дыдэхэм щаIэрыхьэ куэдрэ къохъу.

* * *
Узэрыгубзыгъэр псоми хьэкъ ящыпщIыныр уэ къалэн пажэу мы гъащIэм ущиIэми ярейщ. Абы шэч гуэр къытумыхьэжмэ, апхуэдизу щхьэ уригузавэрэ?

* * *
Дахагъэр дэнэкIи щикъухьащ. Ауэ ахэр, Тхьэм къигъэщIа, иузэщIыжа псэ зиIэхэр мыхъумэ, нэгъуэщIхэм къахуэщыпынукъым.

* * *
ФIыуэ сыкъэплъагъур пэжмэ, уи гум сыщыгъэпсэу. Мы дунейм нэгъуэщI егъэзыпIэ щиIэкъым лъагъуныгъэм.

* * *
Утыншыну ухуеймэ, фIым ущыгугъ зэпыту умыпсэу. ГъащIэр лотерее джэгущи, насыпыр къыщызыхьэхур зырызыххэщ.

* * *
СощIэ, Уэ утетщ мы дунейм. Си гупсысэхэм уазэрыхэтым ещхьыркъэпсу. Удахэу. Укъабзэу. Угуапэу. Уи цIэр сымыщIэми, Уэ нэхъ нэIуасэ симыIэу. Махуэм я нэхъ щIыIэми си гур уи хуабэм къигъэплъу. Псалъэхэр сIыпхыурэ усэ къасхухэпщIыкIыу… Уэ утетщ апхуэдэу си дунейм. Сыпхуэмызами. Узмылъэгъуами. Укъамылъхуами.

IутIыж  Борис.

ГъэщIэгъуэнщ
Махуэшхуэм и саугъэт нэхъыщхьэр

ИлъэсыщIэ махуэшхуэм епха хабзэ гъэщIэгъуэн куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэми мыхьэнэ щхьэхуэ яIэу, тхыдэ къадекIуэкIыу щытщ.
Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ИлъэсыщIэр къыщрагъэхьэ зэманыр фIыуэ зэщхьэщокI. Апхуэдэу, Пасэрей Вавилоным ар къыщрагъэблагъэр гъатхэрт. Махуэшхуэм деж пщым и IупэфIэгъухэр и гъусэу къалэм дэкIырти, цIыхухэм хуиту, гушхуауэ я нэгу зрагъэужьырт.
Микронезием ИлъэсыщIэр, хабзэ хъуауэ, щIышылэм и 1-м къыщрагъэхьэ. ХытIыгум щыпсэу псоми а махуэм цIэщIэ фIащ икIи ар нэхъ я гъунэгъухэм щэхуу жраIэ. Дзыхь нэхъ зыхуащI я Iыхьлыхэр абдежым бэрэбаным ину йоуэ, цIэр щыжаIэкIэ шейтIанхэм зэхрамыгъэхыну.
Италием ИлъэсыщIэ жэщым щыгъыныжьхэр щхьэгъубжэмкIэ къыщыдадз. Щыгъын нэхъыбэ хыфIадзэхукIэ, гъэ зытехьам къахуихьыну ехъулIэныгъэри нэхъ иныну къалъытэ.
«Ирония судьбы, или С легким паром!» фильм цIэрыIуэр илъэс 40-м щIигъуауэ илъэсым и иужьрей махуэм телевизорымкIэ къыщагъэлъагъуэ ди къэралым.
Тибетым ИлъэсыщIэ махуэшхуэм хьэлывэ ящIри, уэрамым дэт цIыхухэм хуагуэш. Я хьэлывэр цIыху нэхъыбэм яIухуэхукIэ, гъэщIэм мылъку нэхъыбэ къахэхъуэну къалъытэ.
Бразилием илъэсыщIэ Iэнэм шхыныгъуэ нэхъыщхьэу къытрагъэувэр губгъуэджэшым къыхэщIыкIа хьэнтхъупсщ. Ар зэIузэпэщ гъащIэм и нэщэнэу ябж.
ИлъэсыщIэм и япэ махуэм щIыхуэ птыж хъунукъым - итIанэ гъэ псор щIыхуэ птыжу епхьэкIыну къафIощ.
Скандинавием илъэсыщIэ Iэнэм зы щIыпцIэщIыдэ закъуэ зыхэлъ прунж кашэ трагъэувэ. Ар къызыIэрыхьэм илъэсыр насыпыфIэу ирихьэкIынуи жаIэ.
«Псей цIыкIур мэзым къыщыкIащ» усэр япэ дыдэу 1903 гъэм «Малютка» сабий журналым къытрадзащ. ИлъэситI дэкIри, Къудащ Раисэ и усэм макъамэ щIилъхьащ композитор Бекман Леонид.
Кубэ къэралыгъуэм и цIыхухэм я унэм щIэт хьэкъущыкъухэм махуэшхуэм и пэ къихуэу псы ирагъахъуэри, илъэсыщIэ жэщым ар уэрамым щракIут. Апхуэдэ щIыкIэкIэ я гуэныхьхэр япшыныжу къалъытэ.
Болгархэм илъэсыщIэм къахудэкIуэну фIы псори зей баш цIыкIухэм ирапх икIи ар махуэшхуэм и саугъэт нэхъыщхьэу тыгъэ ящI.
Алыджым илъэсыщIэр къыщихьэ жэщым унагъуэм и тхьэмадэр щIыбым къыщIокIри, нарыкIэ (гранат) блыным йоуэ. Лъэныкъуэ зэхуэмыдэхэмкIэ зэбгрылъэт жылэ цIыкIухэм ехъулIэныгъэкIэ поплъэ.
Европэм хыхьэ къэралхэм ящыщу илъэсыщIэ псей нэхъыбэ щащэр Даниерщ.
Уае Дадэр унэм ирагъэблагъэу СССР-м щыщIадзащ 1970 гъэм.
ИлъэсыщIэ саугъэт нэхъыбэ щатри махуэшхуэм теухуа хъуэхъу тхыгъэ нэхъыбэ щызэбгрыкIри США-рщ.
ИлъэсыщIэмкIэ зэрехъуэхъу япэ открыткэр 1843 гъэм Лондон къыщыдэкIащ.
Урысейм и Пенсэ фондым Уае Дадэм «Таурыхъ лэжьыгъэм и ветеран» цIэр фIищащ.

ЩхьэщэмыщI  Изэ.

Псом нэхърэ…
Псей

1950 гъэм и дыгъэгъазэм псей нэхъ ин дыдэ щагъэувауэ щытащ США-м щыIэ Вашингтон штатым и Сиэтл къалэм дэт Норгейт сату центрым. Метр 67-рэ сантиметр 37-рэ зи лъагагъ жыгыр Канадэм кърашат.

Торт

ИлъэсыщIэ Iэнэр зыгъэдахэ торт нэхъ ин дыдэр 1989 гъэм США-м хыхьэ Алабамэ штатым щыIэ Форт Паин къалэм щащIащ. Абы тонн 58,80-рэ и хьэлъагът. Тортым гъусэ хуащIыжат тонни 7-рэ ныкъуэрэ хъу мороженэр.

ГушыIэхэр

Хэхъуэ сылъыхъуэрэ сэ?

Хъуэжэ тумэнкIэ къищэхур сомибгъукIэ ищэжу, сомибгъукIэ къищэхур сомийкIэ ищэжу бэзэрым тетрей щыхъум, и щхьэгъусэм хуэмышэчыжу: «Ар сыт сондэджэрыкIэ, на, хэщI фIэкIа хэхъуэ уимыIэу», - жиIащ.
Хъуэжэ куэдрэ мыгупсысэу:
- Хэхъуэ сылъыхъуэрэ сэ, зиунагъуэрэ! Сэ сызыхэтыр хьэрычэт гуэрхэр схэлъ хуэдэу цIыхухэм закъыфIэзгъэщIыну арщ.

Уэ угубзыгъэмэ, къэгъуэтыж иджы

ТхьэмыщкIэ гуэр езыхужьауэ кIэлъыжэ бейр щилъагъум, Хъуэжэ и Iэлъэныкъуэ кхъуэщын цIыкIур къищтэри, кIэлъыджэу щIэпхъуащ.
Беижьыр къэувыIэри:
- Сыт ущIэкIийр? Узыхуейр сыт?! - къеупщIащ.
- Ей, зиусхьэн, махъсымэфI дыдэу мыбы из сиIамэ, уезгъэфэнут, - жриIащ.
КъигъэувыIар къеплъщ-къеплъри:
- Къыпхуэт щымыIэу уделэщ, - жриIащ.
- АтIэ уэ унэхъ губзыгъэмэ, къэгъуэтыж иджы а епхужьар, - жиIэурэ и пщIантIэм дыхьэжащ Хъуэжэ.

Гъудэм довэ жыхуиIэм хуэдэу

Выжьым и бзэгур къилэлу, вагъэмбэкъум дэту евэкIырт. Гъудэр вым и тхым зытриукIауэ тесу екIуэкIырт. НэгъуэщI зы гъудэ блэлъэтырти, вытхым тесыр къилъагъури къегуоуащ:
- Сыт нэхъ уи лэжьыгъэ иджы си ныбжьэгъум? - жиIэри.
- Довэ, си ныбжьэгъу, довэ! - жиIащ вытхым тесым.

Сыт а зым къыщIыкIэлъажыхьыр?

Хъуэжэ топджэгум кIуэхэм здашащ. Джэгуныр зэфIэкIа нэужь къежьэжри:
- А зы топ закъуэм щхьэкIэ зыр зым жьэхэуэу, еIунщIу, зафыщIыжу къыщIажыхьыр сыт?! Еплъхэри ямыгъэгузавэу топ зырыз зэрагъэпэщу тэмэму щIэмыджэгур сыт? - жиIэурэ къэкIуэжащ.

Фэ фщIэрэ?

Петр I и унафэ

1699 гъэм дыгъэгъазэм и 20-м урысей пащтыхь Петр I къыдигъэкIа унафэр куэдым гъэщIэгъуэн ящыхъуат. Абы къыхилъхьащ илъэсым и пэщIэдзэу щIышылэм и 1-р ягъэувыну. Нэхъапэм илъэсыщIэр фокIадэм 1-м къихьэу щытащ. Ар махуэгъэпсым и махуэщI къудейуэ щымытын щхьэкIэ, пащтыхьым и унафэм къыщигъэлъэгъуащ цIыхухэм я унэхэр къуэрэдэрэ, уэздыгъей, псей къудамэхэмкIэ ягъэщIэрэщIэну, езыхэм дахэу захуэпэну, хьэрэкIытIэхэр драгъэуеину.
ЦIыхухэр а унафэм гугъу дехьу техьами, иужькIэ есэжри, хабзэ дахэ яхуэхъуауэ, ИлъэсыщIэ махуэшхуэр щIышылэм и 1-м ягъэлъапIэу хъуащ.

Илъэс 17-кIэ

Жылагъуэ щIыпIэхэми унэхэми илъэсыщIэ псейр щагъэувыну хуимыту большевикхэм унафэ къыдагъэкIауэ щытащ. Псейми ар зэрагъэщIэращIэ вагъуэми диным епха Iуэхугъуэ гуэр халъагъуэрт. Апхуэдэу, ди къэралым и цIыхухэм илъэс 17-кIэ псейр IэщIыб ирагъэщIауэ щытащ.
Пэжщ, илъэсыщIэ махуэшхуэм и дамыгъэр гъэпщкIуауэ зи унэм щызыгъэувхэри щыIэт. Ауэ ар икъукIэ шынагъуэт, укъащIэмэ, лъэхъуэщым урадзэнут.
Къэралым къыщыдэкI газет нэхъыщхьэхэм ящыщ зым илъэсыщIэ псейм зэраныгъэ лъэпкъ къимышэу тхыгъэ щхьэхуэ къытехуа нэужь, 1935 гъэм ар утыку «къихьэжащ».

Уэс Гуащэ

1873 гъэ пщIондэ, Островский Александр «Уэс Гуащэ» пьесэр итхыхункIэ, илъэсыщIэ махуэшхуэм епха таурыхъ лIыхъужьу диIар Уае Дадэм и закъуэщ. ЯпэщIыкIэ, Уэс Гуащэ хъыджэбз дахэр Уае Дадэм ипхъуу щытащ, итIанэ и къуэрылъху хъуащ. Абыхэм я благъагъэр иджыпсту зыми къыбжиIэфынукъым.
1927 гъэм щегъэжьауэ 1937 гъэ пщIондэ, и щхьэусыгъуэри мыгурыIуэгъуэу, таурыхъ гуащэр къагъэлъэгъуэну хуитакъым. 1950 гъэм Кремлым щагъэува къэралым и псей нэхъыщхьэм иращIэкI илъэсыщIэ махуэшхуэм и сценарийр зытхахэу Кассиль Леврэ Михалков Сергейрэ я фIыгъэкIэ Уэс Гуащэр цIыхухэм къахыхьэжащ.

Зыгъэпсэхугъуэ махуэ

1947 гъэ пщIондэ щIышылэм и 1-р Урысейм къызэрыгуэкI лэжьэгъуэ махуэу щыщытащ. А илъэсым щIышылэм и 23-м СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къыдигъэкIа унафэм тету махуэгъэпсым зэхъуэкIыныгъэ халъхьащ. Абы ипкъ иткIэ, 1948 гъэм и япэ махуэм къэралым и цIыхухэм загъэпсэхуну хуитыныгъэ яIэу илъэсыщIэм техьащ.

Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ илъэс къэс къызэрагъэпэщ езыхэм ящIа хьэпшыпхэм я жармыкIэ. Ахэр ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу ящэ, къыщIах ахъшэр зи узыншагъэр езыгъэфIэкIуэжын хуей цIыхухэм хузэхалъхьэ. Мы гъэми ахэр дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуащ зи ныбжьыр илъэс 21-рэ хъу хъыджэбзым. Сурэтым итщ режиссурэмкIэ къудамэм и студентхэм ягъэхьэзыра плIанэпэр, абыхэм яхэтщ я егъэджакIуэ Шэрджэс Мухьэмэд.

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: