Лъэпкъыр зэрыгушхуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил

УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, КъБР-м и Компо­зиторхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, Шостакович Дмитрий и цIэр зезыхьэ, Урысейм и ­Композиторхэм я сою­зым я саугъэтхэм я лауреат, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, композитор цIэрыIуэ, уса­кIуэ ХьэIупэ Джэб­рэIил Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм, ­литературэм, макъамэм илъэс щэ ныкъуэм щIигъуауэ хэлъхьэныгъэфI­хэр хуещI.

1970 гъэм ХьэIупэ Джэб­рэIил Урысейм и Ком­позиторхэм я зэгухьэ­ныгъэм хыхьащ, щэнхабзэм увыпIэ ин щызыубыда макъамэ симфоние куэд итхащ. Ахэр, ди респуб­ликэм къищынэмыщIауэ, Мос­ква, Нартсанэ, Мэхъэчкъалэ, нэгъуэщI щIы­пIэ зыбжанэм щыIуащ.
Адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ ХьэIупэ ДжэбрэIил пасэрей джэгуакIуэ­хэм я гупсысэкIэ-усэкIэр, нобэрей усыгъэм и хабзэхэр зыщIишащ. ЗыпищI щымыIэ и анэдэлъхубзэр нэгъэсауэ зэрищIэрщ а бзэмкIэ гупсысэ куу зы­щIэлъ усэхэр ДжэбрэIил къыщIехъулIэр. И Iэдакъэ къыщIэкIахэм куэд щIыдахьэхыр гурыщIэ къабзэр абыхэм зэрыщыкуэ­дырагъэнщ. Ахэр узыгъэгупсысэщ, гукъыдэж къо­зытщ, узыгъэнэщхъейщ. ХьэIупэм итхахэм езыр къыщеджэжкIэ, усэбзэр зэрыкъулеймрэ адыгэбзэм и курыхымрэ зыхыу­мыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым.
«Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Хьэ­Iупэ ДжэбрэIил и камернэ лэжьыгъэхэр щызэ­хуэхьэса «Чэщей пшыналъэ» тхылъыр. Абы ихуащ пшынэм, флейтэм, фортепьянэм, скрипкэм, виолончелым, гобойм папщIэ композитор цIэрыIуэм ­итха макъамэхэр.
- ДжэбрIэил и усэхэр адыгэ гупсысэ зыщIэлъ, лъэпкъ усыгъэ фащэм ит къэхъугъэ телъыджэщ. Шэч къытесхьэркъым: адыгэ усыгъэм къызэры­мы­кIуэу зезыгъэужьщ Джэб­рэIил и къалэмыпэм къыщIэкIыр. Абы епхауэ литературэджхэм я гугъу пщIымэ, ахэр тхыдэ-щэнхабзэ IуэхугъуэщIэ къэ­хъуам езыгъэгупсысын щхьэусыгъуэ ХьэIупэм и усэм хэлъщ, - жеIэ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Тхьэгъэзит Юрэ.
ХьэIупэм и мащIэкъым макъамэм зезыгъэужь, зи цIэ жыжьэ щыIуа зэрыгушхуэ и гъэсэнхэри. Ап­хуэдэу Тхьэр зэчийкIэ къызыхуэупсауэ къилъы­тэ и гъэсэнхэм ящыщщ КъБР-м и цIыхубэ артист, Санкт-Петербург дэт Римский-Корсаковым и цIэр зезыхьэ консерваторэм щеджа, композитор, пианист цIэрыIуэ Къэбэрдокъуэ Мурат.
- Иджыри къыздэсым Мурат макъамэу итхам хуэдиз языныкъуэхэм я гъащIэ псокIэ ятхыфыркъым, - хужеIэ ДжэбрэIил и гъэсэным.
ХьэIупэ ДжэбрIэил лъэпкъыр зэрыгушхуэхэм ящыщщ. И усэбзэр зэрыкъулейм къыдэкIуэу, абы и IэдакъэщIэкIхэм адыгэбзэм и курыхыр зыхыуагъащIэ. КъБР-м и щэнхабзэм илъэс щэ ныкъуэм щIигъуауэ хуэлажьэ Хьэ­Iупэм къыдигъэкIа «Iэгуа­уэншэ пшыхь» и япэ тхылъри лъэпкъ усыгъэм и хэлъхьэныгъэфIщ.

 

Поделиться: