Зыщыщ лъэпкъыр зэи щыгъупщакъым

Дунейпсо литературэм, тырку литературэм
я классик, адыгэ тхакIуэ щэджащэ

Омер СЕЙФЕДДИН (Хьэткъуэ)

Исполняется 100 лет со дня смерти классика мировой литературы, турецкого прозаика, адыга Омера Сейфеддина Хатко
(1884 - 1920 гг.)

 

Хьэткъуэ Умарщ - Омер СейфеддинкIэ зэджэжырщ - иджырей тырку литературэм и новеллэ жанрым и лъабжьэр зыгъэтIылъар. ТхакIуэ-реалистым, тырку литературэм и мызакъуэу, дунейпсо литературэм увыпIэ хэха щеубыд. Абы и тхылъхэр къэрал куэдым къыщыдэкIащ. УрысыбзэкIэ зэрадзэкIауэ Умар и новеллэхэр тIощI гъэхэм и кIэм къыщыщIэдзауэ урыс журналхэм къытохуэ. Ахэр ягу зэрырихьым къыхэкIыу, адыгэ щIалэм и тхыгъэ къыхэхахэр тхылъ щхьэхуэу Мэзкуу, Ленинград 1957, 1975, 1987 гъэхэм къыщыдокI. Тхылъищми ит новеллэхэр, повестхэр урысыбзэкIэ зэрадзэкIащ Печенев Игорь, Яковлевэ Нелли, Кормушин Иван сымэ. Си цIыхугъэ Печеневыр илъэс куэдкIэ Тыркум щылэжьащ икIи тыркубзэр гъуэзэджэу ещIэ. «Омер Сейфеддин пщIэшхуэ иIэщ иджырей тырку литературэбзэр убзыхуа зэрыхъуамкIэ,- жеIэ абы.- Япэ итахэми, езым и зэманым псэуа тхакIуэхэми ар къащхьэщыкIырт и бзэр нэхъ къызэрыгуэкIыу, цIыхубэр зэрыпсалъэ бзэм нэхъ пэгъунэгъуу зэрыщытымкIэ. Хьэткъуэм и тхыгъэхэр хуэхейт хьэрып, къэжэр псалъэхэу тырку литературэбзэр лIэщIыгъуэ зыбжанэ хъуауэ зэIызыгъэхьэм».
Хэт хъуну-тIэ зи гугъу тщIы адыгэ щIалэр, дауэ къекIуэкIа абы и гъащIэр, и лэжьыгъэр?
Хьэткъуэ Умар и адэ Сэфудинт истамбылакIуэ ежьар. Тыркум нэса нэужь, ар зы щIыпIэм икIрэ адрейм Iэпхъуэу куэдрэ екIуэкIащ. Ауэ икIэм-икIэжым Мрамор тенджызым и Iуфэм пэмыжыжьэ Гёнен жылагъуэм дотIысхьэ. 1884 гъэм абы къыщалъхуащ тхакIуэ цIэрыIуэ хъуну щIалэр.
Хьэткъуэм литературэм и гъащIэр пищIэну и пщIыхьэпIэми къыхэхуэртэкъым. Арати, и ныбжьыр илъэс пщыкIутI фIэкIа мыхъуауэ, Умар Эдерне къалэм дэт дзэзешэ еджапIэм щIотIысхьэ. Ар къеухри, адыгэ щIалэщIэр Истамбыл макIуэ, и щIэныгъэм хигъэхъуэн мурад иIэу.
Хьэткъуэр щоджэ «Мектебе Хьэрбийе» еджапIэ нэхъыщхьэм, икIи абы офицеру къызэрыщIэкIыу, Измир ягъакIуэ. Умар а къалэм 1908 гъэм нэс щоIэ, ауэ тырку ныбжьыщIэ революцэр зэрызэфIэкIыу, абы къулыкъущIэ кърат - Македонием гъунапкъэ щихъумэну. ИлъэситI нэблагъэщ Умар абыи зэрыщыIар. Литературэм куэд щIауэ дихьэхырти, ар дзэм къыхокIыж.
1908 гъэм екIуэкIа революцэм и ужькIэ Тыркум куэду къыщыдагъэкIыу щIадзэ сатирэ, гушыIэ журналхэр. Абыхэм традзэ усэхэр, хъыбархэр икъукIэ къащхьэщыкIырт япэрей классикэ сатирэм и щапхъэхэм. Тхыгъэхэм я нэхъыбэр пэджэжырт зэманым къигъэув къалэнхэм, литературэм и унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм я зэныкъуэкъум. Абыхэм яхэтт пародиехэр, эпиграммэхэр. А зэманым щыIэ тырку сатирэм и гугъу щащIкIэ, япэу зи цIэ жаIэр Хьэткъуэ Умарт. Абы и тхыгъэ гъэпсыкIэм и лъабжьэщ псэ щабагъэ, гу пцIанагъэ макъамэхэр, Iущыгъэ зыхэлъ акъыл гъэтIысакIэ Iуэта гупсысэхэр, апхуэдэуи хъуэр, гушыIэ шэрыуэхэр.
Гу щабагъэкIэ псыхьа усыгъэ закъуэтIакъуэхэм къадэкIуэу, Хьэткъуэм итхырт пхъашэу, дыджу гум ежалIэ ауанхэмкIэ гъэнщIа новеллэхэр.
Умар и ныбжьэгъу тхакIуэхэу Джэс Алъпрэ Жаныпэ Алийрэ щIыгъуу «Гёнч къалэмлер» журналыр къыдигъэкIыу щIедзэ. Адыгэ щIалэм и тхыгъэ нэхъыфIхэр абы щытридзэрт.
1912 гъэм Хьэткъуэр аргуэру дзэм хохьэж, ауэ Балкан зауэм ар зэрыхэтар мащIэ дыдэщ. Умар гъэр ящIри, Алыджым мазипщIкIэ лъэхъуэщым щрагъэс, абы къызэрикIыжу, Хьэткъуэм Истамбыл егъэзэж, икIи етIуанэу дзэм къыхокIыж, зэи тримыгъэзэжыну мурад быдэ ищIауэ. 1914 гъэм къыщыщIэдзауэ, дунейм щехыжыну 1920 гъэм нэсыху, абы Тырку щыхьэрым дэт курыт еджапIэхэм ящыщ зым литературэмкIэ щрегъаджэ.
Хьэткъуэм илъэс щэщIрэ хырэщ къигъэщIар. Абы щыщу тхэным къылъысар илъэсий къудейщ. Сыт хуэдэу щымытами, Умар иIа зэман мащIэр дамэр уэзыгъэшэщI, дэрэжэгъуэ къозыт лэжьыгъэ куукIэ игъэнщIыфащ. Илъэсийм къриубыдэу абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ хъыбари 150-м щIигъу, повесть зыбжанэ, зы пьесэ, и кIэм нимыгъэсауэ романитIи къэнащ. Хьэткъуэм къытригъэдзащ литературэр зыубзыху, бзэм теухуа лэжьыгъэ куэд. Тхыгъэ зыбжанэ абы тыркубзэкIэ зэридзэкIащ, Гомер и «Одиссеери» хэту.
Адыгэ щIалэм и тхэкIэм дэплъей, ар литературэм зи егъэджакIуэу къыщызылъытэ тхакIуэ цIэрыIуэ куэд КъуэкIыпIэ Гъунэгъум щыIэщ. Хьэткъуэ Умар и новеллэхэм, памфлетхэм тырку жылагъуэм и зэхэтыкIэр нэсу къыщигъэлъэгъуащ. Хэбгъэзыхьмэ, къэралым щыIэ ухуэкIэр, тыркухэм я хьэл-щэныр, я псэукIэр щIэнэкIалъэ зэрищIым къыхэкIыу, тхакIуэр ягъэкъуаншэрт «угущIэгъуншэщ, псоми ущодыхьэшх» жаIэу. Къалэмыр зи Iэщэм зэхуэдэу ещIэ къалэми къуажэми я псэукIэр. Ар щодыхьэшх цIыху мыгъасэм, фэрыщIым, диным и лэжьакIуэхэм мыхъумыщIагъэу зэрахьэр къыщIегъэщ. УзыIэпишэу укъоджэ Хьэткъуэм и хъыбархэу «Телъыджэ», «Азэн джэ макъ», «Iулъхьэ», «Лэгъупыкъу», «МафIэдз», «Аргъуей», «Адакъэ», «Делэ», «Фон Садриштайн и щхьэгъусэр», «Динсыз» зыфIищахэм, «Эфруз-бей», «Хьэрэм» повестхэм, нэгъуэщI куэдми.
 Тхыгъэ зыбжанэ абы триухуащ езым и гъащIэм и къекIуэкIыкIам, и лъэпкъэгъухэм. Апхуэдэщ «ШытхъунщI», «Япэ мыхъумыщIагъэ», «ПIыртIыкъыш», «Зэшхэр», «Фыгъуэнэд», «Бгырыпх» новеллэхэр. Абыхэм Умар щетх и адэ-анэм, игъуэ нэмысу дунейм ехыжа и къуэш нэхъыжьым теухуа, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым папщIэ псалъэ гуапэ, гурыгъу-гурылъ дахэ куэд.
 Хьэткъуэм и IэдакъэщIэкIхэм щIыпэшхуэ щаубыд адыгэ таурыхъхэм хэт Iэмалшы, жьакIуэ КъуийцIыкIу, егъэлеяуэ пцIыупс барон Мюнхгаузен сымэ уигу къэзыгъэкI Эфруз-бей щхьэщытхъум. Абы и IуэхущIафэхэм теухуа повестым 1908 гъэм екIуэкIа революцэм и зэманым щыIа пщы-уэркъ интеллигенцэр ауан ещI, зи щэнхабзэр зэзымыпэсыж Iужажэхэр, напитIхэр, фэрыщI акъмакъхэр къыщIегъэщ.
Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ Хьэткъуэр тэмэму бгъэдыхьащ политикэ Iуэху щытыкIэм. Пантюркистхэм я мурадхэм гушыIэ жанкIэ ар щыдыхьэшхащ икIи «Щхьэхуитыныгъэм и жэщ» новеллэм зэрыпхъуакIуэ зауэр гум тебгъахуэ мыхъуну къыщигъэлъэгъуащ.
Адыгэ лъэпкъым къыхэкIа тырку тхакIуэшхуэ Хьэткъуэ Умар зыщыпсэу къэралым ис лъэпкъ псори нэхум, щIэныгъэм хуишэным и гъащIэр щхьэузыхь хуищIащ; ахэр фIым, гулъытэм, зыужьыныгъэм къыхуэгъэушыным хузэфIэкI псори хилэжьыхьащ. Ауэ псом хуэмыдэжу адыгэ щIалэм и пщIэр зыгъэиныр езым и ужькIэ къэхъуа тхакIуэхэм я лъэпкъыр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмрэ абы и псэкупсэ, социальнэ гъащIэмрэ нэхъ куууэ хэплъэ зэрищIарщ.
Хьэткъуэм - Омер Сейфеддин - и тхыгъэхэр къэнащ ноби игъащIэкIи я пщIэр мыкIуэдыжыну.
 
ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и вице-президент,
ЩIДАА-м и академик, тхакIуэ.

 

Язвительная насмешка великого прозаика

ЛИТЕРАТУРНАЯ деятельность Омера Сейфеддина  (Хатко) началась в период реакционного правления султана Абдул-Хамида II, который, пытаясь подавить национально-освободительное движение угнетенных народов и пресечь деятельность младотурков, представлявших интересы развивающейся буржуазии, принял крутые меры не только в области политики, но и ввел жесточайшие ограничения в культурной жизни общества.
 Литературное наследие О. Сейфеддина разнообразно. Он писал стихи, занимался литературными переводами, но в основном все-таки был прозаиком. Его перу принадлежит ряд повестей, он начал работу над романом, однако его больше увлекали такие литературные произведения, в которых можно коротко, сжато и выразительно откликнуться на злободневную тему. Любимым литературным жанром О. Сейфеддина был рассказ, которому он был верен на протяжении всей своей короткой писательской жизни.
О. Сейфеддин в подавляющем большинстве рассказов занимает активную социальную позицию. Он стремится внушить читателю определенную идею, убедить его, направить на совершение патриотического поступка. Персонажи ряда произведений Омера Сейфеддина становятся для него объектом резкой критики, жертвой язвительной насмешки.
 Творчество Омера Сейфеддина несло на себе печать его сложного и противоречивого мировоззрения. Писатель соединял в себе безусловно разносторонне талантливого художника и глубокого мыслителя с человеком, придерживающимся одностороннего понимания и однобокой трактовки национально-освободительных движений в Османской империи.
 Творчество О. Сейфеддина хорошо известно нашему читателю. Переводы его рассказов публиковались отдельными изданиями, включались в сборники турецких рассказов, появлялись на страницах литературных журналов и всегда вызывали живой интерес.
ПЕЧЕНЕВ Игорь,
переводчик.

 

В борьбе за чистоту турецкого языка

МЛАДОТУРЕЦКАЯ революция 1908 года привела к изменению социально-политической обстановки. Значительно оживилась культурная жизнь; намечается подъем и в литературе. Выдвигается целая группа молодых прозаиков - Омер Сейфеддин, Халиде Эдип Адывар (1883 - 1964), Якуб Кадри Караосманоглу (1889-1975), Рефик Халид Карай (1888 - 1965), Решад Нури Гюнтекин (1889 -1956) и др. Эти писатели под влиянием новых социальных условий начинают больше внимания уделять общественным проблемам. Начинает развиваться жанр социальной новеллы, расширяется тематика новелл. Видное место среди этих писателей занимает классик мировой литературы Омер Сейфеддин. За свою короткую жизнь он создал много ярких произведений, принял активное участие в борьбе за чистоту турецкого литературного языка. Имя этого писателя связывают с дальнейшим укреплением и развитием реалистического направления в литературе Турции, с появлением самобытной турецкой новеллы, обращенной к социальной проблематике.
ЯКОВЛЕВА Нелли.
Ленинград,  1974 г.

Узэджэр болъагъу

ОМЕР Сейфеддин и бзэр гъэхуащ, шэрыуэщ, абы зыщедзей псалъэ тэрэфарэхэм - апхуэдэ зы псалъи ущрихьэлIэнукъым абы и тхыгъэхэм. ТхакIуэм зэи зыщигъэгъупщакъым псалъэ купщIэншэм, псалъэ дыгъэлым къару зэрамыIэр, апхуэдэбзэкIэ цIыхур къызэрыдумыхьэхыфынур. Феджэ абы и дэтхэнэ тхыгъэми - ахэр апхуэдизкIэ IупщIщ, жанщи, узэджэр плъагъу хуэдэщ, уи нэгу къыщIохьэ, гукъинэ мэхъу. Аращ и тхэкIэр Омер Сейфеддин, аращ ар иджырей тырку литературэбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм, абы зезыгъэузэщIахэм щIыхабжэр. Апхуэдэ фIыщIэ иIэщ Омер Сейфеддин.

ЯКОВЛЕВЭ Нелли.
Ленинград, 1987 гъэ

 

ГъащIэм и тхыдэтх

Омер Сейфеддин Хьэтыкъуэ ящыщщ литературэм елэжь щIэныгъэлIхэр нэхъыбэрэ зытетхыхьа, зи творчествэм зэдауэ гуащIэхэр иращIылIа тхакIуэхэм… Омер Сейфеддин и творчествэм и гугъу зыщIа тырку, урыс, адыгэ щIэныгъэлI псоми зы IуэхугъуэкIэ я акъыл зэтохуэ - ар ХХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм псэуа тхакIуэшхуэм литературэм хэлъхьэныгъэ ин зэрыхуищIарщ. Абыхэм къагъэлъагъуэ а лъэхъэнэм екIуэкIа Iуэхугъуэшхуэхэмрэ цIыхубэ гъащIэмрэ я тхыдэтхыу ди хэкуэгъур зэрыщытыр.

ТIЫМЫЖЬ Хьэмыщэ,
филологие щIэныгъэхэм я доктор.

Твердый и последовательный, проявлявшийся не только в содержании его произведений, но и в их форме - в манере, характере изображения, в отборе лексики

НЕМНОГОЕ время отпущено было ему для творчества, - всего около восьми лет отдал писатель литературному труду. Надо удивляться тому, насколько интенсивным и плодотворным был этот труд, - удивляться, если знать и учитывать сложность жизни самого писателя: отроческие годы, проведенные в военном учебном заведении, служба в армии, война, плен, болезнь... А он написал более ста тридцати рассказов, несколько повестей, пьесу. Наиболее «урожайными» - в смысле публикации произведений - оказались те годы, когда Омер Сейфеддин осел в Стамбуле и работал в лицее, когда его существование хотя бы внешне обрело более спокойное течение. Но удивление должно в несколько раз возрасти, если учесть невероятную напряженность, драматическую насыщенность того времени, на какое пришлись годы творчества Омера Сейфеддина.
 С новой Турцией, республиканской, в муках рождавшейся во втором десятилетии XX века, Омера Сейфеддина связывает прежде всего его демократизм. Убежденный, твердый и последовательный, проявлявшийся не только в содержании его произведений, но и в их форме, а именно: в манере, характере изображения, в отборе лексики.
 Всем гражданским качествам человека, какой бы эпохе он ни принадлежал, Омер Сейфеддин предпочитал самоотверженность, готовность выступать в защиту справедливости, нравственное бескорыстие. Именно такие сюжеты искал он в истории, в народных легендах. Необычайно тепло и, я бы сказала, обаятельно раскрыта эта тема в основанном на народном предании - рассказе «Ялныз Эфе». Своеобразие этой вариации «благородного разбойника» состоит в том, что героиней здесь выступает молодая девушка, защитница справедливости, борющаяся в одиночку - и весьма успешно! - против носителей социального зла.
 Но особенно велика его заслуга в том, что в турецкой литературе последующих десятилетий, в творчестве лучших ее художников, возрастал углубленный интерес к духовной и социальной жизни народа, к жизни городской бедноты и крестьянства, к просветлению ее перспектив.

ЛЕБЕДЕВА Людмила.
Москва, 1975 г.

Зи псалъэр жан

Тхэн зэрыщIидзэ лъандэрэ Омер Сейфеддин и нэIэм щIэт зэпытар цIыху цIыкIурщ - ар щызыхыбощIэ абы и дэтхэнэ тхыгъэми. Гугъуехьым хэмыкI, зи фэр ирах цIыху цIыкIум и гъащIэмрэ и гурыгъу-гурыщIэхэмрэ лъабжьэ яхуэхъуащ тхакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIа новеллэ куэдым. Омер Сейфеддин тхакIуэ набдзэгубдзаплъэщ, гу лъимытэнкIэ Iэмал иIакъым цIыху цIыкIукъым и фэр изых щхьэхуещэхэм зэрахьэ залымыгъэмрэ леймрэ - абы щыхьэт тохъуэ тхакIуэм и тхыгъэхэм я нэхъыбапIэр. Аращ, дауи, зи псалъэр жан, гъащIэм куууэ хэплъэф, абы и пэжыпIэмрэ и зыгъэзапIэхэмрэ къыщIэзыгъэлъэф тхакIуэм жагъуэгъу куэд щIиIар - пэжыр щаIуатэ зэманкъым Омер Сейфеддин щыпсэуар, пцIымрэ фэрыщIыгъэмрэ щытепщэ дунейт ар зытралъхуар. ТхакIуэм зэи ибзыщIакъым: къалэмыр щIигъабзэр а мыхъумыщIагъэхэм ебэнын щхьэкIэт - ар щынэрылъагъущ Омер Сейфеддин и тхыгъэхэм.

ЛЕБЕДЕВЭ Людмилэ.
Москва, 1975 гъэ.

Хьэткъуэ Умар и тхыгъэхэр

Бгырыпх

Iуэтэж

ДЗЭМ ОФИЦЕРУ хэт си ныбжьэгъумрэ сэрэ дыщысщ, доуэршэр. АдэкIэ къыщыт Iэнэм пэрысщ пащIэшхуэ хъужауэ хъурыфэ пыIэ лъагэ зыщхьэрыгъ лIы бжьыфIэшхуэ. И инагъым ирипагэу, сарыкъ плъыжь цIыкIухэр зыщхьэрыгъэса и псэлъэгъухэм абы захиIэтыкIырт икIи, къахуепсэлъых щIыкIэу, зыгуэрхэр яхуиIуатэрт. УщIэдэIумэ, псалъэр тыркубзэм хэт макъхэр къызыхуэмыгъэIурыщIэ, моуэ иджыпсту Кавказым къикIа гуэрт.
 - СызэригугъэмкIэ, гъуэгухэр зэIуахащ, - зыхуэзгъэзащ си ныбжьэгъум.
 - Сыт хуэдэ гъуэгухэр? - зи гугъу сщIыр къыгурымыIуауэ, ней-нейуэ къызэплъащ ар.
 - Сыт хуэдэ гъуэгу?.. Хы ФIыцIэ гъуэгухэр.
 - Дэнэ щыпщIэрэ?
 - Плъагъуркъэ, Iэу, мы си лъэпкъэгъур!.. Мыр Кавказым къикIа къудейщ.
 - Дара уи лъэпкъэгъур?
 Зи нэкIущхьитIыр къэчэным хуэдэу дыхьэрэну къызэщIэплъауэ си ижьырабгъумкIэ къыщыс лIы тхъуэплъышхуэр езгъэлъэгъуащ. Абы зэрыIуплъэу си ныбжьэгъур къыщиудащ.
 - Сыт ущIэтхъэр? - сыкъэуIэбжьащ сэ.
 - Адыгэкъым, Iэу, ар! - жиIащ, а зэрыдыхьэшхым хуэдэурэ.
 - Дауэ зэрымыадыгэр, и псэлъэкIэр зэхэпхыркъэ? - сыкъикIуэткъым сэри.
 - Апхуэдэу зищIу аращ.
 - ЦIыхухэр иригъэдыхьэшхынуи?
- Хьэуэ.
 - НтIэ сыт щхьэкIэ?
 - Адыгэу закъыщигъэхъуну хуейщи. ЗезгъэзэкIри аргуэру зэ лIы пыIэ лъагэм сеплъащ.
 Шы тесыкIэу шэнтым тес лIышхуэм зы тырку псалъэ закъуэ игъащIэм зэхихауэ умыщIэну адыгэбзэкIэ мэпсалъэ. ЖиIэхэм я пэжагъыр щIригъэбыдэж хуэдэ, и щхьэри щIэх-щIэхыурэ ещI, зи къум дыжьын тебза адыгэ къамышымкIи и лъэгуажьэхэм чэзууэ тоуIуэ.
 - Къэбгъуэтаи узыдэгушыIэн! Мыр зэрыадыгэ щыпкъэр схузэхэмыгъэкIыну абы сынэса сэ? - гукъанэ хуэсщIу, сехъурджэуащ си ныбжьэгъум.
 - Тхьэм и цIэкIэ соIуэ, мыадыгэкIэ!
 - СыткIэ пщIэрэ?
 - СымыщIэу хъун, зы еджапIэ дыщызэдеджащ.
 - ДзэлI? Офицер?
 - НтIэ, ауэ мэрем махуэхэм адыгэ фащэкIэ зехуапэ. - Си ныбжьэгъум жиIэхэр си фIэщ мыхъуауэ, иджыри зэ лIышхуэм сеплъыжащ.
 - Адыгэкъым жыбоIэ. Хэт-тIэ, куржы?
 - Хьэуэ.
 - Шэшэн?
 - Хьэуэ.
 - Лаз?
 - Хьэуэ.
 - НтIэ хэт?
 - Тырку щыпкъэщ.
 - Дэнэ къикIа тырку?
 - Истамбыл. И анэр гермиенхэм ящыщщ. И адэр Кастомон къикIауэ къалэ тхьэмадэщ.
 - АтIэ сыт адыгэу закъыфIимыгъэщIынкIэ Iэмал имыIэу мы тыркум къылъыкъуэкIар?
 Си ныбжьэгъум аргуэру гухэхъуэу дыхьэшхыу иригъэжьащ. Сэ нэхъри сызэгуэпащ. Абы гу лъитауэ, ерагъкIэ зызэтриубыдэжри къригъэжьащ:
 - КъедаIуэ, бжесIэнщ Iуэхур зыIутыр. Мы адыгэ нэпцIым и цIэр Мыхьмудщ. Ебгъуанэ классым (лицейм) дыщIэст абы щыгъуэ. Рэмэзан мазэ зыгъэпсэхугъуэм и ужькIэ псори еджапIэм дыкъекIуэлIэжат. Къарэмурсэл къикIыжа и ныбжьэгъум Мыхьмуд-бей къыхуихьащ адыгэ цIыхухъу бгырыпх дэгъуэ. Пэжыр жыпIэмэ, ар щытлъэгъуам, псори дехъуэпсат. Дахащэт бгырыпхыр, езыр щхъуантIабзэрэ дыжьынрэ мывэ лъапIэхэмкIэ гъэщIэрэщIэжауэ. Мыхьмуд-бей ар зыщIилъхьэмэ, екIупст. А махуэм щегъэжьауэ гъуэншэдж лъапахъуэхэр (тыркухэм апхуэдэу адыгэхэр йоджэ) зримыпэсыжу, ядэмышхэжу, емыпсэлъэжу иригъэжьащ щIалэм. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым «зэрыадыгэр» къригъэлъагъуэну паспорти къыдихащ. Къарэмурсэл къалэми щыхьэщIащ. Лицейр къэдухыу офицерхэр щагъэхьэзыр еджапIэм дыщыщIэтIысхьам, Мыхьмуд тыркубзэр хуэгъэшэрыуэжыртэкъым, ар къыщыдухам, имыщIэжыххэу убж хъунут. Ауэ адыгэбзэри тхьэмыщкIэм тэрэзу хузэгъэщIакъым. ЗригъэщIэфар сыт жыпIэмэ, адыгэ акцентырщ. Абы лъандэрэ дэри дызэреджэр Шэрджэс Мыхьмудщ. АбыкIэ тIэкIу къэдгъэгубжьын ди гугъати, фIыщIэ къытхуищIащ, и гуапэшхуи хъуащ.
 АдэкIэ си ныбжьэгъум къысхуиIуэтэжащ Мыхьмуд-бей шэрджэс офицер пэщэ гуэрым гъусэ хуэхъуу Истамбыл зэрыкIуэгъар, абы къаугъэ щыхэхуэу къалэм дахуауэ зэрыщытар. Хабзэм и хъумакIуэхэм зыщагъэпщкIуу, ахэр Кавказым къыщыхутащ икIи и лъэпкъым зыкIи пымыщIа щIыналъэр и адэ и хэкужь хуэдэ Мыхьмуд абы къыщикIухьащ. Адыгэ пщащэ гуэри фIыуэ илъагъури щхьэгъусэ ищIащ. Ауэрэ къэралым щыIэ хабзэ ткIийхэр нэхъ къыщытIасхъэм, Истамбыл къигъэзэжащ. Абы щегъэжьауэ адыгэ Iуэхум телажьэу щIидзащ. Дэнэ кIуэми, мы зэхэпх адыгэбзэмкIэ адыгагъэм, лъэпкъым и хабзэхэм, и зэхэтыкIэм топсэлъыхь. И адэм къыщIэна мылъкур ишхыжащ, иджы адэ-мыдэкIэ къыщыIэрыхьэхэр зэхуехьэс, шэрджэсхэм я тхыдэр зытхыжым иритыну псалъэ игъэIуауэ.
 Кавказым къикIыжагъащIэу къысфIэщIа шэрджэс тыркумкIэ аргуэру сеплъэкIащ.
 - И Iыхьлыхэми адыгэ яхэмыту пIэрэ? - Си ныбжьэгъур къэгубжьащ:
 - Яхэткъым жысIакъэ! - и IэштIымымкIэ хуэму Iэнэм теуэри, и псалъэм и быдагъэр къригъэлъагъуэу къыпищащ. - И лъэпкъри и адэ-анэри тырку дыдэщ. Зы адыгэ псалъи ящIэркъым. Къыдеджа и ныбжьэгъум къыхуихьа адыгэ бгырыпхым телъыджэ лажьэ къищIащ щIалэм, и щхьэр зэтрихуащ. Абы лъандэрэ адыгэ зищIыну хэтщ.
 Сыхьэт ныкъуэ хуэдизкIэ си ныбжьэгъум къысхуиIуэтэжащ Шэрджэс Мыхьмуд и хъыбарыр. КъызэрыщIэкIымкIэ, зэ IуплъэгъуэкIэ лIыгъэшхуэ зыхэлъу къыпщыхъу мы лIы бжьыфIэшхуэм игъащIэм зауэ илъэгъуатэкъым, абы зыпыIуидзу псэу гуэрт.
 Дэ дыуэршэру дыщысыху, Мыхьмуд и псэлъэгъухэм адыгэбзэкIэ хъуэр гуэрхэр яридзри, дыхьэшхыурэ тэджыжащ. Къыдыщысахэм яшха-ирафахэм я пщIэр иритыну и жыпым щиIэбэжым, и джанэкIэм къыщIэщащ илъэс тIощI и пэкIэ Къарэмурсэл къыхурахауэ щыта дыжьын бгырыпхыр. Ар нэр тепщIыпщIэу дыгъэ бзийхэм пэлыдырт.
 Абдежым сегупсысащ нэгъуэщI цIыхухэр иригъэхъуапсэу, ягукIи я псэкIи арэзыхэу, и лъэпкъым къызэрыхишэн мыпхуэдэ IэщIагъэ дахэ зимыIэ тырку лъэпкъыр зэрытхьэмыщкIэм.

ЗэзыдзэкIар ТIЫМЫЖЬ  Хьэмыщэщ.

Шы

Iуэтэж

СИ ШЫР тхьэмахуищ нейкIэ шэщым щIэтащ - щIэзэшыхьакъэ! Нобэ сышэсри, уанэ тесхакъым сыхьэтитIкIэ. Шыр ешащ, тхъурымбэр къохуэх. Абы гу лъыстащ, Вадар псыхъуэ дыдыхьа нэужь. Шыр ешами, сэ сыкъызэрыкIа къудейт. Си шым щIопщ уэгъуэ есхащ. Шым зричащ. Дзэлычым си напэр щIехулыкI, жьыр фийуэ зэхызох. Зыгуэрым срихьэжьауэ къысщохъу, жьыбгъэ сышэса хуэдэщ. «Илъэс щитху хуэдэ и пэкIэ сыкъалъхуатэми!» - а зыращ си гур зэрызгъэфIыр. Илъэс щитху и пэкIэ сыкъалъхуауэ щытамэ, дуней жыхуаIэр фэзгъэлъагъунт! НеIэмал... Дыкъалъхуакъым и чэзум...
 Пшэ Iэтэ сырыхухэр уафэ лъащIэм щос - щхьэхынэ хъуарэ жызоIэ. Шыри ешауэ къысфIощI, кIуэрым техьэн и мурад си гугъэщи, щIопщыр хузогъэдалъэ. Шым, аргуэрыжьщи, зреч, кумблIэмб хуэзэкIи, къызэтеувыIэркъым. Шы лъэгум къыщIэлъэт ятIэ шыкъырымрэ мывэкIэ-щхъымрэ, къуанщIэ фIыцIэ хуэдэ, си ужьым итщ... Илъэс щитху и пэкIэ сыкъалъхуауэ щытатэмэ! «Хьет!» жрагъэIакъэ ди адэжьхэм! ЛIыгъэ-шыгъэкIэ уащIыхьэнт - жыжьэуи уапэхъунутэкъым. ЗекIуэм хэкIакъым, шым епсыхакъым зы махуэ! Бетэмал, илъэс щитху и пэкIэ сыкъалъхуауэ щытатэмэ! Дунейр тIэу пкIэгъуэ схурикъунтэкъым, ­батэр згъэшынт! Дэ сытым дыщыщ: дыкъэрабгъэщ, дыщхьэхынэщ, дынасыпыншэщ, дыIэщэншэщ, дыхьэрычэтыншэщ - аращ дыкъызэрызэхэнар.
 Шым нэхъри зрызогъэч, пщIэнтIэпсыр къыпхысхуащ. Псым дзэл бацэхэр щхьэщытщ; сэмэгурабгъумк!э гъущI гъуэгу щызолъагъу: зиIуантIэ-зишантIэу, псым доущ гъущI гъуэгур, адэ-мыдэкIэ зыдедзэ, мэбгъунлъэ - псыхъуэм блапцIэ дэпщ фIэкI пщIэнкъым.
 Шыр емышурэ, сэ сешащ, си куэ лыпцIэр зэрызэхиущэбар зыхызощIэ. Гу къыслъита хъунщи, шым нэхъ хуэм зещI, и тхьэкIумэр зэблигъэплъурэ хопырхъыкI, бахъейр къыщхьэщех.
 Къалэ цIыкIум дынэсыжащ. Псы Iуфэм зыIуагуэшащ къалэ цIыкIум дэт кхъуэщыныщхьэ унэхэм. Я лъэгуажьэм нэс псым хэувауэ, цIыхубзхэр мэжьыщIэ. Сыкъыщалъагъум, хьэхэр зэщIэбэнащ. Шыр къыжьэдэскъуащ. Си Iэпкълъэпкъыр зэхэубэрэжьащ, шым сыкърамыхьэхыжмэ, сыкъепсыхыжыфын къысфIэщIыркъым. Аракъэ схузэфIэкIынур? Аракъэ си фэм дэхуэнур? Шы схуэфащэ сэ? Зы теуэгъуэ зэпысчати, си щхьэр унэзауэ, си Iэпкълъэпкъыр зэхэубэрэжьауэ уанэгум сисщ. Сыт къысхужаIэнт, дяпэ итахэм сыкъалъэгъуатэмэ? ЦIыхум сыхабжэжынтэкъым.
 Илъэс щитху хуэдэ и пэкIэ сыкъалъхуатэми! «Хьет!» жезгъэIэнт, уанэгум жэщи махуи сисами, зыуи къысщыхъунтэкъым. Сытым сыщыщ иджы: зыри сриуасэкъым, шыи схуэфащэкъым - ар хьэкъ сщыхъуащ нобэ. Сигурэ си щхьэрэ зэбгъэжауэ, тхьэ сIуащ: «АфIэкIа сымышэсыжын шы! Ди адэжьхэм я напэр тезмыхын!..»

Лъэдакъэ лъагэ

Iуэтэж

ЛIЫ дэкIуэжын жыхуэпIэр и пщIыхьэпIи къыхэхуэркъым Хъатыджэ-хъаным. И гур щыкIащ лIым. И ныбжьыр илъэс пщыкIущ хъуа къудейт лIы щратам. Зратари хэт жыIэт: илъэс хыщIрэ хырэ зи ныбжь лIыжь кхъахэ! ИлъэсипщI хъуащ и щхьэгъусэр дунейм зэрехыжрэ. Ар и нэгу къыщIыхьэмэ, Хъатыджэ-хъаным и фэр зокIуэкI: щIыкъатиблкIэ щIэкIуэтащэрэт - зы махуэ дэтыншакъым, сымаджэрилэти, пIэм къыхэнэжауэ ихьащ лIыжь кхъахэм, хущхъуэмэр щIэкIакъым лэгъунэм.
 Иджы хуэщIауэ мэпсэу фызабэ щIалэр. «Щхьэ удэмыкIуэжрэ?» - къыжраIэмэ, и тхьэкIумэ иригъэхьэркъым.
 - Сызезыхуэр сыт: сызыдэкIуэжыр жьы хъунукъэ - лIы зелъэфэн сыхуей сэ? Алыхьым жимыIэкIэ! Уи щхьэ закъуэ-уи лъакIуитI хуэдэ щыIэ!
 И щхьэ закъуэ-и лъакъуитIкъым фызабэ къулейм: зы мылъхупхъурэ зы унэIутрэ щIэсщ и унэ - Гюлтеррэ Эленрэ, зы пщафIи иIэщ, МэхьмэдкIэ еджэу. И жьэр щыми якIэригъэкIыркъым: махуэм и кIуэцIкIэ унэр зытхухрэ ярегъэпхъэнкI, унэ лъэгур зыбжанэрэ ярегъэлъэс, зыгуэр къикъухьауэ илъэгъуамэ, я фэр ирихынущ.
 ЦIыху гъэсащ и мылъхупхъури и унэIутри, пцIы къыпхуаупсынукъым, жан дыдэщ, я Iэр увыIэркъым. Мэхьмэди лажьэ иIэкъым: и щхьэ темылъ трилъхьэнукъым, уеплъамэ, плъыжь мэхъу, цIыху Iэсэщ, пща-фIэми, хьэрэм ишхынукъым.
 Хъатыджэ-хъаным унэм щикIыр зэзэмызэххэщ - и унэIутхэр и нэIэм щIэт зэпытщ. Пэшхэр къызэхикIухьын и щIасэщ, пкIэунэми йопщхьэри зыщехущыхь, къохыжри, и унэIутхэр еущий:
 - Сэ фыкъыздэплъей! Хамэ зыкIэлъызгъакIуэркъым, сэри сакIэлъыкIуэркъым. Фэри ди гъунэгъухэм я деж куэдрэ фыщIежэкIыни зыщIыкIэлъывгъэкIуэни щыIэкъым: фи Iуэху фыхагъэн фIэкI, сыт къыфхуащIэрэ?
 Мэхьмэд фызабэм и жыIэм щыфIэкIа къэхъуакъым: пщэфIапIэм хьэщIэ е и Iыхьлы дэнэ къэна, хамэм я джэду щIэплъэгъуэнукъым. Махуэм пщIэнейрэ щIоплъэ Хъатыджэ-хъаным пщэфIапIэм, щIэплъэху къэси Мэхьмэд и закъуабзэщ.
 Хъатыджэ-хъаным зы хьэл мыгъуэ хэлъщ: туфлъэ лъэдакъэ лъагэр зыпищI щыIэкъым! ЗэрыцIыкIурагъэнщ и нэфI туфлъэ лъэдакъэ лъагэм щIыщыхуар. ПIырыпI хуэдэщ езыр, лъагъугъуафIэщ, екIущ, лъахъшэIуэщ жумыIэмэ. Арат унэм щисми туфлъэ лъэдакъэ лъагэр къыщIрилъэфэкIыр. «ТIыркъ-сыркъ! ТIыркъ-сыркъ» - унэ лъэгур егъэпсалъэ махуэ псом, туфлъэ лъэдакъэ лъагэр зылъыпеIури. КIапсэрыкIуэ фIэкI пщIэнкъым Хъатыджэ-хъаным, туфлъэ лъэдакъэ лъагэм шэсамэ: йощIэ, мэщэнауэ, туфлъэм къеджэлэхынкIэ мэшынэ унэIутхэр. Арагъэнщ щхьэуназэр къызыхихар. «Си щхьэр уназэ хъуащ», - жери дохутыр къриджащ. Фызабэм еплъри, дохутырым жиIащ:
 - Псори зи лажьэр туфлъэ лъэдакъэ лъагэрщ. Туфлъэр зылъыхи, хъыдан вакъэ щабэ зылъытIагъэ - уи щхьэр унэзэжынукъым.
 Дохутырым апхуэдэ чэнджэщ къыщритым, Хъатыджэ-хъаным хъыдан вакъэ щабэ къищэхуащ. И псэр игъэтыншыжащ хъыдан вакъэ щабэм: махуитI дэкIри, и щхьэр мыунэзэж хъуащ. И псэр тыншыжами, и унэIутхэмрэ и мылъхупхъумрэ нэгъуэщI гуэр хъуауэ шэч ищIащ: иджыри къэс яхэмылъа хьэл къащтауэ къыфIэщIащ. ЗэкIуэкIащ и унэIутхэри и мылъхупхъури! Зэрыщымыта хъуащ!
 Хъатыджэ-хъаным и нэм уIэщIэкIын? Эленщ япэ къиумысар. Еплъ абы кърипэсам: езы хъаным зэрызитхьэщI сабынымкIэ зитхьэщIащ! Ар хуэбдэ хъун? Хъункъым! Гюлтер кърищIари нэхъыкIэжщ: морабэ фалъэ иригъэмэрэкIуэхрэ пэт пщэфIапIэм щIиубыдащ. Мэхьмэди къыхурикъуащ: зы блэгъу псо IыхьэхэмыIуу ишхауэ къиумысащ!
 - Мыбы къызащIэр! Мыбы къызащIэр! Сыт къащыщIар мыбыхэм?! - зэкуэфэуэжащ Хъатыджэ-хъаным.
 ИкIэ къихуамэ, зы тхьэмахуэ закъуэм зыбгъупщIрэ къыщIэхуащ Хъатыджэ-хъаным и мылъхупхъумрэ и унэIутхэмрэ: е зыгуэр кIэщIагъэкIуэсыкIащ, е я Iуэху къагъэнащ, е хэжеящ - къуащIэфынур мащIэ, уи нэIэ ятемытмэ! Мэхьмэдщ езыгъэлеипар: я гъунэгъу унэIут зыщыплI къригъэблагъэри яхуэпщэфIащ, зэхэтIысхьэжри къэкъеижыху Iэнэм пэрысащ. А махуэращ Хъатыджэ-хъаным игу къыщыкIар: «IункIыбзэ естмэ, сыт яхузэфIэкIын? УнкIыбзэетакIэ фызесшэнщ - сыт скIэщIэвгъэкIуэсыкIыфын итIанэ!»
КъыкIэлъыкIуэ махуэм Хъатыджэ-хъаным хэжеяти, хэтIэсауэ зиужьри, и пэшым къыщIэкIащ. Унэм Гюлте­ри и мылъхупхъури щIигъуэтакъым. «Дэнэ щыщIэвэщIа мыхэр?» - жери, лъыхъуэурэ пщэфIа­пIэмкIэ кIуащ. Бжэм щыбгъэдыхьэм, и тхьэкIумэм Iущащэ макъ къиIуэри, зиущэхуащ: «СакIэщIэдэIухьынщ», - жери. IункIыбзэ IухыпIэмкIэ дэплъащ, зигъэщхъри. Мэхьмэд шэнт лъагуэ тесщ, и бгъуитIымкIэ Гюлтеррэ Эленрэ къыщысщ, пщафIэм зыкъракъузылIауэ.
 - Фошыгъу щхьэ къыздумыхьарэ, Гюлтер? - мэшхыдэ пщафIэр.
 - Ямылъагъужыным IункIыбзэ иритащ! - жиIащ Гюлтер.
 - Уэ дыгъуэпшыхь щхьэ укъэмыкIуарэ? - хуохъущIэ Элени. - Хьэлывэ пхуэзгъэтIыгъуат.
 - Сышынащ, - жеIэ Элен. - Хъаным гу къытлъитэмэ, дыдихужынущ.
 И тхьэкIумэ игъэкIауэ, якIэщIодэIухь Хъатыджэ-хъаным, и лъыр къовэ. Модрейхэм дэнэ щащIэнт Хъатыджэ-хъаным къазэрыкIэщIэдэIухьыр! ЩIачэркъым:
 - Хъыдан вакъэращ псори зи лажьэр! Хъыдан вакъэр зылъыпимыIуамэ, дытхъэжынут. Ямылъагъужыныр къежьэмэ, туфлъэ макъымкIэ къатщIэрт къэмыс щIыкIэ!
 Еплъ и нэщIыбагъкIэ къращIэм! И гугъэнтэкъым игъащIэкIэ. И пщIыхьэпIэ къыхэхуэнтэкъым. Дзыхь яхуэщI абы - уи щхьэр фIашхыкIынущ, уи мылъкур зралъэфэлIэжынущ.
 Бжэр Iуиудри, пщэфIапIэм щIэлъэдащ Хъатыджэ-хъаным.
 - Напэ фиIэкъым! Фыбзаджэнаджэщ! ФикI си унэ! АфIэкI зызвмыгъэлъагъу!
 И унэIутхэр унэм ирихужащ Хъатыджэ-хъаным. Абы и ужькIэ лIыщIэрэ унэIутрэ дапщэрэ къищтамэ, арэзы къэзыщIын къахэкIакъым: зыр напэншэт, зым Iэбэлъэбэн и щIасэт, зыр щхьэхынэт, зыр пцIыупст. Уигу фIы щагъэщIэнт апхуэдэ унэIутымрэ лIыщIэмрэ: зыхуэныкъуэ щымыIэми, уэд хъууэ щIидзащ Хъатыджэ-хъаным, фагъуэ хъуащ, зэлымпIыжыным нэсащ...
 Абы щынэсым, туфлъэ лъэдакъэ лъагэ зылъыпиIужащ Хъатыджэ-хъаным. ЗылъыпиIужри... и псэр тыншыжащ, и гум жьы дихужащ! И унэIутхэм щIатешхыхьын щхьэусыгъуэ иIэжкъым - зэхащIыхьIауэ гу ялъитэжыркъым. Туфлъэ лъэдакъэ лъагэр зэрызылъыпиIуж лъандэрэ! И лъэ макъымкIэ къащIэри, хутыкъуауэ зыкъыIэрагъэхьэжыркъым! УнэIутхэр я пIэ щитIысхьэжым, Хъатыджэ-хъаным и фэр къихьэжащ, нэкIу тхъуэплъ хъужащ. Ягъэ кIынкъым, и щхьэр уназэми: и псэм зигъэпсэхужащи, ари Тхьэм и фIыщIэщ...

 

Ефруз-бэч и «философиер» адыгэхэм ядэркъым

Фантастикэ повестым щыщ пычыгъуэ

ШЭДЖАГЪУЭ нэужьт. «Сахьэуэт» хьэщIэщым и бжэIупэм цIыхухэр щызэрызехьэрт. Абыхэм гуп-гупурэ загуэшат, къызыхэкIамрэ зыщыщ лъэпкъымрэ тещIыхьауэ. ЕджакIуэ ныбжьыщIэхэр зы лъэныкъуэт, диным и лэжьакIуэхэр - сохъустэхэр, щоджэнхэр, молэхэр - адэIуэкIэ къыщытт. Мыбдежым щыплъагъурт Тахъкъалэм къикIа хьэмшэрийхэр, махъсымэрэ къундэпсорэ щэн фIэкIа Iyэxy зимыIэ ермэлыхэр, журтхэр, Iэрнаутхэр, болгархэр; пыIэ къуацэхэр ящхьэрыкъуэжауэ, дыжьын къамэхэр якIэрыщIэжауэ, адыгэхэр щхьэхуэу къыщытт, уий, мыхэр уэркъ щылъху защIи жыпIэну.
 Псори зэжьэр Ефруз-бэчт. Абы Ахьмэд сулътIаным и уэрамыщхьэм «хуитыныгъэм теухуауэ псалъэ» щыжиIэн хуейт.
 ИкIэм-икIэжым, сыхьэтыр хым нэблэгъауэ, Ефруз-бэч къалъэгъуащ, и пыхъуэпышэ зыбжанэ дэщIыгъуу. Куэбжэпэм абы къыщыпэплъэрт хьэфэ шэрхъ зыщIэт, ауэ шы зыщIэмыщIа тешанкIэ гъэщIэрэщIа. Щкъуах-сыхым щыщIидзам, Ефруз-бэч тешанкIэм дэкIуеину хунэсатэкъым. Абы и къуэдзэхэр зэзауэ гупым яхэлъэдащ, Iуэхур зытетыр къащIэн мурад яIэу. Езы Ефруз-бэч фIэтелъыджэт зэкъуэш щхьэхуитхэр щкъуах-сыхым зэрыхыхьар. КъызэрыщIэкIымкIэ, зауэр зыубла адыгэхэр хьэрыпхэм, Iэрнаутхэм, алыджхэм, болгархэм, хьэмшэрийхэм япэщIэувауэ арат, лIыхъужьым и тешанкIэр кърашэкIыну езыхэм фIэкIа зыми зэрахуэмыфащэр я фIэщ ящIыну.
 - Ефруз-бэч дэ ди лъэпкъэгъущ! Абы къыхэкIыуи, гур къезышэкIынур дэращ! - жаIэри адыгэхэр я къамэ Iэпщэхэм епхъуащ.
 ЦIыхушхуэхэм зэрахабзэу, Ефруз-бэч, куэд къримыгъэкIуэкIыу, хьэщIэщымкIэ иунэтIащ.
 - ФымыпIащIэт! - къэгуоуащ ар.- Сэ иджыпсту ищхьэмкIэ сыкъыщепсэлъэхынщ...
 ДакъикъитI нэхъ дэмыкIыу Ефруз-бэч ещанэ къатым хэлъ щхьэгъубжэм къыIухьащ, ар зэралъагъуххэу псори ину Iэгу еуащ. Зэрихабзэу, Ефруз-бэч Iэ сэмэгур и бгым щIигъакъуэри, и пащIэр щIиIуэнтIэжащ. Зэрызехьэр нэхъ мащIэ щыхъум, абы щIидзащ:
 - Ныбжьэгъухэ! Мыдэ языныкъуэхэм сэ сыадыгэу ябж! Пэжкъым ар! Сэ сыадыгэкъым, лъэпкъи сиIэкъым. Сэ сыщхьэхуит Ефруз-бэчщ! Фэ фщыщ дэтхэнэ зыми сыхуэдэщ сэ. Ауэ фэ иджыри къывгурыIуакъым хуитыныгъэр зищIысыр. Конституцэращ хуитыныгъэ хъужыр! Абы лъэпкъхэри динхэри зэхуегъадэ. КъывгурыIуэрэ жысIэм и мыхьэнэр?
Ефруз-бэч къедаIуэ гупыр зэрыгъэкIиящ:
 - КъыдгурыIуэркъым! ЗэхэтщIыкIыркъым!
 - Хъунщ-тIэ, къывгурызгъэIуэнщ. Сэ жысIам къикIыр зыщ: нобэ къыщыщIэдзауэ лъэпкъ щыIэжкъым, дини зэрыщымыIэжым хуэдэу.
 Псори зэуэ щым хъуащ. Дакъикъэ бжыгъэкIэ ахэр Iэнкун зэрыхъуар къигъэсэбэпри, Ефруз-бэч хуитыныгъэ философием и мыхьэнэр мобыхэм къагуригъэIуэну пыхьащ.
 - ЦIыхухэм хуитыныгъэ щагъуэтым деж зэхуэдэ мэхъу. Зэхуэдэхэр - зэкъуэшщ. Динри лъэпкъыцIэри мэкIуэдыж. Псори щхьэхуитщ! Псори зэхуэдэщ! АтIэ къызжефIэт: лъэпкъ, дин зэхэгъэж пщIы хъурэ абы и ужькIэ? Фи бзэ зэтемыхуэмэ, эсперанто зэвгъащIэ. Фызэгухьэ. ФIыуэ фызэрылъагъу. Сэ сIэта «лъэпкъымрэ динымрэ я зэхуэдэныгъэ» бэракъым къыщIэмыувэр хэт щыщми гущIэгъуншэщ икIи ябгэщ! Дэ псоми ди лъэпкъри ди динри зыщ - ар щIы хъурейм цIыхуу тетырщ. ИIэт, къуэшхэ, IэплIэ зэхуэфщIыт! Диныр, лъэпкъыгъэр хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ цIыхулышххэмрэ къахуэвгъанэ.
Ефруз-бэч кIыхь зригъэщIыIуат. Дауэ мыхъуми, абы нэчыхь, унагъуэ, лъэпкъ-къупщхьэ жыхуаIэхэр гъэкIуэдыжын хуей хабзэжьхэм зэрыщыщыр апхуэдизкIэ мобыхэм я фIэщ ищIати, истамбылдэсхэм - алыджхэм, хьэрыпхэм, Iэрнаутхэм, журтхэм, хьэмшэрийхэм, болгархэм, ермэлыхэм - IэплIэ зэхуащIу, зызэрадзащ... Ба мин бжыгъэм я макъым дунейр игъэзджызджырт.
 Ефруз-бэч кърибжэкIар зи фIэщ мыхъуар, зи гум дэмыхьар адыгэхэм я закъуэт. Абыхэм я щхьэ хуа-гъэфэщакъым алыджхэм, болгархэм, журтхэм, къинэмыщIхэм яIурыбзеен. Ефруз-бэч зыхуагъэзащ, дыжьын къамэ Iэпщэр якъузурэ:
 - Уэлэхьи, зи лъэпкъ зымыдэжыр цыджаным нэхърэ нэхъ Iейм! - жаIэри, адыгэхэм Топхъанэ хьэблэ дэт шей ефапIэмкIэ яунэтIащ.
 Шей ефапIэм здэкIуэм, абыхэм Кавказым щыIэ хабзэм-бзыпхъэм, лIыгъэм я гугъу ящIырт, адэ хэкужьым къыщана шагъдий жэрхэр, уанэхэр, щIакIуэхэр, дыжьын къамэхэр ягу къагъэкIыжырт.

ЗэзыдзэкIар ХЬЭФIЫЦIЭ  Мухьэмэдщ.

 

Iуэхутхьэбзэ

Iуэтэж

ИБРЭХЬИМ-ефэнды, хеящIэм, теплъэ хъу дэсакъым къалэм. Набдзэ фIыцIэ нэщхъыдзэт, и нэ цIыкIуитIыр мыщIэ хуэдэ къилыдыкIырт, и жьакIэ цIырхъыр цыпхыдзэм хуэдэт, и пащIэ фIыцIэ Iувым къыщIэплъыр шыдзэт нэхъ зэбгъэщхьынур. УIуплъамэ, къыпщыхъунут: иджыпсту къыбжьэхэпхъуэнурэ и дзэр къыпхиукIэнущ. КъыщопсалъэкIэ къыбжьэхэбанэ фIэкI пщIэнутэкъым ар: хьэ хуэдэ, къыбжьэхэпхъуэрт, къуимыпэсын щыIэтэкъым.
И фэкIи, и псэлъэкIэкIи, и дуней тетыкIэкIи псоми зэражагъуэр ищIэж пэтрэ, езым цIыхуфI дыдэут зэрызибжыжыр, псоми яхуэгуапэу, яхуэгумащIэу къыщыхъужырт. Нэхъ фэрыщI бгъуэтынутэкъым. И фэрыщIыгъэр, и щэныншагъэр зигу темыхуэ псоми яжриIэрт:
- Сыт фщIэрэ фэ? ЦIыхум фIыуэ сыкъалагъу сэ! Я адэм хуэдэу салъытэ.
Зэгуэрым, мэрем махуэм и пщэдджыжьым, уэчылым и IуэхущIапIэм щIэст хеящIэр. Абы щызэхуэсат къалэм пщIэ щызиIэ цIыху цIэрыIуэхэр - нэмэз ящIын щхьэкIэ, къекIуэлIауэ. Къахэхъыжьэри, хабзэ-бзыпхъэхэм тепсэлъыхьын щIадзащ абы щызэхуэсахэр. Ибрэхьим-ефэнды, зэрихабзэти, и нэщхъыр зэхэукIауэ щыст. И жьэ зэщIихакъым зыкъомрэ, къахэмыпсэлъыхьмэ, нэхъ къищтащ. Зиусхьэнхэр къакIэщIэпIаскIуэ хъуащ хеящIэм.
Зым жиIащ:
- ЦIыху егъум жыхьэнмэм и бжэр хузэIухащ.
НэгъуэщI зыи къыдежьууащ абы:
- ЦIыху хьэрэмхэм къащхьэпэнукъым нэмэзри, зэчырри, сэджытри, нэщIри. Хьэрэмыр и нэкIумкIэ къыбощIэ.
КIэщIу жыпIэмэ, дэтхэнэри зыгуэркIэ къыкIэщIэпIаскIуэрт хеящIэм. АфIэкIа хуэшэчыжакъым Ибрэхьим-ефэнды. Абы псалъэ жагъуэ къариутIыпщащ: цIыху фэрыщIхэращ зи псалъэ IэфIыр, пэжыр гъэткIугъуафIэкъым, дыджщ, цIыху захуэр сыт щыгъуи ткIийщ!
Псори зэрыгъэIуща хуэдэт асыхьэтым: нэхъапэр захуагъэмрэ гуапагъэмрэщ - ар хеящIэм и фIэщ зэращIынт ахэр зыхэтыр.
Псалъэмакъыр абы нэсауэ, бжэщхьэIум щIалэ цIыкIу къытеуващ, жэз фалъэшхуэ IэщIэту.
Уэчылыр щIалэ цIыкIум бгъэдэкIуэтащ:
- Сыт ухуейт? - жери.
- Зиусхьэн хеящIэр къыфхэс?
- Къытхэсщ.
Ибрэхьим-ефэнды игу къэкIащ: «ТхьэусыхакIуэ къысхуэкIуауэ пIэрэ щIалэ цIыкIур?»
- Узыхуейр къызжеIэ, - плIанэпэм къы­дэпсэлъыкIащ хеящIэр.
- Зиусхьэн,-жиIащ щIалэ цIыкIум, - ди адэм шху къыпхузигъэхьащ.
- Сыт щхьэкIэ?
ЩIалэ цIыкIур зэIынащ.
- Шху щхьэкIэ зыми селъэIуакъым сэ! - къыщIэгубжьащ хеящIэр щIалэ цIыкIум.
Пэшым щIэсхэр зэплъыжащ: хеящIэм Iулъхьэ къыхуахьащ!
«Шху фалъэшхуэ къыщIысхуахьар сыту пIэрэ?» - къыхуэщIэркъым Ибрэхьим-ефэнды. И нэщхъыр зэхилъхьэри, щIалэ цIыкIум къеплъащ:
- Уэ хэт урикъуэ?
- Ахъмэт-ага Хатым-оглу.
- Апхуэдэ сцIыхуркъым сэ.
- Езым укъецIыху, зиусхьэн. ШхумкIэ къыпхуоупсэ ди адэр. Iуэхутхьэбзэшхуэ зэрыхуэблэжьам щхьэкIэ.
Пэшым щIэсхэр хеящIэм йоплъ, езыр зэплъыр бжэщхьэIум тет щIалэ сырыхурщ. ЕгъэщIагъуэ: умыцIыхум дауэ Iуэхутхьэбзэ зэрыхуэблэжьынур?
- Сыт хуэсщIар уи адэм?
- Ди мэлыр къебгъэлащ.
- Дапщэщ?
- Ныжэбэ.
ХеящIэм и нэр щIалэ цIыкIум триубыдащ: «Делэ хъунщ мы цIыкIур». Ныжэбэ кIуам унэм зэримыкIар ищIэжыркъэ езым!
- Дэнэ фи мэлыр къыщезгъэлар?
- ХъупIэм.
- Дауэ?
- Ди адэр къопщIыхьащ ныжэбэ.
«Зыгуэр и лажьэщ мы щIалэ цIыкIум», - жиIащ Ибрэхьим-ефэнды игукIэ. ПщIыхьэпIэкIэ нэхъ мыхъуми, цIыхум Iуэхутхьэбзэ хуэблэжьыфмэ, ари цIыхугъэщ - арагъэнщ хеящIэр а дакъикъэм зэгупсысар. ГумащIэ къэхъури, щIалэ цIыкIум нэфIкIэ еплъащ:
- Шхур модэ тегъэувэ, нэмэз тщIымэ, дефэнщ.
ЩIалэ цIыкIум фалъэр Iэнэм тригъэуващ.
- КъызжепIэркъэ-тIэ: дауэ фи мэлыр къызэрезгъэлар? - еупщIащ хеящIэр щIалэ цIыкIум.
- Ныжэбэ ди адэм и нэгу щIэкIащ: мэлыр хъупIэм ихуауэ, мэзым зы дыгъужьыжь къыщIэжа хуэдэт. Дыгъужьым хуилъащ ди адэр, арщхьэкIэ хуэгъэщтакъым.
- АдэкIэ-щэ?
- Абы нэсауэ, уэ укърихьэлIащ…
- Сэри?
- Уэ, зиусхьэн. КхъуэпIащэ ухъури, уи дзапэфIанэмкIэ дыгъужьым и кIуэцIыр къибгъэуащ. Аращ ди адэр ныжэбэ зэпщIыхьар…
«Теурэзыр къыпхукIуэ, щIалэ Iиманыншэ!» - ара хъунщ хеящIэм игукIэ жиIар: и нэщхъыр зэхиукIэжри, щIалэ сырыхум къыжьэхэплъащ - зыIуригъэлъэдэнт асыхьэтым мэлыхъуэм и къуэр. ЩIалэ цIыкIур къэщтащ, хеящIэм щыIуплъэм: плIанэпэм кхъуэпIащэ къыдэплъ къыфIэщIащ, и дзапэфIанэр къыIупсу.
ЗэзыдзэкIар  Къэрмокъуэ Хьэмидщ.

Поделиться:

Читать также: