Гъэ блэкIам къыщыхэжаныкIахэр

Шокъум Ахьмэд

2018 гъэр, адрейхэми хуэдэу, яхуэугъурлащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм. Зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэти щытекIуащ, хэти дамыгъэ лъапIэхэр иIэу къыщигъэзэжащ. Нобэ фигу къэдгъэкIыжынщ ахэр:

Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ

Тембот Ахьмэдхъан - НыбжьыщIэхэм я III Олимп джэгухэм и дыщэ медаль (бэнэкIэ хуитымкIэ),
Шэрий Иналбэч - дунейпсо зэхьэзэхуэм и дыщэ (алыдж-урым бэнэкIэ),
ХъуэкIуэн Альберт - европэ зэхьэзэхуэм и дыщэ (алыдж-урым бэнэкIэ),
Гъуэныбэ Iэуес - европэ зэхьэзэхуэм и жэз (алыдж-урым бэнэкIэ),
Къуэдз Къантемыр - европэ зэхьэзэхэум и дыщэ, Европэм и Кубокым и жэз (дзюдо),
Апажэ Инал - дунейпсо зэпеуэм и дыщэ (грэпплинг),
Шэт Юнус - дунейпсо зэпеуэм и дыщэ (грэпплинг),
Балэ Хьэсэнбий - дунейпсо зэпеуэм и дыжьын (грэпплинг),
Къэрэшей Рустам - дунейпсо зэпеуэм и жэз (грэпплинг),
Тенджыз Абдурэхьман - дунейпсо зэпеуэм и жэз (грэпплинг),
Къэрмокъуэ Тамерлан - дунейпсо зэпеуэм и дыщэ (ВJJ-м и АСВ лIэужьыгъуэмкIэ),
Мэкъуауэ Ахъмэт - дунейпсо зэпеуэм и дыжьын (ВJJ-м и АСВ лIэужьыгъуэмкIэ),
Любий Тимур - дунейпсо зэпеуэм и дыжьын (ВJJ-м и АСВ лIэужьыгъуэмкIэ).

ЩIалэгъуалэр

Шокъум Ахьмэд - европэ зэпеуэм и дыщэ (бэнэкIэ хуит),
Зэкуу Азэмэт - европэ зэпеуэм и дыщэ (бэнэкIэ хуит),
Къаир Азэмэт - дунейпсо зэпеуэм и жэз (алыдж-урым бэнэкIэ),
Мудрэн Азрэт -дунейпсо зэпеуэм и дыщэ (алыдж-урым бэнэкIэ),
Балъкъэр Алим - Европэм и Кубокым и дыжьынрэ жэзрэ (дзюдо),

Зи ныбжьыр илъэс 23-м нэмысахэр

Бижо Тимур - дунейпсо зэпеуэм и жэз (бэнэкIэ хуит),
Кабалоев Виталий - дунейпсо зэпеуэм и дыжьын (алыдж-урым бэнэкIэ).

Студентхэр

Тен Андемыр - ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэс студентхэм я дунейпсо зэпеуэм и жэз (алыдж-урым бэнэкIэ).

Балигъхэр

Кабалоев Заур - Европэм и чемпионатым и жэз (алыдж-урым бэнэкIэ),
Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ - Дзэм къулыкъу щызыщIэхэм я дунейпсо чемпионатым и дыщэ (алыдж-урым бэнэкIэ),
Локьяев Жамболэт - Дзэм къулыкъу щызыщIэхэм я дунейпсо чемпионатым и дыщэ (алыдж-урым бэнэкIэ),
Занкишиев Къазбэч - гупхэм я дунейпсо чемпионатым и жэз (дзюдо),
Мудрэн Беслъэн - Европэм и чемпионатым и жэз (дзюдо),
Урыш Анзор - Урысей Федерацэм и чемпионатымрэ «Ярыгин Иван» Гран-Примрэ я дыжьынхэр, «Аланы», Бурятием и Iэтащхьэм и саугъэтым щыщIэбэна дунейпсо зэпеуэхэм я дыщэхэр (бэнэкIэ хуит),
Мэш Алим - Европэм и чемпионатым и дыщэмрэ дыжьынымрэ (грэпплинг),
Юнус Рустам - Европэм и чемпионатым и дыщэ (грэпплинг),
Шыхъуэстэн Руслан - Европэм и чемпионатым и дыжьын (грэпплинг).

Ветеранхэр

Ташу Рустам - Ветеранхэм я дунейпсо зэпеуэм и дыщэ (бэнэкIэ хуит),
Щоджэн Iэниуар - Ветеранхэм я дунейпсо зэпеуэм и дыжьын (алыдж-урым бэнэкIэ),
Щоджэн  Руслан - Ветеранхэм я дунейпсо зэпеуэм и жэз (алыдж-урым бэнэкIэ),
Мэржэхъу Мурат - дунейпсо зэпеуэм и дыщэрэ дыжьынрэ (грэпплинг).
Гъэмахуэ Олимп джэгухэм я пэ къихуэ дызэрыхьа 2019 гъэми зэхьэзэхуэ гъэщIэгъуэн куэд ди спортсменхэм къапоплъэ - дащыгугъынщ абыхэм я насып къыщикIыну икIи я ехъулIэныгъэфIхэмкIэ дагъэгуфIэну.

Тембот Ахьмэдхъан

Зэкуу Азэмэт

 

Хьэтау Ислъам.
Поделиться:

Читать также: