«Си нэбгъузым щоджэгу уафэ нэзыр, Уафэ щIэншэр нэ кугъуэм щоджэгу»

«Удзыпэ тхьэлъэIу» фIищащ уса­кIуэ Къуныжь ХьэIишэт и тхыгъэ къы­хэщыпыкIахэр зэрыт тхылъым. Абы щызэхуэхьэса усэ­хэмрэ поэмищым-рэ гъуджэм хуэ­дэу къощ уса­кIуэм и псэр, сатыр къэс къыдоджыкI ар зэ­рынабдзэгуб­дзаплъэр.

ХъэтI щIэщыгъуэ зиIэ усакIуэм къегъэщI дуней гурыхь. Къуныжь ХьэIишэт и дэтхэнэ усэми дунеишхуэм и плIа­нэпэхэм къыдиха хъуаскIэ хэлъу къыпфIощI. Уафэри, щIылъэри, мэзри, псыежэхри, гъэм и теплъэгъуэхэри - псоми ятелъу уолъагъу усэбзэм и Iуданэ зэмыфэгъукIэ хэдыкIа тхыпхъэхэр. Сыт ар зытетхыхьыр? ЩIыуэпсым, адэ-анэм, лъагъуныгъэм, сабиигъуэм, жьыгъэм, усакIуэм и гъащIэм, жэщымрэ махуэмрэ, лъахэм, лъэпкъым, бзэм… Куэдым… куэдым. Усэ къэси «хьэл» гъэщIэгъуэн иретыф. Хэти нэжэгужэщ, хэти нэщхъейщ, хэти пIейтейщ, хэти сабырщ, хэти IэфIщ, хэти дыджщ, хэти сабиипсэ Iутщ, хэти щIалэгъуэм и нур тре­дзэ, хэти «дадэ къуапэщ». Псоми зэ­хуэ­дэу ящIэлъыр къабзагъэрщ. Аращ усэм псэ хэзылъхьэри щIэджыкIакIуэм и деж нэзыхьэс дамэ хуэхъури.
Дэнэ атIэ уздахьыр абы и усэхэм ятет дамэхэм? Яхэтщ уи куэбжэпэм махуэ псокIэ укъыIузыни, хамэщI узыхьи, адэжь лъапсэм ущызыгъэгупсыси, анэбгъэм сабий цIынэу ущIэзыгъэ­гъуэлъхьэжи, щIымахуэ хадэм лъапцIэу уизыши, гъэмахуэ уэшхым гуапэу ухэзыши. УпщIэ куэди лъэужьу къагъанэ усэхэм, щэху гуэрхэри къатIэщI. Усэ  къэс ди зэманым къозэгъ. ЦIыхур зэрып­салъэ бзэр зэрытелъыджэр, абы и къарур зэрыабрагъуэр къуеIуэкI Къу­ны­жьым. Усэхэм уоджэри, уи фIэщ мэхъу - адыгэбзэм иIэкъым гъунапкъэ. Абы къызэщIебгъэубыдэфынущ уа­фэм­рэ щIылъэмрэ я зэхуаку дэлъ хъу­гъуэфIыгъуэ псори, уеблэмэ нэхъыби.
УсакIуэр лъахэм щытетхыхькIэ, ар уардэу хеIэтыкI! Ар Къэбэрдейм зэрипхъум, Хэкум и хьэуар и Iэпкълъэпкъым зэры­хэгуэшам щегупсыскIэ, гуныкъуэгъуэу иIэу хъуар щхьэщокIуэтыж.
КIэутхыпщIу, схуэгузавэу
Тесщ бзу цIыкIур жызумейм.
Мэлъэлъэж гугъуехьхэр дафэу,
- ИIэщ си псэм Къэбэрдейр.

(«КIэутхыпщIу, схуэгузавэу»).
«Сыщалъхуа лъахэ» усэм абы уэзджынэу щегъэзу лъахэм и тхыдэм ­теухуа гупсысэр. ИтIанэ, нэгъуэщI щIыналъэ псоми йогупсысри, езыр щалъхуар зыми зэрыпимыщIынумкIэ, усэри щIегъэбыдэж:
Уи акъужь къабзэм, схуэгуэпэну,
Губгъуэ джэдгыным и мэр хэтщ.
Мы щIы хъурейм уэ пхуэзгъэдэну
НэгъуэщI зы лъахи щызмыгъуэт.

Дауи, усакIуэм и гурыгъузхэм хэтщ ­зэгуэр Хэкур зыбгынахэр. Абыхэм «я ­гуауэм егъэпIыщIэ», «я хьэлъэр хуэ­Iэ­тыркъым». Ауэ, ди тхыдэ гуузым и нэп­къы­жьэ зытелъ тенджыз ФIыцIэм щы­хэп­лъэкIэ, абы и толъкъунхэм зыкъаIэту щилъагъукIэ, йогупсыс:
Толъкъунхэр хуэдэщ хуарэм,
Зэдэжэу здожумарт -
Я лъащIэм щIэкIуэдахэм
Къару яIам къаIэт.

(«Тенджыз ФIы­цIэм и Iуфэм»).
Уэгури щIылъэри зэлъэщIэзыгъэIэс лъагъуныгъэ лирикэр усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм щыIупщIщ. Лирикэ лIы­хъужьыр гухэлъым хуэлейгъэгъущ, абы поплъэ, гурыщIэ жэуапыншэми игу ­иригъабгъэркъым - дэтхэнэ лъагъуныгъэри лъапIэщ абы и дежкIэ. Абы гурыщIэр егъафIэ псалъэ гуапэхэмкIэ. ФIыуэ илъагъум «гур Iэгум илъу хуехь», и лъагъуныгъэм и сурэтыр «псы къабзэ цIыкIум къощ», «Iущхьэ плъыжьхэм ­хуаус уэрэд гум имыхуж». Дунейр щIэ­ращIэщ, бзухэм уэрэд жаIэ, лэгъупы­къур мэгуфIэ, уеблэмэ уэшх къыщешхкIи ­дыгъэ бзийхэр тепыIэркъым. А псом и щхьэусыгъуэр лирикэ лIыхъужьыр телъыджэ гуэрым поплъэри аращ - «Ар къысхуэзэну арагъэнщ» жеIэ абы .
«Си лъагъуныгъэр езгъэщхьынут» усэм хэт лIыхъужьым и гурыщIэр ире­гъапщэ дунейм нэхъ дахэу тетхэм: «уэгу вагъуэм хуэдэ мыIэрысэм», «жьэгум ­хъуаскIэ къыдэлъэтым», «пщэдджы­жьым уафэм къихьэ дыгъэм». Ауэ абыхэм зэгуэр я пIалъэр зэрикIым щегуп­сыскIэ, и ни и пи къихьыжыркъым. «Нэ­гъуэщI ар зэщхь темыт мы щIыгум, Си лъагъуныгъэр ещхьыжщ си гум», - жеIэ иужьым. Нэхъ дахэу пхужыIэну?!
УсакIуэм гухэлъ къыщигъэлъагъуэкIэ щIыуэпсыр IэкIуэлъакIуэу къегъэсэбэп. Лъагъуныгъэр щытIэпIкIэ, гъатхэм зыхуегъазэ - тIуми зы гъатхэ ярет.
А гъатхэр гуфIэу
Дэ къыддэджэгуащ.
Дыхьэшхыу ину,
Псалъэу цIыкIунитIэу, - жи.

ЗэгуэкIуахэм я гухэлъыр зи фIэщ хъуа гъатхэм езыми зигъэщIэрэщIэн хуейтэкъэ:
КъыщищIэм тIуми
ПIейтеяуэ дигу,
Хыхьащ жыг хадэм,
ТхьэмпэкIэ ихуапэу.

(«Зы гъатхэр тIуми»).
Лъагъуныгъэр зэрыщхьэхуимытыр къыгуроIуэ усакIуэм:
Сигъэдийуэ жьыр щофий бжэIупэм,
МыIэрысэр жыгым къыпощэщ.
Уэ пхуэстха сатырхэри си Iупэм
ЗыкIи сыхуэмейуэ къеIущэщ.

(«Бжьы­хьэ гукъэкIыж»).
Къуныжьым и усэхэм щIыуэпсыр щы­телъыджэщ. Бгым, тафэм, хадэм, мэ­зым, удзым, псы ежэхым я сурэтыр абы ещI псалъэ къыхэщыпыкIа защIэкIэ.
Еплъыт, пшэплъыр, бащлъыкъ плъыжьу,
ЕдзэкIащ бгы дамэм.
Псыри хуэдэщ бгырыс хъыжьэм
Игъэпса гъуэгуанэм, - жеIэ усакIуэм.

Ар хуейщ езым илъагъу дахагъэр ­дэтхэнэми зыхригъэщIэну. ИкIи щIыуэ­псым хуэгущIыIэхэм щхьэкIэ къыпещэ: «А дахагъэм ухуэдэгумэ, Уэ умыцIыху щIагъуэ» («Дахагъэ»).
«Уэшх нэужьым» усэм уафэм и су­рэтыр нэIурыту щещI: уафэхъуэпскIыр щIопщым ирегъэщхь, уэгум лэгъупы­къум и нэгу ирелъагъуэ, уэшхым щкъыщ­кърэ лыду дунейр егъэкъабзэ.
Уэшхым сыт щыгъуи и гур хуIэпех усакIуэм. Абы и щапхъэщ «Бжэр Iух, уэшх макъыр къыщIэгъэхьэ» усэр. И  макъым щIэдэIун фIэфIщ, къешхыну йолъэIу, къыфIощI уэшх щабэм хэти и губжь зэтригъэуIэфIэжыфыну: «Зэгуэр псэуахэм я псэ Iэлхэр, А уэшх макъамэм дощэбэжыр».
ЩIыуэпсым и къару лъэщыр къыхощ, дыкъэзыухъуреихь дунейр зэрыбауэр зыхыуагъащIэ «Щихухэр лъагэщи мэ­пIыщIэ», «Къырым тет жыг», «Мазэр хуэдэщ кхъуейхьэл ныкъуэм», «Бжьы­хьэ», «Мазэ из», «КъыIутщ мазэр си щхьэгъубжэм хуарэу», «Нартыхур жьыбгъэм щIегъэхъае», «Бжэр Iух, уэшх ­макъыр къыщIэгъэхьэ» усэхэм.
«Удзыпэ тхьэлъэIу» тхылъым IэфIу щыпхышащ усакIуэм анэм хуиIэ гуа­пагъэр. Анэр жьы зэрыхъуам иринэщхъейуэ зэрегъэпщэж абы и щIалэгъуэм хэлъа жыджэрагъымрэ пэ­щэ­щэх зэрыхъуамрэ. Иджы тегужьеикIауэ щхьэ­щысщ:
Iурихауэ щыжейкIи
ИмыщIэжу мэщэIу.
Си псэр дзапэкIэ сIыгъыу
Сэ абы сыщIодэIу

(«Мамэ»).
Анэр щимыIэжми, абы къигъэна фэ­еплъхэм къыщелъыхъуэ и теплъэр:
ПщэфIапIэм сыщIыхьэм,
ЩIакхъуэмэ къыщIех.
Си анэм и макъыр
Мы си гум зэхех.

Абы игъажьэу щыта щIакхъуэ хуабэм и мэр къыщIихьэхуи, поплъэ:
ЩIакхъуэмэ къысщIехьэ -
КъысфIощIыр къэкIуэж.

Анэм и гумащIагъэр къыщигъэлъэ­гъуащ «Си анэм и таурыхъхэр жыг баринэщ», «И лъэдий къупщхьэм къыхахыжри», «Насып», «Анэр къып­кIэ­лъы­джэу», «Си анэр схуэгуфIэрт» усэхэми.
Къуныжьым куэдрэ егъэзэжыр сабиигъуэм. Ар щегъафIэ «Таурыхъ», «Зэманыр шыфIу кIуэрт, мыпIащIэу», «Сабий сурэтхэр», «Сабиигъуэ» усэхэм. Сабиигъуэм къимыгъэзэжыну блэкIами, усакIуэм абы куэдрэ къытрегъазэ ­гукъэкIыжкIэ.
Гу лъыдмытэжурэ, ди гъащIэр
Ди сабий щхьэцхэм уэшхыу пыжт,
- жеIэ а зэман дахэр жыжьэ къызэрынар зыхищIэу. Иджы балигъщ. ГъащIэр зэ­рыткIийр куэдрэ игъэунэхуащ, сабиинэм дахэ фIэкIа имылъагъуу щытамэ, иджы IэфIри дыджри зыхещIэ.
Гур дахьэхыжкъым сабий шыпсэм,
Акъылым куэд зэхегъэкIыф…
Ауэ зэгуэрым сабиипсэр
ЗыIыгъа шыпсэхэр нэхъыфIт.

Къуныжь ХьэIишэт и усыгъэм Iыхьэ щхьэхуэу хоувэ ЩоджэнцIыкIу Алий ­теухуахэр. «Бобруйск», «ЦIыху нэс» усэхэм, «Си Алий» поэмэм къыщыгъэ­лъэ­гъуащ адыгэ лъэпкъым и дежкIэ усакIуэшхуэр зэрылъапIэр.
Уэрэд дэ жытIэхэр мынэху,
Ди гурылъ щэхухэр къимытIатэм.
Дэ ди бзэр куэдкIэ хъунт нэхъ щэху,
Алий и макъыр хэмытатэм,
- щыжеIэ «Си Алий» поэмэм.
«Удзыпэ тхьэлъэIум» итщ поэмищ: «Шылэ удзхэр», «ГъащIэ уагъэ», «Си Алий».
«Шылэ удзхэм» щызэкIэлъыхьащ «Къуэм и гукъэкIыжхэр», «Майм и 9 ­махуэр», «Анэм и псалъэ», «ЩIэблэм и макъ» Iыхьэхэр.
Сабиигъуэ IэфIыр, щыцIыкIум иIа джэгукIэхэр, къыдэкIуэтея нэужь гухэлъ зыхуищIа пщащэр игу къегъэкIыж ­щIалэм, а гукъэкIыжхэмкIи анэм догуа­шэ. Усэм и етIуанэ Iыхьэм гуузу зызэре­дзэкI: анэм къыIэрохьэ и щIалэр зауэм зэрыхэкIуэдам и хъыбар щхьэкIуэр. Иджы анэ гумащIэм и къуэм и фэ ­иреплъ абы фIыуэ илъэгъуа пщащэм къыщIэхъуа щIалэ цIыкIум:
Къуэрылъху пэщI си гурыфIыгъуэм
Уэ уи гъащIэм хъуащ пищэн,
- жеIэ анэм.
«ГъащIэ уагъэ» поэмэмкIэ Къуныжь ХьэIишэт зыхуегъазэ гъуэгуанэм, зэманым, щIыналъэмрэ щIы хъуреймрэ.
БжэIупэм Iуту къаплъэ анэм
КъыIэпыхуа зы нэпс къудамэм
А ди гъуэгу псор зэримыуасэр
КъыщыдгурыIуэр кIасэущ,
- жеIэ уса­кIуэм.
ЦIыхухэм «зэхэзэрыхьа» зыфIаща зэманыр усакIуэм зыкIи игъэкъуан­шэркъым, «апхуэдэу цIыхухэрщ узы­щIар» жи. АтIэми ар щогугъ зэманым фIыкIэ:
Гум хьэлъэ илъыр цIыхум хуэхьмэ,
Зэман, уэ сытри пхуэшэчынщ.
Ди мурадыфIхэри зэгухьэм -
ЩымыIэ щIым щытлъэмыкIын.

Игъэкъуаншэркъым абы щIы хъурейри: ар бэвщ, жумартщ.
ЩIы дахэу ЩIы! Щы дахэу си псэ,
Уэ топым хуэдэу уоджэрэз,
Уэ мэкъумэшыщIэм жылэу пхисэр,
Къос и зэманри, къыхуохьыж.
Къыпихыу нур къоубзэ мазэр.
Ар ЩIым и гъуджэщ. Бжьыхьэр ­гъуэжьщ.
Дэ ди лъэныкъуэ зыкъигъазэм -
Илъэс бэвагъэр щIым и куэщIщ.
КъэкIуэну псори щIырщ зыщыгугъыр ипIыну:
Пщэдей къалъхуну сабий цIыкIухэр
ЩIы хьэлэлагъым къыщогугъ.
Ауэ… Сыт абы зэран хуэхъур? -
ЯгукIэ дыгъужьу, фэкIэ цIыхухэу
ЩIы кIапэм Iэджи къыщокъугъ.

Поэмэр гугъэкIэ еIулIэж Къуныжьым:
ИтIани сщIэркъым цIыху гущIэгъур
Си фIэщ сэ мэхъу. Си фIэщ сэ мэхъу…

«Удзыпэ тхьэлъэIум» зэ уеджэкIэ уи псэм зигъэнщIыркъым. Тхылъыр хуэныкъуэщ мызэ-мытIэу къытебгъэзэ­жы­ным. Абы ит усэхэм уи гукъыдэжым зыдащI хуэдэщ.

 

Гугъуэт Заремэ.
Поделиться: