Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм псэущхьэхэр
щаIыгъ щIыпIэхэр къыщызэгъэпэщынымрэ абыхэм щыIэ псэущхьэхэм ехьэлIа мардэхэр гъэувынымрэ я IуэхукIэ
№49-ПП
2020 гъэм гъатхэпэм и 24-м                  Налшык къалэ

«Псэущхьэхэм жэуаплыныгъэ хэлъу яхущытынымрэ Урысей Федерацэм и хабзэубзыху акт хэхахэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ я IуэхукIэ» Федеральнэ закон №498-ФЗ-м, 2018 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м къащтам, и 7-нэ статьям и езанэ Iыхьэм и 1-нэ пунктым, псэущхьэхэр щаIыгъ щIыпIэхэр къызэгъэпэщынымрэ абыхэм щыIэ псэущхьэхэм ехьэлIа мардэхэр гъэувынымрэ къыщыгъэлъэгъуауэ Урысей Федерацэм и Правительствэм 2019 гъэм щэкIуэгъуэм и 23-м къыдигъэкIа унафэ №1504-м щыубзыхуа чэнджэщхэм тету, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Къэщтэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм псэущхьэхэр щаIыгъ щIыпIэхэр къыщызэгъэпэщынымрэ абыхэм щыIэ псэущхьэхэм ехьэлIа мардэхэр гъэувынымрэ теухуа Хабзэу мы унафэм щIыгъур.
2. Мы Унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыныр и пщэ илъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Говоров С. А.

 

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI МУСУКОВ Алий
Поделиться: