Аракъым дызэрыщыгугъар «Спартак-Налшыкым»

Урысей Федерацэм футболымкIэ и кубокыр къэхьыным теухуауэ 2020-2021 гъэхэм екIуэкI зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ джэгугъуэм ди щIалэхэм «ЕсэнтIыгур» 5:0-у зэрыщыхагъэщIамрэ зыгъэсэныгъэм и лъэхъэнэм ирагъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэм зэрыщытекIуахэмрэ гугъэ дахэхэр дагъэщIат мы гъэм и етIуанэ Iыхьэм «Спартак-Налшыкым» дэрэжэгъуэ къыдитыну. А хъуэпсапIэхэр щIигъэбыдэжырт премьер-лигэмрэ япэ дивизионымрэ ехъулIэныгъэ яIэу щыджэгуахэу Джатэрывэ Къазбэч, Пащты Руслан, Мэкъуауэ Залым, Гугуев Магомед сымэ, нэгъуэщIхэми къызэрагъэзэжам. АрщхьэкIэ…

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболым щыдихьэххэр мазиплIым щIигъуауэ темыпыIэжу пэплъэрт «Спартак-Налшыкыр» зыхэт етIуанэ дивизионым и Япэ гупым зэхьэзэхуэм щыщIидзэжынум. А лъэхъэнэм къриубыдэу абы зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ къыщыхъуат. БлэкIа зэпеуэм бжьыпэр щызыIыгъахэу Астрахань и «Волгарь»-мрэ Владикавказ и «Алания»-мрэ япэ дивизионым дэкIуэтеят. Зэхьэзэхуэм иужь дыдэ увыпIэр щызыубыда Владикавказ и «Спартак»-м етIуанэ дивизионыр ирагъэбгынат. Гупым къыхыхьат къызэрагъэпэщагъащIэхэу зыщыщ къалэм и цIэр зыфIащэ «ТIуапсымрэ» «ЕсэнтIыгумрэ», Таганрог и «Форте»-р. КъищынэмыщIауэ, Краснодар и «Урожай»-р нэхъапэм зэрыщыта «Кубань» хъужат. Абы ищIыIужкIэ Краснодар крайм и цIэкIэ Павловскэ станицэм и «Кубань-Холдинг»-р дыщIагъужат.
Ди командэри зыкъомкIэ къыщхьэщыкIырт гъатхэм зэхьэзэхуэр зэпагъэун ипэкIэ щыIам. Абы щыщу шыщхьэуIум и 9-м щIэзыдза 2020-2021 гъэхэм я зэпеуэм Дон Iус Ростов и стадионым къихьар цIыхуиплIт. Куэд дыдэкIэ дыщыгугъырт «Спартак-Налшыкым» и гупыщIэм.
Налшыкдэсхэр япэу зыхуэза СКА-р зэгуэрым гуп лъэрызехьэу щытами, иджы етIуанэ дивизионым щыкурытхэм ящыщт. Абы къыхэкIыу быдэу дыщыгугъырт «Спартак-Налшыкым» пэщIэдзэ зэIущIэм очкоищыр щызыIэригъыхьэу, адэкIэ ехъулIэныгъэм и гъуэгум ирикIуэну.
Хэгъэрейхэри щIэхъуэпсырт текIуэныгъэкIэ ирагъэжьэну. Абыхэм Iуэхур къаригъэхъулIащ 42-нэ дакъикъэм дагъэкIа топ закъуэм. Ди щIалэхэм ар жэуапыншэу къагъэнащ икIи IэнэщIу Дон Iус Ростов къикIыжащ.
Япэ джэгугъуэм къызэрыхагъэщIам дыкъигъэуIэбжьами, сыт щыгъуи хуэдэу, нэхъыфIым дыщыгугъырт. Къытщыхъурт ар зэрымыщIэкIэ къэхъуауэ, икIи псынщIэ дыдэу Iуэхур ягъэзэкIуэжыну. АрщхьэкIэ етIуанэми я хьэрхуэрэгъухэм щапэлъэщакъым, я стадионым щыджэгуа пэтми.
- Нобэ зыIэрыдгъэхьа зы очкор щым и уасэщ, - жиIащ зэIущIэ нэужьым «Легион Динамо»-м и тренер нэхъыщхьэ Избулатов Ренат. - «Спартак-Налшыкым» щызэхуашэсащ Iэзагъ лъагэ зиIэ футболистхэр икIи абыхэм уапэщIэтыну хуабжьу хьэлъэщ.
Дагъыстэным къикIахэм я пашэм и псалъэхэм къыхэщырт ди щIалэхэм хьэщIэхэр икъукIэ гугъу зэрырагъэхьар. ЗэIущIэм еплъахэри абы щыхьэт техъуэфынут.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2020-2021 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и пэщIэдзэ джэгугъуэм Дон Iус Ростов щыIэу щIыпIэ СКА-м 0:1-уэ къызэрыщыхигъэщIам «Спартак-Налшыкым» къыхуигъэуват я зи чэзу хьэрхуэрэгъухэм Iэмал имыIэу текIуэн хуейуэ. Ди щIалэхэм абы и лъэныкъуэкIэ я лъэкI къагъэнауи пхужыIэнукъым. Ахэр зэуа топым гъуэм кIуэуэ гъуащхьэхъумэхэм къыщрагъэгъэзэжаи, пкъом техуэу къыщигъэлъеижаи, гъуащхьауэр зы мэскъалкIэ щыблэукIаи къэхъуащ. ФIы дыдэу зыкъигъэлъэгъуащ «Легион Динамо»-м и гъуащхьэтет Магомедовми.
«Спартак-Налшыкыр» хуабжьу зэрыхуэны­къуэр нэрылъагъут абы и капитан Пащты Руслан. ЗэIущIэм и пэ къихуэу а гъуащхьэхъумэныкъуэм и ­лъакъуэр къэузат икIи тренерхэм джэгум хагъэхьэн дзыхь ящIатэкъым.
Сытми, «Спартак-Налшыкымрэ» «Легион Ди­на­мо»-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэр зэрытемыгъэкIуауэ икIи бжыгъэр къызэIуамыхауэ зэфIэкIащ, хуабжьу хьэлэмэту щытами. Абы арэзы къызэримыщIар гурыIуэгъуэт хэгъэрейхэр, арщхьэкIэ я гум щIыхьэщауи фэ ятетакъым. КъагурыIуэ хуэдэт гупыр кIуэ пэтми зэрызэфIэувэр икIи, апхуэдэу екIуэкIмэ, мыгувэу ехъулIэныгъэхэр къазэрыпэплъэр. Дэри абы дызэрыщыгугъым шэч хэлътэкъым.
Ещанэ джэгугъуэм ди гур ирихыпащ. Ипэ дыдэ дакъикъэм къыщыщIэдзауэ зэпеуэм зэрыхыхьэн хуейр щащыгъупщауэ къыщIэкIынут «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм Краснодар щрагъэкIуэкIа зэIущIэм. Е, хэт ищIэн, къапэщIэувахэр зэрыщIалэ дыдэм (ику иту я ныбжьыр илъэс пщыкIубгъу хъууэ арат) тыншу текIуэну къащигъэхъуа? Сытми, джэгур ирагъажьэри дакъикъэ пщыкIущ дэкIауэ арат ди щIалэхэр 0:2-уэ къыхагъащIэу щыхуежьам.
Апхуэдэ щытыкIэ хьэлъэм къикIыжыгъуафIэкъым. Псом хуэмыдэу хьэщIапIэ ущыIэу. Зи IэзагъкIи лъэщагъкIи ефIэкIыныгъэ зиIэ «Спартак-Налшыкым» хуабжьу гугъу зригъэхьын хуей хъуащ Краснодарым и ещанэ командэм (адрейхэр хэти премьер-лигэм, хэти япэ дивизионым щоджэгу) лъэщIыхьэжын папщIэ. «ВыщIэхэри» (аращ хэгъэрейхэм я цIэлейр) псынщIэу япэ зэрищам игъэгужьеижри, икIуэтащ, текIуэныгъэр къахуэзыхь бжыгъэр яхъумэн я гугъэу.
ЕтIуанэ топыр къыщыхудагъэкIа епщыкIущанэ дакъикъэм щыщIэдзауэ налшыкдэсхэм тепщэныгъэр яубыдащ. Абыхэм адэкIэ икIуэтыпIэ яIэтэкъым. ГурыIуэгъуэт мыгувэу хэгъэрейхэр зэретIысэхынур. Апхуэдэуи къэхъуащ. ЕплIыщIанэ дакъикъэм ди щIалэхэр зэуа топым «Краснодар-3»-м и гъуащхьэтетым ерагъкIэ къригъэгъэзащ. Абы къигъэлъеижам кIэлъеуа ди гъуащхьауэр гъуэм и пкъом техуащ. Ещанэ удынращ топыр щыдэкIар.
ЗэрыфIахьэху бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъуам игъэгушхуауэ «Спартак-Налшыкым» и футболистхэр загъэпсэхуну икIащ. ДжэгупIэ губгъуэм къызэрихьэжуи я ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщхэм къыпащащ. Апхуэдэхэм ящыщ зым хэгъэрейхэм футбол хабзэр я штрафнойм и ихьэпIэм пэмыжыжьэу къыщызэпаудащ. Абдежым Пащты Руслан Iэзэу къыщыхита топым Шаваев Магомед щхьэкIэ еуэри, бжыгъэр зэхуэдэ ищIащ.
АдэкIэ ущыгугъ хъунут «Краснодар-3»-м и футболист ныбжьыщIэхэм я лъэр щIэхупэу налшыкдэсхэм текIуэныгъэр зыIэрагъэхьэну. АрщхьэкIэ, дэнэт?! Бжыгъэр зэхуэдэ зэращIыжамкIэ Iуэхур зэфIэкIауэ абыхэм къащыхъуащ икIи я ебгъэрыкIуэныгъэм зэуэ кIэрагъэхуащ. Пасэу зыIэрагъэхьа тепщэныгъэр зыIэщIэкI «Краснодар-3»-м ар къигъэсэбэпри, джэгур и унафэм щIигъэуващ. Дакъикъэ зыбгъупщI нэхъ дэмыкIыу хэгъэрейхэр аргуэру япэ ищащ. Чичбэ къизэуа штрафнойм ди гъуащхьэтет Антиповыр пэлъэщакъым. Адрей топхэр къыщыдагъэкIами хуэдэу, абы ди командэр къыхуегъэлакъым.
Аргуэру бжыгъэр зэхуэдэ ящIыжыну е, нэхъыфIыжрати, текIуэныгъэм щIэбэныну «Спартак-Налшыкым» къару иIэжтэкъым - махуищ ипэкIэ зэIущIэ гугъу абы Ставрополь щригъэкIуэкIат. Арати, 2:3-уэ къыхагъэщIащ икIи япэ джэгугъуищым зы очко закъуэ фIэкIа щызыIэрамыгъэхьауэ турнир таблицэм и кIэух увыпIэхэм къыщыхутащ.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым мы гъэм къыхыхьа Павловскэм и «Кубань-Холдинг» командэщIэр щэбэт блэкIам Налшык къэкIуат пэщIэдзэ джэгугъуищым очкоибл щызыIэригъэхьарэ бжьыпэр зыIыгъ Краснодар и «Кубань»-м къызэрыкIэрыху щIагъуэ щымыIэу. Ар езыгъэблэгъа «Спартак-Налшыкым» и Iуэхур абы куэдкIэ къыщхьэщыкIырт. Турнир таблицэм зи яужь командитI фIэкIа къимынэжа ди щIалэхэр, иджыри къэс зы очко закъуэ къахьауэ, зэхьэзэхуэм и гупкIэм пыст.
ШыщхьэуIум и 29-м зэхэта зэIущIэм зыми зригъэхъуэжакъым. Зэгуэрым премьер-лигэм щыджэгуа «Спартак-Налшыкым» и цIэм фIэкIа къызэрыхэмынэжар псынщIэу къызыгурыIуа «Кубань-Холдинг»-м и футболистхэм мыгувэу тепщэныгъэр джэгупIэ губгъуэм щызыIэрагъэхьащ икIи, зэIущIэм и япэ Iыхьэм и кIэухым къриубыдэу хэгъэрейхэм топитI худагъэкIри, зыкъагъэбыдэжащ. Павловскэ станицэм къикIахэм текIуэныгъэр къахуэзыхь бжыгъэр тыншэу яхъумэфащ икIи я лъахэгъу «Кубань»-м адэкIи я хьэрхуэрэгъу нэхъыщхьэу зэхьэзэхуэм къыщынащ.
«Спартак-Налшыкым» и Iуэхухэр иджы нэхъ хэплъэгъуэж хъуащ. Ар турнир таблицэм къащыкIэрыхухэм ящыщ зым и закъуэкъым, атIэ зи джэгукIэр мыхьэнэншэ гупщ. ЖыпIэну урикъунщ пэщIэдзэ джэгугъуиплIым ящыщу 3-м абы я хьэрхуэрэгъухэм я гъуэр зэи зэрыхимыгъэщIэфар. ТIэу къудейрэщ абы къыпэщIэтахэм я жагъуэ зэрищIыфар. Ауэ щыхъукIи, а топитIыр зыхудигъэкIа «Краснодар-3»-м и жэуапыр нэхъ ткIиижт икIи, нэхъыбэж къыхудихури, къыхигъэщIащ. А псом ищIыIужкIэ Ставрополь къалэм щыIэу щIыпIэ «Динамо»-м бжыгъэшхуэкIэ, 1:4-уэ, къыхигъащIэри, Урысей Федерацэм и кубокыр къэхьыным теухуа зэпеуэм псынщIэ дыдэу къыхэкIащ. Абыхэм къагъэлъагъуэ ди командэр зэхьэзэхуэм зыкIи зэрыхуэмыхьэзырыр. Нэрылъагъущ мыхьэнэншэу зыкъыщагъэлъагъуэу епщыкIущанэ увыпIэм фIэкIа къащыхуэмыхьа 2019-2020 гъэхэм щыIа зэпеуэм елъытауэ зыкIи нэхъыфI зэрымыхъуар, уеблэмэ я зэфIэкIхэм зэрыкIэрагъэхуар - иджыпсту епщыкIутхуанэхэщ.
Гупым хуабжьу зэхещIэ и капитан, гъуащхьэтет Iэзэ Щоджэн Борис зэрахэмытыжри. Зэхьэзэхуэм щIидзэным къэнэжа щымыIэу фэбжь игъуэта иужькIэ, ар зыхъуэжа Антипов Антон и къалэнхэм зэрыпэмылъэщыщэри нэрылъагъущ. Абы гупыр къригъэлын дэнэ къэна, и зэранкIэ топ зыбжанэ къыщыхудагъэкIаи къэхъуащ.
 ИкIэщIыпIэкIэ Iуэхур зэтрамыгъэувэжу хъунукъым «Спартак-Налшыкым» и тренерхэм. ЗэIущIэм я нэхъ гугъухэр абыхэм къащыпэщылъыр дяпэкIэщ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр къэралпсо утыкум зэрыщахъумэр я гъэсэнхэм пхагъэкIыпхъэщ. Армырамэ, напи щIыхьи къытхуэзымыхь кIэух увыпIэхэр ахэр зыхэт зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыдиIэрылъхьэщ.

       

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться:

Читать также: