ЦIыху Iэпкълъэпкъым и щэхухэр

ЦIыху Iэпкълъэпкъым нэхъ телъыджэ щIыуэпсым къигъэщIакъым. Абы и лъынтхуэ километр бжыгъэхэр зэхэмызэрыхьу зэрылажьэр, псантхуэхэм къалэну ягъэ­защIэр, лъым зэрызигъэкъэбзэжымрэ ­вирусхэм зэрезауэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Къыхэгъэщыпхъэщ цIы­хум и щхьэкуцIым ихъумэф информацэм хуэдиз зезыгъакIуэ компьютер нобэр ­къыздэсым къызэрамыгъэщIыфари. Щхьэ­кIуцIым и зэфIэкI псом щыщу проценти 5 фIэкI цIыхум къызэримыгъэсэбэпыр къэп­лъытэмэ, ущIоупщIэ: сыт хуэдизт цIыхум лъэкIынур, абы и щхьэр проценти 100-кIэ лажьэу щытатэмэ?

Iэпкълъэпкъым пкъыгъуэу пкъ­ры­лъым къалэн щхьэхуэ ягъэзащIэ. Абыхэм языхэзым ныкъусаныгъэ къылъыкъуэкIмэ, ар Iэпкълъэпкъ псом йофыкI, цIыхур сымаджэ мэхъу.
ЦIыху Iэпкълъэпкъым и зыхэлъыкIэр сыт хуэдизу гугъуу щымытами, ар къызыте­хъукIыжыр зы налъэ (клеткэ) закъуэщ - яйцеклеткэм. Яйцеклеткэм и кугъуэм щызэхуэхуса информацэращ зыхуэныкъуэр, микроскопкIэ фIэкIа къыпхуэмылъагъу зы налъэ цIыкIум цIыху хьэзыр къыхэхъукIын папщIэ. ЦIыхубзым зэрыуэндэгъур иджыри къимыщIэ щIыкIэ, махуэ 31 - 32 фIэкI иримыкъуа ныбэрылъым и псантхуэр хьэзыр мэхъу, и щхьэкуцIым лэжьэн щIедзэ. Абдеж щыщIэ­дзауэ, цIыхур дунейм ехыжыху, сыт ищIэми, сыт жиIэми, Iэпкълъэпкъыр зезы­гъа­кIуэри, узыр зыхезыгъащIэри, зыгъэбауэри, зыгъэпсэури и щхьэкуцIыр аращ.
Анатомием щхьэхуэ-щхьэхуэу едж Iэпкълъэпкъыр: къупщхьэлъапщхьэр, псантхуэр, лъынтхуэр, ныбэм илъ пыкъыгъуэхэр, лым я ухуэкIэр. Дэри абыхэм зэхэгъэщхьэхукIауэ дриплъэнщ.

Къупщхьэлъапщхьэм
и зэхэлъыкIэр

ЦIыхум и къупщхьэлъапщхьэм лыри, щIыфэри, лъынтхуэхэри ешэкIащ, абы Iэпкълъэпкъыр захуэу еIыгъ, зэрегъакIуэ икIи кIуэцIфэцIым и «хъумакIуэщ». Сабий къалъхуагъащIэм къупщхьэ 270-рэ иIэщ, ауэ цIыхур балигъыпIэ щиувэм ирихьэлIэу и ­къупщхьэлъапщхьэр пкъыгъуэ 205 - 207-рэ ­ирикъужу аращ - языныкъуэ къупщхьэхэр ­зэпокIэж. Псалъэм папщIэ, щхьэ къупщхьэр, шхужьыр, тхым щыщ IупщIэ зыбжанэ, нэ­гъуэщIхэри. Къупщхьэхэр псори хуэрэ псантхуэкIэ зэпыщIауэ зэрощIэ. ГъэщIэгъуэныракъэ, щхьэкъупщхьэр пкъыгъуэ 23-уэ зэп­къ­рылъщ, тхыр - 32 - 34-уэ, дзажэмрэ бгъэгумрэ - 25-уэ, Iэр - 64-уэ, лъакъуэр - 62-уэ.
Къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, къупщхьэхэр налъэ-налъэу зэпкъ­рылъщ, я зэхуакум дэт ткIуаткIуэм зригъэбыдылIэу. Къупщхьэм йокIуалIэ эндост, хъыщт, лъынтхуэ, псантхуэ, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу, къупщхьэ гъуанэхэм илъщ лъыр къэзыгъэщIыж куцIыр. А псори зэуIу хъу­мэщ, къупщхьэм и къалэныр щигъэзащIэр. Къи­щынэмыщIауэ, къупщхьэм хэлъщ Iэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэ шыгъу зэмылIэужьыгъуэхэр: кальций, калий, натрий, нэгъуэщI­хэри.
Къупщхьэлъапщхьэм хеубыдэ щхьэ­къупщхьэр, тхыр (мыр Iыхьэ-Iыхьэу егуэшыж: пщэгурыгъ, пщэ тхыIупщIиблыр, бгъэ тхы­IупщIэ 12-р, бгы тхыIупщIитхур, кIэпкъ тхыIупщIитхур, кIапцIэ тхыIупщIиплIыр), дамэр, шхулъэр, блэгъукIэр, блыпкъыр, Iэф­ракIэр, IэфракIэщIагъыр, Iэпщэ зэры­тыпIэр, Iэпхъуамбэ къупщхьэхэр, Iэгу къупщ­хьэхэр, дзажэхэр, шхужьыр, куэпкъыр, гъуэбзиикIэр, гъуэбзиикIэ щIагъыр, лъэтхьэмпэр.
ЦIыхум и къупщхьэлъапщхьэм хьэлъэшхуэ хуэшэчыну, лъагэ гуэрым къелъэмэ, мыкъу­тэну быдэу къигъэщIащ. Псалъэм папщIэ, куэпкъым и зы сантиметр зэбгъузэнатIэм хуэзэу тонн 58-рэ ешэч! Абы къыдэкIуэу, Iэпкъ­лъэпкъым къупщхьэу илъым и хьэлъагъыр килограмми 9 ирикъуу аращ. Къыхэгъэщыпхъэщ ныбэрылъыр мазищ щрикъум ирихьэлIэу ищхьэIуэкIэ дызытепсэлъыхьа къупщхьэ 270-р зэриIэр.
Къупщхьэ нэхъ ин дыдэу Iэпкълъэпкъым илъыр куэпкъыращ (сантиметр 37 - 45-рэ и кIы­хьагъщ), нэхъ цIыкIу дыдэхэр (сантиметр 0,5 мэхъу дэтхэнэри) тхьэкIумэкIуэцIым илъщ, тхьэкIумэIупсым и щIыбагъ къыдэ­лъыу.
ЦIыхум и лъагагъыр зэлъытар и къупщ­хьэхэм я инагъ-цIыкIуагъращ. Ауэ ар лъагэ хъунуми, цIыкIуу къэнэнуми зэпхыжар Iэпкълъэпкъым къыщекIуэкI химическэ реакцэхэмрэ гормонхэмрэщ. Гормонхэр къыщыу­нэхуж эндокриннэ системэр тэмэму мыла­жьэмэ, цIыхур къэзылъхуа адэ-анэм я теплъэм емылъытауэ, е лъагэIуэу, е цIыкIущэу къэнэнкIэ хъунущ. Нобэр къыздэсым цIыху нэхъ лъагэ дыдэу къалъытэр США-м хиу­быдэ Иллинойс штатым 1918 гъэм къыщалъ­хуа Першинг Уодлоу Робертщ. Абы и ныбжьыр илъэс 22-рэ щрикъум ирихьэлIэу мет-ри 2-рэ сантиметр 74-рэ и лъагагът. Дунейм тета «цIыкIужьейхэм» я нэхъ лъахъшэ дыдэр 1863 - 1889 гъэхэм псэуа, Мексикэм щыщ ­Зарате Лючиещ. Пщащэр илъэс 17 щрикъуам килограмми 2,9-рэ хъурт, сантиметр ­66-рэ и лъагагът. ЗэрыжаIэмкIэ, хъыджэбзыр илъэс 20 щрикъум ирихьэлIэу нэхъ пшэр ­хъуат - килограмми 5,9-рэ ирикъуат.
КIуэцIыр зэрыузым, щIыфэр къызэрилъэлъым хуэдэу, ди къупщхьэхэри «сымаджэ» мэхъу зыхуэныкъуэ витаминхэмрэ ­химие пкъыгъуэхэмрэ ямыгъуэтмэ. Псалъэм папщIэ, джэдыкIэ кугъуэ, шэ, дыгъэпсыр къызэмэщIэкI цIыхум витамин D хуэчэмщи, и къупщхьэхэр махэ, къуаншэ мэхъу, къопщIантIэ, армырми къемэщIэкI кальцийр Iэпкълъэпкъым кърелъэсыкI. Нэхъапэм рахитыр (аращ зэреджэр а узым) узыфэ мы­хъужу къалъытэрт, ауэ ар къызыхэкIыр къахута нэужь, зэфыкIхэми я бжыгъэр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ.
Щхьэкъупщхьэр, зэрыжытIащи, нэхъапэIуэкIэ зыбжанэу зэхэлъауэ, зэгуэкIэжа ­къупщхьэщ. Аращи, къыхагъэщхьэхукI щхьэкупцIапцIэ къупщхьэр, натIэ къупщхьэр, нэзэрыхъэр, нэпкъыр, нэжьгъыр, жьэ пхъэбгъур, жьэпкъыр. КIэщIу жыпIэмэ, цIыху щхьэкъупщхьэр Iыхьэ 28-уэ зэхэлъщ икIи абыхэм я зэпылъыпIэхэр IэпхъуамбэкIэ къыпхуэ­гъуэтынущ, утеIэбэмэ.
Щхьэм дыркъуэ игъуэтыныр псом нэхърэ нэхъ шынагъуэщ, сыту жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъ псор зезыгъэкIуэж, псантхуэхэр зэкIуэлIэж щхьэкуцIыр абы илъщ. Ауэ щхьэкъупщхьэм иIэщ зэфIэкI телъыджэ, цIыхур щхьэкIэ техуа нэужь, зэрытехуа щIыпIэм хэлъ къупщхьэм удыныр щабэ ищIыфу, адрей ­къупщхьэхэм лъимыгъэIэсу, я зэпылъыпIэм деж къыщызэтригъэувыIэу. Щхьэкъупщхьэр зы къупщхьэ хъурей закъуэу щытатэмэ, джэдыкIэр зэрыкъутэм хуэдэу, зэгуэпкIы-нут.
Футбол, бокс, зэбэнхэм деплъыну тфIэфIщ, езы спортсменхэми я гъащIэр нэгъуэщIу я нэгу къахущIэгъэхьэркъым. Арами, ахэр щыгъуазэщ я IэщIагъэм фIы къызэрыпэмыкIуэнур, я щхьэм игъуэт дыр­къуэм, гува-щIэхами, зыкъызэрыригъэщIэнур. Спортсменхэр щхьэкIэ техуа нэужь, чэф яIэм хуэдэу, къапсэлъыр зэхэщIыкIыгъуейуэ, псори яфIызэхэзэрыхьу мэхъу.
Нэхъ гъэщIэгъуэныжу зэхэлъщ цIыхум и тхыр. Тхыр къупщхьэ 33-рэ ирокъу. Абыхэм зэреджэр тхыIупщIэщ. Щхьэкъупщхьэ лъабжьэм къыкIэщIэт тхыIупщIитIыр - пщэгурыгъыр - адрейхэм ещхькъым. Япэм зэреджэр атлантщ. Абы щхьэр зэриIыгъым къыхэкIыу, пасэрей цIыхушхуэхэм я цIэр фIащащ. ЕтI­уанэм щхьэмрэ пщэмрэ зэпещIэ икIи цIыхум и щхьэр зэригъэкIэрэхъуэфыр, зэригъэ­сысыфыр абы и фIыгъэщ. ТхыцIэм къыхокI бгъэм илъ пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр (тхьэмбылымрэ гумрэ) зыхъумэ дзажэхэр. АдэкIэ, цIыхур зезыгъакIуэ шхужьымрэ куэпкъымрэ тхыцIэм и лъабжьэм къыпоувэ.
Языныкъуэ цIыхухэм я тхыцIэр апхуэдизкIэ лантIэщи, щIыбкIэ зрагъэзыхыурэ, я щхьэр я лъакъуэ зэхуакумкIэ къыдагъэплъыжыф, тхыцIэм зыкIи зэран хуэмыхъуу. Къыхэгъэщыпхъэщи, дэтхэнэ зыми хузэфIэкIынущ ар, цIыкIу щIыкIэ щIадзэу хурагъэсамэ. Апхуэдэ зыгъэзэкIэм ухуэмыхьэзыру зуп­щытмэ, уи тхыр зэпищIыкIынурэ Iэрызехьэу укъэнэнущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, тхыцIэм и кIыхьагъкIэ зыщызыукъуэдия куцIым игъуэ­та дыркъуэр пхуэгъэзэкIуэжынукъым, ны­къуэ­дыкъуэ хъуами и Iэпкълъэпкъыр зыхимыщIэжу, IэкIэ зэрахьэу псэунущ.
ТIурытIурэ 12 мэхъу цIыхум и дзажэхэр. Ахэр псори бгъэгум деж щызэхохьэж, и лъабжьэ дыдэм къыкIэщIэтым къищынэмы­щIауэ. Абы къыхэкIыу, а тIум дзажэнэпцIкIэ йоджэ. ЦIыхур щыбауэкIэ дзажэхэри мэхъей.
Анатомием IупщIу зэхегъэщхьэхукI ­цIыхухъу шхужьымрэ цIыхубз шхужьымрэ. ЦIыхубзыр лъхуэным къызэрыхуигъэщIам къыхэкIыу, и шхужь къупщхьэр нэхъ ­бгъуэщ, щабэщ, сабийм и щхьэр хуиту къикIыфын хуэдэу. ЦIыхухъум и шхужьыр нэхъ Iузэщ, ­къупщхьэри нэхъ быдэщ. Ауэ, сыт хуэдизу ­къупщхьэр быдэу щытми, дыр­къуэшхуэ ягъуэта нэужь, ахэр мэкъутэ. Апхуэдэхэм деж къупщхьэ къутар гипскIэ зэщIашхэри ­зэпокIэж. Ауэ ар сэбэп щымыхъуи щыIэщ. ИтIанэ дохутырхэм лыр зэ­гуагъэжри, ­къупщхьэр зэхуахьэсыж, шурупрэ пластинэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэрагъэубыдыж икIи, гъэщIэгъуэныракIэ, зэпокIэж.

ЛыпцIэм и ухуэкIэр

Пэжщ, Iэпкълъэпкъыр зыIыгъыр къупщ­хьэращ, ауэ ар езыр-езыру зэфIэтыфынутэкъым лыпцIэ ешэкIауэ, хуэмрэ псантхуэхэмрэ къупщхьэр ямыунэтIу щытатэмэ. Къупщхьэхэми хуэдэу, лыпцIэри Iыхьэ-Iыхьэу зэхедз, икIи абыхэм я бжыгъэр 600-м щхьэпрокI. Языныкъуэ лыпцIэхэм (псалъэм папщIэ, Iэпщэм е куэм) я лэжьэкIэр тлъагъуу, зыхэтщIэу щытми, дызэриIэр дымыщIэххэу лыпцIэ куэд дыдэ кIуэцIми илъщ. Апхуэдэу, лыпцIэ щхьэхуэщ гури, лъатэри, бгъэмрэ ныбэмрэ я зэхуаку дэлъ, цIыхум и тхьэмбылыр зыгъэлажьэ диафрагмэри, нэ­гъуэщIхэри.
ЛыпцIэр налъэ кIыхьурэ зэхэлъщ, языныкъуэхэр къупщхьэм ешэкIыпащ, адрейхэр хуэкIэ къупщхьэм епхащ. ЦIыхум нэхъыбэрэ къигъэсэбэп лыпцIэхэр нэхъ ин мэхъу. Псалъэм папщIэ, къыщикIухькIэ и лъэнкIапIэм, куэм, пхэщIыщхьэм нэхъ трекъузэри, ахэр нэхъ инщ. Апхуэдэщ Iуэху щищIэкIэ, щы­IэбэкIэ къигъэсэбэп Iэпщэри. ЦIыхум и хьэ­лъагъым и Iыхьэ щанэр зыубыдыр ды­зытепсэлъыхь лыпцIэхэращ.
Къупщхьэхэми хуэдэу, лыпцIэ Iыхьэ къэс къалэн щхьэхуэ егъэзащIэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, нэщIащэм къекIуэкI лыпцIэм напIэр зэтрепIэ, зэтрехыж, натIэм телъым уи напщIэр дрешей, Iэпщэм телъым IэфракIэ къупщхьэр егъэлажьэ, ныбэм телъ лыпцIэм цIыхум и пкъым зрегъэгъазэ, куафэм телъым лэгуажьэр зэфIегъауэ, гъуэбзиикIэм телъым лъэтхьэмпэр зэрегъакIуэ, лъэнкIапIэм лъэдакъэр къеIэт, пщэм хэлъым щхьэр егъэкIэрахъуэ. Спортым хэтхэм нэхъыбэрэ ягъэлажьэ лыпцIэм елъытауэ я теплъэми ­зехъуэж.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, лыпцIэм къалэ­ны­шхуэ егъэзащIэ. Абы и мыхьэнэр нахуэ тщыхъун ­папщIэ, мыпхуэдэ щапхъэ къэтхьынщ. ЦIыхур лъагэ гуэрым къехуэхрэ и тхыцIэр зэтрихуарэ, сэ хигъэIэбэну хуэмеймэ, тхыцIэ ехым и бгъуитIымкIэ къепха лыпцIэр ­игъэлажьэурэ, ткIий ищIа нэужь, тхыцIэ ­зэтекIар абы и пIэм ирегъэувэж. Абы зэреджэр «лыпцIэ куэншыбэщ».
ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым лыпцIэ нэхъ ин дыдэу илъыр и пхэщIыщхьэрщ, нэхъ лъэщыр и гур аращ.
Дэтхэнэми ицIыхуу къыщIэкIынущ хуэш жыхуаIэр. ЦIыхум куэдрэ Iуэху ищIэмэ е ­спортым зыдригъэхьэхрэ лыпцIэр зэпымычу лажьэмэ, ар ешэщIри, зыри сэбэп мыхъуу, лыпцIэр къимыутIыпщыжу щIешэ. Абы зэреджэр хуэшщ. Апхуэдэхэм деж щIиша лыпцIэм хуэзэу мастэ хаIури, псынщIэу ­къеутIыпщыж.

Лъынтхуэхэм я лэжьэкIэр

Iэпкълъэпкъым апхуэдизкIэ лъынтхуэ куэд хэлъщи, ахэр псори зэпыпщIэрэ къыуп­щатэмэ, и кIыхьагъыр километр 96500-рэ ирикъунут. Ар ЩIы экваторым и кIыхьагъым нэхърэ тIукIэ нэхъыбэщ! ЦIыхум лъыуэ щIэтым - литри 5 - зы дакъикъэм къриубыдэу Iэпкълъэпкъыр къызэхекIухь, гум кърихуэ­кIыурэ. Гум къикIа нэужь, лъыр лъынтхуэ­шхуэхэм ирожэ зы меданым сантиметр 40 икIуу. Лъэпхъуамбэхэмрэ Iэпхъуамбэхэмрэ хэлъ лъынтхуэ псыгъуэ цIыкIухэм къыщы­сым ирихьэлIэу сантиметр 0,05-рэ меданым къичу нэхъ хуэм зещI лъым.
Лъым къыщикIухькIэ лъынтхуэм зэрытрикъузэм давленэкIэ йоджэ. Псыр зэрызекIуэ бжьамийм и кIуэцIымкIэ къигъэлажьэурэ махэ зэрыхъум, зэрызэгуитхъым хуэдэу, лъыми лъынтхуэхэр егъэлажьэ. Гур псын­щIэIуэу къеуэурэ, лъыр уэру кърихуэкIмэ, лъынтхуэхэми къатохьэлъэри, цIыхум и «давленэр докIуей». ЦIыху узыншэм и давленэр, псалъэм папщIэ, 120/80-щ жаIэ. Ар куэдым дощIэ. Ауэ сыт абы къикIыр? 120-р гум лъыр къыщиутIыпщкIэ лъынтхуэм къызэры­те­хьэлъэращ, 80-р нэщI хъуа гум лъыр зэрилъэдэж къарущ.
Лъыр гъэщIэгъуэну зэхэлъщ. Абы хеубыдэ плазмэ, тромбоцит, лейкоцит, эритроцит жыхуэтIэхэр, нэгъуэщIхэри. Лъым и къалэн нэхъыщхьэр - цIыхум шхыным, псым, хьэуам къыхих къарур, къэуатыр, кислородыр Iэпкълъэпкъым лъигъэсынырщ, вирусхэмрэ уз зэмылIэужьыгъуэхэмрэ ебэнынырщ. Хущ­хъуэншэу зегъэкъэбзэжыф лъым. Апхуэдэу, лейкоцитхэм Iэпкълъэпкъым къеуэлIа узым­рэ вирусхэмрэ е «хэлIыкIа» клеткэхэр къау­хъуреихьри, «йозауэ, яшх». ИужькIэ ар гъутхьэпсым хэлъу Iэпкълъэпкъым къыпкърокIыж. Апхуэдэхэм деж цIыхур плъыржьэр мэхъу. Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, лъыр узым ебэну аращ, температурэр дэкIуеямэ.
Лъым и сыт хуэдэ пкъыгъуэми къалэн щхьэхуэ ягъэзащIэ: эритроцитхэм кислородыр кърахьэкI, лейкоцитхэм микробхэмрэ вирусхэмрэ яукI, цIыхум лъы щIэкIмэ, тромбоцитхэр уIэгъэм деж щызэхуосри, лъыр ­къагъэувыIэ, плазмэм къэуатыр Iэпкълъэпкъым лъегъэIэс. ИкIэм-икIэжым дакъикъитху къэс лъыр жьэжьейхэм ягъэкъэбзэж.
Къапщтэмэ, лъыр куэдрэ псэукъым. Эритроцитхэр мазиплI, тромбоцитхэр махуи 10, лейкоцитхэр махуи 6 - 9 къэс мэкIуэдыж. Дэнэ-тIэ, лъыр къыздикIыр апхуэдэу щыхъу­кIэ?! НэхъапэIуэкIэ къызэрыхэдгъэщащи, лъыр къыщыунэхур къупщхьэ гъуанэхэм илъ куцIырщ. Сабий къалъхуагъащIэхэм къупщ­хьэу хэлъым лъы къабзэ къагъэщI, балигъым и къупщхьэшхуэхэращ лъыр къыщыу­нэхур.
ЦIыхур сымаджэ щыхъуам деж анализ ирагъэт. Абы папщIэ, Iэпэм, Iэблэм лъы къыхаш. Дэ а псори лейуэ къытщохъу, ауэ лъым и зэхэлъыкIэм теухуауэ дохутырым къыхуэху­тэнущ сымаджэм къефыкIыр.
ЩыIэщ хущхъуэкIэ яхуэмыгъэхъуж узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэхэм деж цIыхум и лъыр зэрыщыткIэ яхъуэжын хуей мэхъу.
ГупиплIу ягуэш лъыр - 1, 2, 3, 4-нэ жиIэу. Языныкъуэ гупхэр зэхозагъэ, языныкъуэхэр къыпхакIэну шынагъуэщ. ЦIыхум емызэгъ гупым щыщ лъы хакIэмэ, лIэнущ.

КIуэцIфэцIым и зэхэлъыкIэр

Пэ кIуэцIым къыщыщIэдзауэ, куэтэным деж щиухыжу цIыхум пкърылъ пкъыгъуэхэм кIуэцIфэцIкIэ уеджэ хъунущ. Къедбжэ­кIынщ ахэр: бзэгу, пэ кIуэцI, тэмакъ, тэмакъыщIэ, къурмакъей, тхьэмбыл, гу, бгъэлыцI, ныбэлыцI, тхьэмщIыгъу, шхалъэ, зэз, лъатэщIыб шхынгъэткIу (хьэбзэгупэ), жьэжьейхэр, чэ, гъутхьэпсылъэ, лъхуадэхэр, лъхуа­лъэ, кIэтIий гъум, кIэтIий псыгъуэ, куэтэн.
Машинэм гъэсыныпхъэ имыту зэрызэ­щIэмынэм хуэдэу, цIыхум и Iэпкълъэпкъыр зекIуэн, лэжьэн папщIэ, шхэн хуейщ. Лъым хуэдэуи, а шхыныр гъэткIуныр, къэуатыр, хьэуар Iэпкълъэпкъым игуэшэнырщ кIуэцI­фэцIым и къалэн нэхъыщхьэр.
ЦIыхур ерыскъыншэу мазэ, псы емыфэу махуищ псэуфынущ. Ауэ мыбауэу дакъикъэ зыбжанэ хуэшэчынуращ. ЖьэкIэ е пэкIэ цIыхум жьэдишэ хьэуар къурмакъеймкIэ йохри, бгъэлыцIыр тIууэ щызэхэкIым деж тхьэмбыл ижьымрэ сэмэгумрэ зреугуашэ. Тхьэмбылым хэлъ лъынтхуэ псыгъуэ цIыкIу­хэм хьэуам кислородыр къыхахри, Iубахъэм щIыгъуу гъуэз хуабэрэ углекислэ газымрэ къыжьэдокIыж.
Тхьэмбылымрэ гумрэ адрей пкъыгъуэхэм щыщ зэран къахуэмыхъун, къищынэмы­щIауэ, цIыхур щыбауэкIэ къыдэIэпыкъун папщIэ, абыхэм ныбэлыцIыр къыкIэщIэтщ.
Дауи, хьэуам сабэ, фIей куэд хэлъщ, ауэ а псори тхьэмбылым нэсыркъым - пэ кIуэцIымрэ тэмакъымрэ щызэхуехьэсри, дыкъыщепскIэ е дыщыпсчэкIэ къытпкърокIыж.
ЦIыхухэр е псэущхьэхэр ешамэ, зэшмэ, я жеин къакIуэмэ, я бэуэкIэми зехъуэж, нэхъ хуэм зещI. Апхуэдэхэм деж лъым хэт кислородыр нэхъ мащIэ, углекислэ газыр нэхъыбэ мэхъу. Аращи, цIыхур мэхущхьэ - Iэпкълъэпкъым кислородыр куэду лъысын папщIэ.
Шхыныр къурмакъейм еха нэужь, лъатэм (шхалъэм) къыщохутэ. Шхалъэм илъ кис­лородымрэ ферментхэмрэ ерыскъыр ягъэткIури, кIэтIий псыгъуэмкIэ ягъэкIуатэ. Абдеж белокыр, углеводыр, дагъэр, витаминхэр, шыгъухэр кIэтIийм щызэщIефри, Iэпкълъэпкъым ирегуашэ, лъым хэту. КIэтIийр зэпымычу мэлажьэ. Ауэрэ, «гъэсыныпхъэм» хэт псыр кIэтIий гъумым зыщIеф, абы къыщыхута нэужь. Iэпкълъэпкъыр зыхуеину псори шхыным къыхиха нэужь, къэнэжыр куэтэным йохри, къыдохыж.
А Iуэхум къепхащ лъатэщIыб шхынгъэткIури, тхьэмщIыгъури, зэзри. Шхалъэм и щIыбагъ къыдэлъ шхынгъэткIум и фIэщыгъэцIэм къызэригъэлъагъуэщи, и къалэн ­нэхъыщхьэр шхыныр зыгъэткIу ткIуаткIуэмрэ инсулинымрэ къигъэщIынырщ. Тхьэм­щIыгъум лэжьыгъэшхуэ егъэзащIэ, ауэ абы и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ кIэтIий псыгъуэм къикIыу гум кIуэ лъыр игъэкъэбзэныр. Ерыскъым е псым хэлъу Iэпкълъэпкъым щхъухь лъэIэсамэ, ар къэзыгъэувыIэр тхьэмщIыгъур аращ. Къищынэмы­щIауэ, мы пкъыгъуэм щызэхуэхьэсащ витамин куэди. Iэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэ витамин лIэужьыгъуэмрэ бжыгъэмрэ и чэ­зум къеутIыпщ. Абы къепхащ зэзри - кIэтIий псыгъуэм къыщыхута дагъэр зыгъэткIу ткIуа­ткIуэр щызэхуэхьэса «чысэр». ЦIыхум и зэзыр кърахми зэранкъым, сыту жыпIэмэ, абы ит ткIуаткIуэр къэзыгъэщIыжыр тхьэм­щIыгъур аращ.
ЦIыхум и IэштIымым хуэдиз мэхъу и жьэжьейри. Абыхэм я къалэн нэхъыщхьэр - лъыр язу, Iей къыхагъэкъэбзыкIамрэ шы­гъумрэ гъутхьэпсым хэлъу цIыхум къыдэгъэхынырщ.
Чэр цIыхум и сэмэгурабгъу джабэмкIэ щыIэщ. Ныбэрылъым ар къызэригъэ­сэ­бэпымрэ ­балигъым и Iэпкълъэпкъым щи­гъэзащIэ къалэнхэмрэ зыкъым. Ны­бэ­ры­лъым и чэм и къалэн нэхъыщхьэр куцIым щIыгъуу лъы къэгъэщIынырщ. ЦIыху ба­лигъым и чэм лъыр егъэкъабзэ: сэбэп мы­хъужыну эритроцитхэмрэ бактериехэмрэ къыхезыкI. Мыбдеж жыIапхъэщ, цIыху ба­лигъым и чэр имыIэжу зэрыпсэуфынур. Абы ­игъэзащIэу щыта къалэныр занщIэу и пщэ делъхьэ ­лимфэ системэм.

Псантхуэхэм я лэжьэкIэр

Iэпкълъэпкъыр зезыгъакIуэ къупщхьэ­хэмрэ лыпцIэхэмрэ зэпызыщIэжри, цIыхум узыр зыхезыгъащIэри, зыгъэбауэри, зыгъэпсалъэри щхьэкуцIым екIуэлIэж псантхуэхэращ. Псантхуэхэр пкъыгъуищу зэхэлъщ: щхьэкуцIыр, тхыцIэм илъ куцIыр, Iэпкълъэпкъ псом игуэша къуэпсхэр. Абыхэм я лэжьэкIэр къыбгурыIуэн папщIэ, мыпхуэдэ щапхъэ къэтхьынщ. ЦIыхум топ къыщы­хуадзкIэ, ар къызэрылъатэм, къыщысыну зэманым, къызэрыбубыдыну щIыкIэм егуп­сысыну зэман иIэкъым. Аращи, нэм топыр къилъэгъуа нэужь, псантхуэхэм щхьэкуцIым хъыбар ирагъащIэ ар къызэрылъатэмкIэ. ЩхьэкуцIым лыпцIэхэм унафэ къахуещI топыр Iэм къригъэубыдыну, е цIыхур IуигъэкIуэтыну, е топым еуэжыну. Ар цIыхум къыдалъхуа зэфIэкIщ.
Языныкъуэхэр щIоупщIэ: «Щхьэуз хущхъуэ уефа нэужь, дауэ абы узыр зэригъэувыIэр, узыр здэщыIэр къызэрищIэр?» - жаIэри. Ар къыбгурыIуэн папщIэ, мыбдеж къыхэгъэщыпхъэщ эндокриннэ системэм игъэ­защIэ къалэныр. ЦIыхум нэщхъеягъуэ е ­гуфIэгъуэ гуэр щилъэгъуакIэ, зыгъэгуфIэри, зыгъэнэщхъейри, зыгъэгушхуэри, и гур хэ­зыгъэщIри, кIэщIу жыпIэмэ и гурыщIэхэмкIэ жэуап зыхьыр эндокриннэ системэращ. Аращ икIи зыгуэр зэрыузыр псантхуэхэм ­къезыгъащIэр. Щхьэр щыузым деж Iэпкълъэпкъым и эндокриннэ системэм гормон къегъэщI. А гормоныр псантхуэхэм лъоIэсри, щхьэкуцIым хъыбар ирегъащIэ Iэпкъ­лъэп­къым ныкъусаныгъэ зэрыщыIэр, зыгуэр зэрыузымкIэ. Щхьэуз хущхъуэм хэлъщ ды­зытепсэлъыхь «хъыбарегъащIэ» гормо­ныр зыгъэужьых пкъыгъуэ. А гормонхэр мы­хъуатэмэ, узыр зэи зыхэтщIэнутэкъым.
ЦIыхум и гур къэувыIа нэужь, ар лIауэ ябж. Ауэ къыхэгъэщыпхъэщ, цIыхум и гур къэувыIа нэужь, щхьэкуцIыр иджыри сыхьэт ­бжыгъэкIэ зэрыпсэуфынур. Абы къыхэкIыу, дохутырхэм цIыхур лIауэ къыщалъытэр и щхьэкуцIым импульс къимытыжмэщ.

ЦIыхур щхьэ лIэрэ?

Узыр е жьыгъэр къызытекIуа цIыхум и Iэпкъ­лъэпкъыр махэ мэхъу: кислородыр лъымрэ щхьэкуцIымрэ нэзыгъэс пкъы­гъуэхэр я къалэным пэлъэщыжыркъым, абы къыхэкIыу лъыр хуэм мэхъу, зыхуэгъэкъэбзэжыркъым. КъыкIэлъыкIуэу Iэпкълъэпкъыр зэрызэхэлъ налъэхэр хуэм-хуэмурэ «малIэри», цIыхур къарууншэ мэхъу, и Iэпкълъэпкъым илъ пкъыгъуэхэр чэзу-чэзукIэ, иужьу и гумрэ щхьэкуцIымрэ къызэтоувыIэ.
ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, щIым хэлъ, Менделеевым и таблицэм ит элементхэр зы къэмынэу цIыху Iэпкълъэпкъым, куэдми-­мащIэми, пкърылъщ. Ар и щыхьэту къыщIэкIынщ цIыхур щIым, щIыуэпсым къызэрыхэкIам. Ауэ нэгъуэщIу укъеплъ ­хъунущ а къэхутэныгъэм… ЦIыхум и тхыдэр илъэс мелуан бжыгъэ ирокъу, а зэманми ­къриубыдэу хьэдэ мелард бжыгъэхэри щIым щIалъхьэжащ. ГъэщIэгъуэну пIэрэ-тIэ щIым щIэкIуэдыхьыжахэм къащIэна сабэм химие пкъыгъуэхэр къызэрыхагъуатэр?! Абы ­къигъэлъагъуэр щIым щIэлъыр зэрынэхъыбэр ар къудейщ.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: