МЭРЕМ ПШЫХЬ

Псалъэжьхэр
Нэ илъагъу нэ ещIэж

♦Бзум ямыфэгъум си мэш ешх.
♦Бийм и пIалъэр ущыIущIэщ.
♦Гъусэ мыхъурэ Iэщэ мыхъурэ.
♦Дыгъужьым лы игъуэтмэ, псы игъуэтыркъым.
♦Дзэр узыншэху, шхалъэм зегъэпсэху.
♦ЖамыIа щыIэкъым, ямыщIа мыхъумэ.
♦Нахуэу зыщамыщэм щэхуу сату щащI.
♦Жанхъуэтхьэблэ къафэу къытрегъэзэж.
♦Зил мыузым игу узыркъым.
♦МафIэншэри гъавэншэри зэлъытащ.
♦Зумыхьэри уимыIэри зыщ.
♦ИмыIэфI щыгугъым и выфIитI фIокIуэд.
♦Ин дыдэхэми надэ къахокI.
♦Нэ илъагъу нэ ещIэж.
♦Псы Iуфэм Iусыр есыкIэкIэ Iэзэщ.

Тхыдэ
Ди унэцIэхэр къызытехъукIар ищIэжрэ?

Дзэлыкъуэкъуажэ щыщ зэкъуэшищ я мэкъупIэ Iыхьэр паупщIыну мэкъуауэ шызакъуэгукIэ ежьат. Куэд дэмыкIыу зэкъуэшхэр якIэщIыхьащ гъуэгурыкIуэ ДжэгуакIуэм. Я къуэш нэхъыщIэр гупхэмкIэ ягъэтIысри, нэхъыжьитIым къахуэзар я кум дагъэтIысхьащ щIакIуэ щабэм тесу, адэкIи ежьэжащ.
Жыжьэ мыкIуауэ, джэгуакIуэм жиIащ зэрыцIыхуамэ зэрынэхъыфIыр, занщIэуи къуэш нэхъыжьым еупщIащ:
- Уэ хэт уи цIэр? - жиIэри.
ЗэупщIар укIытэри, зыкъомрэ жэуап къитыжакъым. ИтIанэ жиIащ и цIэр зэрымыпщIэгъуалэри, тIэкIу зэрымыгурыхьри.
- Тхьэжьбийщ си цIэр.
ДжэгуакIуэм фIыуэ зэхихат щIалэм и цIэр, арщхьэкIэ и фIэщ хъуртэкъым апхуэдэцIи и цIэджэгъуи щыIэу.
- Хэт къыпфIищами, уригъэхъулIакъым, муслъымэныцIэкъым, дурыскъым а цIэр зепхьэнуи, ар жьыуэ е бийуэ жыпIэнуи.
АдэкIэ ДжэгуакIуэм жиIащ Тхьэр сыт щыгъуи зэрыщIалэри дыкъигъэщIауэ дызэрибын - дызэрикъуэри. ЖиIащ ар езыр зэрыджэгуакIуэр. Уэрэдрэ усэкIэ, гуапагъэкIэ цIыхухэр зэригъэгуфIэри, и ней зыщыхуахэм зэрыхуэхъущIэри, цIэ дахэ зэрыфIищыфынури, ТхьэщIокъуэ зэрыфIищари.
ЦIэ зыфIаща щIалэр зытес тIысыпIэм зыкъытриIэтыкIри, ДжэгуакIуэм фIыщIэшхуэ хуищIащ, зэрыгушхуэн цIэ дахэ къызэрыфIищам щхьэкIэ, быдэу къигъэгугъащ псэухукIэ а цIэм хуэпэжыну, игъэбжьыфIэну.
ГъуэгурыкIуэхэм я гъуэгум пащэрт, ДжэгуакIуэм ТхьэщIокъуэ цIэ зэрыфIищар яфIэгуфIэгъуэшхуэу, дэрэжэгъуэрэ нэгузыужьыгъуэрэ ягъуэтауэ. Гум щIащIа шы дахэри, къэхъуар къыгурыIуам хуэдэу, зэзэмызэ къахуеплъэкIырт.
ДжэгуакIуэр шы дахэм зыкъомрэ еплъа нэужькIэ, вожэр зыIыгъ шыгухум жриIащ:
- Уи шы дахэм щабэрыкIуэу, щIакIуэрыкIыу дешэ. Нобэ щыщIэдзауэ уэри ГуфIэжокъуэ пфIызощ. Угъурлы ухъу!
ГуфIэжокъуэ зыфIаща курыт щIалэми дэрэжэгъуэ игъуэтауэ ДжэгуакIуэм фIыщIэ хуищIащ.
КIуэрт гъуэгурыкIуэхэр, я гъуэгу хагъэщIу. ДжэгуакIуэр иджы егупсысырт ещанэ щIалэми цIэ дахэ зэрыфIищынум. ДжэгуакIуэм и щхьэм къызэрихьа гупсысэмкIэ зэкъуэшхэм яхэупщIыхьащ:
- НтIэ, щIалэфIхэ, фэ жыжьэ фыкIуэрэ, дэнэ нэс фыздэкIуэнури?
Зэкъуэшхэм къалъытащ кърата упщIэр къемызэгъыщэ хуэдэу, жэуапми хуэсакъыпхъэу.
Гупхэм ис къуэш нэхъыщIэм занщIэу жиIащ:
- Дэ мэкъуауэщ дыздэкIуэр.
Иджы ДжэгуакIуэм къыгурыIуат зэкъуэшхэм я ещанэм и цIэр езым зэрызыфIищыжар.
- Мэкъуауэр-мэкъуауэщ, уэри Мэкъуауэ пфIызощ, - жиIащ ДжэгуакIуэм, ари я гуапэ хъуащ.
Куэд дэмыкIыу ДжэгуакIуэм зэкъуэшхэм яжриIащ:
- Тыншу, нэгузыужьу сыкъэфшащи, Тхьэм солъэIу фи Iуэху дахэ хъуну. Гур къэвгъэувыIамэ, сикIыжынт. Иужьу вжесIэжынурат. - Тхьэм къызигъэхъулIэм сэ пщэдей пщыхьэщхьэ фи унэ лъапсэм сынэкIуэнурэ, цIэ зэрыффIэсща цIэфIэщыпщIэр сыпшыныжынущ, къысхуагъэфащэмэ, цIэфIэщ адакъэри сшхынкIэ хъунт.
КъехъулIащ ДжэгуакIуэм и мурадыр, ар гуапэу бгъэдэсащ цIэ зыфIища зэкъуэшхэм я адэ губзыгъэм.
И чэзур къэсри, зэкъуэшхэм щхьэгъусэ ягъуэтащ. Адэм мурад ищIащ и къуэхэр зэрыпсэуфым еплъын щхьэкIэ дэтхэнэри зэхигъэкIыу унагъуэ щхьэхуэу игъэтIысыну, апхуэдэуи хъуащ. Унэ щIапIи лъапси къахуиубыдри, ядэIэпыкъуурэ дэтхэнэри зыхуейм хуэдэ унэрэ псэуалъэрэ ящIащ. Зэкъуэшхэр я лъапсэщIэм щыIэпхъуэжым адэм абыхэм унэцIэщIэу яфIищащ ДжэгуакIуэм къигупсысар. ТхьэщIокъуэ цIэр ТхьэщIокъуэхэ унэцIэ яхуэхъуащ, я къуэш курытыр ГуфIэжокъуэхэ хъуащ, ещанэм Мэкъуауэ унэцIэр лъысыжащ.
Иджы дзэлыкъуэкъуажэдэсхэми ТхьэщIокъуэ сымэ я щIэблэми ящIэ унэцIэщIэ къэхъуар къызытехъукIар, ауэ адрейхэр щыгъуазэу пIэрэ, я унэцIэм и къежьапIэм.

Жантемырокъуэ Бетэ.

Интернетым дыкъыщоджэ
КхъухьщIыж

ЛIы бей гуэрым и кхъухьыр иригъэлэну IэщIагъэлI къригъэблэгъащ. Ар и Iуэхум пэрыхьэри, махуэ псокIэ илащ кхъухьыр, и лъэгуми гъуанэ иIэу къыщIэкIри, ари игъэбыдэжащ. И къалэнхэр зэфIэкIа нэужь, IэщIагъэлIыр къезыджа щIалэм хуэзэщ, фIыщIэ хуищIщ, и лэжьапщIэри иритри иутIыпщыжащ.
ЕтIуанэ махуэм лIыжьым деж къэкIуащ кхъухьыр зей щIалэр.
- Си кхъухьыр зэрыпщIыжам щхьэкIэ мы ахъшэр узот, - жери зэи зэуIуу имылъэгъуа ахъшэ къыIэщIилъхьащ.
- Мыр сытым щхьэкIэ къэпхьа, сэ къэзлэжьар дыгъуасэ къызэптащ, - жеIэ лIым.
- Дыгъуасэ уэстар кхъухьыр зэрыблам и уасэращ, мыр абы иIа гъуанэр зэрыбгъэбыдэжам щхьэкIэщ.
- А мыхьэнэншэм щхьэкIэ, апхуэдиз схуэфащэ? Къаруи зэмани текIуэдакъым а зи гугъу пщIым. Абы щхьэкIэ ахъшэ къыпIысхынуи сигу къэкIыххакъым.
- А мыхьэнэншэ жыхуэпIэ Iуэхум си бынхэм я гъащIэр къригъэлащ. Кхъухьым гъуанэ зэриIэр сщыгъупщэжри, си Iуэху иужь сихьэжащ. Си бынхэр кхъухьым итIысхьэри, хым техьащ. Абыхэм къагъэзэжыну дащыгугъыжакъым си щхьэгъусэмрэ сэрэ, хуабжьу дыгузэващ. Сабийхэр псэууэ хы Iуфэм къыщыIухьэжам уэ куэд къызэрытхуэпщIар къыдгурыIуащ.

Фэ фщIэрэ?
Нартыху цIынэр щагъавэкIэ шыгъу хадзэркъым

Шэрджэсхэм хьэгулывэр бегъымбар шхыну ябжу щытащ абы хущхъуэгъуэ куэд зэрыхэлъым щхьэкIэ. Хьэм къыхэщIыкIа шхыныгъуэхэр ирагъэшхыу щытащ зи къупщхьэ къутахэм - къапщтэмэ, зи дзажэ къутам хьэ мырамысэ ирагъэшхырт, ар захуэу кIыжын щхьэкIэ. Абы хэлъщ къупщхьэр зыгъэкIыж пкъыгъуэхэр, къапщтэмэ, фосфор, кальций, нэгъуэщIхэр.
ЦIыхум и тхьэкIумэр щыузым и деж, къэрмэфибл дагъэ ирагъаткIуэри мэхъуж.
Лыр нарзаныпскIэ бгъавэмэ нэхъ щIэхыу мавэ икIи лэпс IэфI къыщIовыкI.
Мыгъэлыгъуауэ хуэрэджэ купкъ, щIыдэ, пщIий куэд пшхымэ, щхьэр егъэуз.
Къурмэн ятохуэ: бжэным - мазих нэужьым, мэлым - мазибл нэужьым, Iэщышхуэм - илъэсым щIигъуамэ.
Хьэлыуэр щаубэкIэ я Iэр куэдрэ псыф ящIмэ, хьэлыуащхьэр тоуцIыныкI.
Мэжаджэр щагъажьэкIэ къэмычэн щхьэкIэ и щIыIум шху щахуэ.
Нартыху цIынэр щагъавэкIэ шыгъу хадзэркъым. Шыгъум хьэдзэхэр зэрегъалъэ, вэгъуей ещI, IэфIи хъуркъым.

Къубатий Борис.

ГъэщIэгъуэнщ
ХъумпIэцIэджыр зэи жейркъым

ЩIыр щыхъейм деж хьэндырабгъуэхэр лъэтэфыркъым.
ЦIырэ-цIырэр зэрыпсэур сыхьэт 24-рэщ.
Хамелионым и бзэгур и Iэпкълъэпкъ псом нэхърэ нэхъ кIыхьщ.
Къундузым и напIэм узыпхоплъ.
Адакъэм и пщэр химышауэ Iуэфыркъым.
Хьэмбылум гуитху иIэщ.
Анджырэфыр (бамбук) зы жэщ-махуэм сантиметр 91-рэ хуэдизкIэ хохъуэ.
Пылыр щхьэкIэ щытыфщ.
Бэджым и лъым фэ иIэкъым, узыпхоплъ.
Бжьэм шхалъитI иIэщ: зыр фом, етIуанэр шхыным щхьэкIэ.
НэщIэпкIэм дзэуэ 25000-рэ Iутщ.
Жирафыр хущхьэфыркъым.
Кенгуру балигъхэр метри 9-кIэ мэпкIэф.
Джэдхэр кIыфIу шхэфыркъым.
Блэр илъэсищкIэ мэжеиф.
ХъумпIэцIэджыр зэи жейркъым.
Китым и гур зы дакъикъэм бгъуэ къеуэу аращ.
Лимоным фошыгъу нэхъыбэ хэлъщ мэракIуэм нэхърэ.
Аслъэным и цым и закъуэкъым, и щIыфэри зэпрыдзщ.
Псы пщтырыр щIыIэм нэхърэ нэхъ хьэлъэщ.
ЦIыхур пырхъыу пщIыхьэпIэ илъагъуфынукъым.

Ар пэжщ
Щхьэж къилъыхъуэ IуощIэж

ЛIыжь гуэрым щIалэщIэ гъуэгурыкIуэ къыхуэзэри къеупщIащ:
- Мы къалэм япэу сыкъэкIуауэ аращ. КъызжеIэ, сыт хуэдэ мыбы щыпсэу цIыхухэр?
- Уэ укъыздикIа къалэм и цIыхухэр сыт хуэдэт? - щIоупщIэж езы лIыжьри.
- Сэ сыкъыздикIам щыIэхэр щхьэзыфIэфIхэт, бзаджэхэт. Аращ абы сыкъыщIыдэкIари.
- Мыбыи апхуэдэ дыдэхэм ущрихьэлIэнущ,- итащ жэуап лIыжьым.
Тэлай дэкIауэ, лIыжьым аргуэру зы щIалэ къыхуозэри къоупщI.
- Ди адэ, мы къалэм нобэ сыкъэкIуа къудейщи, си нэIуасэкъым. КхъыIэ къызжеIэ, я хьэлкIэ сыт хуэдэ мыбы щыпсэу цIыхухэр?
ЛIыжьыр абыи йоупщIыж япэ гъуэгурыкIуэм зэреупщIамкIэ:
- Уэ укъыздикIам щыIэхэр сыт хуэдэт?
- Сэ сыкъыздикIам щыIэхэр цIыхуфIхэщ, хьэщIагъэ яхэлъщ, гуапэхэщ. Абы къыщызгъэнащ си ныбжьэгъу куэди. Аращ сигу нэхъ щIэныкъуэр.
- Мы къалэми апхуэдэ дыдэу цIыху гуапэхэм уащыхуэзэнущ.
ЛъэныкъуэкIэ къыщыту а псалъэмакъхэр зэхэзыха лIы гуэр лIыжьым къыбгъэдохьэри, жеIэ:
- ЩIалитIым жэуап зэтемыхуэ зэрептар зэхэсхащ. Зэм жыпIащ къалэм дэсхэр мыхъумыщIэу, адрейм жепIащ псори цIыхуфIу…
- Дэнэ щIыпIи щыIэщ цIыхуфIи цIыху Iеи. Щхьэж къилъыхъуэ IущIэжу аращ, - къитащ жэуап лIыжьым.

ЦIыкIухэм факъыхуеджэ
Дыгъужьымрэ щакIуэмрэ

Уэс хъутым мэзыр гущIэгъуншэу иудыныщIэрт, хузэфIэкIынур игъэлъагъуэ хуэдэу. Хьэуа щIыIэм щызэрызехьэ уэс пхъашэм нэр игъаплъэртэкъым. Зи щхьэр ехьэхауэ кIуэ дыгъужьыр жыг укIуриям жьэхэуащ. КъыпимыкIухьу щыщхьэпрыпщым и лъэбжьанэр лъыпсыр къижу фIитхъащ. ЩIыIэр зэуэ уIэгъэм епхъуэри, хэщэIукIыу етIысэхащ. Дыгъужьым и кIэбдз лъакъуэр зэпиплъыхьынут, ауэ уэс зэрызехьэм зыри иригъэлъагъуртэкъым. ЛъакъуищкIэ ерагъыу зэфIэту мэзым кIуэцIрыплъа щхьэкIэ, и пэм ита дыгъужьхэр къыхуэлъагъужакъым. Гупым къакIэрыхуат. Я лъэужь къэплъыхъуэжыныр щхьэгъэпцIэжти, дыгъужьым псей жыг къигъуэту борэныр теужыху абы кIэщIэсыну мурад ищIащ. Жьапщэм еныкъуэкъуу ар здэкIуэм, имыщIэххэу щакIуэ унэ бгынэжам, зи бжэр жьыбгъэм иридзылIэм, хуэзащ. Ар хуэсакъыпэу щIыхьащ абы. Унэ кIуэцIым цIыхумэ ауэ къудеи къыщIихыртэкъым.
ПлIанэпэр е къуэгъэнапIэ гуэр къилъыхъуэурэ зыгуэрым жьэхэуэри, и лъакъуэр игъэузыжащ. Ар мащIэу хэщэIукIри, плIанэпэм зыдигъэзэгъа къудейуэ унэм цIыху къыщIыхьащ. Борэным еныкъуэкъуурэ бжэр ерагъыу хуищIри, Iэбэрабэурэ бжэкъуагъым къыщигъуэта баш кIэщIыр бжэкъум иригъэлъэдащ. Хуэмурэ зыкъиплъыхьурэ и джэдыгум уэсыр кIэригъэщэщри, гъуэлъыпIэм зригъэщIащ. АдэкIэ плIанэпэм къуэс дыгъужьыр занщIэу абы зэрытемылъам хущIегъуэжауэ, ищIэнур имыщIэу, зимыгъэхъейуэ щылът. И лъэбжьанэ фIэтхъа щIыIэр зэрыхьам игъэщхьэхати, иджы щIегъуэжкIэ мыхьэнэ иIэжтэкъым. Уащхъуэдэмыщхъуэу иджы зридзыжыфынутэкъым щакIуэм. Ар зэрыщакIуэм абы шэч къытрихьэртэкъым. НэгъуэщI мэзым щIымахуэм къэкIуэнутэкъым. Ар мэзхъумэуи дыгъужьым и гум жиIэртэкъым. «ЩакIуэщи бланэщ, къарууфIэщ, дэтхэнэ псэущхьэми и пIалъэ ещIэ. Ауэ сыту пIэрэ хьэ щIимыгъусэр? Хьэм занщIэу лъымэри дыгъужьымэри къыщIихьэнут. Мис итIанэ сыкIуэдат. Си лъакъуэм лъыпсыр къыфIэжу сэ тIуми сапэлъэщынутэкъым. Си насыпым кърихьэкIри, щакIуэм гу къыслъитакъыми, зызмыгъэхъейуэ си къуэгъэнапIэ сыкъуэсыжынщи нэхъыфIщ. Езыри жьыбгъэр теужыхущ мыбы зэрыщIэсынур. Сэри си гъуэ секIуэлIэжынщ, дунейр мамыр хъужмэ».
Жьыбгъэ щIэфиежыр щIэх теуну къыщIэкIынутэкъым. «Унэ кIуэцIыр щIыIэми, борэн етам ухэт нэхърэ нэхъыфIщ. Дэнэ къикIа мы жьыбгъэ емынэр? Къепщэн щIимыдзэ щIыкIэ мэзым сыщIэкIыжыфын си гугъами, сыщыуащ. Бетэмалу къызихьэлIа мы щакIуэ унэр. СыздэкIуэм занщIэу си пащхьэ къихутащ. Зэт! Мэ гуэр къысщIехьэ. Лъымэ хуэдэ? Дэнэ мыбы лъымэ къыздикIынур? КъысфIощI. Борэн етам Iэуэлъауэ зэхызигъэхынукъым. Хьэр щызимыIэжым, си закъуэу сыкъежьэн хуеякъым. Ныбжьэгъу пэжу сиIа Лъэбыху жьы хъури лIащ. Иджы и пIэ изгъэувэжын хьэпшыри сыхуейщ. Жыжьэ сыIукIынкъым, жысIэурэ сыкъыхыхьащ, борэнми зэуэзэпсэу зыкъызэкъуихащ. Мыбы зыгуэр щIэсу щхьэ къысщыхъурэ? Си псэм жеIэ мы щакIуэ унэр ныжэбэ хэщIапIэ зыщIар си мызакъуэу. Жьыбгъэ етам сяпэ мыбы зыгуэр къыщIихуащ. Си нэр кIыфIым есэмэ, мафIэдз щIэзгъэнэнщ жысIэурэ сызэремыпIэщIэкIари нэхъыфIщ. Къызжьэхэлъэну щытамэ, занщIэу зыкъызидзынут. Апхуэдэ къыщымыхъуакIэ езыми зиущэхуауэ къуэгъэнапIэ гуэр къуэсщ. УIэгъэуи къыщIэкIынущ, лъымэр зэзэмызэ къысIуроуэ. Хэт ищIэрэ, сэкIыр Iэрыхуэу субыдынщ. АфIэкIа хьэ си мыгъусэу мэзым лъапэ къыщIэсшиенкъым, Тхьэм жиIэмэ. Ялыхь узыншэу си унэ сынэхьэсыж».
УщIэмыупщIэ щакIуэми дыгъужьми нэху щыху бэлыхьу ятелъам. Пщэдджыжьым борэныр сабырыжащ. ЩакIуэм зэрышынэр имыгъэлъэгъуэн хьисэпу, хуэм-хуэмурэ, зигъэжьажьэу, ауэ зыщIыпIэкIи зыщимыплъыхьу бжэр Iухауэ къигъанэри, къыщIэкIыжащ. ЩакIуэм зригъэщIэну хуеякъым и ужьым иту унэм къыщIэкIыжыну псэущхьэр зыхуэдэр.

Мэлей ФатIимэ.

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ
19.04.2024 - 16:23 НОБЭ