Дунейпсо гъуазджэм и щапхъэХЬЭМИД гъуазджэм къыщигъэщI дунейм утепсэлъыхьынуи и купщIэр зэпкърыхыпхынуи яужь ущIихьэн щыIэкъым. ТIум щыгъуэми абы и лъагагъым улъэIэсыфынукъым. Псалъэ гъущэхэм абы и къэгъэщIыгъэхэр ягъэлъэхъшэн фIэкIа фIагъ лъэпкъ къыхуахьынукъым. Апхуэдэ гъуазджэр уи нэкIэ плъагъун, псэкIэ зыхэпщIэн хуей къудейуэ аращ, абы нэгъуэщIу упэлъэщынукъым. Телъыджэ дыдэщ сэ слъэгъуар, зыхэсщIар. Ар си лъэпкъым и гъыбзэщ… * * * СЭВКIУИЙ Хьэмид хабзэ зыбжанэм я лIыкIуэ сурэтыщIкIэ уеджэ хъунущ. Репиным и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт къэрал академическэ институтыр къэзуха щIалэм урыс академие школым и хабзэхэм нобэми пещэ. Ауэ щыхъукIи, абы и IэдакъэщIэкIхэм ар къыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуазджэр щынэIурытщ. Кавказым и щIыуэпс телъыджэр, бгырысхэм я хабзэхэмрэ псэукIэмрэ СэвкIуийм и сурэтхэм IупщIу уи нэгу къыщIагъэувэ, а щIыналъэм и хьэуакIэ «уагъэбауэ». Хьэмид и сурэтхэм я гупсысэр а хабзэм пэIэщIэхэми псэкIэ захрегъэщIэф. Абы и IэдакъэщIэкIхэм члисэхэмрэ светскэ унэ инхэмрэ зэрагъэдахэм, къэрал куэдым я музейхэм егугъуу зэрыщахъумэр а сурэтыщIым и зэфIэкI иным щыхьэт тохъуэ. СэвкIуийм зэрыщыту ди пащхьэ кърехьэ гъащIэм и фIымрэ и Iеймрэ, гъащIэмрэ ажалымрэ, лъагъуныгъэмрэ лъагъумыхъуныгъэмрэ. Хуабжьу сыщогугъ Хьэмид и IэдакъэщIэкIхэм зыужьыныгъэ ин ягъуэтыну, абы и IэфIыр гъуазджэм хэзыщIыкIхэм я мызакъуэу, дуней псом къагурыIуэну. * * * СУРЭТЫЩIЫМ зызрипщыт дэтхэнэ теплъэгъуэри мифым е библие тхыдэм хуокIуэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ - IуэрыIуатэбзэкIэ тхащи. Сурэт теплъэкIэ ди пащхьэ къиува псысэхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ зытепсэлъыхьам и гупсысэр нэхъ куужу зыхыуагъащIэ. Лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэм я гугъу щищIкIэ ар дунейпсо гъуазджэм ирепхыж Хьэмид. * * * ЛЪЭПКЪ къэс зэфIэкI къызэрымыкIуэ зиIэ цIыху дунейм къытрагъэхьэ. СэвкIуий Хьэмид адыгэ лъэпкъым и апхуэдэ лIыкIуэщ. Ар зэфIэкI зи бэ цIыху зырызхэм ящыщщ. Хьэмид къызыхэкIа лъэпкъым хуэдэу цIыху губзыгъэщ, зэпIэзэрытщ, лъэщщ. * * * ХЬЭМИД и лэжьыгъэхэр зыми хэбгъэгъуэщэнукъым. Абы и скульптурэхэм художественнэ лъагагъ ин дыдэ яIэщ. Абы хуэзгъэдэн слъэгъуауэ сщIэжыркъым. Щхьэхуэу и зы лэжьыгъи къыхэзгъэщыну сыхуейкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы адрейхэр игъэлъахъшэнкIэ хъунущ, ар сызыхуэмей Iуэхущ. СурэтыщI телъыджэщ СэвкIуий Хьэмид.
Поделиться:
Читать также:
18.04.2024 - 14:05 →
ГъэсакIуэ цIэрыIуэр ящыгъупщэркъым
18.04.2024 - 12:26 →
АдыгэбзэкIэ ятхам адыгэбзэкIэ тепсэлъыхьу
18.04.2024 - 11:18 →
ЦIыхубэр зэрыгушхуэ
17.04.2024 - 11:56 →
Щамырзэ Моникэ и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ
16.04.2024 - 13:47 →
ХьэцIыкIу Башир и зэфIэкI
|