Зи усэхэр лъэпкъым къыхуэзыгъэна

Псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 80 ирикъуат усакIуэ, тхакIуэ гъуэзэджэ, адыгэлI щыпкъэ, лъэпкъ усыгъэм гущэ хуэхъуа, Хьэгъундыкъуей къуажэжьым и бын нэхъыфIхэм ящыщ Анзор Мухьэмэд. Пасэу дунейм ехыжа усакIуэхэм ящыщщ, илъэс 55-рэ фIэкIа къэзымыгъэщIа Мухьэмэди. Арами, абы къыщIэнащ зэманым хуэмыгъэкIуэдын тхыгъэ уасэншэхэр.

Анзор Мухьэмэд Хьисэ и къуэр 1940 гъэм Къэрэшей-Шэрджэсым и Хьэбэз районым хыхьэ Али-Бэрдыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ. ЕджапIэм щыщIэса илъэсхэм абы зыкъигъэлъэгъуащ еджакIуэ гурыхуэу, еджэным фIы дыдэу хэгъуазэу. Ар ягу къызэрагъэкIыжщи, еджапIэм къыщызэрагъэпэщ сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэми щIалэ жаныр жыджэру хэтащ, ныбжьэгъу куэди иIэу щытащ. Псоми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуигъуэтырт, гъащIэм и курыкупсэм хэтыну фIэфIт. 1958 гъэм абы къуажэ курыт еджапIэр къиухащ ехъулIэныгъэхэр иIэу. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым советыдзэм къулыкъу щищIэну ар дашащ.
Къулыкъу нэужьым Мухьэмэд щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетым. ЩIалэ акъыл жаныр щIэныгъэм хуэпабгъэрт сыт щыгъуи, абы къыхэкIыу нэхъ студентыфI дыдэхэм хабжэрт. Ар къиуха нэужь, игъэзэжащ щалъхуа щIыналъэм. ЩIэныгъэ ищхьэ зэзыгъэгъуэта щIалэщIэм и мурадхэр дахэт, ар жыжьэ плъэрт, и гур куэдым щIэхъуэпсырт, лъагапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зрипщытыну хьэзырт. Абы лэжьэн щыщIидзащ «Ленин нур» адыгэ газетым и редакцэм, куэди хузэфIэкIащ. Зи IэщIагъэм хуэIэижь щIалэм гу къылъатащ икIи хагъэхьащ СССР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм.
Мухьэмэд щIалэ дыдэу тхэн щIидзащ. Зыхилъхьэ щымыIэу фIыуэ илъагъу и адыгэбзэмкIэ абы къиIуэтащ и гурыгъу-гурыщIэхэр, и дуней еплъыкIэр. И усэбзэри дахэт, шэрыуэт, удэзыхьэхт. Анзорым и хамэтэкъым прозэри. Абы хузэфIэкIащ сборник зэмылIэужьыгъуэхэр къыдигъэкIын. Апхуэдэщ 1965 гъэм дунейм къытригъэхьа «Усэхэр» зыфIища сборникыр, 1975 гъэм къыдигъэкIа «Джэ макъ» тхылъыр, 1981 гъэм - «Уэшх нэужьым», 1986 гъэм - «Насыпым и къуэпсхэр» тхылъхэр. Анзор Мухьэмэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Атэлыкъым и лъэужь» повестри.
Абы и тхыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэжа къэхъукъащIэхэр телъыджэу зэIущащ, щIэщыгъуэ пщыхъуу зэхэлъхьа хъуащ, цIыхухэм я дуней тетыкIэр пэжу, я щхьэм илъ гупсысэхэр хьэлэмэту зэпкърыхауэ ди пащхьэ кърелъхьэ, сыт хуэдэ IуэхущIафэри зыхэтщIэну лъэкIыныгъэ къыдет. Анзорым образ къигъэщIахэр къигупсысакъым, гъащIэм и курыкупсэм къыхихащ, абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми и цIыхугъэр, и лIыгъэр здынэсыр дегъэлъагъу, къыдгурегъаIуэ. Аращ ахэр щIэджыкIакIуэхэм ящымыгъупщэжу гукъинэж ящызыщIри.
АдыгэлI нэсу зэрыщытыр, адэжьхэм я лIыгъэр и щапхъэу дунейм зэрытетыр, адыгэ щIыхьыр ихъумэну зэрыхущIэкъур, хэку лъагъуныгъэм нэхъыщхьэ зэрыщымыIэр, хэкум и щхьэхуитыныгъэр и гъащIэм япэ иригъэщыну зэрыхьэзырыр къыхощыж и усэхэм.
Лъэпкъым и блэкIар, бэнэныгъэкIэ, лIыгъэкIэ гъэнщIауэ, и напэр имыгъэулъийуэ гъащIэ къигъэщIар усакIуэм IэщIыб ищIакъым. Абыхэм ирогушхуэ, ироин, иропагэ. Апхуэдэщ и «Си Шэрджэс» поэмэр. АбыкIэ къеIуатэ лъэпкъым телъа бэлыхьыр, ар бийм зэрыпэщIэтар икIи зэрытекIуар. Анзорым и IэдакъэщIэкIхэм щибзыщIыркъым щIэблэ къэкIуэнум и хьэтыркIэ ди адэжьхэм я гъащIэр зэратар.
Мыбдежым усакIуэм нэрылъагъу тщещI и щIыналъэм хуиIэ лъагъуныгъэм и инагъыр зыхуэдизыр. Абы и гъащIэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ къыщалъхуа щIыналъэм, адыгэ хэкум.
Мухьэмэд и тхыгъэхэр нобэрей зэманым поджэж, цIыхугъэ лъагэкIэ, ныбжьэгъугъэ пэжкIэ убзыхуащ. Анзорым и гур зэтар адыгагъэрэ цIыхугъэкIэ гъэнщIа лIыхъужьхэр къигъэщIынырт, абыхэм я IуэхущIафэхэр нэрылъагъу щIынырт, гурыщIэ нэхукIэ псыхьынырт.
ЦIыхум къикIуа гъащIэр пэжу, убгъуауэ, хьэлэмэту къигъэлъэгъуэжын хузэфIэкIащ Анзор Мухьэмэд. Абы и къалэмыр щIэмычэу щIигъэбзар и лъэпкъращ, адыгэ цIыхухэращ, дуней тетыкIэ дахэм, цIыху зэхэтыкIэ гъуэзэджэм. Аращ мыпхуэдэ сатырхэр щIитхыр: «Щхьэж и IэнатIэ и анэмэтщ», «Iуэхум хуэIэкIуэщ ди хэгъэгу исхэр».
Ар и джакIуэщ фIым, и гулъытэр лъоIэс дахагъэм, и IэрыкIхэр купщIафIэщ. Мухьэмэд и хамэщ пцIыIуэпцIышэныр, хабзэ мыхъумыщIэхэр, дуней тетыкIэ къемызэгъхэр.
Адыгэ литературэм зи гуащIэ хэзылъхьа, зи творческэ зэфIэкIхэмкIэ зыгъэдэха тхакIуэт Анзорыр. Ар зэш имыщIэу лэжьа, щIэм лъыхъуэу, зылъыхъуар къэзыгъуэтыфа цIыхущ, тхакIуэщ. Къигъуэтырт литературэр нэхъ зыхуэныкъуэ Iэмалхэр, цIыхухэм я гум къипсэлъыкIыу, я псэр дэзыхьэх образ гъэщIэгъуэнхэр къигъэщIырт, зыми емыщхь IуэхущIафэ дахэхэмкIэ иузэдырт.
Анзор Мухьэмэд Iеймрэ фIымрэ зэпэзышэчу къэгъуэгурыкIуа усакIуэ зэчиифIэхэм ящыщщ. Ар сыт щыгъуи хущIэкъуащ лъэужь дахэ мы дунейм къытринэну, мыпсэужми и цIэр фIыкIэ ­къраIуэу, ящымыгъупщэу цIыхухэм къахэнэныр и хъуэп­сапIэт. Езыр къытхэмытыжми, и усэхэр лъэпкъым къыхуэнащ дуней гъэлъагъуэу, дахагъэ купщIэу.

БЖЬЫХЬЭЛI Розэ.

Анзор Мухьэмэд и усэхэр

ЩIылъэ вагъуэ

Жэщ мазэгъуэр даущыншэщ,
Щхьэукъуащ дунейр.
Ауэ си псэм хъуащ пэIэщIэ
Мы нэхущэ жейр.

ЩIылъэ вагъуэ, щIылъэ вагъуэ,
Си гугъапIэ нэху,
Хъуакъэ игъуэ - си лэгъунэм
Иджы къыщынэху.

Жэщыр кIыфIмэ узидыгъэщ,
СэркIэ нэхущ дунейр.
ЩIымахуэкур си гъэмахуэщ,
ЗыхэзмыщIэ уейр.

ЩIылъэ вагъуэ, щIылъэ вагъуэ,
Си гугъапIэ нэху,
Хъуакъэ игъуэ - си лэгъунэм
Иджы къыщынэху.

Iущхьэ гъагъэр уэ уи теплъэщ,
Къоплъыр уощIыр гъэр.
Гъэр сыпщIащи щIэкIыр си лъэщ,
Уи лъэужь си гъуэгущ.
ЩIылъэ вагъуэ, щIылъэ вагъуэ,
Си гугъапIэ нэху,
Хъуакъэ игъуэ - си лэгъунэм
Иджы къыщынэху.

Мазэ, Мазэ, Мазэ лъагэ,
Дунейр зыгъэнэху,
КъонэхуэкIыу къэзгъуэтакъэ
ЩIылъэ вагъуэ нэху!

ЩIылъэ вагъуэ, щIылъэ вагъуэ,
Си гугъапIэ нэху,
Хъуакъэ игъуэ - си лэгъунэм
Иджы къыщынэху.

Гугъэ

Гугъэр цIыхум ену хуохъур дамэ,
Гугъэм цIыхур тырегъэхьэ гъуэгу.
Гугъэм лIыгъэр гъусэ хуищIыфамэ,
ЦIыхум гугъэр щIегъэкIыф и нэгу.
Ауэ гъащIэр мэхъу щыгущIэгъуншэ,
Къохъу уэсэпсу гугъэр щыкIуэдыж,
Къохъу пщIэнтIэпсри гъуэгури хъууэ пщIэншэ,
УзыщIэкъур къыщомыхъулIэж.
Ауэ абы къикIкъым гъащIэм жиIэу:
«КIэрыкI псоми, гугъэ умыщIыж».
МурадыщIэ нэхум уи гур хуеIэу
Гугъэм и гъуэгущIэм теувэж.

Иджы сощIэ

Уэхым ситу бгыщхьэм сыщыдэплъкIэ
И щыгу тхъуам сылъэIэсын къысфIэщIырт,
Ауэ сепIэщIэкIыу сыщыдэкIкIэ
ТIощIрэ жыгыжь лъабжьэхэм зезгъэщIырт.
Ноби соцIыхужыр абы ещхьу:
Уи насыпыр къыщысIэщIэплъхьам,
Лъагъуныгъэр гъащIэм кIуэцIрытхыу
Дэ зы гъащIэ гъуэгу дыщытехьам
КъысфIэщIт, си псэ,
УсцIыхуауэ нэсу.
Ауэ уи IэфIагъыр къыздэтэджт.
Иджы сощIэ шэч къытезмыхьэжу -
СэркIэ ноби уроман ныкъуэджщ.

Тэрч и Iуфэм

СыIутщ Тэрч Iуфэ,
УфэрэкIыу
Абы толъкъунхэр ирехьэх.
Къуршыпс даущым къыхэIукIыу
Сэ уи макъ гуапэр зэхызох.
Си гущIэр къогуфIыкI,
СымыщIэу
Си IитIыр псымкIэ нызоший…
Къуршыжьхэр щымщ,
Тэрч къинэмыщIкIэ
Дунейм,
Дунейм щыхъейкъым шхий.
Псы Iуфэм мазэм зыщигъэпскIти
КIэбгъу зищIри
Мэзым къухьэжащ,
Щхьэтепхъуэ - пшэр
СимыгъэукIытэу
И напэм пIащIэу Iуипхъуэжащ.
Хъыбар зэIахыу зэпеджэнкIэ
Бгыжь нэкIухэр, дауикI, ирикъуащ.
Жыг абрагъуэхэм
Уэгу лъащIэм
Я дамэ лъэщхэр щIагъэкъуащ.
СыIутщ Тэрч Iуфэ.
Лъагъуныгъэм
КъуршыпскIэ икIкъым и псыхуэлIэ -
КъысхуэпщIу нэху
И нэгур гугъэм
Толъкъуну нэпкъым укъосылIэ.

Анэдэлъхубзэ

И фIэщу далъэу къызодауэ -
Анэдэлъхубзэр сфIещI IэщIыб:
- Ар бзэми зэрыбжьынур дауэ?
Сыухащ сыдыхьэм Шэрджэс щIыб.

Солъагъур делэр зэрымысэр -
Псы чэнж щемысыр  куум щесын?
Шэрджэс щIы гъунэм унэмысу
Мэзкуу плъэкIынкъым унэсын.

Поделиться: