Дыхуейщ дызэзыгъэкIуж фэеплъхэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэ­рэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар крайм я жылагъуэ ­зэгухьэныгъэхэмрэ цIыху щхьэ­хуэхэмрэ къабгъэдэкIыу иужь тхьэмахуэм куэдым зыкъысхуа­гъэзащ Адлер щыIа фэеплъ дамыгъэр зэрыIуахыжам теухуауэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щыжаIэхэм ехьэлIауэ. Къапщтэмэ, куэдым яфIэхьэдэгъуэдахэщ дизайнер цIэрыIуэ Лебедев Артемий и видеороликыр. Сэри абы се­плъащ икIи юристхэм я пщэ ­ислъ­хьащ урысей законода­-тельст­вэр а гъэлъэгъуэныгъэм къызэ­рызэпиуд щIыкIэр яуб­зы­хуну. Къэпщытэныгъэм кърикIуэм елъытауэ хабзэм къигъэув Iуэхугъуэхэр дублэнущ икIи Iуэ­хум кърикIуэм Iэмал имыIэу фыщызгъэгъуэзэнущ.

Фигу къэзгъэкIыжынщи, 2020 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м Сочэ и Къалэ зэхуэсым и депутатхэмрэ Свято-Троицэ члисэм и дин лэ­жьакIуэхэмрэ я жэрдэмкIэ Адлер хьэблэм щагъэуващ Кавказ зауэм и лъэхъэнэм абдежым щыIа пасэрей быдапIэм и домбеякъ картэр зытет фэеплъ дамыгъэ. Ар ящIащ ­хуитыныгъэ къезыт документхэр ямы­Iэу, къалэм и жылагъуэм я гупсысэр къамылъытэу икIи зрамыгъащIэу, нэгъуэщIу жыпIэмэ, «Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэинхэм я объектхэм (тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэ­еплъхэм) я IуэхукIэ» Федеральнэ ­законымрэ Краснодар крайм абы техуэу къыщащта хабзэмрэ, къи­щынэмыщIауэ, Сочэ къалэм ведомствэхэм зэдай и топонимикэ комиссэм и положенэр къызэпауду.
Къалэм и администрацэм къэп­щытэныгъэхэр иригъэкIуэкIащ икIи хабзэншагъэр псынщIэу къихутэри, бадзэуэгъуэм и 8-м фэеплъ дамыгъэр Iуригъэхыжащ.
Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр нэхъапэми Урысейм къыщыхъуащ. Апхуэдэу, 2016 гъэм Санкт-Петербург ща­гъэуври, мазиплI фIэкIа дэмыкIауэ, щы­Iуахыжащ Маннергейм Карл и фэеплъ пхъэбгъур. Санкт-Петербург щыпсэухэм ар яфIэтэмэмакъым икIи щIыпIэ властым пхъэ­бгъур ­музейм игъэIэпхъуащ. А псори и щыхьэтщ хабзэм зэрыте­тыпхъэмрэ жылагъуэм и Iуэху еплъы­­кIэр къы­зэрылъытапхъэмрэ.
Къайгъэр зэфIэкIа хуэдэт. Ар­щхьэкIэ медиа IэнатIэхэм хъы­барегъащIэ зэрыхьзэрий ин къыщаIэтащ. Мы Iуэхум тхьэмахуэ ­етIуанэ хъуауэ топсэлъыхь журналистхэр, къулыкъущIэхэр, блогерхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэ зэмылIэу­жьыгъуэхэм жыджэру ­хэтхэр. Хэти гупсысэ узыншэхэр къыхелъхьэ, хэти жылэр къызэщIегъэст. Къапщтэмэ, «Эхо Москвы» радиостанцым къэхъуам хилъэ­гъуащ Тыркум и къыхэIэбэныгъэ. А Iуэху еплъыкIэр къипхъуэтащ Поль­шэм къыщыдэкI «Wyborcza» газетым. Абы къытри­дза тхыгъэр нахуэу хуэунэтIащ Урысейм щытыкIэр къы­щызэщIэгъэплъэнымрэ лъэпкъ зэ­щыхьэ­ныгъэ къыщыгъэхъунымрэ.
Оппозицэм щыIэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр зыхущIэкъур гурыIуэ­гъуэми, умыгъэщIэгъуэнкIэ Iэмал иIэкъым Адлер къыщыхъуар ­США-м фэеплъхэр зэрырахыжым хуагъадэу къэралым и унафэм щIэт языныкъуэ СМИ-хэм къызэрыща­Iуатэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къагъэ­лъагъуэ Кавказым и тхыдэм ­хащIыкI щIагъуэ зэрыщымыIэр, псом хуэмыдэу епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм щыIа Кавказ зауэм. Языныкъуэхэм ар къалъытэ щхьэхуит­щIыжакIуэу, кавказ мэкъумэшы­щIэхэр пщы­хэм къыщыIэщIагъэкIыжа хуэ­дэу. Апхуэдэу щытмэ,  гурыIуэгъуэкъым а щIыпIэр игъащIэ лъандэрэ зей лъэпкъхэм, псалъэм папщIэ, адыгэхэм, ящыщу ­зауэр щиухым ирихьэлIэу процентитхум нэблагъэ фIэкIа щIыналъэм къыщIимынэжар - ардейхэр хэти зэтраукIащ, хэти хэкум ирашащ. Абы щыгъуэми адыгэхэращ лIэщIыгъуитI ипэкIэ, епщыкIуханэ - епщыкIуиянэ лIэ­щIыгъуэхэм я пэщIэдзэм, дзэ зекIуэ­хэм деж дэIэпыкъуэгъу нэсу пащ­тыхьхэм яIар - Иван Ябгэм и деж къыщыщIэдзауэ Пётр Езанэм и деж щиухыжу.
Конституцэм и статьяхэр щIэгъэкъуэн ящIыну хущIокъу. АрщхьэкIэ Iуэхур зытеухуар Кавказ зауэм къыщыхъуахэращ, Урысей империем и дежкIэ зэрыпхъуакIуэу, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм я щхьэ­хуитщIыжакIуэу щытам - ар академие щIэныгъэм къилъытакIэщ. ИкIи Хэкум и хъумакIуэхэм ехьэ­лIауэ Конституцэм къыщыхьам зыкIи ехьэлIакъым. УФ-м и Конституцэм и 67-нэ статьям итщ: «Урысей Федерацэм пщIэ хуещI Хэкум и ­хъумакIуэхэм я фэеплъым, тхыдэм и пэжыр хъумэныр къызэрегъэпэщ. Хэкур щихъумэкIэ цIыхубэм зэрихьа лIыгъэр гъэлъэхъшэныр идэркъым». Нэрылъагъущ зи гугъу ищIыр 1812 гъэм щыIа Хэку зауэмрэ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку ­зауэшхуэмрэ зэрыарар, Урысейм папщIэ лIыгъэ хэлъу лъэпкъ куэду зэхэт цIыхубэр, адыгэхэри, Кавказым щыпсэу адрейхэри яхэту, щызэуар.
ГурыIуэгъуэщ а Iуэхугъуэхэр къы­зэрыхъурэ куэд зэрыщIар икIи зыгуэрхэм абыхэм хамыщIыкIмэ зэрахуэгъэгъупхъэр. АрщхьэкIэ сыт щIэбгъэбэгъуэн хуейр пцIыр, къагупсысахэр, къызыфIагъэщIахэр, зэщIэзыгъэст тхыгъэхэмрэ видеохэмрэ? Бжыгъэр зи лъабжьэ нобэрей гъащIэм хъыбар щызэ­б­г­ребгъэхыну тынш дыдэщ. Егуп­сысын хуейщ ар къазэрыщыхъунум. Мис, къызэщIэплъащ сетхэр къэзыгъэсэбэп Кавказым и цIыху­хэр, интеллигенцэм, тхакIуэ­хэм, тхыдэджхэм ящыщхэри яхэту, икIи интернет зауэ зэхаублащ. Хуабжьу дыхуейт онлайн-зэдауэкIэ зэрымы­лъагъуу зэпэщIэтхэм Iуэхур къызэтрагъэувыIэну. Языныкъуэ блогерхэм роликхэр ирагъэтхыурэ зэбграгъэх, Iуахыжа фэеплъ дамыгъэм и пIэкIэ Ермолов генералым и фэеплъ ягъэувыну къыхураджэу. Кавказым щыпсэухэм я дежкIэ ­Ермоловыр зэрыпхъуакIуэщ икIи, псалъэм папщIэ, абы и фэеплъыр къыщалъхуа Орловщинэм е Москва щыбгъэув хъунуми, ар щыпщIэ хъунукъым Сочэ, Грознэ е Налшык, а щIыпIэхэм щыпсэухэм хьэзаб ­ куэд зэраригъэшэчам къы­хэкIыу. ЦIыхухэм я тхыдэ фэеп­лъым ар пщIэ зэрыхуащI Iэмалщ.
Псори зэхэту Кавказ зауэр илъэсищэм нэблагъэкIэ екIуэкIащ. ­Зауэр кIыхьу зэрыщытар, урысхэми кавказ лъэпкъхэми ящыщхэр бжыгъэншэу хэкIуадэу, и щыхьэтщ а щIыпIэм щыпсэуахэр бийм лъэщу зэрыпэщIэтар. ИкIи ахэр, икIэм-икIэжым, зэрызэтракъутар зауэм къыщыхагъэщIауэ жыпIэ хъунукъым - цIыхукIи мылъкукIи куэд дыдэкIэ къебэкI пащтыхьыгъуэм и зэфIэкIым пэлъэщынутэкъым. Урыс усакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэхэу кавказ лъэпкъхэм къезэуа Лермонтовым, ар зи нэгу щIэкIа Пушкиным, Толстой сымэ а зауэр ягъэдэхакъым, ауэ яIэтырт къапэщIэтхэм я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ, ягу ящIэу­зырт. Лъэпкъым и нэхъыфIхэм ар я пэ­жагът, цIыхугъэт, гъэсэныгъэт, иджыпсту хуабжьу дыхуэныкъуэу.
Сэ сызэреплъымкIэ, сыт щIэн хуейр Iуэхур дгъэтэмэмыжын икIи жылагъуэр адэкIи зэкъуэуда мы­хъун папщIэ.
Адлер щагъэува фэеплъым зыубгъуауэ тепсэлъыхьын хуейщ, жылагъуэр къыхэшауэ. БыдапIэр зэфIагъэувэжыну яукъуэдиймэ, нэгъуэщI унэтIыныгъэщ абы иIапхъэр - урыс сэлэтхэми, я щIыр яхъумэжу абдежым щыхэкIуэда адыгэхэми ар траухуэн хуейщ. Тетхами цIыху псоми пщIэ зэрыхуащIыр къыхэщу щытыпхъэщ, я щхьэ хуимыту епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм зэпэ­щIагъэувами. Иджыпсту тIощIрэ езанэ лIэщIыгъуэщ, куэд щIауэ щыIэжкъым текIуахэри хагъэщIахэри. Дэ, абыхэм я щIэблэхэр, зы федеративнэ къэрал дыщызэдо­псэу. А Iуэхугъуэ гущIыхьэхэм яужькIэ ди къэралым и лъэпкъхэр дыкъыздыхэкIащ дунейпсо зауитIым, цIыху мелуанхэр хэкIуадэу, революцэм, граждан зауэм, Сталиным и репрессиехэм, зэфIэгъэувэжыныгъэм. Гугъуехьхэм, хэщIы­ныгъэхэм, ди зэхуэдэ ехъулIэныгъэхэмрэ гуфIэгъуэхэмрэ дэ игъащIэкIэ дызэрапхащ.
Налшык и курыкупсэм итщ Иван Ябгэм и адыгэ щхьэгъусэ Марие и фэеплъ. Абы тетщ: «ИгъащIэкIэ Урысейм дыщIыгъуу». Къищы­нэ­мыщIауэ, щыIэщ «Псэ жыг» - Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэмрэ ­залымыгъэкIэ Хэкур зрагъэбгынахэмрэ я фэ­еплъу. Къалэм ущыдэ­лъадэкIэ Зэныбжьэгъугъэм и аркэ щытщ. Ар 2007 гъэм духуащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я зэгу­хьэныгъэр илъэс 450-рэ щрикъум ирихьэлIэу. Ахэр зэпэщIэуэ хуэдэщ. АрщхьэкIэ а фэеплъхэм ­къатощ ди зэхуэдэ тхыдэр, пэжым и тхыдэр.
Налшыки Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысей Ипщэмрэ и адрей къалэхэми хэкIуэдахэм ятеухуа зэзыгъэкIуж фэеплъхэр нэхъыбэу щыгъэувын хуейуэ къыщIэкIынущ, лъэпкъ псоми тхыдэм къаридза фэбжьыр ­къридгъэлъагъуэу. Ахэр я щыхьэт хъунущ къэхъуар зэрытщымыгъупщам, ауэ, ар тщIэж пэтми, нобэ ­зыри зэрыдмыгъэкъуаншэм. Фэ­еплъ­хэм яIэщ щэнхабзэ, тхыдэ, политикэ мыхьэнэ, абыхэм къагъэ­лъагъуэ цIыхухэмрэ властымрэ къэхъуа Iуэхугъуэхэм зэрахущытыр. ДызэпэщIэзыгъэкIуэтхэр дгъэувыным сыт и мыхьэнэр? Дызэ­къуэзыгъэувэ, дызэзыгъэныб­жьэгъу, дызэгурызыгъаIуэ Iуэху­гъуэ­хэр къэгъуэтыпхъэщ.
Псалъэм папщIэ, илъэс зыбжанэ ипэкIэ Краснодар къыщызэIуахащ Япэ дунейпсо зауэм и лIыхъужьхэм я фэеплъ, Урысейм папщIэ лъы зыгъэжа бгырысрэ къэзакърэ зэб­гъурыту. Адыгейм фэеплъ махуэ щагъэуващ: фокIадэм и 5-р Япэ ­дунейпсо зауэм дзэ зэныбжьэ­гъугъэ къыщызыгъэлъэгъуа адыгэ­хэмрэ къэзакъхэмрэ я фэеплъ ­махуэщ. Мейкъуапэ и курыкупсэм итщ фэеплъ - адыгэ зауэлIрэ урыс лIыхъужьрэ зэбгъэдэту. Ар и щы­хьэтщ Адыгеймрэ Урысеймрэ я зэкъуэтыныгъэм.
ЗэзыгъэкIуж дамыгъэхэр зэ­мы­лIэужьыгъуэу щытыфынущ. Фэ­еплъ яхуэбгъэув хъунущ къаухъу­реихьа Ленинград къыдаша журт сабийхэр ирамыгъэукIыу, я псэ емыблэжу къезыгъэла адыгэхэм. Псом ящхьэращи, блэкIам щыIар тегъэлэжьапхъэщ гуапагъэм, зэгурыIуэныгъэм, зэныбжьэгъугъэм, зэкъуэшыныгъэм. Абы и зэранкIэ, цIыхухэр зэпэщIэбгъэувэ, къызэ­щIэбгъэст, гупсысэр дыкъуакъуэ пщIы хъунукъым.
Ди къэралым хэти хуитыныгъэ щиIэщ игу илъыр къыщиIуэтэну - ар демократиер зи лъабжьэ ехъулIэныгъэ инщ. Хуабжьу дыхуейт а хуитыныгъэм къэралым и зэран емыкIыу и сэбэп хэлъыну.
 

Къанокъуэ Арсен, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым хэт, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и тхьэмадэ.
Поделиться: