Фи жей фымыгъэныкъуэ, шхынкIи евмыгъэлей

Дэтхэнэ цIыхури узыншэу псэуныр езым куэдкIэ елъытыжащ. Узыншагъэр - ар цIыхур псом нэхърэ нэхъ зыхуэныкъуэ, къулеигъэу щыIэм япэ иригъэщ хъугъуэфIыгъуэщ. Аращ зыкъомкIэ зэпхар ди Iэпкълъэпкъым бгъэдэлъ зэфIэкIхэри, ди акъылым и жанагъри, дунейм худиIэ еплъыкIэхэри, гъащIэм щыдубыдыфыну увыпIэри. Ар щымыгъупщэу, и гъащIэ мардэу мэпсэу Узыншагъэм, щэнхабзэмрэ спортымрэ яхуэгъэпса «Стимул» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэм и пашэ, КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ кафедрэм и унафэщI, биологие щIэныгъэхэм я кандидат КъуэщIысокъуэ Александр БетIал и къуэр. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым теухуа щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ КъуэщIысокъуэм иубзыхуащ узыншэу упсэун папщIэ узытетыпхъэ хабзэхэр. А гупсысэхэр бэм яхихьэн мурадкIэ Александр зэIущIэ куэд пщIэншэу ядрегъэкIуэкI цIыхухэм. Абы и гъащIэ мардэхэр щапхъэ зыхуэхъуахэри мащIэкъым.
Физиолог цIэрыIуэм иджыблагъэ игъэлъэпIащ илъэс 75-рэ ­щрикъу махуэр. «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщым къытхуеблэгъащ КъуэщIысокъуэр икIи и гъащIэм, и дуней тетыкIэм нэхъ гъунэгъуу щыгъуазэ дыхуищIащ.

- Александр, уэ уащыщщ «зауэм и бын» зыхужаIэ щIэблэм. Уи сабиигъуэм щыщу сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэр уигу нэхъ къри­дзэжрэ?
- Апхуэдэу зэджэхэм уахэплъэмэ, зауэм къигъэщIа дыдэу фIэкIа сыпщIэнукъым сэ: Хэку зауэшхуэр щыщIидза махуэм, 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м, сыкъыщалъ­хуащ Бахъсэн районым хыхьэ ­Къулъкъужын Ипщэ къуажэм. Абыи гупсысэ гуэр щIэлъщ: дунейр зэ­зып­хъуэжыну зи мурада фашизмэм и нэхейкIэ ди цIыхур мэбагъуэ, мэпсэу, мэгугъэ, мэпабгъэ.
«Си адэр сцIыхуу щытакъым, Си адэр зэи слъэгъуакъым: Ар гущIэгъуншэу сэ зауэм сIихащ…» жы­хуи­Iэ уэрэдри сэр папщIэ ятха хуэдэт. Сэ дунейм сыкъытехьэным мазищ хуэдэ иIэу си адэ БетIал дзэм ираджащ, къулыкъу щи­щIэну. Танкистхэр щагъэхьэзыр курс кIэщI­хэр къиухагъащIэу Хэку зауэш­хуэр къэхъеящ икIи адэкIэ фронтым Iухьащ. Сэ сыкъыщалъхуам щыгъуэ си Iэр къатхъыхьри хуагъэхьауэ жиIэжырт си анэ Кунэ. Ар щилъэгъуам абы жиIэгъат: «Нобэ сыхэкIуадэми содэ зауэм: Тхьэм и фIыщIэкIэ, си лъэпкъым пызыщэн цIыхухъу цIыкIу унэм щIэсщ иджы». Бийм псэемыблэжу пэщIэтащ си адэр. Сталинград деж щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм и псэр щитащ абы…
ЩоджэнцIыкIу Алийт си адэ-анэр нэхъ гъунэгъуу зэрыцIы­хунымкIэ фIыщIэ зыбгъэдэлъар. ЩэщI гъэхэм я кIэухым ар ди къуа­жэм нагъэкIуат, абы щаухуа школым и унафэщIу. ЕгъэджакIуэхэр къемэщIэкIырти, абы лэжьапIэ къришэлIэжат Ленинскэ еджапIэ къалэ цIыкIум щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэт къулъкъужындэс ныбжьыщIэхэу КъуэщIысокъуэ Бе­тIал­рэ Батыр Кунэрэ. Апхуэдэу зы школым щызэдэлэжьащ ахэр, иужькIэ зы унагъуи хъуащ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт мыри: Алий и роман цIэрыIуэ «Къамботрэ Лацэрэ» жыхуиIэр щитхауэ щытар ди къуа­жэращ. Си анэм жиIэжу зэры­щытамкIэ, си адэм и хъэтIыр дахэти, Алий итхагъащIэ едзыгъуэ­хэр къыкIэлъыкIуэ махуэм абы ­къритхыкIыжырт. Езы тхыгъэр иджы­ри дунейм къытемыхьами, сабийхэм гукIэ зрагъэщIэну иратырт романым щыщ пычыгъуэхэр.
Си адэр зауэм хэкIуэдами, си анэм нэгъуэщI унагъуэ иухуэжыну зэи игу къэкIакъым. Ар лажьэрт псэ хьэлэлу, и бын закъуэри лъэп­къым яхуипIырт. Си гъусэу абы ипIащ си адэ къуэшым ипхъу цIыкIу Цацэ (абы и анэр пасэу дунейм ехыжат). Зэдэлъхузэшыпхъу дыдэхэм хуэдэу дыкъызэдэхъуащ дэ тIур. Ар Iэхъуэбэчхэ я нысэ ­хъуащ. Си анэшхуэ Истамбылхъан дэ къыттегужьеикIауэ псэуащ. Абы и цIэр зэрыфIащам и хъыбарри хьэлэмэтт. Урыс-Кавказ зауэ­жьым и Iэужьу ТхьэкIумащIэхи загъэхьэзырат Хэкум икIыну. Ежьэн­рэ пэт «ХьэтIым пхъу къыхуалъхуащи, сабий цIынэр гъуэгум тепхьэну дзыхьщIыгъуэджэщ», - жаIэри абы и фIыгъэкIэ лъэпкъыр Тыркум имы­IэпхъукIыу къэнауэ щытауэ жаIэжырт. Хъыджэбз цIыкIуми Истамбылхъан фIащат. Пшынауэ Iэзэу щытат ар, ауэ зауэр къэ­хъейуэ и къуиплIри абы даша нэужь, зэи къищтэжакъым пшы­нэр. И бынхэм ящыщу тIум я псэр ятащ ТекIуэныгъэ иным папщIэ.
Си анэмрэ абырэ зэанэзэпхъум хуэдэу зэдэпсэуащ. Къалэн къы­хуащI дэтхэнэ IэнатIэри ныкъусаныгъэншэу зэфIихыу еса си анэми къуажэм дэлъ лэжьыгъэхэм ящыщу имыгъэзэщIа куэд къэнакъым. Ар пэрытащ егъэджэныгъэ-гъэ­сэныгъэ IэнатIэм, иджырей библиотекэхэр къызытекIыжауэ «из­ба-читальня» жыхуаIэу жы­лэхэм дэтахэм щIэтащ, тыкуэн­тетуи, бухгалтеруи, пощтым и нэхъыщхьэуи щытащ. Иужьрейуэ лэжьащ къуажэ советым и уна­фэщIу.
И щхьэгъусэр зауэм зэрыхэкIуэдар нэсу зэи и фIэщ хъуакъым си анэм. Зауэр зэриухрэ илъэс 50-м нэсауэ, си гъусэу Налшык щыпсэууэ, нэхъ сымаджи къэхъуауэ и псэм еджэу телъу абы къызжиIэгъат: «А си щIалэ, алыхь, щыуагъэ тщIа си гугъэмэ. Уи адэр лъап­сэжьым екIуэлIэжрэ дыкъимы­гъуэтыжмэ, дауэ хъуну?» - «Iэу, мамэ, Къулъкъужыным ди унэ­къуэщу унагъуэ 50-м щIигъу дэсщи, кърекIуэж закъуэ - шу кIапсэм хуэдэу машинэ зэкIэлъхьэужьу къыт­хуашэжынущ. Уигу умыгъэ­ныкъуэ», - жесIэри, и псэ гузавэр згъэтыншыжауэ щытащ.
И ныбжьыр хэкIуэта нэужь, узхэм нэхъ къыхагъэзыхьу хуежьат си анэри, сымаджэщхэм щIэ­лъы­рей хъуат, арщхьэкIэ хущхъуэхэм ­ я нэхъыбапIэр езэгъыртэкъыми, зым къыщIэсшыжым адрейм щIэз­гъэгъуалъхьэурэ гугъу ехьырт. Абы щыгъуэ сэ жысIауэ щытащ: «Мамэ, умыгузавэ, сэ зэман тIэкIу дэкIмэ, Iэмал гуэрхэр къэзгупсы­сынущ цIыхухэр хущ­хъуэншэуи ирибгъэхъуж хъууэ». А Iэмалыр къэзгупсысат. АрщхьэкIэ, си жагъуэ зэрыхъущи, си анэм ахэр есхьэлIэну сыхунэсакъым…
 - Апхуэдэу Тхьэм иухами, шэч хэлъкъым: уи анэм и псэр щогуфIыкI гъащIэр узыншэу ехьэкIы­нымкIэ нобэ уиIэ еплъыкIэхэр куэдым сэбэп зэрахуэхъум, ахэр псэукIэ мардэу къэзыщтахэри зэрымымащIэм. Абыхэм дауэ уазэрыхуэкIуар?
- Курыт школыр къэзуха нэужь мурад сщIащ адэкIи седжэну, арщхьэкIэ а лъэхъэнэм къэрал унафэ щыIэт щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэбгъэгъуэтын ипэкIэ илъэситI-щыкIэ улэжьэн хуейуэ. Абы сытету сэри къуажэм щызэхэт колхозым сыщылэжьащ учётчикыу, радио щIэзышэхэм сахэту, Iэщыхъуэхэм срадэIэпыкъуэгъуу. ПщыIэм ды­щытес пщыхьэщхьэхэм Iэщы­хъуэхэм жаIэжырт хъыбар хьэ­лэмэт куэди, абыхэм хуабжьу сыдахьэхырт. Абы щыгъуэращ ди Iуэ­рыIуатэр лъэпкъым и дыщэ пхъуантэу зэрыщытыр къыщызгурыIуар. Си анэдэлъхубзэм и IэфIагъри щызыхэсщIар а зэма­н­ращ.
Фармацевтхэр щагъэхьэзыру Псыхуабэ дэт еджапIэм сыщIэ­тIысхьэн пэтрэ, къэралыр къызэ­джэри, дзэм къулыкъу щысщIэн хуей хъуащ. Абы сыкIуэнуи си нэ къикIырт: си адэмрэ си адэ ­къуэшхэмрэ къулыкъу щащIа дзэм сэри Iэмал имыIэу сыщыIэн х­уей­уэ къэслъытэрт. Дзэ къулыкъур Батуми щесхьэкIащ связисту. Ар и кIэм нэсауэ ди щIыпIэм лъагъунлъагъу сыкъагъэкIуэжати, Iэмалыр къэзгъэсэбэпри, КъБКъУ-м и биологие къудамэм сыщIэтIыс­хьащ, сызэ­рыс­тудентымкIэ тхы­лъыр военкоматым схьыри къулыкъури абдеж къыщызухащ. Студент илъэсхэр купщIафIэу, жы­джэру есхьэкIащ. Еджэным къы­дэкIуэу, дапщэщи сыхэтащ университетым щекIуэкI жыла­гъуэ, щэнхабзэ Iуэхухэм. Бэрбэч Хьэ­тIутIэ и жэрдэмкIэ абы къы­щызэрагъэпэщауэ щыта «Кабардинка» къэфакIуэ гупым илъэси 5-кIэ сыкъыщыфащ.
Еджэныр диплом плъыжькIэ къэ­зуха нэужь, биологиер, хи­миер, нэмыцэбзэр щезгъэджащ Къэ­рэгъэш жылэм дэт курыт школым. Абы зы илъэс фIэкIа сы­щымылэжьами, егъэджакIуэхэми сабийхэми сигу хуабжьу якIэ­рыпщIат. Уеблэмэ сыкъызэры­IукIыжыр ящызбзыщIауэ щытащ си гъэсэн цIыкIухэм, ар абыхэм я жагъуащэ зэрыхъунур сщIэрти.
АдэкIэ си щIэныгъэм щыхэзгъэхъуащ Ломоносовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал университетым и аспирантурэм. ЦIыхум и физиологиемкIэ езгъэкIуэкIа къэ­хутэныгъэхэр я лъабжьэу згъэ­хьэзыращ икIи 1973 гъэм абы щыпхызгъэкIащ си кандидат диссертацэри. Абы щыгъуэ сезыгъэджа щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу Кудряшов Александр, Калишевская Тамарэ сымэ, нэгъуэщIхэми я лекцэ купщIафIэхэм куэдым сы­хуагъэсат, щIэныгъэм и гъунап­къэ­щIэхэр къысхузэIуахат абы­хэм.
Къэралым и щыхьэрым щIэныгъэфI щызэзгъэгъуэтауэ, мура­дыщIэхэмрэ гупсысэщIэхэмрэ си куэду къэзгъэзэжауэ щытащ ­сыщалъхуа хэкум. ЗанщIэуи ­КъБКъУ-м срагъэблэгъауэ щытащ. Абы лъандэрэ си щIэныгъи си зэфIэкIи изохьэлIэ еджапIэ нэхъыщхьэм и студентхэр егъэ­джэным, физиологиемкIэ къэху­тэныгъэщIэхэр егъэкIуэкIыным, жылагъуэ гъащIэм жыджэру хэтыным.
- Александр, узиунафэщI «Стимул» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм укъытхутепсэ­лъы­хьамэ, ди гуапэт.
- ЦIыхур, зэрыт ныбжьымрэ зыпэрыт лэжьыгъэмрэ емылъытауэ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ гъащIэм къриту зэрыпсэуфынур бэм къагурыгъэIуэныр, абы узэрыхуэ­кIуэфынур наIуэ тщIыныр и къалэн нэхъыщхьэщ къызэзгъэпэща IуэхущIапIэм. «Стимул»-м жы­джэру къыдолажьэ IэщIагъэлI зэмылIэужьыгъуэ куэд: дохутырхэр, биологхэр, химикхэр, физикхэр, физиологхэр, психо­логхэр, егъэджакIуэхэр, спортсменхэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэ­жьакIуэхэр. Псори зэдэууэ дызэдолажьэ икIи жыджэру дыхэтщ дэ тхуэдэу узыншагъэр хъумэным яужь ит жылагъуэ зэгухьэныгъэ­хэм ирагъэкIуэкI зэпеуэ зэмы­лIэужьыгъуэхэм, ехъулIэныгъэфI­хэри къыщыдохь. Еш жыхуаIэр дымыщIэу дадолажьэ сабийхэми, ныбжьыщIэхэми, балигъхэми, зи ныбжьыр хэкIуэтахэми. Ди фIэщ быдэу мэхъу: спортыр, Iэпкълъэпкъым къабзагъэр, псэ къулеигъэр, гулъытэ зыхуэщIыжыныр - ахэр узыншагъэм и лъабжьэщ. Уи Iэпкълъэпкъым иIэ Iэмалхэр нэсу къэбгъэсэбэпмэ, хущхъуэ жы­хуаIэр умыщIэу, узыншэу гъащIэ кIыхь къэбгъэщIэфынущ. Абы папщIэ дэтхэнэми ищIэн хуейщ физиологие и лъэныкъуэкIэ бгъэдэлъ Iэмалхэр. Абыхэм цIыхухэм демышу дахутопсэлъыхь.
Къапщтэмэ, цIыхум и теплъэм нэрылъагъу къыпщищI нэщэ­нэхэмкIэ (ахэр 200-м щIегъу) пху­жыIэнущ абы узыншагъэу пкъры­лъыр зыхуэдизыр, узыр нэхъ зыхуэлъэу Iэпкълъэпкъым иIэ пкъыгъуэхэр. Ахэр наIуэ къэтщIа нэужь, цIыхум идот и узынша­-  гъэр езыр-езыру зэрыригъэ­фIэ­кIуэ­фын чэнджэщхэр, къахузэIудох абыкIэ щыIэ IэмалыщIэхэр. Апхуэдэ зэхуэзэхэр щедгъэкIуэ­кIакIэщ еджапIи 130-м щIигъум, дыщыIащ КъБР-м и жылэ 50-м нэсым, псори зэхэту къапщтэмэ, дахуэзащ цIыху мин 47-м щIигъум. Абыхэм яхэтщ жьыи щIэи, IэщIагъэлIи унэгуащи, къалэдэси ­къуажэм щыпсэуи. Сэ цIыхухэм язогъэлъагъу, яжесIэ Iэмалхэр си Iэпэгъуу сыпсэукIэрэ, къэзгъэщIа илъэс 75-м иджыри збгъэдэлъ лъэкIыныгъэхэр зыхуэдэхэр. Псалъэм папщIэ, си Iэпкълъэпкъым иIэ узыншагъэкIэ сэ илъэс 20-м ит щIалэм сыхуэдэщ, си псантхуэм, психикэм я щытыкIэхэмкIэ илъэс 18-м себгъапщэ хъунущ. Езгъэ­лейркъым. Дзэ къулыкъум ираджэ щIалэхэм физкультурэ и лъэ­ныкъуэкIэ ябгъэдэлъыпхъэ зэ­фIэкI­хэр псори схуогъэзащIэ: къэжыхьынкIи, зэщIэIэтэнкIи, щIым IэпщэкIэ зыкъытеIэтыкIынкIи, н.къ.
- Узыншагъэр хъумэным теу­хуауэ сыт хуэдэ чэнджэщхэр нобэ ептынт «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм, Александр?
- Абыхэм я нэхъыщхьэ дыдэхэр 9 къудей хъууэ аращи, зи узыншагъэм гулъытэ нэхъ мащIэ дыдэ хуэзыщIхэми яхуэгъэзэщIэфынущ. Мис ахэр:
1. Ерыскъы къабзэлъабзэ, зэмы­лIэужьыгъуэ фшхы, ауэ евмыгъэлей.
2. Псы къабзэ фефэ.
3. IэфIыкIэу фшхыр вгъэмащIэ.
4. Физкультурэмрэ спортымрэ фи Iэпэгъуу фыпсэу.
5. Лэжьыгъэм щевмыгъэлейуэ и чэзум зывгъэпсэху, сыхьэти 8 хуэдизкIэ фыжей.
6. Фадэм, тутыным защывдзей.
7. Фи акъылыр фIым, дахэм ­теухуауэ фыпсэу.
8. Фыкъэзыухъуреихь цIыхухэм фIыуэ фахущыт, фымыгубжьрей.
9. ГъащIэр, дунейр фIыуэ ­флъагъу.
КъинэмыщIауэ, ауэ фыздэ­щысым фи Iэпэхэр, лъэгуажьэ­хэр, бгыр мащIэу фIуэт - апхуэдэ массажым сэбэпынагъыу пкъры­лъыр щIэх дыдэу зыхэфщIэнущ.
ЗэрыжысIащи, а чэнджэщхэр куэд дыди хъуркъым. Абыхэм тетщ узыншагъэр фIыгъуэу, мылъку нэхъыщхьэу къэзылъытэ цIыху минхэр. Си гуапэщ ахэр зыгъэ­зэщIэфхэр нэхъыбэж хъуну.
- Упсэу, Александр. Уи узыншагъэми уи гъэсэнхэм я бжыгъэми хэхъуэу, абыхэм дэрэжэгъуэрэ гукъыдэжрэ къыуату куэдрэ упсэуну дынохъуэхъу.

Епсэлъар КЪАРДЭН Маритэщ.
Поделиться: