«Къру хужь цIыкIухэр»

Хабзэ хъуауэ, ди къэралым бжьыхьэ къэс щокIуэкI ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ, «Урысейм и къру хужь цIыкIухэр» фIэщыгъэр иIэу. Уэрэд жыIэным, къэфэным, лъэпкъ IуэрыIуатэр джыным дахьэх сабий гупхэм я мыгъэрей зэхьэзэхуэм хэтащ ди республикэм икIа ныбжьыщIэхэри. Хэтам и мызакъуэу, ехъулIэныгъэфIхэр къыщахьащ.

«Урысейм и къру хужь цIыкIухэр» проектыр къызыхуэтыншэу къызэгъэпэщыным къэрал IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я нэIэ трагъэтщ. Ар ирагъэкIуэкI УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым, Къэрал Думэм, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм, Москва къалэ ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментым, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм я арэзыныгъэ хэлъу, ахэр я щIэгъэкъуэну. Зэпеуэм и къалэн нэхъыщхьэр лъэпкъхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр, зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэнырщ, ныбжьыщIэ зэчиифIэхэр наIуэ къэщIы-нырщ, абыхэм ядэлэжьэнырщ.
Мыгъэрей зэпеуэм хэта ди лъахэгъухэм ящыщу школакIуэрэ студенту 33-м я лэжьыгъэхэр къыхагъэбелджылыкIащ. Ди ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIхэр нэхъыфIу къыщалъытащ литературэ-художественнэ, макъамэ, сурэт щIын, сурэт, сабий кино техын, усэм, прозэм зыхэщIэгъуэу къеджэн, Урысейм и сэлэт ныбжьыщIэхэр унэтIыныгъэхэм. Абыхэм щытекIуа ди лъахэгъу ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэр «Урысейм и къру хужь цIыкIухэр» фIэщыгъэр зиIэ тхылъым щызэхуахьэсауэ къыдагъэкIынущ.

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: