Жыг къибупщIыкIа - абы и пIэкIэ нэгъуэщI хэсэ

Мэзым и махуэхэр

Мэзым и махуэхэр зыфIаща Iуэхугъуэр 2020 гъэм Урысейм щокIуэкI фокIадэм и 15-м къыщыщIэдзауэ махуищкIэ.

Лъэхъэнэ блэкIахэм мэзхэм пщIэшхуэ яIащ. Ди япэ итахэм къагурыIуэрт ахэр щысхьыншэу ибуп­щIыкI зэрымыхъунур. Ухуэныгъэм, нэгъуэщI IэнатIэхэм ­къыщагъэсэбэп пкъыгъуэхэр къызэрыхэтхым и мы­закъуэу, дызэрыбауэ хьэуам и нэхъыбапIэр къыдэзытри мэзхэращ. Ахэр я хэщIапIэщ къуалэбзу, хьэкIэкхъуэкIэ, хьэпщхупщ куэдым, къэдгъэлъагъуэмэ, щIым щызекIуэ псэущхьэхэм я процент 80-м щIигъум. Телъыджащэщ, ауэ мэзхэм гъуэзри сабэри зыщIашэ. Псалъэм папщIэ, гектар иримыкъу щIыгум зизыуфэбгъуа уэздыгъейхэм сабэу тонн 40-м нэблагъэ зэуэзэпсэу зэщIаубыдэфынущ. Гу лъумытэнкIи Iэмал иIэкъым, мэз гуэрэнхэм я кIуэцIым хьэуар куэдкIэ зэрыщынэхъ къабзэми.
Урысей Федерацэр къатщтэмэ, и мэзхэм я инагъымкIэ, дуней псом щыпашэщ. Абыхэм, псори зэхэту, щIыуэ гектар мелард 1,2-м нэблагъэр къызэщIаубыдэ. Ди къэралым и щIыналъэм хуозэ дунейм мэзу тетым я процент 22-р. НэгъуэщIу жытIэмэ, УФ-м и щIыгум и процент 46-м щIигъур мэзылъэщ. ЩIыдгъужынщ ди къэралышхуэм и мэзхэм я нэхъыбэр псей жыг лъэпкъыфIхэм зэраIыгъри. 2007 гъэм къащта Мэз ­кодексыщIэм ахэр лIэужьыгъуищу игуэшащ. Япэ гупым хохьэ ущIэтыну хуабжьу къекIу жыг дахэхэр зыхэтхэр, етIуанэм хеубыдэ пхъэ къызыхаххэр. ХасагъащIэу зыхуэсакъыпхъэхэр - ещанэщ. Апхуэдэуи, Урысейм и щIыналъэм хуозэ пхъэ къызыхах мэзу дуней псом щыIэм я процент 25-р. Ар къулеигъэ ин дыдэщ, къэгъэсэбэпын зэрыхуейри егупсысауэщ.
2013 гъэм зэхалъхьащ «Мэз хозяйствэм зегъэужьын» Урысей Федерацэм и къэрал программэр. Ар лъэхъэнищу зэпыудащ. Абы и гъэзэщIэныр дызэрыт 2020 гъэм нэс тращIыхьауэ щытащ. Мурад нэхъыщхьэр зыхуэгъэзар зи гугъу тщIы къулеигъэ иныр хъумэнырщ, абы щыщу ягъэкIуэщIам зыкъегъэужьыжынырщ, мэзхэр къэралым, цIыхухэм я сэбэп зыхэлъхэм тещIыхьауэ къэгъэсэбэпын зэрыхуейр жылагъуэм зыхегъэщIэнырщ.
«Жыг къэбгъэуа - абы и пIэкIэ нэгъуэщIхэр хэсэ» - аращ мы махуэхэм екIуэкI Iуэхугъуэм и къыхуеджэныгъэ ­нэхъыщхьэр зытещIыхьари. Мэзхэм фащысхь, псэ зыIутхэм хуагъадэу дыкъэзыхъумэ къэщIыгъэ телъыджащэу ди «мэIуху щхъуантIэр» щIыуэ дызытетым темыкIуэдыкIыжыпэн щхьэкIи фхузэфIэкIыр фщIэ!
Ди республикэм илъэс зыбжанэ хъуауэ лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI, мэзхэм «еIэзэным», къуажэхэмрэ къалэ округхэмрэ жыгыщIэхэр щыгъэтIысыным, щхъуантIагъэхэм яхуэсакъын зэрыхуейм къыхуеджэным хуэгъэзауэ. Абы къыхэкIыуи, мэзхэр хъумэным пыщIа IэщIагъэлIхэм, къулыкъущIэхэм, цIыхуфI псоми дохъуэхъу дыкъэзыухъуреихь дунейм хуэсакъыным хуэунэтIауэ кърахьэжьэ икIи ялэжь я IуэхущIафэ дахэхэм езыхэр щыгуфIыкIыжыфын хуэдэу, узыншагъэ быдэ яIэну!

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: