Къаныкъуэ Анфисэ теухуауэ сатыр 250-рэ

УзыщыгуфIыкIа гуэрхэр къыщыпщIэжкIэ, ехъу­­­­­лIэныгъэм и гъу­сэу ар къыщыхъуа илъэс­ри уигу къонэж. 2019 гъэр адыгэ литерату­рэм зэ­ры­хуэмэхуар  къэ­­­­­зыгъэ­лъагъуэ щап­­хъэхэм язщ ди щIэ­джы­кIакIуэхэм щIэ­рыщIэу егъэцIыхужын хуэмей Къаныкъуэ - Фырэ Анфи­сэ тхыдэр и лъабжьэу итха «Хьэтхэмрэ» «Мэуэт­хэмрэ» тхылъеджэм зэ­ры­Iэрыхьар. Адыгэ лъэп­къым и къе­­жьа­пIэу ялъытэ лъэпкъыжьхэр езым и нэгум къы­зэ­ры­щIыхьэм хуэдэу къыщыдигъэцIыхуащ тхакIуэм а романитIым.

 «АДЫГЭ псалъэм» щы­ла­­жьэхэми къытхуохуэ газетым и нэкIубгъуэхэм ди лэжьэгъухэм я цIэ фIы­кIэ щыжытIэ. «Зэщотхъуж­ри зэхэсхэщ» къытхужаIэнкIи зэрыхъунум димыгъэгу­завэу щытамэ, апхуэдэ щытхъухэр, фи фIэщ фщIы, къэзылэжь ди мащIэ­тэкъым.
Япэрауэ, илъэсым и кIыхьагъкIэ газетым къы­техуа «Хьэтхэмрэ» «Мэуэтхэмрэ» ещанэ роман къа­зэ­рыкIэлъыкIуэнумкIэ ды­къэ­зыгъэгугъауэ щыта Къа­ныкъуэ Анфисэ и псалъэр игъэпэжри, хьэт пащ­тыхьыгъуэр Iыхьэ-Iы­хьэу зэпкърылъэлъу лъэп­къыщIэхэр, къэралыгъуэ­щIэхэр къытепщIы­кIы­жы­ным зэрыхуэкIуар ди ­нэгу щыщIигъэкI «Чэрэчэр» тхын иухащ. ЕтIуанэ­рауэ, дызыхуэкIуэ илъэсым «Эльбрус» тхылъ тедза­пIэм романищри зы тхылъу къыщыдэкIыну гугъэ щыIэщ.
«Чэрэчэми» Анфисэ адыгэ тхыдэм и нэхъ къе­хьэ­жьэгъуей лъэхъэнэр Iэзэу зэрытхузэлъыIуихами я гугъу дымыщIу, ­газетеджэхэм гу лъывэдгъэтэну дыхуейт гъащIэм и кууупIэм нэмыса, литературэ мардэкIэ къапщтэмэ, тхэн щIэзыдзахэм хэбжапхъэ цIыхубз цIыкIум зы илъэсым къриубыдэу ро­манищ зэритхыфар къы­щIэддзэжурэ зыхуэдгъэ­щIэгъуэжын хуей къэхъу­къащIэу зэрыщытым. Сыту жыпIэмэ, лъэпкъыр лъэ­рызехьэ зыщIри, тхыдэ гъуэгуанэм къыте­зы­нэри Iэщэкъым, фащэ­къым, къа­­фэкъым икIи уэрэдкъым, атIэ абы и бзэмкIэ зекIуэ, къэрал гъунап­къэм икIыу адрейхэм къезыгъэцIыху, езыми зезыгъэцIыхуж, и дуней тетыкIэр къызэрыщ тхыгъэ къыхэщыпыкIахэрщ. Щапхъэм и хьэтыркIэ, тхылъым ихуа щIэныгъэкIэ дыкъызыкIэрыху лъэпкъышхуэхэм уахэп­лъэ­мэ, дунейпсо цIыхубэм зи цIэ яIурылъыр я къэу­хьым зезыгъэу­жьа я усакIуэхэрщ, я тха­кIуэ­хэрщ, я пушкинхэрщ, я шекспирхэрщ, я чехов­хэрщ, я толстойхэрщ, я гейне-гётехэрщ. Iэщэм и къарур нэхъ ину щытамэ, адыгэхэр зауэлI ­хуэ­Iу­­хуэщIэкIи хахуагъкIи япэ итахэм ­ящыщт. Гум пхыкIа пэжыр хьэлу къозыгъащтэ щэнхабзэрщ урамыудыжын узы­щIыр. Аращ рома­ныщIэкIэ узыгъэгуфIа тхакIуэр лагъымыщIэ ­зэп­къ­­­рызылъхьахэми  узы­фэ зэрагъэхъуж хущ­хъуэщIэ къэзыгупсысахэми, япэ имытмэ, къащIыкIэрымыхур.
Уи щхьэ къэбгъэпцIэжу, дунейпсо мардэм дэгъуэгурыкIуэф литерату­рэ уиIэу къызыфIэбгъэ­щIы­нымрэ апхуэдэ уиIэ­пэнымрэ я зэхуакур нобэ ди нэгум щIокI. Лъэпкъ хьэлри, цIыху зэхэтыкIэри, унагъуэ кIуэцI зэхущы­тыкIэри, лъагъуныгъэ щIы­­кIэри лъэпкъ къэс щхьэхуэу зэрехьэ, зыми ейм темыхуэу. Ар уэри зэрыпхэлъыр уэзыгъэ­лъагъу, зыми хэмыгъуащэ гъащIэ зыхэщIэкIэмкIэ уи щхьэр уэзыгъэIэт тхакIуэм е усакIуэм къалэн ихьыр зэрыабрагъуэм ищIыIужкIэ, зэрыгугъури щэхукъым.
Зи къалэмыр жан жур­налист, зи хъэтIыр къэп­цIыхуж тхакIуэ хъуа Анфисэ къиухар ­КъБКъУ-м хи­миемрэ биологиемрэ щадж и факультетырщ. Ауэ еджа псори, дауи, IэщIагъэлI зы­щIы­жыр лэжьыгъэмрэ абы зэрыбгъэдэт жэуап­лыныгъэмрэщ. Щапхъэм, ущием, узыдэп­лъеин уиIэным и мыхьэнэм утеп­­сэлъыхьмэ, щытхъу­ куэдыIуэ пIэщIэкIынкIэ умышынэу, жэщи махуи Iэтыпхъэщ Анфиси, адыгэ литературэр зыщыгугъ абы и ныбжьэ­гъухэми литературэ факультет яхуэ­хъуа, Хьэх Сэфарбий хузэфIэкIыху зэрихьа «Шыхулъагъуэ» зэгу­хьэныгъэр.
ИтIани, псалъэр, удз хущ­хъуэм ещхьу, цIыхугум пхутелъхьэу зы фа­культети ущрагъэсэфы­нукъым. Ар литературэм хуеджам фIэкIа бгъэдэлъу щымытамэ, «Нарт» эпо­сым деж щегъэ­жьауэ Къа­ныкъуэ Анфисэ и тхыгъэхэм деж щиухыжу, дызэджэн щыIэххэнтэкъым.
«Химикхэм я дежкIэ щIым мыкъабзэу зыри телъкъым, - хуетх и ныбжьэгъум дохутыру щыта урыс тхакIуэшхуэ Чехов Антон. - Литераторми, химикым ещхьу, гъащIэр зэрыщыту зригъэлъа­гъу­фу щытын хуейщ, езым игу ­ирихь-иримыхьым щхьэ­­­­­дэплъыхрэ, дунейм куэншыби зэрытелъыр, гъащIэм фIыкIи IейкIи уигъэунэхун зэрихьэлыр къыгурыIуэу».
Гушхуэныгъэ   къыдэзыт,   зэ­­рыжаIэу, къэфэкIи зэ­уэ­­кIи ищIэу къытхэт ди лэжьэгъу Къаны­къуэ Анфисэ илъэсыщIэ къэб­лэгъар, блэкIам къы­кIэрымыхуу, и плъапIэ лъагэхэм тезыгъэIэбэн илъэ­су къыхущIэкIыну дохъуэхъу.

 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: