БэнакIуэхэм я кIыщ Арщыдан къыщызэригъэпэщат

Журналист IэнатIэм сызэрыпэрыувэрэ куэд мыщIауэ, 1987 гъэм, лэжьыгъэ IуэхукIэ Арщыдан сыкIуауэ нэрылъагъу сщыхъуат Хъанычэ Мухьэмэд а къуажэм пщIэ лъагэ зэрыщиIэр. Зи гуащIэдэкI хьэлэлымкIэ Совет Союз псом цIэрыIуэ щыхъуа адыгэ жылэжьым абы къыщызэригъэпэщат бэнакIуэ ахъырзэманхэм я кIыщ.

Арщыдандэсхэм Хъанычэ Мухьэмэд фIыуэ щIалъагъур щыбанэ алэрыбгъум къыщихьа текIуэныгъэ инхэм я закъуэтэкъым. Абы Iэмал хъарзынэ куэд дыдэрэ иIат къуажэр ибгынэу къалэ зэIузэпэщым Iэпхъуэну. АрщхьэкIэ щалъхуа щIыпIэр хуэбгынакъым икIи и сэбэп зэрихуэ зэпыту и гъащIэр ихьащ. Мухьэмэд и пщIэр къэралми апхуэдизу щылъагэти, и закъуэщ зыхузэфIэкIар «спортым и мастер» текIуахэм щыфIащ зэхьэзэхуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэм языхэзым къыщызэригъэпэщыну. 1991 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс зыбжанэкIэ апхуэдэ зэпеуэхэр Арщыдан щекIуэкIащ Социалист Лэжьыгъэм и лIыхъужьхэу Тэрчокъуэ Къамболэтрэ Iэрэмысэ Ахьмэдрэ я фэеплъу. Ди къэралышхуэм и щIыпIэ куэдым къикIыурэ бэнакIуэ лъэщхэр абы кърихьэлIэрт.
«Хъанычэ Мухьэмэд хуэдэхэращ Къэбэрдей-Балъкъэрым спортыр щызэтезыIыгъэр, - жиIэрт Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Уэлджыр Чермен. - Ахэр мыхъуатэмэ, щIэблэ узынши къэкIуэну дахи диIэнутэкъым».
Мухьэмэд езыр бэнакIуэ лъэщу щытащ, СССР-м спортымкIэ и мастерщ, зэхьэзэхуэ куэдми бжьыпэр щиубыдащ. 1961 гъэм къыщыщIэдзауэ 70 гъэхэм яку пщIондэ республикэ, щIыналъэ, урысейпсо, союзпсо зэпеуэхэм хэтащ. 1969 гъэм «Урожай» ДСО-м и гуп къыхэхам хагъэхьащ Совет Союзым и къуажэ спортсменхэм я чемпионатым зыкъыщигъэлъэгъуэн папщIэ. Абакан къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Хъанычэр екIуу утыку щитащ икIи и дзыхь къезыгъэзахэр игъэукIытакъым. Хэнейрэ алэрыбгъум ар къытехьати, сыт щыгъуи и хьэрхуэрэгъухэм ятекIуауэ икIыжащ. Иужь зэIущIэращ къыщыхагъэщIар - къыпикIуэтащ чемпионыгъэр зыIэрызыгъэхьам. Арати, домбеякъ медалыр IэщIэлъу щалъхуа жылэжьым игъэзэжащ.
НэгъуэщI ехъулIэныгъэ куэди иIащ Мухьэмэд, арщхьэкIэ и цIэр ину зыгъэIуар и гъэсэнхэращ.
«Тренер IэщIагъэм сыщыпэрыхьар 1973 гъэм щIышылэм (январым) и 11-ращ, - игу къигъэкIыжырт Хъанычэм. - Ди къуажэм щызэхэт Лениным и цIэр зезыхьэ колхоз цIэрыIуэм и тхьэмадэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Тэрчокъуэ Къамболэт щылажьэ пэшым сригъэблагъэри, къызэлъэIуащ Арщыдан спорт секцэ къыщызэзгъэпэщыну. Ар ирипIейтейрт и унафэм щIэт жылэм щIэблэр узыншэу, къарууфIэу къыщыхъунымкIэ лэжьыгъэр зэрыщытIасхъэм. Сэ ар згъэщIэхъуфакъым, езыми зэрылъэкIкIэ зыкъысщIигъэкъуэну сыкъигъэгугъащ».
Апхуэдэ щIыкIэкIэ Арщыдан къыщыунэхуащ бэнакIуэхэр щагъэхьэзыр секцэ. Абы ипэкIэ а къуажэм апхуэдэ щыIакъым икIи Хъанычэм къару куэд ирихьэлIэн хуей хъуащ Iуэхур зэтриублэн папщIэ. ЛIэщIыгъуэ плIанэкIэ ар лэжьащ. А зэман кIыхьым къриубыдэу абы щагъэхьэзыращ бэнэкIэ хуитымрэ лъэпкъ бэнэкIэмкIэ спортым и мастеру 20-м щIигъу. Мухьэмэд и гъэсэнхэм къахэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр къэралпсо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм щызыхъумахэр. Апхуэдэхэщ спортым и мастерхэу Сэбаншы Умарбий, УнэлIокъуэ Руслан, Хьэсанэ Арсен, Жыгун Сэфарбий, Арахъэ Арсен, Iэрэмысэ Заудин, Мэремкъул Аскэрбий, Бозий Жыраслъэн, Абрэдж Арсен сымэ. Хамэ щIыпIэхэм цIэрыIуэ щыхъуахэт Къэжэр Мартин, Iэрэмысэхэ Зауррэ Эдуардрэ, Хьэлышх Арсен, Къатинэ Къанщобий, Жыгун Анзор, Джэдгъэф Олег. Ахэр куэд мэхъу, дэтхэнэм и цIэр къипIуэн?!
Категорие нэхъыщхьэ зиIэ тренер Хъанычэ Мухьэмэд и жэрдэмкIэ илъэс щэщI ипэкIэ, 1990 гъэм и шыщхьэуIу мазэм, къуажэм къыщызэIуахащ ди республикэм зихуэдэ щымыIэ «Арщыдан» спорт клубыр. Абы зыщаужьащ бэнэкIэ хуитымрэ лъэпкъ бэнэкIэмкIэ къудамэхэм. Спорт клубым и тренер нэхъыщхьэт икIи и тхьэмадэт Хъанычэр. Арщыдандэс ныбжьыщIэ куэдым абы зыщагъэсащ. Апхуэдэхэм щапхъэ зытраххэм ящыщт Мухьэмэд и къуэхэу Уэлийрэ Иналрэ. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрми Кавказ Ищхъэрэми мызэ-мытIэу щытекIуащ, союзпсо зэхьэзэхуэхэм бжьыпэр щаубыдащ. 80 гъэхэм щеджа Ленинград (иджы Санкт-Петербург) и щIалэгъуалэ чемпионатым пашэныгъэр къыщыхьащ, иужькIэ балигъхэм яхэту «ищхъэрэ къалащхьэм» и кубокыр зыIэрагъэхьащ. ЗэтIолъхуэныкъуэ щIалитIри гъащIэм щызэдогъуэгурыкIуэ икIи дэтхэнэми «спортым и мастер» цIэ лъапIэр зэрехьэ.
Еджэныр къаухыу къагъэзэжа иужькIэ Уэлийрэ Иналрэ я адэм лъэщу къуэуващ. Абыхэми щIэблэр бэнэкIэ хуитымрэ лъэпкъ бэнэкIэмрэ хуагъасэ хъуащ. Ахэращ зыкъомкIэ зи фIыгъэр 90 гъэхэм и пэщIэдзэм арщыдандэс спортсменхэм я цIэр къэралми дунейми фIыкIэ зэрыщыIуар. Къапщтэмэ, килограмм 65-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж къэралым щынэхъыфIу къалъытэрт Къэжэр Мартин. И ныбжьыр илъэс пщыкIубгъу щыхъуам ирихьэлIэу ар щытекIуат республикэпсо, урысейпсо зэхьэзэхуэ инхэм.
1992 гъэм Жыгун Анзор Урысей Федерацэм и вице-чемпион кадетхэм (илъэс пщыкIух иримыкIуахэм) я деж щыхъуащ. Ар къэралым и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам хагъэхьэри, а илъэс дыдэм дунейпсо чемпионатым ягъэкIуащ. Тыркум и Истамбыл къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм килограмм 47-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм арщыдандэсыр пэщIэдзэ зэIущIитIым щытекIуащ. АрщхьэкIэ иужькIэ пэлъэщакъым Америкэм и Штат Зэгуэтхэмрэ Германиемрэ къикIа бэнакIуэхэм. Арати, еханэ увыпIэр иубыдауэ дунейпсо чемпионатым къикIыжащ. ИужькIэ хагъэхьащ Урысей Федерацэм и щIалэгъуалэ командэ къыхэхам.
КуэдкIэ ущыгугъ хъунут «Арщыдан» спорт клубым и гъэсэн Къакъий Тимури. БэнэкIэ хуитымкIэ килограмм 43-м нэс зи хьэлъагъхэм я республикэпсо, щIыналъэ зэхьэзэхуэхэм ар щытекIуащ. 1995 гъэм екIуэкIа Урысей Федерацэм и чемпионатым Тимур зэIущIитхум щынэхъыфIащ. АрщхьэкIэ, зэ закъуэ къызэрыхагъэщIам и зэранкIэ, абы къыщылъысар домбеякъ медалращ. А зэхьэзэхуэм кърикIуам ипкъ иткIэ Къакъийр къэралым и ныбжьыщIэ командэ къыхэхам хагъэхьат.
НэгъуэщI ехъулIэныгъэ куэди зыIэрагъэхьащ Хъанычэ Мухьэмэд и гъэсэнхэмрэ абыхэм ягъэсэжахэмрэ. Нэхъыбэжи яхузэфIэкIынут дуней псом фIэлIыкI ин щызиIэ Совет Союз абрагъуэр щызэхэщэщэжу Урысей Федерацэ къэралыгъуэщIэм и зэфIэувэныгъэм я лэжьыгъэ мытыншыр иримыхьэлIатэмэ. А лъэхъэнэм псори щхьэрылажьэ хъуати, нэхъыбэу зэгупсысыр зэман хьэлъэм зэрыхэпсэукIынырт, я унагъуэхэр шхынрэ щыгъынкIэ къызэрызэрагъэпэщынырт. Адрейхэр иужькIэт. Иужьхэм яхыхьащ спортри. Иджы абы зиужьыжу щIидзэжа хуэдэт, арщхьэкIэ дуней псор зыгулэз коронавирус уз зэрыцIалэм, аргуэрыжьти, Iуэхур къелъахъэ, зыгъэсэныгъэхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ къызэпиудауэ.
ГъащIэм куэд щыхузэфIэкIащ Хъанычэ Мухьэмэд. Ар псэ хьэлэл зыхэлъ, зи IэщIагъэм зи гур ета лэжьакIуэ емызэшыжт. Псом ящхьэрати, дэтхэнэ цIыхуми бгъэдыхьэкIэ тэмэм къыхуигъуэтыфырт, фIыуэ зыкъригъэлъагъуфырт. Абы и дежкIэ Iуэху къызэрыгуэкI щыIэтэкъым – дэтхэнэ цIыкIуфэкIуми мыхьэнэ иIэт. ИщIэрт ехъулIэныгъэр напIэзыпIэм къызэрымыкIуэр. Абы зэман кIыхькIэ, уеблэмэ илъэс бжыгъэкIэ, махуэ къэскIэ телэжьэн зэрыхуейр къыгурыIуэрт. А гупсысэр и гъэсэнхэми яхилъхьэфырт, фIэщхъуныгъэм дэщIыгъуу. Арат къызыхуриджэр бэнакIуэ ныбжьыщIэхэри и бынхэри.
Унагъуэ насыпыфIи иIащ абы. И щхьэгъусэм дэщIыгъуу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдапIащ мы тхыгъэм зи гугъу щытщIа бэнакIуэ цIэрыIуэ хъуа зэтIолъхуэныкъуэхэу Иналрэ Уэлийрэ къищынэмыщIа, ипхъухэу Маргаритэ, Лидэ, Эльвирэ сымэ. Дэтхэнэми хуэфэщэн увыпIэ дахэ гъащIэм щригъэгъуэтащ.
Хъанычэ Мухьэмэд и дуней тетыкIамрэ и лэжьыгъэфIымрэ нобэми Арщыдан жылэжьым гуапэу ягу къыщагъэкIыж. ГъащIэм и гъуэгуанэ дахэм, я Iэпкълъэпкъыр уардэрэ гъэсэныгъэ екIу яIэу абы хигъэхьар зы цIыхукъым икIи цIыхуитIкъым. Ахэр щэ бжыгъэхэм нос икIи дэтхэнэ зыри псэкIэ къыхуэарэзыщ.  


Тренер цIэрыIуэр яхэтщ Социалист Лэжьыгъэм и лIыхъужьхэу Тэрчокъуэ Къамболэтрэ Iэрэмысэ Ахьмэдрэ я фэеплъ зэхьэзэхуэм щытекIуахэм. ИжьырабгъумкIэ къыбгъурытыр и къуэ Хъанычэ Уэлийщ, япэ сатырым грамотэ иIыгъыу щысыр Иналщ.


И гъэсэнхэм ядэщIыгъуу.

ЖЫЛАСЭ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: