НасыпыфIэщ апхуэдэ щIэблэ зиIэ лъэпкъыр

Нэгъабэ щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 15-м Бахърейным и Манамэ къалэм щызэхэта дунейпсо чемпионатым и кIэух зэIущIэм Ливаным щыщ Фахретдин Мохаммад зыми шэч къатримыгъыхьэу нокаутым игъакIуэу щыхигъащIэри, абсолютнэ чемпион хъуащ ди лъахэгъу Мырзэкъан Азэмэт. ТекIуэныгъэм и нэщэнэу адыгэ щIалэм къратащ дыщэ килограмми 6,3-рэ зыхэлъ бгырыпх лъапIэрэ саугъэту доллар мини 100-рэ.

Дамыгъэ лъапIэхэр адыгэ щIалэм къыIэщIэзылъхьа Бахърейным и пащтыхьыкъуэ Сэлман ибн Хьэмад ибн Иса аль Хьэлиф зэхьэзэхуэм еплъыну къэкIуа цIыху минхэм захуигъазэри, жиIащ: «НасыпыфIэщ спортым и лъагапIэ нэхъ ин дыдэхэр къэзыгъэIурыщIэф Мырзэкъан Азэмэт хуэдэхэр къызыщIэхъуэ лъэпкъыр». А псалъэхэр иджыри зэ ди щхьэр лъагэу дэзыгъэIэтщ, дэрэжэгъуэ къыдэзытщ.
Бахърейным щызэуэну щIалиплI къыхахати, Азэмэт и хьэрхуэрэгъухэр дунейм щынэхъ лъэщ дыдэхэм ящыщт. Япэу къыпэщIэуващ Бразилием къикIа Иносенте Гатэ. Ар хуабжьу лъэрызехьэт икIи зыкъомрэ елIэлIэн хуей хъуащ. Сытми, хигъащIэри, финалым кIуащ. Хьэрып зэуакIуэм зэрызиIыгъыфар дакъикъищщ, Мырзэкъаным и удынхэм ерыщу пэщIэта пэтми. Сыт хуэдэ щытыкIэми ар къикIыфырт, Азэмэт и удын хьэлъэхэри ирикъункIэ игъэващ. АрщхьэкIэ, зыр кIуэцIрыкIащ, афIэкIаи зыкъиIэтыжыфакъым.
- Зы пщыхьэщхьэм зэIущIитI зэуэ егъэкIуэкIыныр хуабжьу сигу ирихьащ, - жиIащ дунейпсо чемпионыгъэм и дыщэ бгырыпхыр зэзыгъапщэ Мырзэкъан Азэмэт щагъэлъапIэм. - Япэм сыкъызэщIигъэплъати, къыкIэлъыкIуэм нэхъ сыхуэхьэзыру щIэздзащ. Ар нэхъ кIыхьу екIуэкIами нэхъ къэсщтэнут икIи сыхуэхьэзырт.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ Мырзэкъаныр IэпщэрызауэмкIэ еплIанэу дунейпсо чемпион хъуащ. КъищынэмыщIауэ, ар Дунейпсо кубокыр зыIэщIэлъщ, Европэм, Азием, ди къэралым куэдрэ щытекIуащ, Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастерщ.
ЕхъулIэныгъэ инхэр щызыIэригъыхьэу илъэс зыбжанэ хъуауэ Азэмэт спортым хэтщ. Нарт теплъэ зиIэ а щIалэм адыгэ лъэпкъыр дунейпсо зэхьэзэхуэхэм екIуу щегъэлъагъуэ икIи къигъэзэжа иужькIэ къызыхэкIахэм лъагэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щаIэт. Дэтхэнэ зы спортсменри зыщIэхъуэпс Олимп лъагапIэми ар тыншу дэкIыфынут, Iэпщэрызауэр абы и программэм хагъэхьатэмэ.
Зыщымысхьыжыу икIи емызэшыжу зэрызигъасэм, бэшэчагъ, къару, Iэзагъ ин зэрыбгъэдэлъым Азэмэт и ехъулIэныгъэ инхэм хуашащ. Ар щIэблэм и щапхъэ нэсщ.
ИужькIэ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа щIалэр 1989 гъэм мэлыжьыхьым и 12-м Дыгулыбгъуей къуажэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Анзоррэ и анэ Радимэрэ я къуитIыр щIапIыкIащ адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ. Ахэр къэхъуащ гугъуехьыр зищIысыр ящIэу, щIэныгъэм хуэпабгъэу, спортым дихьэхыу. Iэпщэрызауэм тIуми ехъулIэныгъэ инхэр щызыIэрагъэхьащ икIи спортым и мастер щыхъуащ.
Зэкъуэшхэм я нэхъыщIэ Марат гъунапкъэхъумэ къулыкъур къыхихауэ дзэм къулыкъу щещIэ. Нэхъыжь Азэмэт армэ нэужьым хыхьащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ КъБР-м щыIэ министерствэм хыхьэ къалэн пыухыкIахэр зыгъэзащIэ гуп хэхам (СОБР). Аращ къыщицIыхуари Iэпщэрызауэм гъэсакIуэ щыхуэхъуа, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер, иджы Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэу лажьэ Мамхэгъ Хьэчим. Абы занщIэу гу лъитащ Мырзэкъаным зэфIэкI лъагэ зэрыбгъэдэлъыр икIи жэщ-махуэ жимыIэу ар къызэкъуэха зэрыхъуным зэгъусэу телэжьащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Президент Къанокъуэ Арсен и щхьэхъумэхэм 2012-2015 гъэхэм зэрахэтым хуэдэурэ, Азэмэт къиухащ Урысей МВД-м и Краснодар университетыр. Абы иужькIэ ГРУ-м къулыкъу щищIащ.
Спортыр IэщIагъэ нэс хуэхъуащ 2011гъэм. А илъэсым Налшык щекIуэкIа зэхьэзэхуэ иным япэ дыдэу щызэуащ икIи апхуэдизу лъэщу ар къехъулIати, зэпеуэ лIэужьыгъуэ куэдым ирагъэблагъэу хуежьащ. Хьэлэмэтращи, абы лъандэрэ Мырзэкъаным и зы хьэрхуэрэгъуи къытекIуакъым.
Хуабжьу хуэугъурлащ Азэмэт 2013 гъэр. Япэ дыдэу ар дунейпсо чемпион хъуащ. Азиеми къыщыпэлъэщын къыкъуэкIакъым.
КъыкIэлъыкIуа илъэсым аргуэру ЩIы хъурейм бжьыпэр щиубыдащ, Европэм и чемпионыгъэри дэщIыгъуу. АбыкIэ фIыщIэр куэдкIэ ябгъэдэлът и тренер зэкъуэшхэу Мамхэгъхэ Хьэчимрэ Iэдэмрэ.
 А гъэ дыдэм Перум щекIуэкIа зэпеуэм Дунейпсо кубокыр щызыIэригъэхьащ. Абы кърихьэлIат къэрал пщыкIублым икIа спортсмен щитIым щIигъу. Дэтхэнэри зыщIэхъуэпсыр пашэныгъэрат. А зэхьэзэхуэм Мырзэкъаным зэIущIиплI щригъэкIуэкIати, япищым нокауткIэ ятекIуащ, иужьым 8:2-уэ ефIэкIащ Къэзахъстаным щыщ Азамиев Умзэт икIи саугъэт нэхъыщхьэр зыIэригъэхьащ.
IэпщэрызауэмкIэ дуней псом абсолютнэ чемпион щыхъуащ 2015 гъэм. Мэзкуу и «Динамо» спорткомплексым щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм хэтыну къызэхуэсат къэрали 8-м къикIа спортсмен нэхъ хьэлъэ дыдэхэр. Зэрихабзэу, и япэ хьэрхуэрэгъуищыр Азэмэт нокаутым игъэкIуащ. КIэух зэIущIэми а хабзэ дахэм къытекIакъым. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIа Родригес Риккэ иныжь пэлъытэт икIи адыгэ щIалэм нэхърэ килограмм пщыкIухкIэ нэхъ хьэлъэт. Абы щхьэкIэ къэмынэу Мырзэкъаным и удын лъэщхэм пасэ дыдэу лъэгум къыщагъэхутащ, адэкIэ мызэуэжыфын хуэдэу.
Мэзкуу и «Sono Rooms» клубым щагъэлъапIэрт 2016 гъэм Iэпщэрызауэм щынэхъ лъэщхэр. «Илъэсым и спортсмен нэхъыфI» унэтIыныгъэм Мырзэкъан Азэмэт «дыщэ Iэлъэр» къыщыхуагъэфэщащ. Ар хуабжьу пщIэ лъагэт. ЖыпIэну ирикъунщ нэхъапэм ар зратахэм дуней псом щыцIэрыIуэхэу Цзю Костя, Джонс Рой, Холлифилд Эвандер, Баффер Майкл сымэ зэрахэтар.
Мырзэкъан Азэмэт, шэч хэмылъу, дуней псом хуабжьу щыцIэрыIуэщ. Ар утыку къыщрашэну щыщIохъуэпс щIыпIэ куэдым. АрщхьэкIэ къыхихар UFC-ращ икIи абы зэрыщызэуэнумкIэ зэгурыIуэныгъэм Iэ щIидзащ. Ар зи фIыгъэр США-м зэзауэ зэхэтымкIэ и академие нэхъыфIхэм ящыщ зы къыщызэзыгъэпэща икIи и тренер нэхъыщхьэ КIэщт Муратщ. Иджы а щIалэр Мырзэкъаным и менеджерщ, Нурмагомедов Хьэбиб Америкэм и Штат Зэгуэтхэм япэ тренеру щиIащ.
- Азэмэт и ехъулIэныгъэхэр и жыIэдэIуагъымрэ емызэшу зэрызигъасэмрэ къыхуахьащ. Къыщыхъуа щыIэкъым ар тренировкэм къыщыкIэрыхуа е къыщымыкIуа икIи жетIэ псори зыхелъхьэ. Тыншщ абы удэлэжьэну, - жеIэ и гъэсакIуэ Мамхэгъ Хьэчим.
 Мырзэкъанри хуабжьу хуэарэзыщ и тренерым: «Мамхэгъ Хьэчим си гъэсакIуэ къудейкъым, атIэ си ныбжьэгъуфIщ. Пасэу ди адэр дунейм ехыжати, ар къуэш нэхъыжь пэлъытэ тхуэхъуащ икIи спортым къищынэмыщIауэ, гъащIэм къыщытхуэщхьэпэну куэдым дыхуеущий. Нобэ сиIэ ехъулIэныгъэхэм сынэсын папщIэ абы зэманрэ къарууэ стригъэкIуэдар къэпщытэгъуейщ», - жеIэ Азэмэт.
Спортым и закъуэкъым ар зыхуэфIри. Азэмэт икIи унагъуэлI бэлыхьщ: илъэсиплI ипэкIэ щхьэгъусэ ищIа Залинэрэ абырэ пхъурэ къуэрэ зэдагъуэтауэ, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу зэдопсэу.
Зэманыр сыт щыгъуи къемэщIэкIми, Мырзэкъан Азэмэт щыхущIыхьэ закъуэтIакъуэм и благъэ-Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм ягъусэну, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ телъыджэхэр шым тесу къызэхикIухьыну, ахэр гупсэхуу къиплъыхьыну хуабжьу фIэфIщ.
- ММА-м си тренерым сыхишащ, - жеIэ Азэмэт адэкIэ и мурадхэм щытепсэлъыхькIэ. – IэпщэрызауэмкIэ къыщIэздзащ, иужькIэ щхьэзакъуэ Iэпщэрызауэ зэхэтым сыхыхьащ. Иджыпсту UFC-м допсалъэ. Нэгъабэ зыIэрызгъэхьа чемпион бгырыпхыр хъумэным ехьэлIа зэIущIэм сыхэтыну къыщIэкIынукъым, коронавирус уз зэрыцIалэм и зэранкIэ дахэ-дахэу зызгъэхьэзырыну Iэмал зэрызимыIам къыхэкIыу. Куэд щIакъым зыгъэсэныгъэхэм зэрыщIэддзэжрэ. Апхуэдэу щытми, сыщогугъ мыгувэу утыку сыкъихьэжыну.
Дэри хуабжьу дыпэплъэнущ иджыри къэс зыми къыхимыгъэщIа адыгэ щIалэм къыкIэлъыкIуэну и зэIущIэхэм. Япэхэми хуэдэу, абыхэм дэрэжэгъуэ ин къызэрыдатынум, лъэпкъми, республикэми, къэралми я пщIэр нэхъри зэраIэтынум шэч къытетхьэркъым.

ПлIэнейрэ дунейпсо чемпионхэу Беслъэней Нурмухьэмэдрэ Мырзэкъан Азэмэтрэ я тренер Мамхэгъ Iэдэм я гъусэу.


Азэмэт Налшык къыщрагъэблэгъэж.


Дунейпсо кубокыр IэщIэлъу.

 

Хьэтау Ислъам.
Поделиться:

Читать также: