Джудэ-адыгэлI

(«Налшык и «Спартак»-м и капитанхэр» тхыгъэм и еханэ Iыхьэ)

2000 гъэхэм я пэщIэдзэр хуабжьу хуэугъурлащ Налшык и «Спартак»-м. Урысей Федерацэм футболымкIэ и япэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьри, къэралым и командэ нэхъыфI дыдэхэм ядэджэгуну Iэмал игъуэтащ. А лъэхъэнэм и нэхъыбэм гупым и капитану щытар, хамэ щIыпIэ къикIами, дэ тщыщ зы хъуауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым изэгъа Джудович Миодрагщ.
Налшык и «Спартак»-м дэщIхэми, ди республикэм топджэгум щыдихьэххэми, уеблэмэ, Урысей Федерацэм и щIыпIэ куэдми, къэралым и къалащхьэри яхэту, хуабжьу фIыуэ ялъэгъуащ Черногорием щыщ гъуащхьэхъумэ Джудович Миодраг. Зи лъагагъыр метритIым нэблагъэ а щIалэшхуэр адрейхэм къазэрыхэщыр и иныжь теплъэм и закъуэтэкъым, атIэ и джэгукIэкIи дуней тетыкIэкIи щапхъэт. А зэманым изыбзэу, мин пщыкIутхум нэблагъэ, цIыхухэр къыздекIуалIэ Налшык и «Спартак» стадионым футболым дихьэххэм щыфIадзат езым хуэдэу хьэрф ин дыдэхэм щэкIым зытетха «Джудэ-адыгэлI» псалъэхэр къызэрыкI хьэрф абрагъуэхэр. Хамэ щIыпIэ къикIа щIалэм хьэлэлу къилэжьа пщIэ лъагэт ар.
1979 гъэм фокIадэм и 6-м Югославием и Плав къалэм къыщалъхуа Миодраг и ныбжьыр илъэс тIощIым иту а къэралым и еплIанэ дивизионым джэгун щригъэжьащ. Зыхэт «Езеро» командэр абы зэман кIэщIым ещанэ, итIанэ етIуанэ дивизионым дригъэкIуэтеящ. Зи зэфIэкI лъагэхэм гу къылъата щIалэр Югославием и гуп нэхъыщхьэм хэт командэхэм ирагъэблэгъащ, ауэ абыхэм зыщимыIэжьащэу 2004 гъэм Украинэм кIуащ, премьер-лигэм и «Волынь» гупым зыхагъэхьэри. АрщхьэкIэ къыкIэлъыкIуэ илъэсым и гъатхэм фэбжь хьэлъэ игъуэтащ Киев и «Динамо»-м щыIущIам. Ар и щхьэусыгъуэу зэгурыIуэныгъэр якъутэжащ икIи 2006 гъэм и пэщIэдзэм Налшык къыщыхутащ.
Совет Союзми хуэдэу, Югославиер щызэхэщэщэж лъэхъэнэти, Джудович Миодраг жэнэт щIыналъэу куэдым къалъытэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щетIысэхащ, и щхьэгъусэри къыздишэри. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, абыхэм ди щIыпIэр яхуэугъурлащ икIи щIалитIрэ хъыджэбзитIрэ щызэдагъуэтащ.
2006 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 18-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и спорт тхыдэм дыщэпскIэ хатхэну Iуэхугъуэ телъыджэ къэхъуащ - япэ дыдэу ди республикэм и командэр премьер-лигэм щыджэгуащ. ЗанщIэу хьэрхуэрэгъу къыхуэхъуари хэт?! УЕФА-м и кубокыр зыIэщIэлъ, къэралым и чемпионыгъэмрэ кубокымрэ зыIэрызыгъэхьа тренер цIэрыIуэ Газзаев Валерэ и гъэсэн ЦСКА-рт. Премьер-лигэм хыхьагъащIэр къыдогъанэри, КъуэкIыпIэ Европэм абы пэщIэувэфын куэд щыIэтэкъым.
АрщхьэкIэ хьэрхуэрэгъу емынэм Налшык и «Спартак»-р игъэдзыхакъым икIи хуэфэщэну абы пэщIэтащ. Стадионым изу къекIуэлIа цIыху мин 15-м нэблагъэми увыIэгъуэ ямыIэу ар трагъэгушхуэрт. Налшыкдэсхэм текIуэныгъэр къахьыным иIэжар зымащIэ дыдэщ, ауэ абыхэм я гъуащхьауэ Корчагин Эрик зэуа топыр штангэм техуа иужькIэ зыкъэзыгъэза ЦСКА-м, джэгум къыщIагъуа дакъикъэхэр щиухым, судьям и дэIэпыкъуныгъэр къигъэсэбэпри, очкоищыр зыIэригъэхьащ.
КъыкIэлъыкIуэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм къэкIуа къэралым бгъуэнейрэ и чемпион Мэзкуу и «Спартак»-ми ерагъкIэ и щхьэр Iуихыжауэ аращ. Джэгур зэрытемыгъэкIуауэ, 2:2-уэ, иухами, налшыкдэсхэр тIэунейрэ япэ итащ. А зэIущIэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и топджэгум и тхыдэм дыщэпскIэ щратхащ Джудович Миодраг. Аращ Налшык и «Спартак»-м и япэ топыр Урысей Федерацэм и премьер-лигэм щыдэзыгъэкIар! И лъагагъымрэ Iэзагъымрэ къигъэсэбэпри, абы хьэщIэхэм я гъуэр щхьэкIэ хигъэщIащ. ЦIыху минхэр ди стадионым къыщызэрыIэтат Миодраг и унэцIэр адыгэбзэм хуагъэкIуарэ «Джудэ-адыгэлI» зэдыжаIэу.
ПэщIэдзэ зэIущIэр иуха иужькIэ зэхэта пресс-конференцым къыщыпсалъэу Газзаевыр ди командэм къызэрыщытхъуар икIи мыгувэу абы текIуэныгъэхэр зэриIэнур зэрыжиIар куэдым къызэрыгуэкI псалъэу къащыхъуами, налшыкдэсхэр япэ дыдэу Мэзкуу зэрыкIуэу псори зэригъэплъыжащ - и стадионым щыхэгъэщIа хъуащ «Локомотив»-р. Абы щыгъуэми ди щIалэхэм хэгъэрейхэм худагъэкIа топищри зым нэхърэ адрейр нэхъ дахэжт.
Дауи, апхуэдэ щIэдзэкIэ лъэщкIэ Налшык и «Спартак»-м зыри щыгугъакъым. АрщхьэкIэ апхуэдэу къэхъун папщIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIэгъэкIа хъуат. Налшыкдэсхэм псом япэу зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзырын щIадзат. ИкIи абы щхьэусыгъуэ иIэт: япэ дивизионым щыджэгуа псори премьер-лигэм хэзагъэфынутэкъыми, командэр гъэлъэщыпхъэт.
Зыгъэхьэзырыныгъэ лъэхъэнэм ди «Спартак»-м и тренерхэр цIыху 60-м нэблагъэм кIэлъыплъащ икIи абы и Iыхьэ щанэм иримыкъуращ къагъэнар. Красножан Юрэ зэрыIэзэ дыдэр псоми наIуэ ящищIащ тегъэщIапIэ ищIа псоми къызэрагъэпэжамкIэ.
Зэпеуэм ипэ къихуэу ирагъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэм Налшык и «Спартак»-м хэтахэмрэ щIэуэ къыхыхьахэмрэ щызэгурыIуэ хъуащ, тактикэ и лъэныкъуэкIэ хьэлэмэт куэд зрагъэщIащ. Псом ящхьэрати, гуп зэкъуэт къызэрагъэпэщат, зыр адрейм сыт щыгъуи зыщIигъэкъуэну, дэIэпыкъуну хьэзыру.
Налшык командэ лъэщ къызэрыщыунэхуам, дауи, щыгъуазэр мащIэт. Псоми зытращIыхьыр мылъку якъуэлъымрэ абы хэт футболистхэм я цIэрыIуагъымрэти, щIэупщIэныгъэхэм IэщIагъэлIхэм шэч къыщытрамыхьэххэу зыжьэу щыхуагъэфэщащ ипщэ «Спартак»-р а гъэм премьер-лигэм хэкIыжынухэм ящыщ зыуэ. АбыкIэ «сэбэп» хъун хуейт зэхьэзэхуэр зэрекIуэкIыну календарым и зэхэгъэувэкIари - налшыкдэсхэр зэкIэлъхьэужьу дэджэгунут нэгъабэрей зэпеуэм ипкъ иткIэ командэхэр зэрызэкIэлъыкIуам тещIыхьауэ, япэ увыпIэм щегъэжьауэ къехыу.
Къэралым и командэ нэхъ лъэщ дыдэхэм уахэзэгъэн папщIэ хуэфэщэн мылъку, тренер Iэзэ, футболист лъэщхэм ухуейщ. Абыхэм ящыщу Налшык и «Спартак»-м нэсу зыри иIэтэкъым. Мылъкур доллар мелуани 4-6 хъууэ арат икIи зы футболист лъэрызехьэ къызыщIэкIт. Тренерыр, командэми хуэдэу, япэ дыдэу премьер-лигэм хыхьэу арат. ХэкIыпIэр зыт - мылъкурэ футболисткIэ къанэ щымыIэу къызэгъэпэща хьэрхуэрэгъухэм зэкъуэтыныгъэрэ псэемыблэжыныгъэрэ пэщIэгъэувэнырт.
«Спартак»-м и генеральнэ директор Балэ Владимиррэ тренер нэхъыщхьэ Красножан Юрэрэ зэгурыIуащ къыхуаутIыпщ мылъкур футболист лъапIэхэр къащэхуурэ ямыгъэкIуэдыну. НэхъыфIу къалъытащ куэдым ямыцIыху е ящыгъупщэжа, ауэ зыкъагъэлъэгъуэну, цIэрыIуэ защIыну зи нэ къикI щIалэхэр кърагъэблэгъэну. Абы щыгъуэми апхуэдэхэм фIыуэ уадэлэжьа иужькIэ Iэзагъ ин къагъэлъэгъуэфыну щытын хуейт.
Ар Iуэху тынштэкъым, ауэ укъэзыгъэпэжынт. Мазищым щIигъукIэ щIыпIэ куэдым къыщалъыхъуащ апхуэдэхэр. ИкIи Налшык къешэлIа хъуащ зэгуэрым къызэщIэлыдэу псынщIэу ужьыхыжахэу Евсиков Денис, Корчагин Эрик, Мичков Дмитрий, Ланько Виталий, Гогуа Гогитэ. Ахэр зыхэт командэхэм щIагъуэу щагъэджэгужыртэкъым. Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ зэи зи цIэ зэхэдмыхахэу е тцIыху къудейхэу Джудович Миодраг, Илонгэ Нгасание, Сердюков Сергей, Джефтон Феррейрэ. Абыхэм я зэфIэкIыр нобэкIэ здынэсыр, премьер-лигэм зэрыхэзэгъэнур къэщIэгъуейт. Апхуэдэу щыщыткIэ тегъэщIапIэ нэхъыщхьэр нэхъапэм «Спартак»-м хэтахэу Чихрадзе Александр, Битокъу Тимур, Мостовой Руслан, Скворцов Анатолий, Мэшыкъуэ Аслъэн, Концедалов Роман, Пилипчук Сергей, Порошин Андрей сымэт. Иджыри куэдкIэ сэбэп зэрахуэхъуфынур къалъытэри, зи футбол ныбжьыр хэкIуэтахэу Кращенкэ Сергей, Заруцкий Александр, Къудей Леонид сымэ командэм къыханат.
Абы щыгъуэми, Налшык топджэгу вагъуэ куэд 2006 гъэм къыщызэщIэнащ. Илъэсым и пэм щIагъуэу ямыцIыхуу щыта Битокъу Тимур, Гогуа Гогитэ, Джудович Миодраг сымэ, нэгъуэщIхэми щIэупщIэшхуэ яIэ хъуащ.
Урысей Федерацэм футболымкIэ и командэ нэхъыфI дыдэхэм занщIэу япэщIэхуа ди «Спартак»-р абыхэм къазэрыпикIуэта щыIэкъым. Iэзагъыр щахуримыкъум зэкъуэтыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ, къикIуэт ямыщIэу, пэщIагъэувэурэ я очко бжыгъэм хагъахъуэу хуежьащ. Арати, дунейпсо чемпионатыр зэрекIуэкIынум къыхэкIыу къэралым ейр щызэпагъэуа накъыгъэ (май) мазэм ирихьэлIэу ирагъэкIуэкIа джэгугъуибгъум яужькIэ налшыкдэсхэр пашэхэм къахэхутащ.
Мыгувэу ди «Спартак»-р къехуэхыжыну куэд щыгугъа пэтми, апхуэдэу къэхъуакъым. Уеблэмэ, иужькIэ зэкIэлъхьэужьу джэгугъуихым щытекIуэри (!), Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм Урысей Федерацэм и чемпионатым бжьыпэр и закъуэу щиубыдащ, Мэзкуу и ЦСКА-р, «Локомотив»-р, «Спартак»-р къакIэлъеIэу.
Зэпеуэм и кIэух зэIущIихми ди «Спартак»-р щытекIуащ. Иужь дыдэ джэгугъуэм елъытат абы турнир таблицэм щиубыдынур. Еханэ хъун папщIэ Владивосток къикIахэр хагъэщIэн хуейт, армырамэ ебгъуанэу зэхьэзэхуэр яухынут. ЗэIущIэр зэрытемыгъэкIуауэ иухащ.
Абы щхьэкIэ къэмынэу, Налшык и «Спартак» стадионым кърихьэлIа цIыху минхэм Iэгуауэ инкIэ ди командэр джэгупIэ губгъуэм ирагъэкIыжащ - зыхащIащ ехъулIэныгъэ ин Къэбэрдей-Балкъэрым къызэрыхуахьар. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, ди республикэми, абы и Президент Къанокъуэ Арсени а илъэсым къриубыдэу щытхъуу хужаIам и нэхъыбэр къыхуэзыхьар республикэм и футбол командэрщ. Ар и щыхьэтт топджэгур зэштегъэу къудейуэ зэрыщымытым.
КъищынэмыщIауэ, сыт хуэдиз дэрэжэгъуэ ягъуэта Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм, къэралым и командэ нэхъыфIхэр, Европэми къыщалъытэ футболист цIэрыIуэхэр джэгуну къыщыкIуэм, ди «Спартак»-р абыхэм яхуэфэщэну япэщIэту (щытекIуи куэдрэ къэхъуу) щалъагъухэм и деж!
ДжэгупIэ губгъуэми гъащIэми гупым и шхэпс хъуахэм ящыщт Джудович Миодраг. Абы и пщIэ лъагэм зыми шэч къытрихьэртэкъым икIи 2007 гъэм и зэхьэзэхуэм и пэ къихуэу зэхэта командэм и зэIущIэм ар «Спартак-Налшыкым» и капитану щыхахащ. КъыкIэлъыкIуа илъэсийм Джудэ-адыгэлI ди щIалэхэм я пашэу щытащ. Ар щахъуэжар Черногорием щыщ щIалэм фэбжь щигъуэта е дагъуэ къызэрыхуащIа бжыгъэр ирикъуу джэгум щыхамыгъэхьа закъуэтIакъуэрщ.
ЩIэх-щIэхыурэ Миодраг Налшык и уэрамхэм дыщыхуэзэ къэхъурт. Нэхъыбэм абы и унагъуэр дэщIыгъут, зыплъыхьакIуэ е щэхуакIуэ къыдишауэ. БлэкIхэр Джудович къыхуеплъэкIыжырт, къацIыхужарэ зэралъэгъуам иригушхуэу. Езыри нафIэгуфIэ хъужауэ, псоми яхуэгуапэт: къелъэIухэм я гъусэу сурэт зытригъэхырт, къыхуаший тхылъымпIэ, футболкэ, открыткэ кIапэхэм Iэ яхущIидзырт.
Джудович Миодраг хэмыту «Спартак-Налшыкыр» къызыщыгъэхъугъуейт. ЩIагъуэ къэмынэу, ар абы и зэIущIэ псоми хэтт икIи 2010 гъэм и пэщIэдзэ джэгугъуэм ди командэм и щIыхьыр зэрихъума бжыгъэр 100-м нигъэсащ.
2012 гъэм и гъэмахуэм налшыкдэсхэм премьер-лигэр ябгына пэтми, Миодраг гупыр къызэхинакъым. Абы зыгъэзэжыну ерыщу хущIэкъуахэм иджыри илъэситIкIэ яхэтащ икIи 2013, 2014 гъэхэм апхуэдэ Iэмал ягъуэтри, зэпэщIэуэ зэIущIэхэм нэсат. АрщхьэкIэ мылъкукIэ пэмылъэщыж хъуа ди республикэм премьер-лигэр къызэрыфIэIуэхуж щыIэтэкъым. Уеблэмэ, мыгувэу «Спартак-Налшыкыр» зэхуащIыжыпэ пэтащ икIи нэхъ лъахъшэ дыдэ етIуанэ дивизионым езым и лъэIукIэ кърагъэкIуэтэхащ. Абы иужькIэщ Джудович ди республикэр, къехьэлъэкIыпэу, щибгынар. А зэманым ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр 190-рэ урысейпсо утыкум щихъумат икIи я хьэрхуэрэгъухэм топи 6 яхудигъэкIат.
Черногорием и командэ къыхэхами 26-рэ щыджэгуащ «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэр. Ар ехъулIэныгъэкIэ зыпэщIэтахэм ящыщщ Инджылызым и футболист телъыджэхэри. ИужькIэ я къэралым и командэм къыхэхам и тренерхэм хагъэхьауэ, нобэр къыздэсым а IэнатIэм пэрытщ.
Нобэми пыщIэныгъэ быдэ хуиIэщ Джудович Миодраг ди щIыпIэм. Иджырей хъыбарегъащIэ Iэмалхэр къигъэсэбэпурэ «Спартак-Налшыкым» и футболистхэмрэ тренерхэмрэ закъыпещIэ, чэнджэщ щхьэпэхэр къарет. Зэи игу ихуркъым Къэбэрдей-Балъкъэрым IэфIу щигъэкIуа илъэсибгъур. Дэри Джуда-адыгэлIыр тщызыгъэгъупщэфын футболист нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIыу абы лъандэрэ къытхыхьакъым. Зэгуэр къытхыхьэнуи фIэщщIыгъуейщ.
 

«АдыгэлI» гупым я пашэр Миодрагщ.


Премьер-лигэм щыхэтам.


Красножан и дэIэпыкъуэгъу нэс.


Къыдэджэгухэм я къыщхьэщыжакIуэ.


Джудэ фIэкIыгъуейт.

Жыласэ Заурбэч.
Поделиться: