Зэманыр IуэхукIэ зыгъэнщIа щIэныгъэлI МафIэдз Сэрэбий

Адыгэ  лъэпкъым  хьэлэлу  хуэлэжьа
Фэеплъ

Ди республикэм и щэнхабзэ зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа, Къэбэрдей-­Балъкъэрым и щIэныгъэлI щыпкъэ, егъэджакIуэ Iэзэ, тхакIуэ цIэрыIуэ МафIэдз Сэрэбий Хьэжмэстафэ и къуэр зи зэфIэкI лъагэхэмкIэ ди щIыналъэми хамэ щIыпIэхэми цIэрыIуэ щыхъуа лъэпкъ еджагъэшхуэхэм ящыщщ. КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ­КъБР-м щIэныгъэмрэ литературэмкIэ и Къэрал саугъэтыр зрата, ­УФ-м и ТхакIуэхэм я союзым хэт, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор МафIэдзым и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэу, литературэ тхыгъэу куэд дыдэ.

КъБР-м и Аруан щIыналъэм хыхьэ Джэрмэншык къуажэм 1935 гъэм къыщалъхуащ МафIэдз Сэрэбий. Адыгэ хабзэрэ нэмыс­рэ щызекIуэ, ахэр щытепщэ унагъуэ зэтетым щапIащ ар. Сэрэбий уна­гъуэшхуэм я бын пажэт. Абы нэмыщI адэ-анэм иджыри яIэт щIалищрэ зы хъыджэбзрэ. Нэхъыжьхэм щIэблэм ирагъэлъагъу щапхъэ дахэрт унагъуэр зэтезыIыгъэр. Абы ис дэтхэнэми ящIэрт хэт сыт хуэдэ къалэн, увыпIэ, тIысыпIэ къалъысми. Бын пIыным, гъэсэным мыхьэнэшхуэ езыт нэхъыжьхэр езыхэр егъэлеяуэ цIыху щыпкъэт, набдзэгубдзаплъэт, я ущиеми Iуэхуми акъыл хэлът. Ахэр зи щапхъэ сабийхэри жыIэщIэу, Iэдэбагъ яхэлъу къэхъурт.
Зи сабиигъуэр зауэ зэман гугъум хиубыда МафIэдзыр щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу къэхъуащ. Жылэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, щIалэщIэр щIэтIысхьащ Налшык дэт педагогикэ еджапIэм. Еджэныр 1954 гъэм хъарзынэу зэфIихри, МафIэдзым я къуажэм къигъэзэжащ икIи абы дэт школым и пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэу лэжьэн щыщIи­дзащ. Лэжьыгъэм тэмэму хэзэгъами, Сэрэбий щIэхъуэпсырт и IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтыну. А мурадыр и гъуэгу­гъэлъагъуэу, ар, зэрылажьэм хуэдэурэ, щIэтIысхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие къудамэм. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзыгъэ­гъуэта IэщIагъэлIым иужькIэ илъэс зыбжанэкIэ урысыбзэмрэ литературэмрэ ныбжьыщIэхэм яригъэджащ.
ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм къы­хуалъ­хуауэ жыхуаIэхэм ящыщт щIалэщIэр. Школыр я унэм пэ­гъунэгъути, абы ныбжьыщIэхэр щIэх-щIэхыурэ я деж ишэрт,  зэгъу­сэу бзэм, литературэм елэжьхэрт, дерсым щаджа темэщIэхэр щIагъэбыдэжырт. Апхуэдэу ар еджа­кIуэхэм яхутепсэлъыхьырт адыгэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм, абы зэрихьэу щыта хабзэхэм, ди нобэм къэсахэм. Апхуэдэурэ ахэри дригъэхьэхырт езым псэкIэ пэгъу­нэгъу къэхутэныгъэм. Лъэпкъ хабзэм ехьэлIа дэтхэнэ Iуэхуми хуэнаб­дзэгубдзаплъэт Сэрэбий, ар жылагъуэ Iуэху е унагъуэ зэхущытыкIэ ерехъу. Абы къыхэкIыу абы гъащIэм щигъэнэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщт пэжыгъэр, цIыхугъэ ­лъа­гэр, ныбжьэгъугъэр. КъыщIэ­хъуэ щIэблэри а лъапIэныгъэхэм зэрыщIипIыкIыным сыт щыгъуи ­хущIэкъурт ар.
ЩIэблэм лъэпкъ гъэсэныгъэ етыным мыхьэнэшхуэ езыт егъэджакIуэ, ущиякIуэ гумызагъэм фIыуэ къыгурыIуэрт адыгэ хабзэрэ нэмыскIэ зэджэ лъэпкъ хъу­гъуэфIыгъуэр куууэ джын зэры­хуейр. А фIыгъуэхэм нэхъ куууэ щыгъуазэ зыхуэзыщIыну зи мурад хэкупсэр а IуэхухэмкIэ япыщIауэ щытт иужькIэ къэхутакIуэу зрагъэблэгъа КъБР-м и Лъэпкъ музейм. А илъэсхэм Сэрэбий зэхуи­хьэсыжащ адыгэм и гъащIэм, лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм, зэрахьэу щыта хабзэхэм, щIэблэ гъэсэныгъэм ехьэлIа дэфтэр зэмылIэужьыгъуэхэр. А зэманыр щIэдзапIэ хуэхъуащ МафIэ­дзыр иужькIэ зыхуэнэса щIэныгъэ-къэхутэныгъэ куэдым.
1969 гъэм МафIэдзыр ирагъэ­блэгъащ КъБР-м и Правитель­ствэмрэ Урысейм ЩIэныгъэ­хэмкIэ и Академием и Къэбэрдей-­Балъкъэр щIэныгъэ центрымрэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ я институтым. КъызэрыгуэкI щIэныгъэ лэжьакIуэу щIидзэри, ар институтым этнографиемкIэ и къудамэм и унафэщIым нэсащ. Институтым илъэс куэдкIэ щылэжьащ щIэныгъэлIыр, лъэпкъ тхыдэмрэ IуэрыIуа­тэмрэ ехьэлIа тхыгъэхэр зэхуихьэсыжу, ахэр иджыжу. ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ IэнатIэм пэрыхьэри, зэманышхуи дэмыкIыу абы игъэ­хьэзыращ кандидат лэжьыгъэр. Ар адыгэ лъэпкъ джэгукIэхэм ятеу­хуауэ щытащ. 1974 гъэм а щIэныгъэ лэжьыгъэр Сэрэбий щыпхигъэкIауэ щытащ Миклухо-Маклай и цIэр зэрихьэу Москва дэт этнографие институтым. Адыгэхэм сабийхэр гъащIэм, псэукIэм зэры­хуагъэхьэзыр Iэмалхэр зи лъабжьэ а лэжьыгъэм щIэныгъэлIым адэкIи зригъэужьащ икIи 1989 гъэм ирихьэлIэу «Адыгэ лъэпкъ щэнхабзэр щIэблэхэр зэпызыщIэ Iэмал гъуэзэджэщ» доктор диссертацэр итхащ икIи ар утыку кърихьащ. Сэрэбий и лэжьыгъэри лъэпкъ щIэныгъэ-къэхутэныгъэр ипэкIэ зыгъэкIуатэу, лъэныкъуэ куэдкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэу къалъытащ, ехъулIэныгъэ иIэуи пхыкIащ, езыми «тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор» цIэр къыфIащащ. А щIыхьыцIэ ­лъагэр зезыхьэу Джэрмэншык ­къуажэм япэу къыдэкIар МафIэдз Сэрэбийщ.
ЩIэныгъэ дунейм пщIэшхуэ щиIащ а лэжьыгъэ купщIафIэм, ноби аращ. А диссертацэр я тегъэщIапIэу щIэныгъэлI куэдым адэкIи зрагъэужьащ МафIэдзым и Iуэху еплъыкIэхэм.
МафIэдз Сэрэбий зи IэщIагъэм нэгъэсауэ хэзыщIыкI, пэжыгъэрэ гу щабагъэрэ зыхэлъ цIыху емызэшт. Аращ абы республикэм и щIэныгъэ лэжьакIуэхэм, егъэджакIуэхэм, творчествэм пыщIахэм пщIэшхуэ хуащIу щIыщытар. Республикэм и цIыху пэрытхэм ящыща еджагъэшхуэм и Iэдакъэм къыщIэкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 100-м щIигъу. ИкъукIэ лэжьыгъэшхуэ МафIэдз Сэрэбий хищIыхьащ литературэми. «Гъыбзэ хуэфащэт» романым папщIэ абы КъБР-м литературэмкIэ и Къэрал саугъэтыр 1998 гъэм къыхуагъэфэщащ, а саугъэт дыдэр 2002 гъэм МафIэдз Сэрэбий ­етIуанэу къратащ «Адыги: обычаи, традиции» монографием папщIэ. ЩIэныгъэм щиIэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ абы «КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр 1994 гъэм къыфIащащ, илъэс куэдкIэ ехъулIэныгъэ иIэу зэрылэжьам папщIэ 1999 гъэм Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и ЩIыхь тхылъыр къратащ. КъикIуа гъуэгуанэ кIыхьым къриу­быдэу ди лъэпкъым къигъэщIа ­хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэм - адыгэ хабзэм - зегъэужьыным ­хуищIа хэлъхьэнышхуэм къыпэ­кIуэу МафIэдз Сэрэбий 1994 гъэм къыхуагъэфэщауэ щытащ ­дуней псом щызекIуэ саугъэт нэхъ лъэщхэм ящыщ зы - Къандур Иззэт и цIэр зезыхьэ саугъэтыр. А гулъытэ ­лъагэр хуэфащэ дыдэщ щIэныгъэлI щэджащэм.
Псэ щIэншэ икIи къулей зиIа цIыху хьэлэмэтым къарурэ зэфIэкIыу иIэ псори къызыхэкIа лъэпкъым ­хуигъэпсауэ щытащ. Щэн дахэрэ акъылышхуэрэ зыбгъэдэлъа цIыху щэджащэр 2007 гъэм жэпуэгъуэм и 22-м, и ныбжьыр илъэс 73-м иту, дунейм ехыжащ.
ЦIыху лъэужьыфIэм къыщIэна тхыгъэхэм ноби щIэупщIэ яIэщ, зэIэпахыу йоджэ. МафIэдз Сэрэбий и Iэужьхэм цIыхубэр ирогушхуэ, тхакIуэр ящыгъупщэркъым. Сэрэбий и фэеплъ нэхур щахъумэ и унагъуэм, ар куэдрэ ящыгъупщэнукъым зыцIыхуу щытахэми. Адыгэ лъэпкъым и цIыху щэджащэхэм ящыщу къалъытэ МафIэдз Сэрэбий къытхуигъэна щIэиныр уасэ зимыIэ хъугъуэфIыгъуэщи, ар зыхъумэфын, абы хэзыгъэхъуэфын щIэблэ абы иужь иувауэ Тхьэм къыщIигъэкI.  

КЪАРДЭН  Ритэ.

Нэщэнэхэмрэ къалэнхэмрэ

МафIэдзым и тхылъхэр иджыри поплъэ зэпкъ­рызыхыфын, тхакIуэм ди литературэм щиIыгъ увыпIэр зыхуэдэр къэзыхутэфын, абы и лэжьыгъэм хуэфащэ пщIэ хуэзыщIыфын критик набдзэгубдзаплъэ.

СЭРЭБИЙ и къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм сэр нэхъ­рэ нэхъыфIу щыгъуазэ щIэныгъэлIхэр тепсэлъыхьыну къыщIэкIынщ, тхакIуэм и художественнэ тхыгъэхэми ар яхуэфащэщ, «ЩIакIуэ фIыцIэ» повестым, псалъэм ­папщIэ.
Къалэмымрэ тхылъымпIэмрэ зэхуэпхьын папщIэ фIыуэ пщIэн хуейщ узытепсэлъыхьыну зэманым и нэщэнэхэр, абы щыгъуэ лъэпкъым къыпэщыта къалэн нэхъыщхьэхэр, нэгъуэщIхэри. МафIэдзым а псоми фIыуэ щыгъуазэ зищIауэщ мы повестыр щитхар. Абы гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Аращ зытепсэлъыхьыр IупщIу уи нэгум къыщIигъэхьэн щIыхузэфIэкIари. ТхакIуэм дегъэлъагъу, а лъэхъэнэм - кърым тэтэрхэм ди хэкур кIуапIэ щащIам - адыгэхэм я лъахэр, я лъэпкъыр, я напэр щахъумэжын махуэ ихуэу, щIакIуэ фIыцIэм и кIапэм къэмыдзыхэу зэрытеувар.
Повестым драмэ Iуэху куэд щокIуэкI, ауэ зытепсэлъыхьыр тхакIуэм апхуэдизкIэ IупщIу къегъэлъагъуэри, а псори уи нэгу щIэкIа хуэдэу къыпщегъэхъуф. Ди нэгу щIокI зауэр, ар щызэпыум цIыхухэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр, ­гуауэ къыщылъыкъуэкIым, щыгуфIэм, хьэгъуэлIыгъуэ щаIэм хабзэрэ бзыпхъэу яхэлъар, езыхэм яку дэлъ зэ­хущытыкIэхэр, нэгъуэщIхэри.

ТХЬЭГЪЭЗИТ Зубер,
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ.

ЗэфIэкI мыкIуэщI зиIа
Критикым  и  псалъэ

Бгъэдэлъа щIэныгъэмкIэ, и ­къару емыблэжу илъэс куэдкIэ ирихьэкIа къэхутэныгъэ, творческэ лэжьыгъэ­ш­хуэхэмкIэ лъэпкъ литературэми щIэныгъэми МафIэдз Сэрэбий увыпIэ щхьэхуэ щиубыдащ. МафIэдзым и тхыгъэхэм я нэхъыбэр зытриухуэр блэкIа гъащIэрщ. И лъэпкъым и тхыдэр къекIуу зэфIигъэувэжыныр абы къыщIыхихри гурыIуэгъуэщ. Япэрауэ, и IэщIагъэ зэрыхъуам и фIыгъэкIэ, тхакIуэр абы фIыуэ щыгъуазэщ, етIуанэрауэ, адрейхэм я Iэ здынэмыса, гъэщIэгъуэнагъ зыхэлъ къэхъугъэ куэд и щхьэкIэ абы къыщигъуэтащ.

Адыгэ хабзэм, сабий джэгукIэхэм зи гугъу щыщIа и лэжьыгъэхэмрэ ­блэкIа гъащIэр щызэфIэгъэувэжа и расс­каз щхьэхуэхэмрэ я гугъу умыщIми, пасэ­рей лъэпкъ псэукIэр абы къызэригъэIурыщIэфым, псэм дыхьэу, гум ежалIэу ар къызэригъэлъэгъуэжы­фым и щыхьэт наIуэщ МафIэдз Сэрэбий и тхыдэ повестхэр («ЩIакIуэ фIыцIэ», «Шыдыгъу»). ГъащIэ блэкIам и пэжыр зи лъабжьэ, егъэлеиныгъэ зыхэмыт, зи гупсысэкIэкIи, Iуэху еплъыкIэкIи, хьэл-щэнкIи зэманым екIу, тхылъеджэм гукъинэ щыхъу лIы­хъужьхэр зыхэт а тхыгъэхэр тхакIуэм и ехъу­лIэныгъэу зэрыщытым шэч хэлъкъым, зытетхыхь, ­фIыуэ зыхищIыкI Iуэхухэр къызэри­гъуэтари абы егъэбелджылы. Зи зэфIэкIым къи­гъэ­гугъэ тхакIуэм, зыми фIэмылIыкIыу, адыгэ тхыдэм теухуа и япэ романыр, Къэ­рал ­саугъэтыр зыхуагъэфэща «Гъыбзэ хуэ­фащэт» жыхуиIэр, къыдегъэкI. Куэд дэмыкIыуи абы къыкIэлъокIуэ «Мыщэ лъэ­бжьанэр». А романыр адыгэ прозэм и хэлъ­хьэ­ныгъэ хьэлэмэтщ. ТхакIуэм хузэ­фIэкIащ лъэпкъым и гъащIэ блэкIар пэжу зэфIигъэувэжын, щызу, бзыщIрэ щIэхъумэрэ хэмылъу къигъэлъэгъуэжын.
Пасэрей лъэпкъ гъащIэм тетхыхь дэтхэнэ зым и дежкIи гугъуехьышхуэхэр пылъщ лIэщIыгъуэ зэкIэлъыкIуэхэм зи гугъу ­ищIынур тэмэму къыхэхыным, цIыхубэм я гъащIэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ лъэхъэнэ нэхъ ткIийхэр къэхутэным. И лъэпкъым, и тхыдэм куууэ хэзыщIыкI тхакIуэм апхуэдэ илъэс псэзэпылъхьэпIэхэр къихутэфащ. А тхыгъитIым зи гугъу щищIа зэманхэр зэпэмыжыжьэми, ахэр зытеухуа языхэзри къэбэрдейхэм я гъащIэм щыщ нэхъ илъэс шынагъуэхэу щытащ. Япэ ­романым зи гугъу щищIар XVIII лIэщIы­гъуэм Урысейм бгырысхэр жыIэдаIуэ ищIыну, лъэщыгъэкIэ и лъабжьэм щIигъэувэну яужь щихьэрщ. ЕтIуа­нэ тхылъым къыщыгъэлъэгъуэжар ХIХ лIэщIыгъуэм и пэщIэ­дзэ дыдэхэм Къэбэрдейм и щхьэхуитыныгъэр щыфIэкIуэдарщ, абы и къуажэ 300-м нэблагъэм ­лъапсэрыхыр къыщыхуагъэкIуа илъэс шынагъуэхэрщ.
ТхакIуэм и романхэм я мыхьэнэр, я пщIэр, я ехъулIэныгъэр еIэт адыгэхэм лIэщIыгъуэ псокIэ ирагъэкIуэкIа лъыгъажэм и пэжыр, и щытыкIэ нэсыр, и екIуэкIыкIа дыдэр, кIэ зимыIэж а зауаем и бэлыхьхэр зи фэм дэкIа лъэпкъым и цIыху къэмылэнджэжхэм ­къакъуэкIа лIыгъэр къызэригъэлъэгъуам. Апхуэдэу, МафIэдзым наIуэ къищIыфащ цIыхухэм я лъахэм, щхьэхуи­тыныгъэм лъагъуныгъэ къабзэ ­хуаIар, хьэл-щэн телъыджэ яхэ­лъахэр, зи хэкур зрагъэбгынахэри, зи адэжь щIыналъэм къинахэри зэрыпхъуа­кIуэ гущIэгъуншэхэм лъэгуажьэмыщхьэу зэрахуэмыгъэувар, я псэм и пэ я пщIэмрэ я щIыхьымрэ ирагъэувэу хамэ щIыпIэ къикIа зэрыпхъуакIуэхэм зэрапэщIэтар.
Иужь илъэсхэм ди къэралым щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ иджы пэжыр жыпIэ мэхъу. Пасэм къыдэкIа тхыгъэхэм къащхьэщыкIыу мы романхэм лъэпкъым и цIыхухэр лIэнкъэнэну зэпэщIэт гупитIу щызэпэгъэувакъым, зым тхъупсыр ­къегъэжэхамэ, адрейм фIыцIагъэ фIэкIа ядумылъагъуу гъэпсакъым, сыт хуэдэ социальнэ гупым хэмытми, абыхэм языхэзми и пщIэр къызэрилъытэр и лъахэм, къыдалъхуахэм зэрыхущытырщ, лIыгъэ, цIы­хугъэ, зэфIэкI, хьэл-щэн бгъэдэлъхэрщ. ГъащIэм къыщыхъу Iуэхухэр тхакIуэм къы­зэригъэлъагъуэр тхыгъэм хэт лIыхъужьхэм епхауэщ. А тIури апхуэдизкIэ быдэу зи гугъу тщIы тхыгъэхэм щызэпыщIащи, зым зыр къыпхущхьэщыгъэкIыркъым, апхуэдэу зэрызэгъэбыдылIами тхыгъэхэм ящIэлъ гупсысэхэр нэхъ куу, наIуэ ищIащ.
МафIэдз Сэрэбий Iэзагъ нэс зэриIам и щыхьэтщ зэмыщхь, зэхуэмыдэ, лIыхъужь гъэщIэгъуэн зыбжанэ (Бэгъэуш, Джырандыкъуэ, ХьэщIэмахуэ, Билъостэн) а тхыгъэхэм зэрыщызэфIэгъэувар. Абыхэм языхэзри тхакIуэм цIыху щхьэхуэ, пыухыкIа ищIыныр хузэфIэкIащ, зыщыпсэу зэманым и нэпкъыжьэ белджылы абыхэм ятелъщ. Ахэр зыгъэпIейтей гурылъ-гурыщIэхэр сэтей къащIащ, псэлъэкIэ щхьэхуэ, хьэл-щэн пыухыкIа яIэжщ. Адыгэ тхыдэр щызэ­фIэгъэувэжа а тхыгъэхэм я мыхьэнэр пхужымыIэну инщ.
Сыт хуэдизу адыгэ тхыдэм имытхьэкъу­ми, МафIэдзым дежкIэ ар гъэпщкIупIэкъым, абы къыдэкIуэуи, иджырей гъащIэри гулъытэншэу абы къигъанэркъым. ТхакIуэм къыгуроIуэ, сыт хуэдизу ар мыгугъуми, нобэрей гъащIэр, зыхэт зэманыр литературэм Iэмал имыIэу къигъэлъэгъуэн зэрыхуейр. Сэрэбий ар куууэ къызэрищIам, Iуэху нэхъыщхьэхэр къихутэф, къыхиубыдыкIыф зэрыхъуам, IэщIыб ари зэримыщIам и щыхьэтщ 1998 - 2004 гъэхэм абы и Iэдакъэ къыщIэкIауэ щыта тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр.  
Хьэрып псалъэжьым зэрыщыжыIамкIэ, дэтхэнэ зы цIыхури «игъащIэкIэ псэун хуэдэу лэжьэн, пщэдей дунейм ехыжын хуэдэуи псэун» хуейщ. А лъэпкъ Iущыгъэм къыщыIуэта гупсысэм тету МафIэдз Сэрэбий зэрылэжьами зэрыпсэуами шэч ­хэлъкъым. ЩIэныгъэлI гъуэзэджэм, тхакIуэ щэджащэм апхуэдэ пщIэ хэха щIыхуэтщIри, и гугъуехь хьэлэлкIэ къилэжьа лъэпкъ лъагъуныгъэр щIигъуэтари аращ.

ХЬЭКIУАЩЭ Андрей,
филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик.

ЛъэпкъылI

МафIэдз Сэрэбийрэ дэрэ ды­зэрызэдэлэжьам ­хуэдиз дуней гъащIэу зимыIар Iэ­джэщ. ИпэкIэ дызэрыцIыхуу зэрыщытам нэмыщI, дэ илъэс щэщIрэ илъэситIкIэ зы IуэхущIапIэ дызэдыIутащ. Ди япэ итахэм зэрыжаIэу щытащи, цIыхур дунейм щытекIуэды-кIыжыр и хъыбаррэ и IуэхущIафэрэ щытемытыжым дежщ. Зи щIы Iыхьэ зыгъуэтыжа псори лIам щIыхамылъытэр аращ. Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу Сэрэбий нобэми и дуней Iыхьэр зэримыухар, сыту жыпIэмэ, абы и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэу къэнахэр, IуэхущIафэу дэтлъэгъуауэ тщIэжхэр, псалъэу къызэринэкIахэр иджыри зэман кIыхькIэ псэууэ мы дунейм тетхэм яхуэщхьэпэнущ.

Сэрэбий и Iэдакъэ къыщIэкIар шыбгъэм къиплъхьэныр куэду щхьэрыгъажэ ищIу щытауэ зыгуэрхэм жаIэ. Сэ сыхуэзакъым яубу зыфIэфI цIыху. Дэтхэнэ зыми и жагъуэ мэхъу и щыуагъэ нэхъ наIуэри щебгъэлъагъужкIэ. Ауэ и щыуагъэр къызыгурыIуэжу фIыщIэ къыпхуэзыщIыф, зэзыгъэзэхуэжыф щыIэщ, щыIэщ шыдым хуэдэу зизыгъанэу иу­къуэдиям темыкIи. Пэжщ, Сэрэбий зэ зытриубыдам цIыкIу­фэкIукIэ къыпхутегъэкIыу щыта­къым. Сыт щхьэкIи къыпхутекIынт, - и Iуэху зыгуэрым трищIыхьыным ипэкIэ, ар Iэмал имыIэу куэдрэ гупсысэнут, чэнджэщэнут, кIуэкIэ лIэужьыгъуэу щыIэр зэпишэчынут. Пэжщ, апхуэдизым и ужькIи ущыуэным хуэIуа щыIэкъым, ауэ абырэ нэуфIыцIщхьэрыуэу Iуэхур щыпщIэмрэ зэхуэдэ ­хъун сытми: фIыуэ узэгупсысам, акъылкIэ зыкъомрэ зэбгъэзэхуам уи псэм щыщ хэплъхьа мэхъури, абы укъытешыгъуейщ. А уэ зэпэплъыта псори зигу къэмыкIауэ, лъэны­къуэкIэ къэуварэ, илъа­гъум фIэкIа хэзымыщIыкIыу къыпфIэщIым и жыIэкIэ уи гупсысэр къэгъэнэ­гъуейщ.
ИтIанэми сэ си щхьэкIэ си ­нэгу щIэкIар жысIэжыну сфIэи­гъуэщ. А критикэр зыфIэмыфIу жыхуэпIэн МафIэдз Сэрэбий зэгуэрым си деж ныщIохьэ, Iуэху сиIэщ, жиIэу.
- Сыт сэ укъызэрысщыгугъын Iуэхуу щыIэр?
- Си «Мыщэ лъэбжьанэм» уеджащ, пэжкъэ?
- Седжащ, ныбжесIауи щытащ.
- Абы щыгъуэ жыпIар псалъэм къыдэкIуэу жыпIагъэнкIи мэхъу, иджы, и пэжыпIэкIэ, къызэрыпщыхъур къызжыIэ, уэ зэрыжыпIэм си Iуэхур тесщIыхьынущ. Романыр зы утыку гуэр къралъхьэу къагъэлъэгъуэну къызопсалъэхэри, ихьэгъуэм деж сихьэрэ, Iэгу нэщIу сикIыжыну сыхуейкъым. Сэ тхэныр си пщэ дэслъхьэжати, стхащ, абы, дауи, мыхъуа гуэри, нэхъ къызэхъу­лIаи хэлъу къыщIэкIынщ. Дэтхэнэ зыми уи нэр ирищIу пэжыр къыбжиIэфыркъым: фIыуэ укъэ­­зы­лъагъур къыпщосхь, укъэ­­зымылъагъум нэхъ зэригъэу­зын Iэмал къелъыхъуэ. ИкIи укъысщымысхь, ауэ утыку сихьэну уфIэкъабылрэ уфIэмыкъабылрэ ипэжыпIэкIэ къызжыIэ.
Абы щыгъуэ, сэр нэмыщI, зыгуэрхэми хуэкIуагъэнкIи хъунщ ар, хуэмыкIуами сщIэркъым, ауэ тезыгъэгушхуэн псалъэ жесIэгъащ икIи сыхущIегъуэжакъым. Куэд дыдэ дэмыкIыу республикэм и Къэрал саугъэтыр Сэрэбий къыхуагъэфэщауэ щытащ, а романым и фIыщIэкIэ. Арат къыщIызэчэнджэщари.
Зэман куэд абы и ужькIэ мы­кIуауэ, а роман дыдэр урысы­бзэкIэ зэдзэкIауэ нысхуехь, зэдзэкIа зэрыхъуам дэбгъуэн щыIэмэ, жеIэри. Абы щыгъуэми къызэрысщыхъуар жесIэгъащ, си псалъэм ипкъ иткIэ, зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри хилъхьащ, фIыщIи къысхуищIащ, гу зылъыста щы­уа­гъэхэр зэрезгъэлъагъу­жам щхьэкIэ. Сэ абы нэхърэ сынэхъ Iэзэу щытатэмэ, абы романхэр имытхыу, сэ стхынт, ауэ сызэрынэхъыщIэу, езыри зэры­нэхъ Iэзэр ищIэжу, сэ чэнджэщакIуэ къысхуэкIуэу щытар критикэ зыфIэмыфIхэм ящыщкъым.
Ар ищIэфынукъым критикэр къызыгурымыIуэм, нэгъуэщIым и псалъэр зэхэзымыхым, зэхих щхьэкIэ, пщIэ хуэзымыщIым. Иджыри зэ жысIэнщи, абырэ сэрэ ди Iуэху еплъыкIэ щызэтемыхуа, дыщызэныкъуэкъуа щыIащ. Ауэ езым жиIэр сэ щызэхэзмыха къэхъуами, сэ, сызэрынэхъыщIэу, жысIэр щимылъыта сщIэжыркъым. Сынэхъ захуэу аратэкъым, езыр нэхъ Iущт, шыIэныгъэ нэхъ хэлът, нэхъ адыгэлIти аращ. ЛIыгъэ ин пхэлъын хуейщ, ­уигу иримыхь къыбжезыIэм нэмысрэ пщIэрэ хуэпщIын щхьэкIэ. Зыумысыжыныр адыгэм ажалу къытфIэщIми, зызумысыжынщи, сэ абы хэлъа лIыгъэм хуэдэ дэтхэнэ Iуэхуу сызыIущIэмкIи схэлъыну укъэзгъэгугъэфынукъым.
Ауэ нэгъуэщIым бзыпхъэ трах хабзэмэ, МафIэдз Сэрэбий фIыуэ дэтлъэгъуахэм ящыщ зыгуэр тхузыхэлъхьэнщ, ар тлъэмыкIми, зэрытлъэкIыным иужь дитынщ. Абы дыхущIэкъуу ар дигу илъыху, езым щыщ гуэр мы дунейм тетынущи, зымыгъэкIуэдыжын Тхьэм дищI.
Адыгэр иужьрей акъылщ, жи, дигу илъахэр зэи жыдмыIэ нэхъ­рэ, и ужькIэ жытIэми нэхъыфIщ. Дэ псори зэгуэр Зи ­пащхьэ дихьэжынум деж ди япэ ­кIуам и псэм ди хуэарэзыныгъэр хуэщхьэпэну, езыри дэ нэхъ арэзы къыт­хуэхъуну Тхьэ лъапIэм къыщIигъэкI.

ГЪУТ  Iэдэм,
филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор.

Тхьэр  зыхуэупса

Сэрэбий, сэ къызэрысщыхъумкIэ, цIыхур гъэсэным, ущииным, фIымрэ Iеймрэ зэщхьэщихыфу къэгъэ­хъу­ным хуэгъэпса, хуэлажьэ тхакIуэщ. Пэжщ, абы уризэдауэ хъунущ: литературэм и къалэн пажэхэм ящыщ гъэсэныгъэмрэ ущииныгъэмрэ? АтIэми, къысщохъу а къалэныр литературэр зыгъэпудхэм пхуахэмыбжэну. Псом хуэмыдэжу ар щхьэпэщ а литературэр къызы­хуагъэщIыж лъэпкъыр апхуэдэм щыхуэныкъуэм, щыхуэпабгъэм деж.

Адыгэр нобэкъым гъащIэм и гъуэгущхьибл зэблэ­кIыпIэм къыщытехутар. Зи тхыдэр хьэмкIэшыгупхэм ещхь ди лъэпкъым куэдрэ къыхудэкIащ а гъуэгущхьибл зэблэкIыпIэм щтэIэщтаблэу тетыныр. АтIэми, нобэ хуэдэу ар зэи гугъупIэ дыдэм иувауэ къыщIэкIынукъым. Хэкум и фIыпIэр имыIэжрэ цIырхъ дыдэу къэна ди лъэпкъым дежкIэ хуабжьу гугъущ мы дуней зэхэвэзэхэжьэм хэмы­кIуадэрэ и бзэр и бзэу, и хабзэр и хабзэу, и щэнхабзэр и щэнхабзэу зыкъригъэлыныр. АтIэми, зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж тхакIуэми а къалэныр лъэпкъым теIэтыкIыныр нэхъапэ дыдэу къылъос.
Си гугъэщ а къалэным Сэрэбий хуэпэжу, ар гъэзэщIэнри хъарзынэу къехъулIэу.
ТхакIуэ Iэзагъым нэмыщI, МафIэдзым Тхьэр къыхуэуп­сащ нэгъуэщI зы фIыгъуэшхуэкIи - щIэныгъэлIым, къэхутакIуэм и зэфIэкIыр къыхилъхьащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, тхыдэтхщ, дэ иджыпсту нэхъ дызыгъэпIейтей дыдэм - адыгэ хабзэм и блэкIамрэ и нобэмрэ - тегъэпсыхьащ и лэжьыгъэр. ЗэпэщIэуэ мыхъуу, хъарзынэу зозэгъ Сэрэбий зыхуэщIа а IуэхугъуитIыр - тхакIуэмрэ къэхутакIуэмрэ.

IУТIЫЖ Борис,
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ.
2005 гъэ.

 

 

 

 

 

 

 

 

И унагъуэр и гъусэу. 1996 гъэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и инсти­тутым этно­графиемкIэ и къудамэм и зэIущIэ йокIуэкI. (ИжьымкIэ къыщыщIэдзауэ): къудамэм и унафэщI МафIэдз Сэрэбий, Кучмезовэ Марие, Асанов Юрэ, Бгъэжьнокъуэ Барэсбий, Думэн Хьэсэн, Къэжэр Валерэ, Къущхьэ Хъусен сымэ. 1987 гъэ

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: