Дзэзешэ Iэзэ, тхыдэтх Жэрыщты Исмэхьил

Нобэ тхыдэм и напэкIуэцI­хэм ди нэгу къыщIагъэхьэж ­дзэзешэ цIэрыIуэ, генерал ­Бэркъукъу Исмэхьил (1889 - 1954) хамэ щIыналъэм къыщыхъуа, щIэныгъэрэ IэщIагъэ­рэ щызригъэгъуэта хэку етIуанэм и щIыхуэ зытемына адыгэ хэхэс лIыщхьэхэм язщ. Исмэхьил и адэ Алий къызыхэкIар Жэ­рыщтыхэщ. ЗэкъуэшиплIым ящыщу тIур - Исуфрэ Алийрэ - 1877 гъэм адэм я гъусэу Тыркум Iэпхъуэ­ри, Инусрэ Уэсмэнрэ хэкум ­къинауэ щытащ.

ЗЫЩIЭХЭМ ­зэрыжаIэмкIэ, балъкъэр таубий Урысбий Исмэхьил и атэлыкъыу щытар Жэрыщты Алийщ. Езыр урыс армэм и штабс-капитан цIэр зы­хуагъэфэща дзэлIт. Хамэ щIыпIэм къыщыхута нэужь, Жэрыщтыхэ я лъэпкъым и унэцIэр зезыхьэ къуажэ Жэ­рыщтейкIэ (Яглыпынар) еджэу ­Пынарбаш жылэм и Iэгъуэблагъэм щаухуауэ щытащ.
ПэщIэдзэ щIэныгъэр зригъэгъуэта нэужь, Исмэхьил курыт еджапIэр Истамбыл къыщиухри, 1907 гъэм Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и дзэлIхэр щагъэхьэзыр еджапIэм щIэтIысхьащ, 1908 гъэм ар лейтенант нэхъыжьщ, илъэситI нэужьым капитан ­хъуауэ еджапIэм къыщIэкIащ.
Япэ дунейпсо зауэр щыщIи­дзам, Бэркъукъу Исмэхьил Македонием щыIэт. ИужькIэ Кав­казми КъуэкIыпIэ гъунэгъу­ми, псалъэм папщIэ, Иракым къыщыхъуа зэрыхьзэрийхэм хэпщIауэ щытащ. Япэ дунейпсо зауэм Исмэхьил и къуэшхэу Ахьмэдрэ Мыхьмудри хэтащ, абыхэм Чанаккале деж я псэ­хэр щатащ.
Урысейм Мазае революцэ жыхуаIэр къыщыхъея нэужь, Бгырыс республикэхэр Кавказ Ищхъэрэр хэгъэгу щхьэхуэ ящIыну иужь ихьахэт. Ар я мураду, 1918 гъэм мэкъуауэ­гъуэм и 8-м Уэсмэн империемрэ зи теты­гъуэр утыку къихьагъащIэ Бгырыс республикэмрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэри, тыркухэм Бэркъукъу Исмэхьил я пашэу зауэлI ­652-м нэблагъэ зыхэт дзэ Дагъыстэным ­къагъэкIуат, РеспубликэщIэм зы­щIагъэкъуэну. Я дзэр кавказ щIалэхэмкIэ ­ирырагъэкъуу, муслъымэныдзэ зэрагъэпэ­щынырт абыхэм я плъапIэр. А гупым я щIэгъэкъуэну иджыри Исуф Иззэт-пэщэ и нэIэ щIэт ­15-нэ лъэсыдзэр а илъэс дыдэм и жэпуэгъуэ мазэм къаутIыпщри, абы псынщIэ дыдэу Баку, Дербент, Мэхъэчкъалэ зыIэригъэхьат. Ауэ Iуэхур нэхъ гуащIэ хъууэ, Бгырыс республикэм и ­хъуэпсапIэхэр къыщемыхъу­лIэм, Бэркъукъу Исмэхьил 1920 гъэм Истамбыл игъэзэжащ. ИужькIэ ар Кемаль Мустафа (Ататюрк) и лъэныкъуэр иIыгъыу Тыркум щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм хэпщIа хъуащ.
1946 гъэ пщIондэ дзэ ­­къу­­лы­къум пэрытащ ­Бэркъукъу Исмэхьил. Абы и Iэдакъэм Кавказым теухуа тхыгъэхэр, тхылъхэр къыщIэкIащ. Абыхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэр 1958 гъэм дунейм къытехьа «Кавказым и тхыдэрщ» («Tarihte Kafkasya»).
Къулыкъухэм ­къыхэкIыжу тIысыжа нэужь, генерал хъы­жьэ, тхыдэтх Бэркъукъу Ис­мэ­хьил Тыркум и Лъэпкъ Ха­сэ­ш­­хуэм езыр зыщыщ Къайсэр къыбгъэдэкI лIыкIуэу хахри, плIэнейрэ Меджлисым и депутату щытащ. 1954 гъэм накъыгъэм и 11-м Лондон операцэ щащIа къудейуэ, Бэркъукъу Исмэхьил дунейм ехыжри, Анкара щы­щIалъхьащ.
АдыгэлI щыпкъэм къуитIрэ зыпхъурэ и ужь къиувахэщ: Жанбэт, Жэбагъы, Жансэт.
Тырку тхакIуэу къалъытэ ­Бэркъукъу Жансэт (Berkuk Janset Shami) зэрытхэр инджылызыбзэщ. Абы Анкара литературнэ институт къыщиухри, и щIэныгъэм Лондон щыпищащ. Унагъуэ ихьа нэужь, Иорданиер псэупIэ зыхуэхъуа Жансэт и тхылъхэр 1995 гъэ лъандэрэ США-мрэ Инджылызымрэ ­къы­щыдокI. ЗэрытхакIуэм къы­дэкIуэу, ар икIи сурэтыщIщ, ­къищынэмыщIауэ, адыгэ лъэпкъ теплъэ зиIэ гуащэ гъэщIэгъуэнхэр ещI.
ЦIэрыIуагъкIэ и адэшхуэмрэ и анэмрэ къакIэрыхуркъым Жансэт ипхъу Щхьэлахъуэ Сэтэней. Ар пщIэ зиIэ антрополог­хэм ящыщщ, адрей лъэпкъхэм къадэкIуэу, адыгэхэми ятеухуа къэхутэныгъэхэм йолэжь.

­Бэркъукъу  Жансэт

Бгырыс республикэм и лIыщхьэхэр. ИжьымкIэ япэу щысыр Бэркъукъу Исмэхьилщ,  сэмэгумкIэ къыщыщIэдзауэ ещанэу щытыр генерал-майор Даутокъуэ-Серебряков Заурщ.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

27.03.2024 - 15:00 НОБЭ
26.03.2024 - 08:01 НОБЭ
25.03.2024 - 12:07 НОБЭ
22.03.2024 - 15:54 Псым и махуэ