Хэкупсэ нэс Бырмамыт Фэуаз

Ар 1925 гъэм Амман къалэм хыхьэ Мухьэджрин хьэблэм къы­щалъхуащ. Фэуаз и адэ Махьейр пащтыхь гвардием илъэс 15-кIэ пщIэрэ щхьэрэ иIэу къулыкъу щищIащ. Къэзылъхуам ижь къы­щIи­хуагъэнщ къуэми. 1942 гъэм Фэуаз дзэм хохьэ. СССР-р зауэ бзаджэм щыIут зэманым ЩIыкурытыхымкIэ (Средиземнэ тенджыз) Америкэм кърашу Палестинэм, Трансиорданием, Иракым, Ираным блаш Iэщэр, гуэдзыр, хьэпшыпхэр зыхъума гупым яхэтащ Бырмэмытыр. Инджылыз генерал Глоб жиIэрт: «Фэуаз зыIут IэнатIэмкIэ зэи сигу ныкъуэкъым - ар офицер жанщ, емызэшщ, лIыгъэ зыхэлъщ».

Илъэс 21-кIэ дзэзешэу щытащ Бырмэмытыр. 1949 гъэм Инджылызым абы къыщеух офицерхэм я дерс лъагэхэр, 1953 гъэм - Генерал штабым и академиер.
Батальоным и унафэщIу Фэуаз япэ хьэрып-журт зауэм (1948) хэтащ. Зэрихьа лIыгъэр къалъытэри, орден къратащ. Дзэзешэу ар дэсащ Хъалил, Къудус (Иерусалим), Наблус къалэхэм. ИтIанэ (1958) Бырмэмытыр ЗыхъумэжынымкIэ министерствэм яшэ, зы илъэс нэхъ дэмыкIыуи генерал-майор мэхъу. Апхуэдэ дзэ нагъыщэ лъагэ Иор­данием ис адыгэхэм щыщу япэ дыдэу зыхуагъэфэщар Фэуазщ.
1961 - 1963 гъэхэм Бырмэмытыр Генштабым и унафэщIщ. ИужькIэ пащтыхь Хъусен бен-ТIалал ар дипломат IэнатIэм Iуегъэувэ, зэрыгъэсар, бзэ IэфI зэрыIурылъыр, и зэ­фIэкIыр къелъытэри. Зы илъэс­кIэ Фэуаз лIыкIуэу Тайвань (Китай хытIыгум) щолажьэ. 1964 гъэм и кIэм абы Иорданием и лIыкIуэ тхылъ­хэр IэщIелъхьэ Иракым и ­президент Абдел-Салам Ареф. Мазэ пщыкIуз дэкIа нэужь, Бырмэ­мытыр лIыкIуэу ягъакIуэ Тырку ­Республикэм икIи абы илъэсищкIэ щолажьэ.
1968 - 1969 гъэхэм Фэуаз Хамэ къэ­рал IуэхухэмкIэ министерствэм и секретарь нэхъыщхьэщ. Дипломат лэжьыгъэр зэриутIыпщыжу ар пенсэ макIуэ.
Бырмэмытыр плIэнейрэ Амман дэт Адыгэ фIыщIэ хасэм и тхьэма­дэу щытащ. Хэхэсхэм Кавказым и Iэ­фIа­гъыр егъэщIэнымкIэ, ди зэпы­щIэныгъэхэр гъэбыдэнымкIэ жэщ-махуэ имыIэу куэд ищIащ. Дунейм ехыжыху Фэуаз лэжьащ «Леджна аш-шария» фIыщIэ хасэм и уна­фэщIу.
Бырмэмытыр махуэ къэс цIыху­хэм сэбэп яхуэхъурт. Нэхъыбэу абы и нэIэ зытетыр адыгэхэрат.
Фэуаз и унэр музейм ещхьт. Блынджабэхэм фIэлъ сурэтхэм уеплъ­мэ, а лIым дуней зэрилъэ­гъуар, батэ зэригъэшар псалъэн­шэу къыбгурыIуэрт. Зы сурэтым абы Ираным и шахиншах Мухьэ­мэд Реза Пехлеви фIэхъус къырех, адрейм Гамал Абдел Насер бгъэ­дэтщ, ещанэм Тыркум и президент Джевдет Сунай IэплIэ хуещI, еп­лIанэм Кением и унафэщI Ахь­мэд Секу Туре и гъусэу Амман и уэ­рамхэм ящыщ зым дэтщ, етхуанэм  Чан Кайши лIыкIуэ тхылъыр ирет… «Бырмэмытыр здэщымыIарэ  имы­лъэгъуарэ щыIэкъым», - жыпIэмэ, ущымыуэну си гугъэщ.
Абдж тегъэлъэдэжауэ блынджабэ щхьэхуэм фIэлъщ Фэуаз лIы­хъужьыгъэ зэрихьамрэ лэжьыгъэ игъэзэщIамрэ папщIэ кърата орденхэр, медалхэр, сэшхуэхэр. Ахэр плIыщIым щIегъу. ТIощIыр - Иорданием ейщ, плIыр - Инджылызым, тIур - Китайм, Бырмэмытым къы­хуагъэфэщащ Сирие, Малайзие, Тунис, Алыдж, Мысыр, Ливие, Саудей Хьэрыпым, Катарым, Йеменым, н. я дамыгъэхэр.
Дэрэжэгъуэ, гукъыдэж дахэ Фэ­уаз къезытт абы и щхьэгъусэ, тырку генерал Къундыхъу Мусэ и къуэ­рылъху Расмийе, а тIум я бынхэу Ланэ, Линэ, Динэ, Алий, Алия сымэ, я пхъурылъху-къуэрылъху цIыкIу­хэри яхэтыжу.

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ