Мэрем пшыхь

И чэзущ

Бжьыхьэпэ мазэ

Япэ бжьыхьэ мазэр иджырей фокIадэр аращ, абы и 22-м къихьэу. Бжьыхьэпэ мазэр къихьамэ, гуахъуэ хэх укIуэ хъунущ, жаIэу щытащ. Ар цIыхухэм фIыуэ ягъэунэхуа Iуэхут. Бжьыхьэр къихьамэ, жыгхэм я хэхъуэныр щагъэт, пхъэ кумылэр мэж, пхъэ хъунур ягъэхьэзыр.
Мы мазэм щхьэкIэ «Си хьэр цIыху хъуащэрэт» – щыжаIэ зэманщ», - жаIэрт адыгэхэм. ЦIыхукIэ хуэмыщIа унагъуэхэм мэшых щIыхьэху ящIт. Гъавэ бэв къайхъулIарэ яхузэщIэмыкъуэжмэ, ярикъуным хуэдиз яIуэрти, адрей къэнар щэджу зэтралъхьэрт. ЩIымахуэ щIэкIауэ щэдж уиIэныр фIыуэ, унагъуэ хуэщIам и нэщэнэу ябжырт. Абы къыхэкIыу, зыгуэрым и Iуэху къимыкIамэ, «и щэджыжьыр иIуэжащ» жаIэрт. Мыбы ехьэлIат «хьэм тетыгъуэ» жыхуаIэри. Ар хьэблэм е къуажэм зы хьэм яIэу абы чэзууэ щылажьэу зэрыщытам и щапхъэу къэнащ. ГъавэщIэ кърахьэлIэжам сэджыт, бытыр хуэдэхэр хатыкIын ипэ, „хамэIумыхуэ“ жаIэрти тхьэлъэIу цIыкIу ящIырт. ГъавэщIэм щыщ япщэфIырти яшхырт, итIанэ псапэ ящIэн щIадзэрт. Гъавэм щыщу бытыру бгъум епщIанэр ятырт; Iэщым, мэл, бжэнхэм - щынэ плIыщI къэс зы яту арат, ауэ нэхъыбэ птынуи фIыт.
Мы мазэм хиубыдэрт Гъубжэдэх тхьэлъэIур. Ар уна­гъуэ тхьэлъэIухэм ящыщ зыщ. ТхьэлъэIум нэхъыщхьэр унэгуащэрт. Ар зэрекIуэкIыр мыпхуэдэут. Губгъуэм итахэм Iуэн зыухахэм я пщэм гъубжэ дэлъу пщIантIэм къыдыхьэжхэрт. Унэгуащэмрэ сабийхэмрэ гуфIэу абыхэм къапежьэрти хъуа­хъуэрт, гъэр узыншэу зэрызэщIалъхьам щхьэкIэ тхьэшхуэм фIыщIэ хуащIу. ИтIанэ унэгуащэр Iэбэрти зыгуэрым и пщэм дэлъ гъубжэр къыдихыну хуе­жьэрт. АрщхьэкIэ гъубжэр зи пщэм дэлъым ар къыдригъэхыртэкъым. ИтIанэ унэгуащэм хьэлывищрэ махъсымэ фалъэрэ губгъуэм щыIахэм къахущIихьэрт. Ар къыдыхьэжахэм я нэхъыжьым иритырти, хъуахъуэурэ псоми я пщэм дэлъ гъубжэхэр къыдихырт, ахэр хьэщIэ лъапIэм ещхьу къри­гъэблэгъэжырт. Мыбы щыгъуэ гъавэщIэр щапщэфI къэхъурт. А гъавэщIэм щыщ яшхмэ, абы иужькIэ хамэIумыхуэ тхьэлъэIури занщIэу ящIу щытащ.

Интернетым дыкъыщоджэ
Насып лъыхъуакIуэ

Адэр дунейм щехыжым и къуэм жриIащ:
- Си щIалэ, сэ мы къызэуэлIа узым сыкъелынукъым. Ауэ уэ насыпыфIэу упсэуну сыхуейщ.
- Ди адэ, сыт насыпыфIэ сыхъун щхьэкIэ сщIэн хуейр?
- Ежьи, дунейр къызэхэкIухь, насыпыр зищIысымрэ ар къызэрыбгъуэтынумрэ къыбжаIэнщ.
Адэр лIа нэужь, къуэр ежьащ. Уэру ежэх псышхуэм нэсри, абы и Iуфэм къыщызущыхь шы уэдыкъуам ирихьэлIащ.
- Дэнэ укIуэрэ, щIалэщIэ? - щIэупщIащ шыр.
- Насып лъыхъуакIуэ сыкъежьащ. Уэ пщIэуэ пIэрэ ар къыщызгъуэтынур?
- Мыдэ къызэдаIуэ, - къитащ жэуап шым. – Сэ си щIалэгъуэм псоми фIыуэ сыкъалъагъурт, сагъашхэрт, сагъафIэрт. Уеблэмэ шхалъэм си щхьэр хуэсшийртэкъым, си жьэм къыжьэдалъхьэрт. Сыт хуэдиз лэжьыгъэри си фэм дэхуэрти, нэгъуэщIхэм сегупсысыртэкъым. Абы щыгъуэм сэ нэхърэ нэхъ насыпыфIэ мы дунейм темыту къысщыхъурт. Иджы жьы сыхъуащи, зыри къысхуеижкъым. Сэ бжызоIэ – уи щIалэгъуэр хъумэ. Сэ зэрысхъумам хуэдэукъым зэрыпхъумэнур. НэгъуэщIхэм къыпхузэрагъэпэщ тыншыпIэм ущымыгугъыу, уэ езым уи щхьэр зэрыбгъэпсэужыным иужь ит. НэгъуэщIхэм я гурыфIыгъуэм уэри щыгуфIыкI. Гугъуехьым ущымышынэ. Апхуэдэу ущытмэ, улIэжыху лъагъуныгъэмрэ ныбжьэгъугъэмрэ укъаухъуреихьынущ.
ЩIалэщIэр ежьэжри, зыкъомрэ кIуауэ гъуэгущхьэм телъ блэм ирихьэлIащ.
- Дэнэ уежьа, щIалэ? - щIэупщIащ блэр.
- Дунейр къызэхэсплъыхьыну сыкъежьащ, насыпыр здэщыIэр къэзгъуэтыну си мураду, - итащ щIалэм жэуап.
- АтIэ сэ жысIэм къедаIуэ, - къыщIедзэ блэм. – Си гъащIэ псом си шэрэзым пылъ щхъухьым сригушхуэу сыпсэуащ. Псори къысщышынэрти, сэ сынэхъ бланэу, сынэхъ къарууфIэу къысщыхъужырт. Ауэ хуабжьу сыщыуэрт. Мис иджы псоми зыкъысщадзей, саукIыну сыкърахуэкI. Псоми зафIызогъэпщкIу. Иджы сэращ абыхэм ящышынэр. Уэри уиIэщ бзэгу. Уи псалъэм ухуэсакъмэ, тыншу упсэунущ, жьы ухъуа нэужьи зыми зыфIэбгъэпщкIун хуейкъым. Апхуэдэу щытмэ, насыпи уиIэнущ.
Блэм къыжриIар зэригъэзахуэурэ щIалэм и гъуэгум пищащ. Губгъуэм ит жыгышхуэм зы бзу дахэ тест, ицхэр зэмыфIэгъуу цIурэ, езыми зыкърихыу.
- Дэнэ укIуэрэ, щIалэ? - щIоупщIэ бзур.
- Насып къызолъыхъуэ. Уэ сыт хэпщIыкIрэ абы и хэщIапIэм?
- ЗэрыслъагъумкIэ, куэд щIауэ гъуэгу утетщ. Уи нэгур зэхэуфащ, уи щыгъынхэр сабэм иуащ. Узэрыщытам урещхьыжкъым, блэкIхэми зыкъыпщадзей. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, насыпми гъунэгъу зыкъыпхуищIыну фIэщщIыгъуейщ. Сэ си чэнджэщыр мыращ: сытым дежи дахагъэм урителъхьэу, уэри теплъафIэу ущытыфу зегъасэ. Мис абы щыгъуэм уи хъуреягъыр фIы защIэу щытынущ. Ар зыхэплъхьэмэ, насыпри къэплъагъунущ.
ЩIалэр унэм кIуэжри, зигъэкъэбзащ, къыжраIа псоми егупсысащ. Абы иджы ищIэрт насып щхьэкIэ зы щIыпIи укIуэн зэрыхуэмейр.
ЗэзыдзэкIар Къэбарт Мирэщ.

ГушыIэхэр
Къризжыхьыркъым

Мылъкум дихьэха щIалитI зэхуэзауэ зопсалъэ:
- Уи машинэр дапщэкIэ къэпщэхуа?
- Ар зэуэ къыпхуэлъытэнукъым. Си щхьэ закъуэм щхьэкIэ езгъэщIауэ аращ а «Мерседес»-р. И шэрхъхэр дыжьынщ, и кIуэцIыр дыщэкIэ къищIыкIащ, и рулым налкъутналмэс хэгъэпщIащ, и тIысыпIэхэм фэ къабзэ тебзащ…
- Сыту хъарзынэ, дапщэ и псынщIагъыр?
- СщIэркъым, бензин куэдыIуэ ехьри, къризжыхьыркъым.
Уэ уадэщ, сэ сыкъуэщ
Николай Езанэ пащтыхьым дзэхэр къызэхикIухьырт. Сатыру ягъэува сэлэтхэм зы къахэпIиикIырт. Пащтыхьым абы гу лъитащ икIи еупщIащ:
- Хэт ухъуну, сэлэт?
- Романов.
- ЗэрыжыпIэмкIэ, уэрэ сэрэ дызэблагъэщ. Сыт хуэдэу пIэрэ укъызэрысхущытыр?
- Уэ Урысейм уриадэщ, сэ абы срикъуэщ.
Махуэу сылъыхъуэри…
Пщыхьэщхьэм Хъуэжэ и шыдыр имыгъуэтыжу къыдыхьэжащ. Жэщыбгым нэсауэ, пщIантIэм Iэуэлъауэ гуэр къыщыIуащ.
- Си шыдыжьыр къэкIуэжауэ къыщIэкIынщи, щIэзгъэхьэжынщ, - жиIэри Хъуэжэ унэм къыщIэкIащ.
Iэуэлъауэр къыздиIукIыр шыдыр здэщыт хабзэмкIэти, абыкIэ кIуащ. ДыгъуакIуэхэр шыдым лъыхъуэу абы щIэту щилъагъум:
- Сэ махуэу сылъыхъуэри, згъуэтыжакъым, фэ жэщу вгъуэтын фи гугъэрэ а си шыдыжьыр? - жиIэри Хъуэжэ унэм щIыхьэжащ.

Фэ фцIыхурэ?
Гёте Иоганн Вольфганг

Нэмыцэ усакIуэ, драматург, прозаик, философ, щIэныгъэлI Гёте Иоганн Вольфганг Германием щыIэ Франкфурт Iус Майне къалэм 1749 гъэм шыщхьэуIум и 28-м къыщалъхуащ. И адэ Гёте Иоганн Каспар адвокату щытащ, и анэ Катаринэ Элизабет къалэ старшинам ипхъут.
Гёте и адэр цIыху ткIийт, зэпIэзэрытт, пэжагъ зыхэлът. ЩIэныгъэм зэрыхуэнэхъуеиншэмкIэ, гулъытэшхуэ зэрыхэлъымкIэ, зэрыкъабзэлъабзэмкIэ и адэм ещхь хъужауэ къалъытэрт Иоганн. И анэращ зи фIыгъэр щIалэр хуабагърэ гумащIагърэ хуэмыныкъуэу къызэрыхъуар.
Гётехэ я унагъуэр зыхуей хуэзэу псэурт, библиотекэшхуи яIэт. Абы и фIыгъэкIэ, пасэ дыдэу щIиджыкIащ Гомер и «Илиада»-р, Овидий, Вергилий, нэгъуэщI усакIуэхэм, тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Унэм кърагъэблэгъа егъэджакIуэм иригъащIэхэм нэмыщI, езыр-езыру куэдым хуеджащ, апхуэдэуи нэмыцэбзэм къыдэкIуэу франджыбзэ, латыныбзэ, алыджыбзэ, итальяныбзэ зригъэщIащ. КъищынэмыщIауэ, Гёте Иоганн Вольфганг хуэIэзэу щытащ къэфэным, шы тесыным, фехтованием.
Лейпциг университетым щеджащ, 1770 гъэм Страсбург университетыр къиухащ, аращ правэмкIэ и доктор диссертацэр щыпхигъэкIари.
 Юриспруденцэм мащIэт Гёте зэрыдихьэхыр. Лейпциг кIуа нэужь, абы фIыуэ елъагъу Шойнкопф Кэтхен икIи рококо жанрым иту усэ дыхьэшхэн цIыкIухэр хуитхыу щIедзэ. Усэм дихьэха нэужь, нэгъуэщI жанрхэми иролажьэ тхакIуэр икIи произведенэ купщIафIэхэр и Iэдакъэ къыщIокI. Щэнхабзэм и тхыдэр зыдж нэмыцэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Гердер Готфир Иоганн хуэза нэужь Гёте и творчествэм хуабжьу зехъуэж. Страсбург щыдэса лъэхъэнэм тхакIуэ ныбжьыщIэхэм, иужькIэ дуней псом зи цIэр щыIуахэм, гъусэ яхуохъу, и творчествэми зеубгъу. Ауэ и адэм фIэлIыкIырти, юрист IэщIагъэр Iэпэдэгъэлэл ищIакъым, литературэ лэжьыгъэм зыкIи зэран хуэмыхъуу зыкъомрэ къекIуэкIащ.
Урысейм Гёте къыщацIыхуар XVIII лIэщIыгъуэм и кIэуххэрщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр япэу урысыбзэкIэ щызэрадзэкIар 1781 гъэрщ. ТхакIуэм и творчествэм япэу щыгъуазэ защIащ икIи щытхъуащ Радищев Александр, Новиков Николай сымэ. Пушкин и лъэхъэнэм гулъытэ нэхъыбэ хуащI хъуащ нэмыцэ тхакIуэм икIи «Фауст», «Вильгельм Мейстер» и IэдакъэщIэкIхэр зэIэпахыу щIаджыкIырт.
Гёте Иоганн Вольфганг 1832 гъэм дунейм ехыжащ и ныбжьыр илъэс 82-м иту.

ГъэщIэгъуэнщ
ХъэтIым куэд елъытащ

СэмэгурабгъумкIэ егъэщIа хъэтIым «Леонардэ и хъэтIкIэ» щоджэ психологием. Леонардэ да Винчи и Iэрытх цIыкIухэр апхуэдэ хъэтIкIэщ зэрытхари, абыхэм укъеджэныр икъукIэ гугъу дыдэщ.
Наполеон и хъэтIым зихъуэжу щытащ. И ныбжьыр кIуэтэху, абы и хъэтIыр нэхъ гугъу, зэхэщIыкIыгъуей хъурт. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, Наполеон и «Клиссон и Евгения» романыр кърахын папщIэ IэщIагъэлIхэм трагъэкIуэда зэманымрэ къарумрэ къэлъытэгъуейщ.
Толстой Лев и хъэтIри гурыIуэгъуафIэу щыттэкъым. Абы и Iэрытххэр къызыхуихыр «Война и мир» романыр зыбжанэрэ къизытхыкIыжа и щхьэгъусэм и закъуэт. Психиатр Ломброзо Чезаре Толстой и хъэтIыр илъэгъуа нэужь, зи псантхуэм ныкъусаныгъэ иIэ цIыхубз гуэрым ейм иригъэщхьат.
Лермонтов Михаил и хъэтIым щIэх-щIэхыурэ зихъуэжырт. Дахэу тхэну игу щрилъхьам дежи и сатырхэр фIыдэкIуейрт, и хьэрфхэр хэт ищхьэмкIэ, хэт и лъабжьэмкIэ «къыщыхэпIэнкIыкIырт». Графологием теухуа тхылъхэм ящыщ зым щапхъэу къыщыхьащ Лермонтовым и хъэтIыр зи псантхуэхэр зэтемыс цIыхум ейм ещхьу.
Маркс Карл и Iэрытххэм укъеджэныр гугъу дыдэщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы хуабжьу фIэфIт псалъэ зыкъом зыпыту итхыну.
Пушкин Александр и хъэтIым, хабзэ зэрыхъуауэ, «псынщIэрытхэкIэ» йоджэ. Абы и тхэкIэр ягу ирихьу щытакъым лицейм щезыгъэджахэми, иужькIэ дэлэжьахэми. Апхуэдэ хъэтI уиIэныр къемызэгъыу къалъытэрт куэдым.

Ар пэжщ
НасыпыфIэу щыпсэу къэралхэр

ООН-м къызэрипщытам тепщIыхьмэ, цIыхухэр нэхъ насыпыфIэу щыпсэу къэралхэр зыбжанэ мэхъу.
Нэхъ насыпыфIэ дыдэу къалъытэхэм хабжащ Даниер, Норвегиер, Швейцариер, Нидерландхэр, Швециер.
Урысейм иубыдар 68-нэ увыпIэрщ. СНГ-м хыхьэу щыта къэралхэм ящыщу Урысейм япэ ищащ Молдавиер, Къэзахъстаныр, Туркменистаныр, Узбекистаныр, Белоруссиер.
Къэпщытэныгъэм хэтащ къэрали 150-рэ. Абыхэм я псэукIэм, щекIуэкI гъащIэм хэплъащ экономикэмкIэ, психологиемкIэ, статистикэмкIэ IэщIагъэлIхэр, щIэныгъэлIхэр.
Къэралым и фIагъыр пщалъэ щхьэхуэу 6-кIэ къапщытащ. Абыхэм ятещIыхьауэ лэжьа IэщIагъэлIхэр егугъуащ дэтхэнэми хуэфащэ увыпIэр иратыну. Псалъэм папщIэ, Финляндием ещанэ увыпIэр Швейцарием иритын хуей хъуащ, езыр 7-нэм еувэхащ. Нэхъ насыпыфIэу псэу къэралипщIым ящыщ хъуащ Канадэр, Австриер, Исландиер, Австралиер. Израилым 11-нэ увыпIэр иратащ. Абыхэм къакIэлъыкIуэ пщIым США-мрэ Новая Зеландиемрэ хэхуащ, етIощIанэр Венесуэлэращ.
Рейтингым кIэух хуэхъур Африкэм и къэралхэрщ: Гвинее, Танзание, Руандэ, Бурунди, Африкэ Курыт Республикэ, Бенин, Того.
Къэбарт Мирэ.

Пасэрей цIыхубз цIэрыIуэхэр
ЩIэныгъэм папщIэ зи гъащIэр зыта

Химием зы мащIэ хэзыщIыкI дэтхэнэми зэхихащ Кюри Марие и цIэр. Уеблэмэ абы и цIэр 96-нэ химическэ пкъыгъуэм фIащыжащ - Кюрий (лат. Curium). Марие щIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа бзылъхугъэ телъыджэхэм хабжэ.
 Марие Складовская 1867 гъэм Варшавэ къыщалъхуат, сабиитхум я нэхъыщIэт. Абы и адэр физикт, и анэр школым и унафэщIт. Дауи, щIэныгъэщIэкъуу къэтэджащ хъыджэбз цIыкIури. Псом хуэмыдэу Марие химиер фIэфIти, и дэлъхум и лабораторэм къыщIэмыкIыу щылажьэрт. Химие пкъыгъуэхэм я таблицэр зэхэзыгъэува Менделеевыр Марие и адэм и ныбжьэгъути, и зы хьэщIэгъуэ гуэрым гу лъитащ хэгъэрейм я пхъур лабораторэм щIэту. „Мыдэ фыкъаплъи, фыкъэдаIуэ! Ар химикышхуэ хъуауэ флъагъунщ“, - жиIауэ щытащ Менделеевым.
ЩIэныгъэм иримыгъэкIуалIэу Марие IуэхугъуитI зэран къыхуэхъурт - къулейсызыгъэмрэ Варшавэ университетым цIыхубз къызэрамыщтэмрэ. Пщащэр и шыпхъу нэхъыжь Броня гуроIуэ, Марие илъэситхукIэ гувернанткэу лажьэурэ Броня медицинэмкIэ институтыр къригъэухыну, абы иужькIэ нэхъыжьым Марие иригъэджэжыну. Броня Париж щеджащ, еджапIэр къиухыу дохутыр хъуа нэужь, и шыпхъу нэхъыщIэр Франджым ириджэри Сорбоннэ щIигъэтIысхьащ.
Марие и щхьэгъусэ Пьер Кюри щыхуэзари аращ. Пьер и лэжьыгъэри щIэныгъэри физикэмрэ химиемрэт зэпхари, зэрыша нэужь зэдэлажьэу щIадзащ, зыр зым дэIэпыкъужу.
1897 гъэм зэщхьэгъуситIым бын ягъуэтащ. Мазищ нэхъ дэмыкIыуи Марие и лэжьыгъэхэм пищэжащ. А зэманым ирихьэлIэу щIэныгъэлIхэм къахутат химие пкъыгъуэ ураным нэбзий (излучение) идзу. А къэхутэныгъэщIэм дихьэхри, нэбзийр къыздикIыр иджыну, химием и унэтIыныгъэ щхьэхуэу зригъэужьыну тегушхуащ Марие, аращ япэу ураным елэжьари. Уеблэмэ Пьер физикэмкIэ и лэжьыгъэхэр къигъанэри, химием итхьэкъуа бзылъхугъэм дэIэпыкъуну мурад ищIат. Апхуэдэу 1898 гъэм зэщхьэгъусэхэм къахутащ химие пкъыгъуэщIэхэр: полонийрэ радийрэ.
Кюри зэлIзэфызым къахута пкъыгъуэхэр утыку кърахьэн ипэ, абы щыхьэт техъуэ лэжьыгъэхэр, илъэсиплIкIэ лабораторэм щригъэкIуэкIащ Марие. Нобэ дощIэ цIыхубзыр зэлэжьа пкъыгъуэхэм радиацэ гуащIэ къызэрыпкърыкIыр, ауэ ар Марие и узыншагъэм хуэм-хуэмурэ зэран зэрыхуэхъур абы щыгъуэм ищIэртэкъым.
1903 гъэм радиоактивнэ пкъыгъуэхэмкIэ доктор лэжьыгъэр пхигъэкIащ абы. ЗэрыжаIэмкIэ, щIэныгъэмкIэ хэлъхьэныгъэшхуэт Марие и лэжьыгъэр. Абы щыхьэт техъуэуи а илъэс дыдэм Мариерэ Пьеррэ Нобелым и саугъэтыр къратащ.
1904 гъэм зэщхьэгъусэхэм япхъу етIуанэр дунейм къытехьащ. ИлъэситI нэхъ дэмыкIыу, Марие и дунейр къэкъутащ. 1906 гъэм Пьер машинэм иукIащ. Марие зыри хуэмеиж хъуат. Ауэ бынитI ипIын зэрыхуейр къыгурыIуэжщ, и бгыр щIикъузэри, Кюри и лэжьыгъэхэм пищащ, уеблэмэ Пьер зи унафэщIу щыта физикэмкIэ кафедрэм и нэхъыщхьэу Марие ягъэуващ. Арати, Марие Сорбоннэ и япэ цIыхубз-егъэджакIуэ хъуащ.
Марие цIыху щыпкъэт, щэхут, щIэныгъэр и гъуа­зэт. 1911 гъэм Марие Кюри Нобелым и саугъэт етIуанэу къратащ, радийр медицинэм къызэрыщагъэсэбэпым теухуауэ иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэщIэхэм папщIэ. Саугъэту къратыр къэхутэныгъэхэм тригъэкIуэдэжырт бзылъхугъэм, апхуэдизу сэбэпу къилъытэ радийм езым уз къызэрыхихам химыщIыкIыу. Марие Кюри 1934 дунейм ехыжащ, лышх узыфэр къеуалIэри.

 

НапэкIуэцIыр зыгъэхьэзырар НэщIэпыджэ Замирэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ