Джатауэ Уэлий и кIуэдыкIар

Ди хъыбарыр ятеухуащ гъащIэ хьэлэмэт къэзыгъэщIа Джа­тауэ Шэмсиятрэ (Джэдгъэфхэ япхъущ, 1884-1963 гъэхэм псэуащ) Джатауэ Былымгъуэт и къуэ Уэлийрэ (1872 - 1923 гъгъ.).

Псори къыщежьар XIХ лIэщIыгъуэм и ­етIуанэ Iыхьэрщ, Иджырей Черкесск къалэ пэмыжыжьэу щыс Зеикъуэ жылэрщ. Зы нысашэ гуэрым щызэрыцIыхуат уэркъ унагъуэм къыхэкIа хъыджэбз дахэ зэкIужымрэ и теплъэрэ къарукIэ зыхыхьэм къахэщ щIалэ екIу, Джатауэхэ я къуэ Былымгъуэтрэ.
АрщхьэкIэ, щауэр уэркъ лъэпкъым къы­хэкIатэкъым, мэкъумэшыщIэ унагъуэт зейр. Абыи емыплъу, ныбжьыщIэхэм унагъуэ яухуэну тегушхуами, нысащIэм и адэр абыхэм пэрыуэгъу къахуэхъуащ. Тхьэм ещIэ, фIыщэу илъагъу и пхъум нэгъуэщI насып къыщIэкIынт зыхуэлъыхъуэр. НыбжьыщIэхэм я Iуэхур хэплъэгъуэ хъуащ, щIалэм къилъытащ и пщIэр хаутэу. Апхуэдэу щыхъум, абыхэм мурад ящIащ къуажэм дэкIуэсыкIыу унагъуэ щхьэхуэу тIысыжыну. Щауэм и Iуэхур къыдэзыIыгъ и къуэшхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ зэгурыIуэри, пщащэр адэ лъапсэм къыдадыгъукIри, шы жэрхэм тесу зрачыжащ.
Хъыджэбзым и адэм абыхэм пхъэр  якIэ­лъигъэкIуащ, дауэ ищIми и пхъур и жьэгум щригъэтIысэхыжыну фарз зыщищIыжауэ. Сыт хуэдизу къэмыгуоуами, ягъэшынэну яужь имытами, ныбжьыщIэхэр къахуэгъэувыIакъым. Сыт хуэдэ бгырыс щIалэт фIыуэ илъэгъуам пхупыкIынур?! Ар зыгуэркIэ къэ­дзы­хатэмэ, пщIэ лъэпкъ иIэжынутэкъым. Ауэрэ фочыр гъэуэн щIадзащ икIи зыпэмып­лъа ­къаIэщIэщIащ - фочышэр техуащ хъыджэбзым… ЩIалэм и шыр къыжьэди­къуэри, къапэщIэувахэм къахэлъэдащ, абдеж и псэр ­щитми, нэхъыбэ зэрыздихьынум пылъу.
ЩIалэ къызэщIэплъахэр щызэрыукIащ абдеж, я псэугъуэу куэди хэкIуэдащ. Щауэм и лъэныкъуэкIэ псэууэ къэнар зэкъуэшитIырщ - езы Былымгъуэтрэ Темболэтрэ. Зыкъомрэ щысащ ахэр гупсысэу: «сыт тщIэн, дэнэкIэ дунэтIын?» - жаIэу.
 Къэхъуам и ужькIэ, дауи, абыхэм я къуа­жэм ягъэзэжынутэкъыми, КъэбэрдеймкIэ яунэтIыну мурад ящIащ. Лъагъуэ щэхухэмкIэ къыпхрыкIыурэ Налшык и Iэгъуэбла­гъэхэм а тIур къэсащ. Мэзым мазэ зыбжанэкIэ щIэсащ, Шыпшым и цIыхухэм ахэр къапэщIэхуэхукIэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, абыхэм зыщагъэпщкIур а пщым и мэзрат. Iуэхур зэхигъэкIын щхьэкIэ пщым и деж ахэр ириджащ. А зэманым абы и хьэщIэт пщы Хьэ­тIохъущокъуэри. Джатауэ Былымгъуэт и за­къуэу къэ­кIуащ, зыми дзыхь хуэзымыщI, цIыху сакъ Темболэт мэзым къыщIэнэри. Зэпсэлъа нэужь пщыхэм мурад ящIащ зэ­къуэшитIым я нэIэ трагъэтыну. Апхуэдэу Былымгъуэт Хьэ­тIохъущыкъуей Ипщэм (Зеикъуэ) псэун щы­щIи­дзащ икIи абдеж и ­къуэпсхэм зыщ­ригъэуб­гъуащ.
Былымгъуэт 1870 гъэм щхьэгъусэ къишэри унагъуэ дахэ иухуащ, къуихрэ пхъуищрэ къыщIэхъуащ. Дэтхэнэми хуэфащэу я    лъэпкъ жыгым и къудамэхэм зрагъэшэщIащ.
Макаренкэ Яков «Друзья, каких знал и люблю» и тхылъым (Налшык, 2005 гъэм Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ) дыкъыщоджэ: «Къулейсызу псэу Джэдгъэф ТIам и унэм къыщыхъуащ кIарцей жыгыщIэм хуэбгъэдэну Iэпкълъэпкъ зэкIуж зиIэ, илъэс 16 зи ныбжь Шэмсият. Хъыджэбзым и дахагъэр жылэ псом щызэ­лъащIысащ. Абы лъыхъу къыхуэкIуащ зи ныбжьыр илъэс 40-м нэблэгъа, къулеижьхэм ящыщ Дыкъынэ Жамбэч. Шэмсият и адэр абы фIэлIыкIырти, «хьэуэ» жриIэфакъым. Апхуэдэу щыхъум, Дыкъынэм нысащIэм уасэфI щIитащ: шитI, жэмитI, витI. АрщхьэкIэ, Шэмсият а щауэм хуейтэкъым, фIыуэ илъэгъуар Джатауэ Исмелт. Исмел къулейсызт, ауэ дахэт, и ныбжькIи щIалэт».
Адэм Шэмсият и гухэлъхэр къыщищIэм, ар гущIэгъуншэу иубэрэжьащ, нысашэр къыщы­дыхьэну пIалъэмкIэ ягурыIуащ. Дыкъынэхэ я унэм ирашэлIащ нысащIэр. ХьэгъуэлIыгъуэр къызэрыдахрэ махуэ ещанэр екIуэкIырт. Шэм­сият яхуэшхэртэкъым, Исмел деж зэ­ры­кIуэсэнрат зэпымыууэ зэгупсысыр. Ар зыщIэс пэшыр яхъумэрт, итIани, махуэ еща­нэм и пщыхьэщхьэм абы хузэфIэкIащ Дыкъынэхэ къыщIэкIуэсыкIыжу  Джатауэхэ  я деж екIуэ­лIэну.
Шэмсият и адэми и анэми пунэлат кърахащ. Дыкъынэм нысащIэм щIита уасэр ятрихыжри, илъ ищIэжыну Джатауэ лъэпкъыр бий ищIащ. Илъэс дэкIауэ къэIуащ фоч уэ макъыр. Дыкъынэм иукIащ Джатауэ Исмел и ­къуэш Уэлий. Апхуэдэу щIидза хъуащ лъэп­къитIым  илъэс  куэдкIэ  яку  дэлъа  лъыщIэжыр.
Шэмсият Джатауэ лъэпкъым я гуауи гуфIэгъуи ядигуэшу илъэс  62-кIэ  яхэсащ, анэ ­гумащIэу, щхьэгъусэ пэжу щытащ, пхъуиплI­рэ ­къуищрэ ипIащ.
Шэмсият и къуэ Хъусен 1942 гъэм Хэку за­уэш­хуэм хэкIуэдащ. Ар щыщIалъхьащ Украи­нэм и Киев областым хыхьэ Фастов къалэм. И къуэ нэхъыжь ТIорэ колхозым ветеринару щы­лэжьащ, нэхъыщIэ Хьэсэн зауэм 1946 гъэм къикIыжа нэужь, псэухукIэ колхозым хэтащ. Ипхъухэр унагъуэ хъуауэ насыпыфIэу псэ­уащ.
Былымгъуэт унагъуэшхуэ иIащ - къуихрэ пхъуищрэ. Зэкъуэшхэм я нэхъыжьыр Уэлийт. Ар фIыуэ щыгъуазэт и адэм и гъащIэр къы­зэрекIуэкIам. ЗэрыцIыкIурэ лIыгъэ щIапIэм зыхуигъэхьэзыр зэпыту къэгъуэгурыкIуат. Абы и хахуагъэмрэ IэкIуэлъакIуагъэмрэ зэры­жылэу щыгъуазэт. Нэхъыжьхэм зэрыжаIэ­жымкIэ, шым уардэу тест, сэшхуэр фIыуэ ­игъабзэрт. Дауи щIыи, абы зэрихьэ унэцIэми куэд къыбжиIэрт - Джатауэ. Уеблэмэ шы нэхъ фэншэ дыдэри абы екIуу хуэгъасэрт. Жэщыр щыхэкIуэтами, Бахъсэн псы уэрым ар зэпрыкIыфырт, бгым дэкIынуми къехыжынуми лъагъуэ лъыхъуэртэкъым. Мыр къагупсыса хъыбаркъым, атIэ пэжщ, хэзыщIыкIыу щыта и ныбжьэгъухэмрэ и къуэшхэмрэ ди деж къахьэса Iуэхущ.
… Уэлий иджыри къэс зызыхуигъэхьэзыра лIыхъужьыгъэр къыщигъэлъэгъуэну пIалъэр къэсащ. Урыс-япон зауэр къыщыхъеям, езыр фIэфIу абы кIуащ, и къуажэгъу щIалитху щIыгъуу, Тэрч-Псыжь шуудзэм хыхьэ Къэбэрдей шууищэм (128-м щыщу 14-р балъкъэрт) хэ­хуащ. Маньчжурием къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ Георгий щихъым и жорищыр ­къратащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри къы­хуагъэфэщэн папщIэ Уэлий лIыгъэшхуэ зэрихьащ. Абыхэм щыхьэт тохъуэ дамыгъэхэм ящIыгъу дэфтэрхэр.
Урыс-Япон зауэр еухри, 1905 гъэм и мазаем Къэбэрдей шууищэм Налшык къагъэзэж, щхьэж и унэ екIуэлIэжыну къыжраIэ. 1906 гъэм и фокIадэм урядник Джатауэ Уэлий ­Налшык округым и унафэщIым иреджэ, зауэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэм къыпэкIуэу «милицэм и юнкер» цIэ лъапIэр къызэры­фIащар къыжриIэну.
1910 гъэм и бжьыхьэм округым и унафэщI Къылышбий СулътIанбэч зэщIигъэуIуащ дыгъуэгъуакIуэхэм япэщIэтыну зы гуп. Абы хыхьащ Уэлии.
1914 гъэм шыщхьэуIум Къэбэрдей шуудзэм ар хыхьэнущ. ХьэтIохъущыкъуей жылэм щыщу абы зыхезыгъэтха цIыху 13-м япэ дыдэу итт зи ныбжьыр илъэс 42-м нэблэгъа Джатауэр. ЩIалэхэм я цIэ-унэцIэр зэрыт тхылъымпIэм къуажэ тхьэмадэм тритхэжат: «Езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ  дзэ  къулыкъум пэрохьэ».
1914 гъэм и дыгъэгъазэм Уэлий бийм щыIущIэнущ Галицием и Самбор къалэм деж. ИужькIэ ар мэжэрхэмрэ австрийцхэмрэ щозауэ Калушэ щIыпIэм пэгъунэгъуу. Зэхэуэ гуа­щIэхэм ящыщ зым, Жаровин жылэ цIыкIум деж, взводым и унафэщIыр уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ. Шухэм къикIуэтын щIадзащ, я щхьэр кърамыгъэIэту шэр къытрагъэлъалъэрти. АрщхьэкIэ Уэлий гупыр къызэтригъэувыIэри, бийм тезэрыгуэну абыхэм Iэмал къахуигъуэтащ икIи абы и фIыщIэкIэ шуудзэм и къалэныр игъэзэщIащ. Генерал-лейтенант Нахичеванскэм куэд дэмыкIыу Джатауэ Уэлий къритащ Георгий щихъым и жорым и япэ нагъыщэр. Апхуэдэу япэу Къэбэрдей шуудзэм къахэщащ Георгий и жориплIри зиIэ хъуа Джатауэ Уэлий.
Юнкер Джатауэ Уэлий армэм хэтащ 1915 гъэм и накъыгъэ пщIондэ. ИужькIэ ар Псыхуа­бэ дэт дзэ сымаджэщым ягъэкIуащ, и узын­шагъэр иригъэфIэкIуэжыну. Ар щып­сэуащ­ къыщалъхуа ХьэтIохъущыкъуей ­къуажэм. Граждан зауэм и илъэсхэм Джа­тауэр Совет властым къыдэщIу хэтащ.
Япон, нэмыцэ, граждан зауэхэр зэфIэ­кIащ. 1923 гъэм и бжьыхьэм Уэлий шым тесу блэкIырт мэлхэр щащ щIыпIэм. И къуажэгъу, и щыкъу щIалэу щытам кIэрахъуэр кърип­хъуэт­ри абы къеуащ. Уэлий шы уанэм зыщиIыгъащ икIи лъы къуалэр къежэхыу унэм нэсыжыфащ.
Уэлий и анэ Цацу асыхьэту и бынхэр зэ­хуишэсри яжриIащ: «Филъ фщIэжыну хуит фысщIыркъым. Алыхьым кърита гъащIэр ­кърепсэу, ищIар игу къэкIыжыхункIэ и напэр сыуэ».
ЛIыукIыр къуажэм дахуащ. Бэбий, зэ­къуэш­хэм я нэхъыщIэм, жьы дыдэ хъуауэ жиIэ­жырт: «Джатауэхэ куэдрэ Iэмал диIащ Уэлий илъ тщIэжыфыну. АрщхьэкIэ анэм и псалъэм сыт щыгъуи дыкъызэтригъэувыIэ­жырт».
Мы хъыбарым зи гугъу щыщIа дэфтэрхэр архивхэм къыхагъуэтэжу я тхылъхэми къы­щызыгъэлъэгъуэжа Опрышкэ Олегрэ («Бы­вают странные сближения») Къэрмокъуэ Му­хьэмэдрэ («ХьэтIохъущыкъуей хъыбархэр») фIыщIэ яхудощI.
 

Тхыгъэр зыгъэхьэзырахэр: Темболэтрэ Былымгъуэтрэ я щIэблэу Ислъэмей, Зеикъуэ къуажэхэм щыпсэухэр, Джэдгъэф Аслъэмырзэ.
Поделиться: