Дунейм щыхъыбархэр

Дыгъэгъазэм и 31-р мылэжьэгъуэ
махуэу ягъэувыну къыхалъхьэ

УФ-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм къыщыхалъхьащ 2021 гъэм дыгъэгъазэм и 31-р мылэжьэгъуэ махуэу ягъэувыным теухуа жэрдэм.

КъызэратамкIэ, илъэсыщIэ махуэшхуэхэр щIышылэм и 1 - 10-хэм къриубыдэу щытыну яубзыхуащ. Хэкум и ХъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу цIыхухэр махуищкIэ зэкIэлъыкIуэу дэсынущ - мазаем и 21 - 23-хэм. ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуми апхуэдизкIэ загъэпсэхунущ - гъатхэпэм и 6 - 8-хэм.
ЩIышылэм нэмыщI, илъэсым щыщу накъыгъэ мазэрщ щысыгъуэ махуэ нэхъыбэ зыхуэзэр. Мы гъэм цIыхухэм Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэм и щIыхькIэ загъэпсэхунущ накъыгъэм и 1 - 3-хэм, ТекIуэныгъэм и махуэр ягъэлъэпIэнущ накъыгъэм и 8 - 10-хэм.
 Урысейм и Махуэм - мэкъуауэгъуэм и 12-м - и саулыкъукIэ мылэжьэгъуэ махуэу щытыну къыхалъхьащ мэкъуауэгъуэм и 12 - 14-хэр. ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр ягъэлъэпIэнми апхуэдиз хухахащ - щэкIуэгъуэм и 4 - 7-хэр мылэжьэгъуэ махуэу щытынущ.
А псом нэмыщI, къыхалъхьащ 2021 гъэм къыщыщIэдзауэ дыгъэгъазэм и 31-ри мылэжьэгъуэ махуэу къалъытэну. Нэхъ пасэу а Iуэхум тепсэлъыхьауэ щытащ Къэрал Думэм и депутатхэри, IэнатIэ Iутхэм я нэхъыбэм а махуэм я унагъуэ Iуэхухэм хэтурэ, илъэсыщIэм зыхуэгъэхьэзырыным яужь итурэ лэжьыгъэм зэремыгугъур я тегъэщIапIэу. Ауэ абы теухуа унафэ зэкIэ къащтакъыми, иджыри къыздэсым зэрыщытым хуэдэу, дызэрыт илъэсми ар лэжьэгъуэ махуэу къэнэжынущ.

Мы махуэхэм

ФокIадэм и 23, бэрэжьей

♦IэпэтэрмэшкIэ зэпсалъэхэм я дунейпсо махуэщ
♦КъуэкIыпIэ Жыжьэм щагъэлъапIэ къаплъэным и махуэр
♦Сауд Хьэрыпым и къэрал махуэшхуэщ
- пащтыхьыгъуэ щигъуэта махуэщ. 1932 гъэм къыдэкIащ «Хьэрып пащтыхьыгъуэм и щIыналъэхэр зэгуэгъэхьэжыным теухуауэ» унафэр. Абы ипкъ иткIэ къэралым Сауд Хьэрып Пащтыхьыгъуэ цIэр игъуэтащ.
♦Литвам щалэжьа щIэпхъаджагъэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ. 1943 гъэм фашистхэм Вильнюс щызэтраукIэу хуежьащ абы щыпсэу журтхэр. Абы дэса цIыхум мин 40-ри къанэ щIагъуэ щымыIэу хэкIуэдат.
♦1846 гъэм нэмыцэ астроном Галле Иоганн планетэщIэ къихутащ. ИужькIэ абы Нептун фIащащ.
♦1848 гъэм Америкэм щыщ Куртис Джон ягъэныщкIу сагъыз ищIауэ щытащ.
♦1869 гъэм Менделеев Дмитрий химие элементхэм я периодическэ законыр къызэIуихащ.
♦1924 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэншагъэр щыгъэкIуэдынымкIэ комиссэ къызэрагъэпэщащ.
♦1925 гъэм къащтащ «СССР-м и дзэм Iэмал имыIэу къулыкъу щызыщIэн хуейхэм ятеухуауэ» законыр.
♦1937 гъэм Архангельскэ, Вологодскэ областхэр къызэрагъэпэщащ.
♦1943 гъэм советыдзэхэм Полтавэ къалэр фашистхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
♦1944 гъэм Польшэм щыпсэу украинхэр а къэралым кърагъэIэпхъукIыу хуежьащ. Абы и жэуапу, Украинэм щыпсэу полякхэри ирахужын щIадзащ. А Iуэхум егъэзыгъэ хамылъхьэну зэгурыIуами, апхуэдэу хъуакъым - а лъэхъэнэм я щхьэр Польшэм ирахыным ирахулIауэ щытащ украин мин 600-м къыщыщIэдзауэ мелуаным нэс.
♦1991 гъэм Армением и Совет Нэхъыщхьэм и къэрал щхьэхуитыныгъэм теухуа унафэ къищтащ.
♦1991 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым унафэ къыдигъэкIащ Свердловск, Загорск къалэхэм нэхъапэм зэреджэу щыта цIэхэр яфIэщыжыным теухуауэ. Япэм Екатеринбург, етIуанэм Сергиев Посад цIэхэр иратыжащ.
♦2000 гъэм Тегенекли къуажэм къыщызэIуахащ усакIуэ, актёр цIэрыIуэу щыта, 1966 гъэм Iуащхьэмахуэ лъапэ щытраха «Вертикаль» фильмым роль нэхъыщхьэр щызыгъэзэщIа Высоцкий Владимир и музей.
♦1934 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Тхьэгъэзит Зубер.
♦1936 гъэм къалъхуащ урысей тхыдэдж, тхакIуэ, драматург Радзинский Эдвард.
♦1938 гъэм къалъхуащ Австрием щыщ актрисэ Шнайдер Роми.
♦1943 гъэм къалъхуащ Испанием щыщ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Иглесиас Хулио.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 22 - 23-рэ, жэщым градус 12 - 14 щыхъунущ.

ФокIадэм и 24, махуэку

♦Тенджызым и дунейпсо махуэщ
♦ЧэруанакIуэм и дунейпсо махуэщ
♦Кърым Республикэм и Къэрал гербымрэ къэрал ныпымрэ я махуэщ
♦1801 гъэм
КъуэкIыпIэ Куржыр Урысей империем къыхагъэхьащ.
♦1812 гъэм Бородино деж щекIуэкIа зауэм уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ икIи щыхэкIуэдащ пщы, дзэзешэ, Суворовым и гъэсэн Багратион Пётр.
♦1938 гъэм Гризодубовэ Валентинэ зи унафэщI кхъухьлъатэм Москва - КъуэкIыпIэ Жыжьэ гъуэгуанэр къемытIэсэхыу зэпичащ.
♦1957 гъэм Барселонэ къалэм къыщызэIуахащ «Камп Ноу» стадионыщIэр. Иджыпсту ар Испанием и мызакъуэу, Европэми щынэхъ ин дыдэщ - абы цIыху 99.354-рэ йохуэ.
♦1960 гъэм США-м дунейм щыяпэу псым трагъэхьащ кхъухьлъатэхэр къешэкIыным хуэщIа атом кхъухьыр.
♦1993 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ комиссэ.
♦1999 гъэм Инджылызым и къалащхьэ Лондон къыщызэIуахащ Артур Конан Дойль и литературэ лIыхъужь цIэрыIуэ Холмс Шерлок и фэеплъ.
♦2010 гъэм дунейм ехыжащ СССР-м и вице-президенту, къэралым «шыщхьэуIу зэхъуэкIыныгъэхэр» къыщызэзыгъэпэща ГКЧП-м и унафэщIу щыта Янаев Геннадий.
♦1863 гъэм къалъхуащ уэрэдус, уэрэджыIакIуэ, джэгуакIуэ Сыжажэ Къылъшыкъуэ.
♦1898 гъэм къалъхуащ Иордание Хьэшимит пащтыхьыгъуэм и Парламентым и унафэщIу, премьер-министру, Сенатым и Iэтащхьэу щыта Хьэбжокъуэ Сэхьид.
♦1911 гъэм къалъхуащ совет къэрал, политикэ лэжьакIуэ, 1984 - 1985 гъэхэм СССР-м и унафэщIу щыта Черненкэ Константин.
♦1945 гъэм къалъхуащ усакIуэ, тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ Рубальская Ларисэ.
♦1948 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ и IэнатIэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Уэркъуасэ Анатолэ.
♦1948 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, зэдзэкIакIуэ Семэн Руслан.
♦1961 гъэм къалъхуащ тележурналист, «Къэбэрдей-Балъкъэр» зыгъэлъагъуэ телевизионнэ канал» къэрал IуэхущIапIэм и унафэщIу щыта Къардэн Аслъэн.
 

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 23 - 24-рэ, жэщым градус 14 - 15 щыхъунущ.

ФокIадэм и 25, мэрем

♦1632 гъэм Якутск къалэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ.
♦1763 гъэм Екатеринэ ЕтIуанэм и унафэкIэ Москва къыщызэIуахащ Урысейм щыяпэ сымаджэщыр. Абы пащтыхь гуащэм и къуэ Павел и цIэр фIащауэ щытащ.
♦1818 гъэм инджылыз дохутыр Бланделл Джеймс дунейм щыяпэу зы цIыхум и лъыр адрейм хигъэлъэдауэ щытащ.
♦1934 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и колхоз-совхоз IуэхущIапIэхэм я япэ спартакиадэр.
♦1935 гъэм СССР-м щIакхъуэ уасэр нэхъ пуд щащIащ, лы, бдзэжьей, фошыгъу кърыращэхун папщIэ яту щыта карточкэхэр къамыгъэсэбэыпж хъуащ.
♦1941 гъэм ВКП (б)-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым унафэ ищIащ уIэгъэ хъуа зауэлIхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ комитет къызэрагъэпэщыну.
♦1943 гъэм Дзэ Плъыжьым Смоленск къалэр нэмыцэ фашист зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIигъэкIыжащ.
♦1991 гъэм ДОСААФ зэгухьэныгъэм и цIэр РОСТО жиIэу зэрахъуэкIащ.
♦1999 гъэм Ельцин Борис Iэ тридзащ Налог полицэм и федеральнэ къулыкъущIапIэм теухуа хабзэм.
♦1886 гъэм къалъхуащ тырку революцэм и пашэхэм ящыщ зыуэ щыта, маршал Черкес (Пщэу) Адхьэм-пэщэ.
♦1906 гъэм къалъхуащ совет композитор, пианист щэджащэ, егъэджакIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Шостакович Дмитрий.
♦1925 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Еутых Аскэр.
♦1920 гъэм къалъхуащ совет актёр, режиссёр, СССР-м и цIыхубэ артист Бондарчук Сергей.
♦1932 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэу щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысей Федерацэмрэ щIыхь зиIэ я артист ПщыхьэщIэ Мухьэжыр.
♦1933 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ Щэмырзэ Iэмырбий.
♦1938 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артисткэ Федосеевэ-Шукшина Лидие.
♦1944 гъэм къалъхуащ США-м щыщ актёр цIэрыIуэ, Оскар» саугъэту тIу зыхуагъэфэща Дуглас Майкл.
♦1969 гъэм къалъхуащ инджылыз, американ актрисэ, «Оскар» саугъэт зрата Зета-Джонс Кэтрин.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, пIалъэ-пIалъэкIэрэ уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 22 - 23-рэ, жэщым градус 15 - 16 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Джэдум и щхьэр зэрыкIым ипкъри йокI.

 

Зыгъэхьэзырар ДЖАТОКЪУЭ Марьянэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ