Пэфыф Заринэ и фильмыр

Гъатхэпэм Налшык и кинотеатрхэм щагъэлъэгъуащ «Это была ты?!» фильмыр. Ар щытрахащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ режиссёр, сценарист Пэфыф Заринэрэ видеооператор ­ГъущIасэ Къантемыррэ я «SoZARee» IуэхущIапIэм.
Роль нэхъыщхьэхэр ягъэзащIэ Гъубж Амиран, ­Къэнэмэт ФатIимэ, Дым Елдар, Мизиев Мурадин, ­Холомханов Къайсын, Циканов Исса. Къэбэрдей-­Балъкъэрым исхэм я зэхущытыкIэр, я гъащIэр, лъа­гъуныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ зи лъабжьэ кином хэтахэм я нэхъыбэм актёр IэщIагъэ яIэкъым, ауэ ныбжьыщIэхэм 2016 гъэм къаухауэ щытащ Япэ республикэ киношколэр (ари зи жэрдэму щытар фильмым и режиссёр Пэфыф Зари­нэщ).
Фильмыр тезыхахэмрэ абы хэтахэмрэ я Iуэху еплъыкIэм фыщыдогъэ­гъуазэ:

Пэфыф Заринэ: «Сы­зэ­рысабийрэ жысIэрт кино тесхыну сыхуейуэ, ауэ абы щыгъуэм иджыри сщIэртэкъым а IэщIагъэм зэреджэ къудейр. Кино тесхыну сыщытегушхуэм, спонсор къэлъыхъуэным зэман едмы­гъэхьу, дэ езым ди ­къару деплъыжыну мы Iуэхум и ужь дихьат. Мурад щытщIа къудейм Гъубж Амиран занщIэу хуэзгъэ­лъэгъуащ роль нэхъыщхьэр абы игъэзэщIэну. Апхуэ­дэуи кастинг едгъэкIуэ­кIащ, фильмым хэтыну щIалэ­гъуалэм дахэплъэу. Амиран абы пхыкIат, ауэ и гумызагъагъэм къыхэкIыу, актёр гъуазджэм и курсхэм зэман гуэркIэ кIуа нэужьщ тетхын щыщIэддзар.
Куэдрэ дегупсысащ филь­мым хуэтщIыну сюжетым. Ар сыт и лъэныкъуэкIи нэхъ еплъыгъуафIэ, къы­зэры­гуэкI зэрытщIыным дыхэтащ. ЩIыналъэм и псэукIэр абы исхэм нэхърэ нэхъыфIу нэгъуэщIым къызэры­хуэ­мыгъэлъэгъуэнур къэтлъы­тэри, филь­мым ди щIалэгъуалэр къетшалIэмэ нэхъ къэтщтащ. Адэ-анэмрэ бынымрэ я зэхущытыкIэр, лъэпкъ зэ­мылIэужьы­гъуэ­хэр нобэ зэрызэдекIуэ­кIыфыр, ныбжьыщIэхэм я гурыщIэхэр къызэрагъэ­лъагъуэр, нэ­гъуэщIхэри ди нэкIэ зэрытлъагъум хуэдэу къэ­тIуэтэну дыхущIэкъуащ. Зы унагъуэм щIэсхэр зэ­гъусэу зэплъ хъуну фильм къыдэхъулIауэ дыщогугъ».
ГъущIасэ Къантемыр: «Кино тепхыныр, дауи, лэ­жьыгъэ гугъущ, ауэ гъэщIэгъуэнщ, псом хуэмыдэу уи зэфIэкI здынэсыр къри­пщIэну. Гугъуехьхэр зыхуэдам и гугъу пщIымэ, актёрхэр хущIыхьэгъуэкIэ абы къекIуэлIэфу зэрыщытар арагъэнщ, зыр адрейм пэдгъэплъэн хуей хъууэ. Бюд­жетыншэу тетхын щIэддзат лэжьыгъэри, ди техникэр щыкъутэ щыIащ, дешу псори къыщызэтедгъэувыIа къытхуихуащ. Ауэ а мащIэхэр, сызэреплъымкIэ, зэран къытхуэхъуакъым. Фильм къэс апхуэдэ гъэу­нэхуныгъэ гуэрхэр иIэн ­хуейщ, абыхэм упхыкIы­фынращ нэхъыщхьэр. Кинор Iуэху цIыкIукъым, зы гъащIэ псо къегъэлъагъуэ, абы уегугъун хуейщ».
Гъубж Амиран (Идар и ролыр егъэзащIэ): «Кастингым и пэ къихуэу, Пэ­фыф Заринэ сыIущIати, трихыну фильмым си зэ­фIэкI сыщеплъыжыну чэнджэщ къызитат. Шэч хэ­мылъу, сэ абы сыщыгуфIыкIат. Къэпщы­такIуэхэр гуапэу къытIущIащ, роль нэхъыщхьэр згъэзэщIэну къызэ­рыспэ­щылъми сы­щы­гъуазэт. Пэжыр жыпIэ­мэ, сэ езыр сыцIыху укIы­тэхщ икIи ар зэран къыс­хуэмыхъун щхьэ­кIэ, актёр IэщIагъэмкIэ дерс зыбжанэ сыкIуащ япэщIыкIэ. Юрист IэщIагъэм сыхуеджащи, сыщогугъ мыпхуэдэ лэжьыгъэм сызэрыхэтар абы и лъэныкъуэкIи къысхуэ­щхьэ­пэжыну. СымыукIытэу си Iуэху еплъыкIэр къэз­гъэлъ­эгъуэфынымкIэ ар зы лъэбакъуэу къызолъытэ. Фильмым и сюжетыр сигу ирихьащ. ЛIы­хъужь нэхъы­щхьэм и гум щыщIэр, зыгъэгузавэр сэ езым зыхэсщIэну, абы сыпхыкIыну сфIэгъэщIэ­гъуэнт. ЗыгуэркIи дызэщхьу схужыIэнущ Идаррэ сэрэ. Сэ схуэдэуи Iуэхугъуэ гуэрхэм хэхуа нэужь, абы зепIытI-зехуз (мэдыхьэшх). Зэры­жысIауэ, мы Iуэхум сы­зэрыхэтам куэд къызитащ, уеблэмэ иджыри ­апхуэдэ зы лэжьыгъэ сы­хэтынт».
Къэнэмэт ФатIимэ (Джамилэ): «Сценарийм сыщеджэм занщIэу сыди­хьэхащ. ГъэщIэгъуэнт Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и ­гъащIэм лъэныкъуэкIэ укъы­­щеплъыну, псом хуэ­мыдэу щIалэгъуалэм нобэ я зэхущытыкIэр зы­хуэдэм. Телевиденэ, радио прог­раммэхэмкIэ продюсер IэщIагъэм сызэры­хуе­джам къыхэкIыу, режиссёрым сыкъригъэблэгъат филь­мыр зыухуэнухэм сэри сахэтыну. АрщхьэкIэ иужькIэ Заринэ абы актёру сы­щыджэгуну сыхигъэ­хьащ. ЗгъэзэщIа ролыр спэгъу­нэгъуу схужыIэнукъым: хъыджэбзыр цIыху щабэщ, псори и фIэщ мэхъу, уеблэмэ дунейм и гур хузэIухащи, гъэпцIагъэ гуэри абы тету ищIэркъым. Шэч хэмылъу, лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн дыхэтащ. А къыдэ­хъулIар зи фIыгъэу къэслъытэр кино трахыну зэхуэса гупыр зэгъунэгъу дызэрызэхуэхъуарщ. Махуэ лэжьыгъэр и кIэм щынэдгъэсми, дыпIащIэртэкъым дызэбгрыкIыжыну: зыр адрейм и Iуэху еплъыкIэм зэрызыщигъэгъуэзэным дыхущIэкъурт.
Хьэщхъуэжь Ислъам (студенту мэджэгу): «Зэ­ныбжьэгъухэр дызэхэсу, Инстаграмым щытлъэ­гъуащ фильмыщIэ трахынум хэтынухэр къызэрыхахым и хъыбарыр. ЗанщIэу си жагъуэ хъуат абы ирагъэблагъэхэр илъэс 18 ­хъуахэмкIэ къы­зэры­­щIэ­дзар. Сэ апхуэдиз иджыри срикъуатэкъым. АрщхьэкIэ си ныбжьэгъухэм сытра­гъэгуш­хуэри, сыкIуащ кастингым. Сщыгъупщэнукъым а махуэр. Уэлбанэм сыхиу­быдэри, псыфыбзэ сыхъуауэ сыщIыхьат. Шэч хэмы­лъуи, сыгузэват. Сы­щысабийм актёр сыхъуну сы­щIэхъуэпсу зэрыщытар къэплъытэмэ, ролыр къы­зэрысхуагъэфэщар къызжаIэну къыщыпсэлъэжам сызэрыгуфIам гъунэ иIэтэкъым. Си ролыр мыинми, абы еплъахэм къысхужаIа щытхъум и ужькIэ къызгурыIуащ роль цIыкIу зэрыщымыIэр.
Циканов Исса (Нэзар): «Сценарийр япэ щIэ­джы­кIыгъуэм сигу ирихьат. Ди зэманым махуэ къэс ды­зыхэт Iуэхугъуэхэращ абы и лъабжьэр. Ауэ, нэхъы­щхьэращи, гушыIэ хэлъу, къыптемыхьэлъэу зэха­гъэу­ващ».
Мэкъуауэ Алинэ (Мадинэ): «Сабийхэм зыщрагъэужь центрым актёр IэщIагъэм щыхуэзгъасэу сыщылажьэрти, ди уна­фэщIым и шыпхъум фильм трихыу къызжиIащ. Арати, абы хэтыну сабийхэм садэлэжьэну срагъэблэ­гъащ, ауэ, икIэм-икIэжым, режиссёрым къилъытащ сэ­ри кином сыхэтын хуейуэ. Сэ сыарэзыт. Мадинэрэ сэрэ ди хьэлхэр зэтехуащ. КъызэрысщыхъуамкIэ, ари цIыхум хуэпэжу бгъэдэт лIыхъужьщ, апхуэдэ дыдэу адрейхэр къыхущытыжын хуейуи егъэув. Сэ ар согъэзахуэ».
Дым Елдар (Арсен): «Филь­мым сыхэтыну сы­щра­гъэблэгъам, ар къы­дэхъу­лIэным шэч къытес­хьат. Япэрауэ, зэи апхуэдэ лэжьыгъэм хэмыта ныбжьыщIэхэм кино яхутехыну си фIэщ хъуртэкъым. ЕтIуа­нэ щхьэусыгъуэр зэпхар си щхьэрат: киноактёр Iуэхум сыпэгъунэгъуу къэслъытэртэкъым. Ауэ, сызэрыщымыгугъауэ, лэжьыгъэр псоми къыдэхъулIауэ собж. Къыс­хуагъэфэща ролым зезгъапщэри, гъащIэм нэхъ сыщытэмакъкIэщIу гу лъы­зигъэтэжащ. Ауэ си лIы­хъужьым сызэрыпэгъунэгъур сытыт?! Ар и унагъуэ хэсыкIэмрэ зэзэмызэ и щхьэ щIэнэкIалъэжыфу зэрыщытымрэт. Ахэр къэп­лъытэмэ, ролым гугъу сыдехьауэ жысIэнукъым. ­Къапщтэмэ, кином дыщы­джэгуауэ аракъым, атIэ дэри абы «дыщыпсэуащ» жытIэмэ, нэхъ дыщыуэнукъым. Зарини Къантемыри Iуэхум жэуаплыныгъэ яхэлъу бгъэдыхьащ. ЩIэгъэкъуэн ямыIэу езыхэм я къарукIэ фильм гуапэ трахащ, щIалэгъуалэм я дежкIэ сэбэпщ. Япэ лъэба­къуэр къайхъулIащ, иджы­ри апхуэдэ лэжьыгъэхэр къыкIэлъагъэкIуэну ди гуа­пэщ».

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
Поделиться: