Мэрем пшыхь

Нэхъыжьым жиIэм уемыдаIуэмэ…

Хъыбар

Зэхуэпэжрэ зэхуэгуапэу зэныбжьэгъуитI псэурт. Ахэр щIэх-щIэхыурэ зэкIэлъыкIуэрт, зэрыщIэрт. Зэманыр кIуэурэ зэныбжьэгъуитIым языр дунейм ехыжащ. Абы иужькIэ илъэсым щIигъуауэ, лIам и къуэр и адэм и ныбжьэгъур илъагъуну хьэщIапIэ кIуащ. ЛIым и ныбжьэгъум и къуэр иригъэблагъэри игъэхьэщIащ. Абыхэм яку дэлъа зэныбжьэгъугъэ быдэм и гугъу хуищIыжащ, я хъыбархэм ящыщи хуиIуэтэжу зэбгъэдэсащ.
Бысымым я гъунэгъум хьэгъуэлIыгъуэ яIэти, лIыкIуэ къыхуагъакIуэ, лIыр хьэщIэхэм хагъэсыну ираджэу. Езым хьэщIэ зэриIэр щхьэусыгъуэ щищIым, ари здишэу хьэгъуэлIыгъуэм хигъэтыну къелъэIуащ. Апхуэдэу щыхъум, лIым щIалэщIэр ­игъэтIысри иущиящ:
- ДыздэкIуэм «хьэщIэ щIалэ щыIэкъым», жаIэнурэ жьантIэм удагъэтIысхьэнущи, хэт къыщIыхьэми уздагъэтIыса шэнтыр умыхъуэж. Ефэ-ешхэм и кIэухым деж щхьэ щIэлъэныкъуэр къытрагъэувэнущ. Абы сэ и гъусэу къахь хабзэщ, ауэ ар щыбгъурымылъи къохъури: «Хэт сэ иIыгъ?» - жаIэу щIэупщIэмэ, уи сэр къипхыу зыми иумыт.
ЩIалэщIэр а псоми гупсэхуу едэIуа щхьэкIэ, зыри игъэзэщIакъым. Зыгуэр къыщIыхьэху къыщылъэтрэ игъэтIысурэ жыхафэгум къэсат щIалэр. Iэнэр и кIэм щынэсым щхьэ щIэлъэныкъуэм сэ бгъурымылъу къахь, щхьэр зыкъутэну зыхуагъэфэщам: «Хэт сэ иIыгъ?» - жиIэу зэрыщIэупщIэу, щIалэм и сэ гъэщIэрэщIар кърехри, ирет. Щхьэр зыкъутэр сэм ехъуэпсати: «Мыр сомищ и гъусэу сфIадыгъуауэ щытащ. Сыту фIыуэ укъысIэрыхьэжа иджы», - жиIэри щIалэм зыкъридзащ. ХьэщIэр зейр япоуври, абы лей къызэрытримыгъэхьэнур яжреIэ.
- Ар уи унэ пшэжмэ, суд тетщIэху бгъэIущынущ, - жаIэри къратыжын ядэркъым.
Зы псалъи жримыIэну къегъэгугъэри, и хьэщIэр и унэ къешэж. Ар зы пэшым щIегъэтIысхьэ. Щхьэгъубжэ зыхэлъ блыныр я зэхуакуу, езыр нэгъуэщI пэшым щIотIысхьэж. Блыным и щхьэгъубжэмкIэ плъэмэ, щIалэм елъагъу: «НыбжызоIэ си пыIэ, зэхэщIыкI си хьэщIэ, - жиIэурэ лIым и пыIэр игъэтIылъауэ мэпсалъэ. - А сэр зейуэ жызыIа лIыр сэри куэд щIауэ къэслъыхъуэрт. НыбжызоIэ си пыIэ, зэхэщIыкI си хьэщIэ, а сэр зейр си адэр зыIэщIэукIаращ. Жэщ гуэрым си адэм зыгуэр къеджэри щIишащ. Ар къыщIэмыхьэжурэ нэху щащ. СыдэкIрэ сыплъэмэ, си адэм и гущхьэм мы сэр хэлъу къэзгъуэтыжащ. Абы лъандэрэ мы сэр згъэлъагъуэу къыздызохьэкI, иджы сэр зейр къэзгъуэтащ. Си адэр зыIэщIэкIуэдам хуэфащэ унафэ зыхуэщIынур хьэкумыращ».
Нэху мэщри, ахэр хьэкумым макIуэ я Iуэхур зэхагъэкIыну. ХьэкумыщIыр щIалэм къебзэджэкIыну мурад зыщIа лIым йоупщI:
- Мы сэр ууей хьэмэрэ дыкъэбгъапцIэрэ?
- А сэр сызэрейр шэч къызытумыхьэжынщ, - жи мыдрейми зигъэщIагъуэу.
ЩIалэм сэр къыздрихамкIэ щеупщIым, и адэм и ныбжьэгъум «пыIэм хуиIуэта хъыбарыр» жиIэжащ.
- АтIэ, а сэр ущейкIэ, щIалэм и адэр зыукIари уэращ, - жиIэщ хьэкумыщIэми, пцIы зыупса лIым тезыр трилъхьащ.
Апхуэдэу и адэм и ныбжьэгъум и фIыгъэкIэ хейуэ суд пащхьэ къикIыжащ щIалэ хьэщIэр.

Бесчокъуэ Далым.
Хьэтуей къуажэ

 

Сабийхэм жаIэ

Ерагъмыгъуейуэ…

Ланэ цIыкIу анэшхуэм зыхуигъэгусауэ щысщ. Ар щIалэ дыдэщ, анэшхуэкIи уемыджэну.
- Сыношхыдащи, иджы фIыуэ сыкъэплъагъужыркъэ? – йоупщI анэшхуэр.
Ланэ, фIыуэ мэгупсысэри, жеIэ:
- Сэ ерагъмыгъуейуэщ фIыуэ узэрыслъагъур!
- АтIэ афIэкIа морожнэ къыпхуэсщэхунукъым.
- АтIэ, сэри псоми зэхахыу, «нанэкIэ» сыноджэнущ!

ДэIэпыкъуэгъу

Анэр щIоупщIэ:
- Данэ, удэIэпыкъуа нанэ къазхэр щигъэхъум?
- СыдэIэпыкъуащ.
- Дауэ?
- Сэ ахэр зэпымыууэ сыбжащ.

Сэри пенсэм сывгъакIуэ

Хьэзрэт цIыкIу и адэм йоупщI:
- Папэ, мо дадэр махуэ къэс щхьэ тетIысхьэпIэм тес?
- Ар пенсионерщ, лажьэми мылажьэми хъунущ.
- АтIэ, сэри садым сывмышэу, пенсэм сывгъакIуэ.

Мыр сыт?

ЩIалэ цIыкIум жеIэ:
- Папэ, ди егъэджакIуэм зэи шы илъэгъуауэ къыщIэкIынкъым.
- Сыт апхуэдэу къыщIыпщыхъур?
- Нобэ урокым сыщIэсу шы сурэт сщIати, абы еплъщ-еплъри, къызэупщIащ: «Мыр сыт?» - жиIэри.

Лыхь Людмилэ.

 

ГушыIэ

Сэ сыщыпсэуам щыгъуэ…

Хъуэжэ мэз щыIэу зы къудамэ ин джыдэкIэ къыпиупщIырт. А къыпиупщI къудамэм и щхьэкIэм езыр тест. АбыкIэ блэкI лIы гуэрым ар щилъагъум, Хъуэжэ жриIащ:
- Зиусхьэн, иджыпсту къыпыбупщI къудамэм уригъусэу жыгым укъехуэхынущ.
Узытес къудамэр къыщыпыбупщIкIэ укъехуэхынтэкъэ? Асыхьэтым къудамэри Хъуэжэи къехуэхри щIым къытехуащ. Хъуэжэ тIэкIу зыкъищIэжа иужькIэ: «Сыкъызэрехуэхынур къэзыщIа а лIыр сыту цIыху Iущ гуэр», - жиIэщ игукIи, абы кIэлъыщIэпхъуащ.
- Зиусхьэн, а къудамэм сыкъызэрехуэхынур къыщыпщIакIэ, сыщылIэнури уощIэри къызжыIэ, - зыхуигъэзащ абы Хъуэжэ.
«Мыр хьэлэболэ гуэрщ», - жиIэри зыщхьэщигъэкIын папщIэ, гушыIэу лIы гъуэгурыкIуэм аргуэру къыжриIащ:
- Уи шыдыр щэ кIиймэ, уэри улIэнущ.
Хъуэжэ и шыдым деж къекIуэлIэжащ.
Шыдыр зэ кIиящ.
- Алыхь-алыхь, ныкъуэлIэ сыхъуащ, - жиIэри Хъуэжэ етIысэхащ.
Шыдыр етIуанэу кIиящ.
- Алыхь-алыхь, иджы солIапэ, - жиIэри Хъуэжэ гъуэлъащ.
Шыдыр ещанэу кIиящ.
- Алыхь-алыхь, мис иджы сылIэпащ, - жиIэри Хъуэжэ гъуэлъащ.
Ар куэдрэ щылъа, мащIэрэ щылъа, пщыхьэщхьэ­хуегъэзэкI хъуауэ къуэмкIэ къызэрыдэхри, дыгъужьхэм шыдыр зэпкъраудащ.
- «Зи щхьэ щымыIэм и шыдыр хьэм ешх» жыхуаIэр аракъэ, сэ сыпсэужатэмэ, уи гугъу къащIынутэкъым а хьэхэм, - жиIэу Хъуэжэ зимыгъэхъейуэ щылът.
АбыкIэ блэкIрэ пэт ар къэзылъэгъуа гъуэгурыкIуитIыр гум къелъэри, дыгъужьхэр зэбграхужащ. Хъуэжэ гум къралъхьэри, къуажэм къашэжащ. КъакIуэурэ гъуэгу зэхэкIыпIэм къэсащ.
- Дэтхэнэ уэрамымкIэу пIэрэ хьэдэр здэшэжын хуейр? - жаIэу гъуэгурыкIуитIыр зэчэнджэщу щIадзащ.
ИужькIэ Хъуэжэ къэтIысри, и Iэпэр ишиящ:
- Сэ сыщыпсэуам щыгъуэ сызэрыкIуэжу щыта гъуэгур мыбыкIэт, - жиIэри.

КъардэнгъущI Зырамыку.

 

Хьэхэмрэ бажэмрэ

Псысэ

Елбэздыкъуэ жылэм и хьэблэхэм ящыщ зым зэгъунэгъуу щыпсэурт Хьэжбэчыррэ Iэубэчыррэ. Жылэр зэхъуапсэм хуэдэ унагъуэт ахэр: хабзэмрэ нэмысымрэ я жьэгу дэлъу, сыт и лъэныкъуэкIи хуэщIауэ псэурт. УнагъуитIми, зэпеуэ фIэкIа умыщIэну, джэдкъаз хъушэ зэрахуэрт. Махуэ къэс я абгъуэхэм джэдыкIэу матэ из кърахырт.
Зы пщэдджыжь гуэрым Хьэжбэчырхэ я хьэжь цIыкIу Бобик пщIэууэ унагъуэр къигъэушащ.
- Сыт къэхъуар, Бобик, щхьэ упщIэурэ? - щIэупщIащ унагъуэм я нэхъыжьыр.
- Дауэ сымыпщIэунрэ, - зигъэтхьэмыщкIафэу жэуап къет Бобик, - ныжэбэ фыкъысхуэмыгъэушурэ зы бажэжь, гъуэжьыфэ-плъыжьыфэ хъужауэ, и кIэ баринэ бэлацэр илъэфу къакIуэри, а уэ пщIэ адакъэ купраузыфэр сыкIэрыщIауэ сфIихьащ. Абы папщIэ сыт къызэфщIэми, къэзлэжьащ.
- Зы адакъэ бажэм ихьамэ, зытлIэжын-тIэ?! - жиIащ къыфIэмыIуэхущэу Хьэжбэчыр.
АрщхьэкIэ бажэр зы адакъэкIэ увыIэнт?! КъэкIуэрей хъуащ. Бобик пэмылъэщу унагъуэм джэдкъазымкIэ хэщIыныгъэшхуэ къахилъхьащ. Я гъунэгъу Iэубэчырхэ я джэдкъазым бажэр зэрыхэмыIэбэм Бобик и гукъеуэм къыхигъахъуэрт. ДауикI, абы къыгурыIуэрт ар зи фIыщIэр абы я мэлыхъуэхьэ Джеку зэрыщытыр. А Iуэхум Бобик гупсысэшхуэм хидзащ: «Сэри Джек хуэдэу сыпIащэу, сыкъарууфIэу щытамэ, си Iуэхут сэ бажэм зы джэд езгъэхьтэмэ. СыцIыкIущи, бажэм тегушхуэгъуафIэ сищIауэ аращ. Дауэ хъуми, мы Iуэм зы Iэмал гуэр къыхуэгупсысын хуейщ», - щызригъэзахуэрт абы и щхьэм. Сытми Бобик мурад ещI Джек къигъапцIэу абы я джэдкъазым бажэр ириутIыпщыну.
Хьэжь цIыкIум бажэр нэIуасэ къещIри, жреIэ:
- Ди джэдкъазым пшхы хъун хуэдэ къыхэбнэжакъым, ди гъунэгъум ейм узэрыхэIэбэн Iэмал сэ къыпхуэзгъуэтащ. Сэ Джек ди дежкIэ къесшэкIынщ, шхынкIэ къыдэсхьэхынщи, тезгъэхьэулеикIынщ, апщIондэхукIэ уэ абы я джэдкъазым ухэуэнщ.
Апхуэдэу бажэм Iэубэчырхэ я джэдкъазыр игъэкIуасэу щIедзэ. Ауэ куэдрэ Джек уедыгъуэфынт?! Iуэхур зытетыр мэлыхъухьэм къыщыгурыIуэм, лейр имыгъэгъуну гъунэгъум екIуэкIащ. ПщIантIэм къызэрыдыхьэу, абы Бобик зридзри, хьитIым зэзэуэн щIадзащ. Хьэжбэчыррэ Iэубэчыррэ къэхъуар къагурымыIуэу хьэхэр зэкIэрачыжащ.
Хьэзэрышхым фэбжьышхуэ хэзыхар Бобикт. ТхьэмыщкIафэ дыдэ хъуауэ ар щилъагъум, абы и деж Джек къекIуэкIащ. Бобик гъунэгъум зэрекъуэншэкIар ищIэжт, и щыуагъэр зэригъэзэкIуэжыным егупсысти, къыхуэкIуар щилъагъум щыгуфIыкIащ.
Абдежым Бобикрэ Джекрэ зэгурыIуащ лей къатезыгъэхьам хуамыгъэгъуну. Арати, бажэм и зи чэзу къэкIуэгъуэм, хьитIым «ялъ» ящIэжащ.

Пщыбий СулътIан.

 

Едзыгъуэхэр

***
ИгъащIэми сщIакъым зэхэгъэж:
Ухэт? - Сэ абы зыри тезмыщIыхь.
Гу къабзэ уиIэу уцIыху пэж? -
Узикъуэшщ: сыпсэуху сэ пхуэсщIынущ щIыхь!

***
Уо, гъащIэ, сыткIэ уигу къызэбгъа,
Дэнэ си щIалэгъуэр здэпхьар?
СлIожь, IэфIагъым гу щысхуауэ уи гугъа?
Сыт сигу лъащIэм жьыгъэр къыщIиплъхьар?

***
СощIэ, сэ нэхъ лIыфI Iэджи дунейм ехыжащ,
Ауэ здихьакъым хьэдрыхэ зыми мастэ.
ЗэтупIэм напIэр, фIыгъуэ псори къэнэжащ, -
Аращ цIыхухэм гуапагъэкIэ сэ сащIетэр.

***
Уи жагъуэгъу е къытепсыхакIэ,
УгуфIэу хыумытIэ ислъэмей.
Егупсысыжыт гу зэIухакIэ:
КъыпщыщIынур пщIэжрэ уэ пщэдей?

***
«Сылъэщщ!» - жыпIэу фадэм зумыпщыт,
УщIегъуэжынкъым - нэхъ пэIэщIэу щыт.
Армыракъэ - уищIынщ уэ ауан, -
ТекIуэфакъым абы зы пелуан.

***
Уи щIыхь бгъэлъагэну угугъэу,
Си къуэш, зэи жьантIэм уафIемыкъу.
СолъэIу, зыхэгъэлъ мыр Iущыгъэу:
Пхуэфащэми, тIэкIу зэгъэныкъуэкъу.

***
Уо, си гъащIэ, сэ зыкъысфIэщIыжмэ,
Сыкъыжьдэкъуэ, гущIэгъуншэу уэ сыужьыгу!
Си щыуагъэр уэ зыхэзбгъэщIэжмэ,
СыпсэухукIэ IэфIу пхуилъынщ сигу.

***
Псоми дзы яфIэпщу къоджэдыхьри,
Уи щхьэ нэхъ лъагэу уи гугъэжщ.
Сигу ныпщIогъур пщIэншэу гугъу зогъэхьри,
КхъыIэ, хъунум, гъуджэм зэ иплъэж!

***
Уо, хъыджэбз щагуэшым щыгъуэ дахагъэр,
Уэрати нэхъ IыхьэфIыр зылъысар!..
Ауэ щытрагуэшэжым Iэдэбагъыр,
Дэнэ къуагъ, гущэт, уэ уздыкъуэсар?

Дудар Хьэутий.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ