Онегин Евгений

Етхуанэ Iыхьэ

ПщIыхь шынагъуэ ухуэмей,
Уэ, сэ си Светланэ!
Жуковский

                         I

Имыухыжу, бжьыхьэ кIыхьу
А гъэр щытащ, къемысу уэс,
ЩIымахуэр щхьэхыурэ, къимыхьэу,
Дежьащ щIышылэ мазэм нэс;
МахуитI блэкIа хъунщ, жэщ ещанэр,
Къэушри, къилъагъуащ Татьянэ
Пщэдджыжьым жьыуэ уэс Iэужь:
Унащхьэ, хадэ, пщIантIэ хужь,
Щхьэгъубжэ абджхэм тхыпхъэщIыпхъэ
ТрищIауэ; жыгхэм тетт дыжьын;
Сыт плъагъуми, хужьу щыгът щыгъын,
Къалъыхъуэрт къанжэхэм Iусыпхъэ;
ЩIымахуэ алэрыбгъур шэхут,
Къэлыдырт псори, дэникI нэхут.

                        II

ЩIымахуэщ!.. МэкъумэшыщIэр гуфIэу,
И Iэжьэм хешыр япэ гъуэгу;
Иш цIыкIум уэс къесар фIэмыфIу,
Лъэхъуджэ ещI, къыпфIэщIу джэгу;
Шы хъыжьэхэм, я шхуэIу зэпатхъыу,
Гуимэр яхь, уэс щабэр ятхъуу;
Шыгухур гущхьэм хуэIэжьужьщ,
Джэдыгум щIэлъ бгырыпхыр плыжьщ.
Мес унэIутым и къуэ цIыкIум
Къежыхь къызыфIигъэщIу шыр,
Зэрыджэгу Iэжьэм тесщ хьэвшыр,
Диящ и Iэпэр, хуабэм мыкIуэу,
Дыхьэшху, узми, мыплъэ зещI
ЩхьэгъубжэмкIэ: Iэ анэм къещI.

                     III

Иныкъуэм деж тлъагъуа зэдгъэпсыр,
Фыдимыхьэхыу, дэ тфIокIуэд,
Ттхыжам къызэрыгуэкI щIыуэпсыр,
Хэдмылъхьэ, дгъэщIэращIэу, куэд.
Тхьэм къыдиIэту дэрэжэгъуэр,
НэгъуэщI усакIуэм фIэфIщ нэхъ дэгъуэу
Дигъэлъагъуну къесым уэс,
И гъусэм фIыгъуэ, фIыгъуэ къэс;
Фыдихьэхынщ, си фIэщ ар мэхъур,
Абы и усэ зэщIэплъам,
Щисам ар Iэжьэм, и гъусам;
Семыныкъуэкъу, нэхъыфIщ сывдэхъум,
АбыикI, уэрикI, си ныбжьэгъу,
Фин пщащэ дахэм и дэрэгъу.

                       IV

Татьянэ (псэкIэ урыс дыдэу,
Езым имыщIэу, сытым щхьа)
Адрей лъэхъэнэхэм хуэмыдэу,
ЩIымахуэр фIэфIт игъэищхьэн:
Пэлыду дыгъэм пщэдджыжь сытхъур,
Уэс хужьыр, лъатэу Iэжьэм итхъур,
ПшэкIэплъым зыдзыр плъыжьу нур,
Жэщ щIыIэм мазэм игъэцIур.
Чристэн махуэшхуэм ипэ жэщхэм,
Зэтеувауэ, ар хабзэжьт,
Куэзыр ядзт, жаIэурэ псэлъэжь,
Iэлъыным, гъуджэм еплът, яфIэщхэу,
Хъыджэбзхэр. Къилъагъуну хэтт
Дэтхэнэми: зышэнур хэт?

                      V

И фIэщт Татьяна хъыбарыжьыр,
ИIуэтэжар цIыху пасэрейм:
Куэзырым, пщIыхьым къикI гъуэгу жыжьэр,
Жэщ мазэм щищIэр мы дунейм.
Гузавэрт, къилъагъуам нэщэнэ,
Щэху гуэр кIэрилъхьэрт нэм къыфIэнэм,
Абы къыжриIэу фIэщIт зыгуэр,
Гум къыфIэщIам къикъузырт бгъэр.
Джэду гъэфIа пэшхьэкум тесым,
Гъурнауэу, нэкIур илъэщIам,
КъригъэкIырт а джэдум ищIам
КъахуэкIуэу хьэщIэ. Е къыщепсым
МазэщIэ къихьэм и бжьакъуитI
СэмэгумкIэ, ар хъурт гуитIщхьитI,

                    VI

КIэзызу занщIэу, фагъуэ защIэу.
Е къилъагъуамэ вагъуэиж,
ЩызэкIэщIэпхъыу уафэ лъащIэм,
ЩехуэхкIэ кIыфIым - мыхъеижт,
Псэр пIащIэрт вагъуэр мыкIуэдыжу
Мураду игу пIейтейм къэкIыжыр
Абы жриIэн, зэман иIэху.
Хуэзамэ къулъшырыф цIыху щэху,
Къэшынэрт, къыщыщIар имыщIэу,
Сыт ар, тхьэкIумэкIыхь къудей
Зэпрыжым гъуэгу здрикIуэм дей,
ЖыпIэнт а тIэкIум игъэхыщIэу:
Къэхъуну зы Iей гуэр къыфIэщIт
Татьянэ, зэуэ и гур хэщIт.

                     VII

Сыт, щэхуу узыIэпызышэ                            
Шынагъуэм хэту къыщIэкIынщ:
Дызэрагъафэрэ быдзышэ
Дыхуейт дэ ар зэхэдгъэкIын.      
Махуэшхуэ къэсым хэт гуфIэгъуэу,
Пхъэидзэ ещIыр зи щIалэгъуэм,
Щымысхьым иIэм махуэ къэс,
ЗифIэщым гугъэр здэплъэм нэс,
ХузэIухауэ къежьэу гъащIэр.
Хьэзыр хуащIами и пхъэмбейр,
Iэгу иплъэу, къебжыр жьым зыхуейр,
ПсэухукIэ фIэкIуэдар фIэмащIэу;
Сабий мэхъужри, фIэмыкIуэд
И гугъэр, хуейщ иIэну куэд.

                      VIII

Татьянэ йоплъ фIэгъэщIэгъуэну,
Псым зэрыхакIэм шэху гъэткIуар,
Телъыджэ гуэр къыхилъэгъуэну,
Къыдэсеижым псым хэткIуар;  
Къытрехьэ псыщхьэм тхыпхъэщIыпхъэ,
Болъагъу, къикIа хуэдэу зы къупхъэм:
Шэху Iэлъын цIыкIухэр къыдокIуейр,
Хъыджэбзхэм къраш уэрэд нэщхъейр:
«Абы я цIыхухъу цIыкIухэр бейхэщ,
ЗэщIатхъуэ хьэнцэкIэ дыжьын,
Дызыхуэусэм къилэжьынщ
Мылъку куэд, щIыхь лъагэ!». Ауэ хуейхэщ,
ЩIыхь щхьэкIэ мыкIуэдын псэлъыхъу,
Псэуху къедэхэщIэн цIыхухъу.

                        IX

Щэхущ жэщыр, уаещ, уафэр бзыгъэщ,
Нэхугъэхэм я уджхъурейщ:
ЗэгуроIуэф, ямыIэу бжыгъэ…
Татьянэ щыгъыр зы бостейщ,
КъыщIокI, тримылъхьэу зырикI. Мазэм,
ЗэрыжаIам хуэдэу, хуегъазэр
И гъуджэр: мазэр сысу къощ,
Нэщхъейуэ къеплъу ар къыфIощI…
Зэт.., уэсыр щкъыщкъыу, зыгуэр блокIыр,
КъещIэжыр: «блэкIым уэ еупщI,
Къыплъыхъум и цIэр пщIынум IупщI»;
Бгъэдэлъэдэну хузэфIокIыр,
ЙоупщIыр щабэу: уи цIэр сыт?
«Сы Агафонщ сэ» - къоплъри щытщ.

                     X

Фызыжь зыпIам ар и чэнджэщу,
Хьэмэмым Iэнэ ягъэуващ,  
Гъуджэ иплъэну щэхуу жэщым,
Татьянэ тепщэчитI хуахьащ;
Сыт щхьами, шынэжащ Татьянэ,
Сигу сэри къэкIыжащ Светланэ,
Сошынэ сэри, сыт тIэ тщIэн,
Къэхъунур дэ къытхуэмыщIэн.
Шылэ бгырыпх зызыгъэщIагъуэр
КъиутIыпщри, Таня зитIэщIащ,
Гъуэлъыжри и пIэм, щым зищIащ,
ЩIэлъщ гъуджэ цIыкIур щхьэнтэ щIагъым;
Татьянэ Iурихащ, мэжей,
Лель къыщхьэщытщ пIэщхьагъым дей.

                          XI

Елъагъу Татьянэ пщIыхь телъыджэ:
Ар щыIэ хуэдэу мэзым, хуейм,
ЗдрикIуэр уэсу, лъэгу мылыджэу,
Изакъуэу хэту жэщ нэщхъейм;
Уэс зэтрихьахэм деж, здэкъуащхьэм  
Зэхехыр макъ, къыкъуокI и пащхьэм
Къэкъуалъэу, фIыцIэу псыежэх,
Пхуэмыгъэщтын, мыинми, щIэх;
БжэгъуитI, мыл щтам зэригъэпцIауэ,
Мэсысри телъщи, ар лъэмыжщ,
Утехьэмэ  - псэ гъэкIуэдыжщ,
Сыт пщIэн, уехуэхым уцIэнтхъуауэ?
Шынагъуэу щытти зыхуэзар,
КъэувыIащ мыкIуэфу ар.

                  XII

ЗэрымыкIуэфым зэгуигъэпу,
Татьянэ псым хущIобжэ; сыт,
Къыхуэзышиифын и Iэпэр,
КъыдэIэпыкъуфын щымыт.
Гу лъетэр пщащэм асыхьэтым
Уэс зэтетхъуа зыкъэзыIэтым,
КъыхокI абы мыщэ иныжь,
Татьянэ - уэу! Модрейр - макъыжьщ,
Къеший, здэгъуахъуэм, мыщэ лъапэр,
Лъэбжьанэ кIыхьхэм псэр хауд,
Iэ цIыкIухэм лъапэр къаубыд,
Зэпрех псым мыщэм; фIыщIэгуапэ
ХуищIын мэшынэр, гъуэгу тохьэж,
Иужьым мыщэр итщ  - мыкIуэж!

                        XIII

Мэшынэр плъэну и щIыбагъкIэ,
Лъэбакъуэхэр нэхъ щIэхыу еч,
Къару имыIэми, ерагъкIэ;
Иужьым итми нэхъ зреч,
Iыхьшыхьу, мыщэм, нещIэ-къещIэу,
ГуищIыкI къудамэхэр къытещIэу,
Еху пщащэр. Уэсым дахэкIей
ЕщI мэзыр: ищхьэр уэздыгъейщ,
Нэхъ лъахъшэу мэкI пхъэхуейр,
пхъэщабэр,
Бзииху тIэщIам упхроплъыф,
Вагъуэбэ уафэр болъагъуф,  
Чыцэхэр телъым ирегъабэр;
Борэным зэтрихьа уэс Iув,
УздэкIуэм, дэнкIи къыппоув.

                 XIV

Татьянэ макIуэр мэзым щIэту,
Уэс щабэм хэтщ лъэгуажьэм нэс;
Зэм чыцэ куэд здызэбгъэдэтым
ЩыблэкIкIэ, банэ къылъоIэс,
КъофыщIэ, фIэщIу къебгъэрыкIуэу;
Зэм гуанэм фIонэри тхьэгъу цIыкIур,
ИутIыпщкъым, и тхьэкIумэм фIеч;
Зэм хонэр, уэсым вакъэр щеч;
IэщIоху IэлъэщIри, къищтэжыну
Мэшынэр, имыгъэзэжыф;
Щыгъыным и кIэр хъуакIэщ псыф,
МэукIытэр IэкIэ къиIэтыну;
ИIэжкъым афIэкIа къару,
Иужьым итщ мыщэжь еру.

                   XV

Ходжалэр уэсым, зэхимыщIэу,
КъеIэтри, мыщэм ехьыр ар,
Мэхащи, мэхъу иджы IурыщIэ,  
ФIыт псори зэримылъагъуар;
Иджы нэхъ псынщIэу гъуэгур якIур,
Къохутэр, жыгхэм я зэхуакур
Иубыду, пщыIэжь ин фейцей;
ЩызокIуэр мэзым жьы уейпсей;
Щхьэгъубжэ цIыкIум нэху къыдедзыр,
КъоIу пщыIэмкIэ зэщIэвэ макъ,
“Мыбдеж щопсэу сэ си къунакъ”-
Къопсалъэр мыщэр, бжэм зыщIедзэр,
Ар здыщIыхьар пэшитI зэпылъщ,
ПэIущIэм пщащэр щегъэтIылъ.

                    XVI

ЗыкъищIэжащ, зеплъыхь Татьянэ:
Дыхьэшх, кIий макъхэр къоIу сенэм;
Куэду къыфIощIыр зуур стэчану
Бжэм адэкIэ - илъагъукъым нэм;
Бгъуэтын, зэхэпхымкIэ, хэкIыпIэ?
Ар доплъыр бжэм и зэгуэзыпIэм,
Къилъагъур хэтми, мэгужьей,
Псэущхьэщ, зым нэхъ зыр нэхъ Iейщ:
Зым бжьакъуэ тетщ, езыр хьэ нэкIуу,
Адрейми адакъэщхьэ пытщ,
ФэрыщIу уд фызыжь къыщытщ,
КъыфIэщIу бжэн жьакIэшхуэр къекIуу,
ШыкIэшхуэ пытщ бзы цIыкIужьейм,
Джэдум фIэтщ и щхьэ къружьейм.

 

Пушкин Александр
Поделиться: