Эдилс-Эхнатон - адыгэ лъэпкъым и лIыкIуэ

Груссельберг нэмыцэ къалэм къыщыдэкI «Шагъдий» журналым и жинтыр.

Нэмыцэ  журналым  етх

2013 гъэм Германием, Нюрнберг къалэм шы лъэп­къыфIхэр щыщагъэлъэгъуам, Краузер Штеффи тесу адрейхэм къыхагъэщхьэхукIа адыгэшым и цIэр Эдилс-Эхнатонщ. Интернет сайт щхьэхуэ зыхухаха а шым и хъыбарыр къеIуатэ Груссельберг къалэм «Шагъдий» журналыр къыщыдэзыгъэкI, «Адыгэшыр фIыуэ зы­лъагъухэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм» и унафэщI Кнол ­Тобиас.

Шэрджэсымрэ шымрэ зэпэжыжьэ зыщIар

Адыгэхэм я дежкIэ шыр ныбжьэгъу пэжрэ дэIэпыкъуэгъу жану къекIуэкIащ лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ. Куэд щызэдашэчащ икIи щызэдагъэунэхуащ адыгэшымрэ адыгэлIымрэ тхыдэм и кIыхьагъ­кIэ - зауэ зэманми мамыр гъащIэми. Ауэ  зи лъэпкъыр зыхъумэжыну хущIэкъу нобэрей адыгэр глобализацэм зригъэува  щытыкIэ гугъу дыдэм нэхъ махэ ищIащ шымрэ лIымрэ ­игъащIэ лъандэрэ яIа зэпыщIэныгъэр. Лъэпкъым и щэнхабзэ лъагэм и ­уасэр уеблэмэ езым и щIалэгъуалэм ялъигъэIэсыфыркъым, ­хамэр къэнауэ. Абы и зы щапхъэщ адыгэлIымрэ шымрэ  зэпэжыжьэ зэрыхъуари.

Удзыфэмрэ дыщафэмрэ

ИтIани адыгэм иIэщ дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуфын ныбжьэгъуфI, къызыхэкIа лъэпкъым лIыкIуэ хуэхъуу, и хэкур дуней псом къыщригъэцIыхуфыну. Германием зи гъуэгур щызэIуха адыгэшым Iэмал егъуэт къызыхэкIа лъэпкъым и дахагъымрэ и щэнхабзэ куумрэ, абы къыдэкIуэу ар иджыпсту зыхэт гугъуехь­хэмрэ къыпэщылъ къалэнхэмрэ утыку кърихьэну. Къеплъым игу къимынэжынкIэ Iэмал иIэкъым адыгэшым и гъусэу утыку къра­хьэ лъэпкъ ныпри. Удзыфэмрэ дыщафэмрэ щызэхэлъ адыгэ бэракъым псоми хъыбар ярегъащIэ: «Мис, мы тлъагъур адыгэ лъэпкъым и шы телъыджэхэм язщ!»   

Фирхьэуным ещхьу бжьыфIэ

Эхнатон дунейм къыщытехьар 2008 гъэрщ. Абы и адэр 1993 гъэм Европэм щекIуэкIа шы зэхэдзым уасэшхуэ зыщыхуагъэува Эзоп-Эдилщ. И анэ Темсэ Урысейм кърашащ. ШыщIэр дунейм къызэрытехьар зылъэгъуахэм занщIэу гу лъатат абы узыIэпызышэ теплъэрэ къызэрымыкIуэ шыгъэрэ зэрыхэлъми, фIы куэдкIэ ущыгугъ зэрыхъунуми, хьэл дахэ къызэрып­хуегъэщтэнуми. Ма­зих фIэкIа щымыхъум Эхнатон и адэр ­къицIыхужырт. 2012 гъэм IэщIагъэлIхэм Эхнатон драгъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ ар зэрыщыгугъам хуэ­дэу къызэрыщIэкIар, кIэлъып­лъакIуэ нэхъыщхьэу щыта Хак Берндт жиIащ ар къэбэрдей           шы лъэпкъыр ирибгъэбэгъуэн папщIэ, псори зыбгъэдэлъ шы ­къабзэу зэрыщытыр. Шы­хъуэхэр кIэлъыплъащ Эхнатон и хьэлым зэрызихъуэж щIыкIэм, ар зэрыхуэ щIыпIэмрэ гъусэ хуэхъухэмрэ елъытауэ. Абы иужькIэ Берндт шыр хуигъэлъэгъуащ езым и нэ­Iуасэу щыт бзылъхугъэ шурышэс Краузер Штеффи. Пщащэмрэ Эхнатонрэ я хьэлыр занщIэу зэтехуащ. Шым хуэарэзы зэпытт ар игъэсэну къызыIэрыхьа словак щIалэ Даниэли.
ЩIэупщIэ щыIэщ, сыт абы адыгэцIэ щIыфамыщар жаIэу. Ар шыхъуэ IэщIагъэм хабзэу къыщокIуэкI - хакIуэ зэадэзэкъуэхэм я цIэхэр къызэрыщIидзэ хьэрфыр зэтехуэн хуейщ. Эдилс-Эхнатон и адэм и цIэр Эзоп-Эдилти, и къуэм и цIэри хьэрф «э»-кIэ ­къригъэжьэн хуейт. Дэ къытщохъу Эхнатон цIэр мы хакIуэм екIупсу. «Фирхьэуным хуэдэу бжьыфIэщ», - жиIэгъат адыгэ гуэрым, абы япэу щыIуплъэм. Зыми емыщхь Эхнатон фирхьэуным и цIэр хэплъыхьу къыхухахам хуэдэщ, апхуэдизкIэ дахагъ хэIэтыкIа дыболъагъу мы шы къуданым и  зыIыгъыкIэ  гуакIуэми. Иджы  ар  и лъэпкъым  и  лIыкIуэу хэтщ  гъэлъэ­гъуэныгъэхэм,  зэпеуэхэм, махуэшхуэхэм.  
Эхнатон  игурэ и щхьэрэ зэтелъ  зэпытщ. Адрей шыхэм щаригъусэм дежи, абы хьэл зэтет къегъэлъагъуэ икIи, къэбэрдей нэсым хуэдэу, и  бжьыфIагъыр сыт щыгъуи нэрылъагъуу  зэрыщигъэтыным  хущIокъу.

 

Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм къэралыр хъу­мэнымкIэ и министр, шейх Му­хьэмэд ал-Мактум. Ар зытесыр адыгэшщ - Каро.

Иорданием и пащтыхьыкъуэ Алий  бен Хъусейн му­хьэжыр гъуэ­гуанэм триу­хуа и шузекIуэр.

ФРГ-м и Удзыфэхэм я партым щыпашэ, Европарламентым нэмыцэ лIыкIуэу хэт Оздемир (УнащIэ) Джем, адыгэш Алмаз и гъусэу.

Штеффи Краузеррэ Эхнатонрэ.

Поделиться: